Зэманыр сыт хуэдэу бзаджэу, гугъуу щымытами, цIыхум гугъэ къахилъхьэжу, дэрэжэгъуэ къариту яIащ лъэпкъ щэнхабзэмрэ гъуазджэмрэ. Ахэр щызэфIэувэ лъэхъэнэхэм лэжьат КъБАССР-м щIыхь зиIэ и артист Къуэдзокъуэ Владимири.
Курыт еджапIэр 1948 гъэм къиуха нэужь, ар щIэтIысхьащ Римский-Корсаков и цIэр зезыхьэ Ленинград къэрал консерваторэм. УэрэджыIакIуэ IэщIагъэр зригъэгъуэтауэ а еджапIэр 1953 гъэм къиухри, Владимир Къэбэрдей-Балъкъэрым къигъэзэжащ.
Къуэдзокъуэм и макъыр, абы и уэрэдхэр куэдым ягу ирихьырт. Абы игъэзащIэрт классикэми адыгэ уэрэдыжьхэми щыщу 300-м щIигъу. ЩIэх-щIэхыурэ абы концерт щитт Москва, Санкт-Петербург, Кавказ Ищхъэрэм и къалэ куэдым, Тамбов, Астрахань, нэгъуэщI щIыпIэхэми.
Владимир щылэжьащ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал филармонием. Ауэ, къэбгъэлъагъуэмэ, абы и зэчийр нэхъ наIуэ къыщыхъуар Къэбэрдейр Урысейм зэрыгухьэрэ илъэс 400 зэрырикъур щагъэлъэпIарщ. Абы щыгъуэм Къуэдзокъуэм и макъ щигъэIуат Москва, Ленинград, Орджоникидзе. Адыгэ щIалэм и гулъытэ лъигъэсу щытащ республикэм и щIалэгъуалэми. Макъ зиIэ ныбжьыщIэхэр къыхишырт, ядэлажьэрт, макъамэм хэлъ щэхухэм хигъэгъуазэрт.
1960 гъэм Къуэдзокъуэм къыхуагъэфэщауэ щытащ «КъБАССР-м щIыхь зиIэ и артист» цIэ лъапIэр. Къыхэгъэщыпхъэщ мыри: Къэбэрдей-Балкъэрым и Музыкэ театрыр къызэIузыхахэм Владимир яхэтащ.
КъищынэмыщIауэ, Куэдзокъуэр журналист лэжьыгъэми хуэIэкIуэлъакIуэт. Ар нэхъыбэу зытетхыхьыр адыгэхэм я щэнхабзэм зэрызиужьа щIыкIэрт. Апхуэдэу, 1992 гъэм, абы къыдигъэкIа «Певцы земли родной» тхылъыр куэдым ягу дыхьат икIи зэман кIэщIым къриубыдэу зэбграхат.
Артист гуащIафIэр Налшык музыкэ училищэм и унафэщIу икIи и егъэджакIуэу илъэс куэдкIэ лэжьащ. И лэжьыгъэм къыдэкIуэу, ар жыджэру хэтащ республикэм и жылагъуэ Iуэхухэми. Мызэ-мытIэу Къуэдзокъуэр парторганизацэм и секретару, Къэрал филармонием и профкомым и унафэщIу хахыгъащ. Абы и гуащIэм къыпэкIуащ Дагъыстэн, Шэшэн-Ингуш, Адыгей, Къэрэшей-Шэрджэс республикэхэм, Ростов областым я облисполкомхэм я ЩIыхь тхылъхэр.
Къуэдзокъуэ Владимир дунейм ехыжащ 1992 гъэм.