«Адыгэбзэ» тхылъыр
Зэхъуэхъу Валерэ псалъэр иригъэжьащ тхылътелъхьэмкIэ, абы тет сурэтымкIэ. - ЯпэщIыкIэ ар тхылътелъхьэу къыхуэдгупсысат хамэ къэрал щыпсэу адыгэ сабийхэр зэреджэн тхылъым. А зэманым сэ «Эльбрус» тхылъ тедзапIэм художественнэу тхылъхэр гъэщIэрэщIэнымкIэ и къудамэм и унафэщIу сылажьэрт (иджыпсу Зэхъуэхъу Валерэ Налшык сабий художественнэ школым и унафэщIщ). IуэхущIапIэм и япэ къатым «Хэку» («Родина») зэгухьэныгъэр хэтт. Абы пыщIэныгъэхэр яхуиIэт Иорданием, Сирием, Тыркум, нэгъуэщI хамэ къэрал зыбжанэми щыпсэу адыгэхэм. А зэгухьэныгъэмкIэ дэ зыкъытпащIэри, а къэралхэм ящыщ зым щыпсэу адыгэхэр къыдэлъэIуащ я сабийхэм адыгэбзэ зэрырагъэджын тхылъ къахудэдгъэкIыну. Ди гуи ди пси етауэ дэ Iуэхум деувэлIащ. Пэжым ухуеймэ, тхылъым и щIыкIэ елъытауэ, къызэрыдэдгъэкI хабзэ жыпхъэми дыкъытекIащ. Къапщтэмэ, ар алыфбей жыпхъэм итщ. АтIэ алыфбейхэр плIимэу фIэкIа нэхъапэкIэ къыдэдгъэкIатэкъым - арат жыпхъэр. Иджы мы «Адыгэбзэр» зэпэплIимэ тщIат. Нэхъапэм, тхылъхэм сурэтэхэмрэ тхыпхъэмрэ хуэгъэфэщауэ идгъэувэу щытамэ, иджы япэу «модульнэ сеткэ» жыхуэтIэри къэдгъэсэбэпат. Сэ езыр Москва Полиграф институтым сыщеджащ. Хамэ къэрал щыпсэу ди лъэпкъэгъухэм езгъэлъагъуну сфIэфIт дэ зэманым дыдекIууу дыпсэууэ, модуль жыхуэтIэхэмрэ технологие щIэщыгъуэмрэ дыщыгъуазэу. Тхылъым и напэр зыщIар Зэхъуэхъу Валерэщ. Елэжьащ Москва къыщыдеджа Шульженкэ Василий щIыгъуу. - Пэжым ухуеймэ, Шульженкэщ сурэтым теухуауэ гупсысэ нэхъыщхьэр сигу къэзыгъэкIар. А зэманым щыгъуэ сабийхэм папщIэ къыдэкI тхылъхэм я жинтым нэхъыбэу къыщагъэлъагъуэр хъыджэбз цIыкIухэрт – школ фащэ ящыгъыу, кIэпхын хужь цIыкIухэр яIулърэ, бант хужьышхуэхэр яхэлъу. Тхылъхэм щытрагъэувэ щыIэт фокIадэм и 1-м екIуэкI махуэшхуэм гъэщIэрэщIауэ хэт зы щIалэ цIыкIурэ зы хъыджэбз цIыкIурэ я сурэти. Ауэ дэ дызэлэжьыну къытхуаIуэхуа тхылъымкIэ щеджэнур Адыгэ Хасэхэрт е унагъуэхэрт. ФокIадэм и 1-р абыхэм яфIэгъэщIэгъуэнтэкъым. Псом нэхърэ нэхъ къезэгъыр адыгэ фащэкIэ хуэпа щIалэ цIыкIурт. Сэ сурэт зыбжанэ сщIащ: щIалэ цIыкIуи хъыджэбз цIыкIуи фащэ ящыгъыу, портфель я плIэм илъу, удз гъэгъа яIыгъыу… Зи, си гум дыхьащэртэкъым теплъэхэр. А зэманым ирихьэлIэу тхылъым дытепсэлъыхьыну дызэхуэсауэ Шульженкэм жеIэ: «Валерэ! Мыпхуэдизу теплъэ пщIынум ущIегупсысыр къызгурыIуэркъым! Адыгэ теплъэ дыдэ иIэщ уи щIалэ цIыкIум – гъэтIыси и сурэтыр щIы!» Аращ сщIари. Псоми