Зэманым къыпхыкIыфа

Гъунэншэщ ЩоджэнцIыкIу Алий ди лъэпкъым, ди литературэм хуилэжьар, ди щэнхабзэм хэлъхьэныгъэу хуищIар. Абы и творчествэм, и гъащIэ гъуэгуанэм тхыгъэ куэд траухуащ. Абыхэм ящыщ зыщ Къэрэшей-Шэрджэс Республикэм и цIыхубэ усакIуэ Бемырзэ Мухьэдин и IэдакъэщIэкIыр.
«Лъэпкъым зэриусакIуэ пажэм нэмы¬щIу, абы и узэщIакIуэ емызэшыжуи, адыгагъэшхуэ зыхэлъ цIыхууи щытащ. Аращ абы и цIэр тIэту, и Iэдакъэм къыщIэкIа дэтхэнэ сатыр къэси нал¬къутналмэсу щIэтлъытэр.
 I94I гъэр къихьащ. Адрей совет цIыху псоми хуэдэу, псэемыблэжу лажьэ Алий и мамыр гъащIэр зауэ къежьам зэпиудащ. ЩоджэнцIыкIу Алий зауэм щыдашар I94I гъэм и фо¬кIадэ мазэрщ. УсакIуэр зэрыса эшелоным къыщы¬щIам, здынэсам, абы исахэр гъэр зэрыхъуам и хъыбарыр куэдым зэтемыхуэу къаIуэтэж. Алъандэрэ ятхыу къызэрекIуэкIамкIэ, фронтым пэгъунэгъу хъуа нэужь, ахэр зэрыса мафIэгур кхъухьлъа¬тэхэм бомбэкIэ зэхакъутащ, иужькIэ нэмыцэ танкхэм къаувыхьри, псэууэ къэнахэр гъэр ящIащ. Ауэ, уса¬кIуэм и гъащIэмрэ и Iэдакъэ¬щIэкIхэмрэ егугъуу зыджыжа ХьэкIуащэ Андрей къы¬зэрихутамкIэ, ар пэжкъым. Пэжыр аращи, Алий зыхэта гупыр япэу здашар Полтавэ и Iэхэлъахэрщ. Абдеж мафIэгум къыщрагъэкIа гупым япэ щIыкIэ къафIэщIат а щIыпIэм щахуапэу, щагъа¬сэу, Iэщэ къыщрату, иужькIэ зауэм Iуашэну. Ауэ къызэрыщIэкIамкIэ, ахэр Полтавэ щIашар абы и гъунэгъу колхоз гуэрым щIэп (?!) щыIурагъэхыжыну арат. Умы¬гъэ¬щIэгъуэн плъэкIыркъым: ар дауэ Iуэху зехьэкIэ – за¬уэм пшэуэ жыпIэу я бынхэм къащхьэщыпчу къепшэжьа цIыхухъу зи къару илъыгъуэхэр, абы уфIэкIыжынщи, ЩоджэнцIыкIу Алийрэ Къэжэр Индрисрэ хуэдэ цIыху зэчиифIэхэр, колхозхэт къызэрыгуэкIым хуэдэу, щхьэ щIэп Iухыжыным пэрыбгъэувэн хуей?
  Ауэ а псори щIагъэхъа щIэпри Iуахыжын яхущIы¬хьакъым Алий сымэ: губ¬гъуэм зы махуэ фIэкIа щымылэжьауэ, нэмыцэхэм а щIыпIэм десант къыщра¬гъэтIы¬сэх¬ри, цIыху Iэщэншэхэр гъэр мыхъун щхьэкIэ щхьэж и занщIэкIэ зэбгрыкIащ. Алийрэ Индрисрэ зыхэт гупым а щIыпIэм къыIукIа нэужь, зызрагъэзу Iэщэ къыздратын часть гуэр къалъы¬хъуэурэ зыбжанэрэ къакIухьащ. Кременчуг къалэм нэ¬си кIуащ, ауэ зыхуеяр къай¬мы¬¬хъулIэу нэмыцэхэм яIэ¬щIы¬¬хьэри, Бобруйск пэмыжыжьэу щыIа гъэрэщым ира¬дзащ.
