Анэр и къуэхэм япэплъэртГъэмахуэ пщыхьэщхьэхэм, хуабэм лъэныкъуэ егъэз зищIу, жьы щIыIэтыIэм утыку щигъуэт зэманхэм хуэзэу, куэбжэпэхэм щызэхуэс хабзэщ хьэблэм къыдэнэжа нэхъыжьхэр. Я пкъым къедэхащIэ акъужь щабэр ягу пымыкIыу, ахэр жэщыбг пщIондэ щызэхэсыр нэхъыбэщ. Абыхэм я гукъэкIыжым щытепщэр блэкIа зэманырщ – я сабиигъуэрщ, я щIалэгъуэрщ. Апхуэдэхэм и деж абыхэм я псалъэмакъым куэдрэ къыхохуэ зэгуэр я хьэблэм дэса БецIыкIу зэкъуэшхэр: Багъ, ХьэзрэIил, Хьэсанш сымэ. А щIалищым я зэфIэкIыу щытахэм, я дуней тетыкIам апхуэдизкIэ гъэхуауэ, узыIэпишэу, дахэу топсэлъыхьхэри, кIуэаракъэ, зэи умылъэгъуами, игъащIэ лъандэрэ пцIыхуу щыта хуэдэ ахэр уи нэгу къыщIохьэ. Зи хабзэкIи зи бзыпхъэкIи щапхъэ зытепх хъун унагъуэфI зыдэмыс жылагъуэ щыIэ?! Апхуэдэ куэд Хэку зауэшхуэм и пэкIи щыпсэуащ Псыгуэнсу къуажэм. Абыхэм ящыщ зыт БецIыкIу МатIрэ ДасIэфIрэ я унагъуэр. Гъунэгъухэм «зым нэхърэ адрейр нэхъ щIалэфIыжщ» хужаIэу къуищрэ пхъуитIрэ зэдапIырт зэщхьэгъусэхэм. Адыгагъэр, цIыхугъэр, лэжьыгъэр зэи IэщIыб щамыщI, хъуэпсэгъуэу къэгъуэгурыкIуэ унагъуэт. МатI пасэу дунейм щехыжым, абы и пIэм иуващ быным я нэхъыжь Багъ. ИкIи и къуэш, и шыпхъу нэхъыщIэ цIыкIухэр зыхуей хуэзэн папщIэ, и анэмрэ абырэ псэху ямыIэу, лэжьащ. Ауэрэ, къэжэпхъыр колхозым хыхьэурэ, зэдэлъхузэшыпхъухэм псоми губгъуэр IэнатIэ яхуэхъуащ, я гуащIэдэкI хьэлэлым щыгуфIыкIыу лэжьащ. Хэт ищIэнт а унагъуэм и Iуэхур адэкIэ зэрекIэрэхъуэкIынур, мо зи псэугъуэхэм я насыпыр зэрыхъунур, «иджы лъэ быдэкIэ дыувакъэ» щыжаIэм Хэку зауэшхуэр къэмыхъеямэ. Офицерхэр пIалъэ кIэщIкIэ щагъэхьэзыр еджапIэр кърагъэухри, Багъ зэуапIэм Iуашащ. Хьэсанши дзэ къулыкъу ищIэу къэрал гъунапкъэм пэмыжыжьэу щыIэти, ари мафIэ лыгъэм и курыкупсэм хэхуащ. Курытыр, ХьэзрэIил, и къуэшитIыр фронтым зэрыщыIэра е апхуэдэ лэжьакIуэшхуэ колхозым зэримыIэрат, сытми, зэкIэ и гугъу къамыщIу къагъэнащ. БецIыкIу зэшхэм япэмыжыжьэу псэуа, Хэку зауэшхуэм жыджэру хэта Семэн ТIутIэ (и ахърэтыр нэху тхьэм ищI) къиIуэтэжауэ щытащ: „Сэ щыри фIыуэ сцIыхуу, ди хьэблэу, ди кIуэгъужэгъуу щытащ. Псом хуэмыдэу Багъ теухуауэ фIы зыкъом сигу къинащ. Ар къуажэм дэсащ лIы IэнатIэ зэрихьэу – мафIэс къэмыгъэхъуным пыщIа гупым я нэхъыжьт. Абы щыгъуэ, зауэм и пэкIэ, мафIэс губгъуэхэм куэдрэ къыщыхъурт. Апхуэдэхэм япэу нэсыр Багът. Зэгуэрым ди жылагъуэм къэкIуауэ щытащ ДыщэкI Залымхъан, иужькIэ уэрэдус цIэрыIуэ хъуар. Ар Налшык мафIэс къэмыгъэхъунымкIэ щыIэ инспекцэм щылажьэрт. Абы щыгъуэм Залымхъан Багъ теухуауэ къызжиIауэ щытар