къалъытащ ар тхылъым екIуну, абы дыкъытеувыIащ. Тхылъ жинтым тет сурэтым щытлъагъу плIимэ зэмыфэгъухэр ухуэныгъэм и нэщэнэщ. Хьэрфхэр джын щIэбдза нэужь, щIэныгъэм къыхыбогъахъуэ, апхуэдэурэ «щэнхабзэ» боухуэ. Апхуэдэ гупсысэхэр диIэу тщIащ теплъэр. Зэреджэ тхылъыр 1984 гъэм къыдэкIащ, тхылъ гъэщIэрэщIэным иджыри компьютер графикэ жыхуэтIэр къыхыхьатэкъым. Абы теухуауэ Зэхъуэхъу Валерэ игу къегъэкIыж: - Япэ дыдэу республикэм къихьа компьютерхэм ящыщ зы «Эльбрус» тхылъ тедзапIэм къытIэрыхьат, 1980 гъэхэм я кIэухым. Мо «ашык плIимэ хуэдэм» деплъырти, дэ зытхъунщIэрт, ди щэнхабзэм, ди дуней еплъыкIэм къытемыхуэ Iэмэпсымэ гуэру къытщыхъуу. Къэдгъэсэбэпынуи дыхуейтэкъым. Абы дыхуагъэсэну Москва къикIа IэщIагъэлIхэм жаIэм дедэIуэни ддэртэкъым. Иджы зы IуэхущIапIи зы уни бгъуэтынкъым компьютер щIэмыту. Иджы компьютерымкIэ «Яндекс» - м «Адыгэбзэ» жыпIэу иптхэмэ, къытридзэ сурэтхэм япэ дыдэ итщ адыгэ фащэ зыщыгъ щIалэ нэ фIыцIэр. Уеблэмэ езы зэреджэ тхылъри PDF форматкIэ интернетым къипх мэхъу. Тхылъ напэм тет щIалэ цIыкIур – Зэхъуэхъу Мурат - Урысейм кёкюсинкаймкIэ и чемпионщ. Ар и гъэсэнщ Налшык спорт клубым. - Мы хъыбарыр ди унагъуэм къегъэщIылIэпащ. Тхылъыр зэхагъэуващ Гугъуэт Лолрэ си адэшхуэ Зэхъуэхъу Лиуанрэ. СощIэж, ди адэм тхылъым и теплъэр сурэту зэрищIар, щIэрыщIэу куэдрэ къыщIидзэжу. ИужькIэ, сэ си ныбжьэгъу цIыкIухэм захуэзгъэщIагъуэрт, «мы щIалэ цIыкIур сэращ» жысIэу. Иджыпстуи тхылъым и теплъэр слъагъуху, а зэманыр хуабэу сигу къокIыж, - жеIэ Мурат. «Адыгэбзэ» тхылъым теухуа хъыбарыр абы елэжьахэм я дежкIэ гукъэкIыж гуапэщ, дэркIэ – ар щIэблэм теухуауэ гудзакъэ зиIэ, лъэпкъ гупсысэр зыхэзыщIэ цIыхухэм я лэжьыгъэщ. Дапхуэдиз цIыхум фIыуэ тлъэгъуа ди сабиигъуэм хэта а тхылъыр!
Поделиться:
Читать также:
13.11.2025 - 09:58 →
И зэфIэкIыр инт
12.11.2025 - 17:55 →
IэпэIэсэ
12.11.2025 - 14:08 →
Дыщэ хьэмэ дыжьын?
12.11.2025 - 13:03 →
Зи псалъэ къытхуэзыгъэна
09.11.2025 - 10:18 →
Гулъытэ зыхуэфащэхэр
| ||




Адыгэ фащэ зыщыгъ щIалэ нэ фIыцIэ цIыкIур зытет «Адыгэбзэ» тхылъыр псоми доцIыху. Ауэ куэдым ящIэркъым зэреджэ тхылъыр къыщыдэкIа зэманым щыгъуэ апхуэдэ теплъэ тхылъым ептыныр щIэщыгъуэ дыдэу зэрыщытар. 1984 гъэм къэхъуа Iуэхугъуэм теухуауэуэ зэпсэлъащ журналист КЪУЭЩIЫСОКЪУЭ Марьянэрэ сурэтыщI ЗЭХЪУЭХЪУ Валерэрэ. Тхылъым теухуауэ Марьянэ къихутахэр, Зэхъуэхъум жиIэжа хъыбархэр гъэщIэгъуэнщ.