 Алий и гъусахэм зэры¬жа¬IэжымкIэ, Кременчуг щы¬щIэ¬дзауэ Бобруйск нэс дэлъ гъуэгуанэшхуэр зэпа¬чы¬хункIэ гупыр лъэсу ¬яхуащ, псэхугъуи шхэгъуи ирамыту. Абы къыхэкIкIэ, армырами узыншагъэ щIа¬гъуэ зимыIа Алий сымаджэ къарууншэ хъуагъэххэу гъэрэщым ихуащ. Гъэрэщри узижагъуэнитIым и махуэу къыпыкъуэкIащ Алий: уэс е уэшх хъумэ, уи щхьэр щIэп¬шиену зы псэуалъи дэттэ¬къым, щIыIэт, ятIэт, мэжэ¬лIа¬пIэт. МахуэкIэ щхьэкъэ¬мыIэту ягъэлажьэу, жэщкIэ гъэ¬рэщ щIыIэ нэщIыжьым ирадзэж цIыхухэр бадзэм хуэ¬дэу зэтелIэрти, пщэдджыжь къэсыху щэ бжыгъэ¬кIэ лагерым дашурэ щIа¬лъхьэжырт. Гъэмахуэ щы¬гъын тIэкIу нэхъ зыщымыгъ Алий, тхьэмыщкIэ дыдэ хъуବуэ, лэжьакIуи мыкIуэ¬жы¬фу лагерым къыданэрт. Фэ¬рэ къупщхьэрэ нэхъ къы¬хэ¬мынэжу и къарури и куцI¬ри щIэзыха узым, гъа¬блэм, щIыIэм нэмыщIыжу, уеблэмэ абыхэми ебэкIыу, Алий зыхьыр натIэ хуэхъуа гъэ¬ры¬¬¬гъэм, пудыныгъэ къы¬лъы¬¬сам и бампIэ узырт, адэжь лъахэ пэIэщIэм и гупсысэрт.
  Апхуэдэу гуузу зи гъащIэр зыуха ди адыгэ усакIуэ¬ш¬хуэм фэеплъым я нэхъыфI¬ри, гъыбзэм я нэхъ гухыхьэ¬ри хуэфащэт. Ауэ аратэ¬къым къызэралъытэр абы щыгъуэм Къэбэрдейм и уна¬фэщIу щыта цIыху залым щхьэзыфIэфIхэм. Нэмыцэхэм Алий и псэущхьэ ира¬щIар яфIэмащIэ хуэдэ, ахэр абы и хьэдащхьэми ириджэгуащ. Мис абы щхьэкIэ ХьэкIуащэ Андрей итхыр: «Нэмыцэ зэрыпхъуакIуэхэм я Iуэ шынагъуэм и псэр пыту ЩоджэнцIыкIур къи¬кIыжа¬ми, абы и бэлыхьхэр абыкIи зэфIэкIынутэкъым. Псэууэ абы къела совет сэлэт мелуанхэми ещхьыркъа¬бзэу, абы къыпэплъэрт апхуэдизу зи нэ къыхуикI и хэкум и Iуэ гущIэгъуншэри. Ар усакIуэм хуэхьынкIэ, абы къелынкIэ, ар игу худэ¬гъэ¬хуэнкIэ Iэмал иIакъым, зэримылъэгъуари нэхъыфIу гукъэкI уегъэщI. Ауэ зыгуэрурэ абы къыхэкIыфами, и адэжь щIына¬лъэ¬ри абы гуа¬пэу, IэплIэе¬шэкIкIэ IущIэну-тэкъым, къызэрысыжу щIବ¬гъэтIы¬сын, хэбгъэзыхьмэ, щIау¬кIын хуагъэхьэзырат, щIы¬пIэ унафэщI зырызхэм куэд щIауэ я мурад щэхухэр къай¬хъулIат – усакIуэр зэра¬гъэ¬къуэншэн къагъуэтат».