нобэми сигу илъщ: «АпхуэдизкIэ лIы пэжщ, лIы губзыгъэщи, Къэбэрдейм и унафэщIхэм ящыщ зы тщIы хъунт, щIэныгъэ тIэкIу иIэу щытамэ…» БецIыкIухэ къахуэкIуа извещенэм итт: «Лейтенант нэхъыжь БецIыкIу Багъ МатI и къуэр 1943 гъэм мартым и 8-м Орлов областым щыIэ Ольговск къуажэм деж щыхэкIуэдащ икIи абы щыщIалъхьэжащ». Зауэ нэужьым БецIыкIухэ я деж къэкIуащ зауэм абы щыщIыгъуа, Арщыдан щыщ щIалэ. Абы къихьыжащ и лIыхъужьыгъэм къыпэкIуэу Багъ кърата орденитIымрэ и документхэмрэ. Багъ къыкIэлъыкIуэ ХьэзрэIил зымыцIыху къуажэм дэстэкъым. Жылэм зы лэжьакIуэшхуэ щыIэмэ, ар етIуанэт. Езыр пелуант. Хьэлъэ зэрылъ гур зэрыщыту «щхьэ фелIалIэрэ» жиIэрэ щхьэпридзыфу щытащ. Шы фIыуэ илъагъурт. Шы ягъэсэн зыгуэрым ейуэ илъэгъуамэ, «сэ пхуэзгъэсэнщ» жиIэу тхьэкIумакIэкIэ шыр къиIэтрэ игъэтIысу – мис апхуэдизу бланэу, шы нэбгъэфхэр игъэсэфу щытащ ХьэзрэIилым. И шынэхъыжьитIым яхэлъ хьэлыфI псори Хьэсанши далъагъурт. Ауэ и къуэшхэм къахигъэщхьэхукIыу абы зы щэн хэлът: цIыху щабэт, гумащIэт, бзэ IэфIи Iурылът. Пэ зиIэм кIэ иIэщ жаIэ, иухащ зауэри. Зи насып къикIыу къелахэр зырыз-тIурытIурэ Псыгуэнсу къыдыхьэжу хуежьащ. Зи къуэ нэхъыжьыр зыгъеижа ДасIэфI мыдрей и щIалитIым пэплъэрт, хэкIуэдауэ зы тхылъ кIапэ къыщытIэрымыхьакIэ, псэущ жиIэу. Зауэ нэужьым мазитIи, мазищи, илъэси дэкIащ. АрщхьэкIэ ХьэзрэIили Хьэсанши я хъыбар щыIэтэкъым. НэгъуэщI мыхъуми, языхэзыр имылъагъужыну и фIэщ хъуртэкъым ДасIэфI. Зэпымыууэ гъырт. Жэщым жейртэкъым. КъыщIэкIырти, хьэр банэмэ, щIалэхэр къэкIуэжауэ пIэрэ жиIэу пщIантIэр къикIухьырт. Илъэситху енкIэ и бынхэм пэплъащ анэр. АдэкIэ и гум хуэхьакъым. Гъыурэ нэф хъуауэ, хьэзабыр телъу, пIэхэнэу дунейр ибгынащ. ЛIэн ипэ и щIалэхэм мы гъыбзэр яхуиусыжат: Си нэхъыщIэри япэ докIыр, Си нэхъыжьри кIэлъыдокIыр, Си курытри зэрыдэкIрэ IейкIи фIыкIи хъыбарыншэ мыгъуи, уей. СыкъыщIокIри мазэм соплъыр, СыщIыхьэжрэ нысэм сеплъмэ, И хьэпшыпыр зэкIуэцIелъхьэ мыгъуэ, ПIэщхьагъыншэщ, сыт ищIэну мыгъуэ, уей. Жэщыр хъуамэ, сымыжей, Нэхур щамэ, сымылъагъуурэ, Си щIалищым я гуIэгъуэм Мы си нитIри нытеслъхьа мыгъуи, уей. Пшынэ фIыцIэри магъ, мэусэ, Уэрэдусу сыщымыт мыгъуэ, Анэу щыIэм ди гуIэгъуэ мыгъуэщ, Си гъыбзэм фыкъежьу, кхъыIэ, уей.
Поделиться:
Читать также:
28.11.2024 - 15:00 →
Колле и тхыгъэхэр ди тегъэщIапIэу
28.11.2024 - 10:00 →
И къэунэхукIэм и бжьи и ныбжьи ухэзыгъаплъэщ
21.11.2024 - 16:30 →
Лъэпкъым зэрызиузэщIам щыщ
16.11.2024 - 16:52 →
Керенскэм и хъыринэхэр
13.11.2024 - 15:54 →
«Бабыгу» цIэм лъэныкъуитIымкIи дыщрохьэлIэ
|