Мэкъуауэхэр хэт хъуну?!Мэкъуауэ унэцIэм и тхыдэр и кIэм нэсу ямыджауэ къалъытэ. Ауэ, хъыбару къызэраIуатэмкIэ, ар къытекIащ мэкъуауэ щыIэу къалъхуа щIалэ цIыкIум а цIэр зэрыратам. Япэ дыдэу Мэкъуауэ унэцIэр къыхэщу дэфтэрхэм ущрихьэлIэр 1868 гъэращ. Тхыдэр нэмыджысами, лъэпкъ уардэу, лъэпкъ быдэу Болэтей (Терекскэ) къуажэм къыщалъытэ Мэкъуауэхэр. Лъэпкъым я нэхъыжьыфIхэу Аскэррэ Iэдэмрэ, Хьэжбарэ, Нащхъуэ, Хьэмид, Натрыб сымэ, нэгъуэщIхэри жылэм ягу къыщагъэкIыжкIэ сыт щыгъуи гуапэу икIи IэфIущ зэрытепсэлъыхьыр. Мэкъуауэ Аскэр и гъащIэ псор триухуауэ щытащ губгъуэ лэжьыгъэм, и къуэш нэхъыщIэ Iэдэми IэщIагъэлI пажэу колхозым илъэс куэдкIэ щылэжьащ. Хьэжбарэрэ Нащхъуэрэ Хэку зауэшхуэм лIыгъэ щызэрахьащ, щалъхуа жылэжь къагъэзэжа нэужьи, къуажэм и пщIэр Iэтыным я гуащIэ ирахьэлIащ. Мэкъуауэ Хьэмид жылэм щыкомбайнер цIэрыIуэт. Абы игъэса механизаторхэр дэни щыпэрытащ. Мэкъуауэ Натрыб Хэку зауэшхуэми хэтащ, жылэм щIэгъэкъуэн хуэхъуу къуажэ Советым и унафэщI IэнатIэми пэрытащ. Мы нэхъыжьыфIхэм къакIэлъыкIуа щIэблэми лъэпкъым къыдекIуэкI хабзэмрэ нэмысымрэ яхъумащ, я адэжьхэм я пщIэр ирагъэлъэхъшэхакъым. Апхуэдэ цIыху гуащIафIэт Мэкъуауэ Хьэутии - Iэщ гъэхъуным хэтар, Мэкъуауэ Хьэжпагуэ механизатор Iэзэу жылэм яIащ. ЦIыху гуапэхэт, сыт хуэдэ IуэхукIи щхьэпэхэт зэкъуэшхэу Зуберрэ Русланри. Лъэпкъым адэкIэ пащащ Борис, Мухьэмэд, Заур, Михаил, Алешэ, Григорий, Пётр сымэ. Пётр къыщалъхуар 1942 гъэм шыщхьэIум и 6-рщ. Зи сабиигъуэр зауэ зэман хьэлъэмрэ гъеймрэ ирихьэлIа щIалэр цIыху бэшэчу, гугъуехьым щымыщтэу, лэжьыгъэм хуэнэхъуеиншэу къэтэджащ. Ар курыт еджапIэм щезыгъэджа Хьэжу Анатолэ и гукъэкIыжхэм щитхыжащ Мэкъуауэхэ я щIалэр щIэныгъэм дихьэхыу, жылагъуэ Iуэхухэми и къару хилъхьэу зэрыщытар. Абы и щыхьэтщ Пётр къуажэ курыт еджапIэм и комсомол организацэм и секретару илъэс зыбжанэкIэ зэрыщытар. Апхуэдэуи абы макъыфI иIэти, хорым уэрэд щыжиIэрт. Школыр къиухри, Мэкъуауэр уващ колхозым и щIыдагъэ базэм, адэ зыщхьэщымытыж унагъуэр зэрыпсэун къэлэжьын хуейти. Жыджэру, псэ хьэлэлу лажьэ Пётр зэман кIэщIым унафэщIхэм гу къылъатащ икIи «Заря коммунизма» колхозым и комсомол организацэм и секретару хахащ. ЩIалэ зэкIужым, нэфIэгуфIэм щIэх дыдэу жылэм дэс щIалэгъуалэм и деж Iулыдж щиIэ хъуащ. 1968 гъэм Пётр а колхоз дыдэм и парт организацэм и секретару хах. А IэнатIэм ар Iуту 1972 гъэм сэ сагъэкIуащ «Заря коммунизма»-м и унафэщIу. Колхозыр къэIэтын зэрыхуейр къызыгурыIуэ щIалэм къыгурыIуат лэжьакIуэбэр къэбгъэдэIуэн папщIэ лэжьыгъэ гуэрхэри зэребгъэкIуэкIыпхъэр. АбыкIэ я гуащIэ еблэжтэкъым Мэкъуауэ Пётррэ а зэманым къуажэ Советым и унафэщIу щыта Ботэщей Хьэщауэрэ. Абыхэм зэхыхьэ щIэщыгъуэхэр къызэрагъэпэщт, цIыхубэр колхоз Iуэхум драгъэхьэхырт. Пётр колхозым щыщылэжьа илъэсхэм IэщIагъэлI нэс хъуат. Ар къалъытэри, район унафэщIхэм, Мамхэгъ Михаил я пашэу, Пётр Борыкъуей къуажэм и «Родина» колхозым и унафэщI ящIащ. Мэкъуауэм абыи щигъэлъэгъуащ и зэфIэкI. ХадэхэкI гъэкIынымкIэ «Родина»-м япэ увыпIэр районым щиIыгът. Пётр и жэрдэмкIэ а зэманым ягъэкIыу щытащ кIэртIофыр, иужьым жылэдэсым жыг хади хасащ. НэгъуэщIу жыпIэмэ, колхозым хъерыфI къит хъуат. Илъэс зыбжанэкIэ абы щыIауэ, Пётр ягъэкIуащ «Сельхозхимия» район зэгухьэныгъэм и унафэщIу. И Iуэхум хуэIэижь лэжьакIуэлIым колхозхэм, совхозхэм зэIущIэхэр къыщызэригъэпэщырт, IэщIагъэлIхэм ядэгуашэрт щIыр нэхъ гъэбэта, къэкIыгъэхэр, хадэхэкIхэр бэгъуа зэрыхъунумкIэ иIэ щIэныгъэхэмкIэ. Мы IэнатIэм Пётр и узыншагъэкIэ къыпэрыкIын хуей щыхъум, пIалъэ къыхэмыкIыу, Тэрч куейм и щIы фондым и унафэщI ящIащ. IэнатIэшхуэхэр къыхуагъэфащэу къызэрекIуэкIам къегъэлъагъуэ Пётр жэуаплыныгъэ зыхэлъ, зэфIэкI зиIэ цIыхуу зэрыщытар. Пенсэм кIуа нэужьи, щагъэсакъым ар, Тэрч районым и пенсионерхэм я зэгухьэныгъэм и унафэщI IэнатIэр дзыхь къыхуащIри, абыи Пётр зыкъыщигъэлъэгъуащ цIыху зэпIэзэрыту, къызэгъэпэщакIуэфIу. Пётр лэжьащ Налшык къалэ Советым и пенсионерхэм я зэгухьэныгъэм и унафэщIым и къуэдзэуи. Жылагъуэ лэжьакIуэ псэемыблэжт ар. Мэкъуауэм къыхуагъэфэщащ «ЩIыхьым и дамыгъэ» орденыр. Пётррэ абы гъащIэ гъусэу къыдэгъуэгурыкIуа Тамарэрэ я лъэужь дахэм ирокIуэ я бынхэу Виолетэ, Санитэ, Мурат сымэрэ абыхэм я быныжхэмрэ.
Поделиться:
Читать также:
05.11.2024 - 15:22 →
БлэкIам дыхэплъэжу…
05.11.2024 - 12:57 →
Анэр и къуэхэм япэплъэрт
01.11.2024 - 17:54 →
Пщы Идархэ я зы къуэпс цIыкIут…
28.10.2024 - 17:08 →
Лонгворт Джеймс хы ФIыцIэ Iуфэм
25.10.2024 - 15:06 →
Iуащхьэхэр бгыщхьэм тету
|