 Япэрауэ, Алий гъэр хъуауэ щызэхахым, абыхэм хъыбар нэпцIхэр къызыпха¬гъэ¬IукIыу хуежьащ, усакIуэр езыр ¬хуейуэ гъэру зиту нэмыцэхэм яхыхьэжауэ жаIэ¬ри. ЕтIуанэу, Алий нэмы¬цэIуэм зэрилIыхьам и хъыбарыр Къэбэрдейм къэсу, Iуэхум и пэжыпIэр къыщы¬щIэщым, абыхэм аргуэру нэгъуэщI зы шыпсэ зэра¬гъэпцIащ: уса¬кIуэр зауэм мыкIуэ щIыкIэ совет властым и бийуэ гуп щэху зэригъэпэщу къэралым зэребэныным хуэдэу игъэхьэзырауэ икIи Къэбэрдейр Урысейм къыгуигъэ¬кIыжу къэрал щхьэхуэ ищIыжыну пылъауэ жаIэу. Ар и щхьэусыгъуэу, Алий и цIэр дэни щагъэулъийуэ, и тхылъхэр библиотекэхэм къыщIахыж¬рэ ягъэсу хуежьащ. Апхуэдэ къабзэу зэхэзехуэн ящIу хуежьащ Алий и бынуна¬гъуэри: зы¬щIэс унэм къы¬щIаху¬ри уэрамым къытрау¬тIып¬щхьащ, зилI е зи адэ хэкIуэдахэм хуаший хабзэ ахъшэ тIэкIури куэдрэ ирата¬къым. Ауэ дауэ хъуами, сыт ящIами, Алий и цIэр яхуэ¬мыгъэу¬лъийуэ, зэры¬къа¬бзэу зэманым къыпхыкIыфащ икIи и бийхэм я нэхейкIэ лъэпкъым и гу¬шхуа¬пIэ ¬хъуащ.
 Зы лIыку и ныбжь фIэкIа къимыгъэщIами, Щоджэн¬цIыкIу Алий ди лъэпкъым хуилэжьам и инагъыр къэ¬лъы¬тэгъуейщ. Зэчиишхуэ зиIэ дэтхэнэ тхакIуэми уса¬кIуэ¬ми хуэдэу, Алий и къалэмыр, и IэдакъэщIэкI къэу¬хьыр адыгэ гъащIэм и плIа¬нэпэ куэдым нэсащ, адыгэ цIыхухэм я образ уахътыншэ куэд къигъэщIащ.
 Зи лъэпкъ щэнхабзэм къэмыланджэжу хуэлэжьа а лIы гъуэзэджэр, езым къи¬гъэщIа тхыгъэ щэджащэм къыщымынэу, и зэманым псэуа тхакIуэ, усакIуэ куэдми ядэIэпыкъуащ, зэчий иIэу гу зылъита адыгэ щIалэ куэд литературэм хигъэ¬хьащ. Абыхэм ящыщхэщ, пса¬лъэм папщIэ, КIыщокъуэ Алим, КIуащ БетIал, Къашыргъэ ХьэпащIэ, Тау Борис, Къардэн Бубэ, нэгъуэщI¬хэри. Ауэ абыкIи иухыр¬къым а усакIуэм и пщIэмрэ и мы¬хьэнэмрэ, сыту жыпIэ¬мэ, ар и къарукIэ, и чэн¬джэщ¬кIэ зыдэIэпыкъун ху¬щIэхьам нэхърэ куэдкIэ нэхъыбэжщ абы и усыгъэ телъыджэхэр щапхъэ зы¬хуэ¬хъуа е нобэ зыхуэхъу адыгэ усакIуэ щIалэхэр. Абыхэм я дежкIэ Щоджэн¬цIыкIу Алий и Iэда¬къэщIэкI тхыгъэхэр, псом хуэмыдэу и «Мадинэ» поэмэмрэ «Къамботрэ Лацэрэ» романымрэ, мычэму зызрапщыт, и щыгу ихьэну зыщIэхъуэпс лъагапIэщ».
Поделиться: