ПхъэидзэТхакIуэ Къэрмокъуэ Мухьэмэд и IэдакъэщIэкIхэм я нэхъыбэм лъабжьэ яхуэхъуар гъащIэм къыщыхъуа Iуэхугъуэхэрщ. Апхуэдэ тхыгъэхэм ящыщ зыщ абы и «Пхъэидзэ» гушыIэ хъыбарыр. Ди гъунэгъум я нысащIэм фызыжьыр зэпымыууэ щытхъурт: - Тобэ, тобэ, Тхьэм нэ тримыгъахуэ. Езы цIыкIур дахэрэ щIыкIафIэу, губзыгъэрэ жыджэру. А псом ищIыIужкIэ тэмакъкIыхьрэ гушыIэрейуэ. Сыту уна ахэр нысэкIэ. Дыдеижьым, памэу къижыхьын щигъэтрэ, апхуэдэ зы къишамэ, езыри унэри ди унащхьэри къибгъати. Дэтхэнэ нысащIэми дахи, жыджэри, нэгъуэщI фIагъ Iэджи зэрыхужаIэм, нысэжь хъууэ щыхуежьэкIэ фоупсыр шыгъушыпс зэрыхъужым сыщыгъуазэти, фызым жиIэм седэIуа мыхъумэ, пэздзыжаи щыIэкъым. Арати, махуэ гуэрым сыкъыдыхьэжу, нысащIэ цIыкIум сыхуозэ, ижьыщIахэр къридзыжурэ зэрыпщIантIэу иуфэбгъуауэ. Фызыжьым жиIар сигу къокIыжри, уэлэхьи, сэ мыбы и тэмакъым къикIыхьынури и гушыIэр здынэсынури згъэунэхунмэ, жызоIэри сыкъоувыIэ. ЯпэщIыкIэ зыри жызмыIэурэ и жьыщIыгъэ къридза къомыр зэпызоплъыхь, итIанэ си щхьэр згъэкIэрахъуэурэ, «тобэ, тобэ» жызоIэ. Езы цIыкIури, и Iуэхури зэпимыгъэууэрэ, пыгуфIыкIыу къысхущIоплъ. Абыи зэхихауэ къыщIэкIынт си мыIуэху Iэджэ зэрызесхуэри, зыгуэр зэрыжесIэнур къыгурыIуат. ИтIанэ, си фIэщыпэу мыхъум, гушыIафэ лъэпкъ стемыту жызоIэ: - Фи Iуэху сыхэIэбэнкъым жысIати, схуэшэчыркъым. Зэмэ е тIэумэ, зыри жысIэнтэкъым. Махуэ къэси аращ. Е дэ ди Тхьэ, сытуи зэ уемышрэ?! Апхуэдэу пхуэхьын уи гугъэ? Уэ мы IэнатIэм укъыIунэри, уи гуащэр къэкIухьакIуэ дэкIыу слъэгъуащ, и фызыжьыщхьэ бостей къуэлэнрэ и Iупэри дэпу IурылыкIауэ… Мыр сыт дуней?! - Тхьэ, дадэ, уи губгъэныр тэмэмым, ауэ мамэ къуаншэкъым – псори зи лажьэр сэращ. КъыздэIэпыкъуну жиIати, здакъым. ЗдэкIуэри къэкIухьакIуэкъым – уэршэракIуэщ. Си шыпхъум тIэкIу сыбгъэдэсащэрэт, уэршэрэгъу щхьэкIэ малIэ, жиIати, и бостей нэхъ цIуугъэнэ дыдэр щезгъэтIагъэщ, зихъунщIэурэ и Iупэр хуэзлэщ аби, сутIыпщащ, урикъуху дэуэршэр, жысIэри, - къыпогуфIыкI нысащIэр. - Тобэ, тобэ. Мыр сыт дуней? - Тхьэ, дунейм иджыпстукIэ лажьэ имыIэ, къызэIыхьэрэ си жьыщIыгъэ тIэкIур къимыуцIэпIыжмэ, жылэр хуэшхыдэми, сэ сыщытхъунутэм. - «ЖьыщIыгъэ тIэкIу» жоIэ, Iэтэу зэтелъ пэтрэ. Догуэ, гуащэр хэбгъэкIащ, лIыми зэ щхьэ лъумыгъэсрэ-тIэ мы жьыщIэныр, дахэ? - Мис ар нэхъ хъунут, дадэ. Зэ лъызгъэс къудейми къыщымынэу чэзууэ дыжьыщIэнуи дызэгурыIуат. - Мис ар тэмэмщ. Ди къэрал хабзэмкIэ цIыхухъури цIыхубзри зэхуэдэщ, ари жьыщIэн хуейщ, - жызоIэ сыпыгуфIыкIыури, сигукIэ согупсыс: «Мис, иджы, уэлэхьи, укъэзубыдауэ къыщIэкIынум, гъунэгъу нысащIэ цIыкIу. Деплъынщ иджы укъэмыгубжьи». - Плъагъурэ ар зэрыхъур, дадэ. Абырэ сэрэ хэт жьыщIэнуми пхъэидзэ дощI, ауэ зэпымычу си пхъэр къокIри, сэ къыслъос. Аращи, мис, сожьыщIэ. - Догуэ, пхъэидзэ щищIкIэ, псоми уи цIэр тримытхэу пIэрэ а щIалэ бзаджэм? - Тхьэ ари къуищIэнкIэ хъунум абы, - жиIэри, нысащIэр пыгуфIыкIыу и Iуэху и ужь ихьэжащ. - Узахуэщ, дахэ, узахуэщ. Тхьэм пхущIигъэхьэ. Уэлэхьи, фызыжьым жиIэр пэжкIэ, - сэри сыкъежьэжащ, жьэкIэ къызжаIар нэкIэ слъагъужауэ. СыкъыздэкIуэжым, адрей ди гъунэгъум сыхуозэ , нэхъ тIорысэ хъуа нысэр еплъу щыту, и лIым чы жыхапхъэкIэ бжэIупэр ипхъэнкIыу. Згъэунэхуну мурад сощI: - Iэу, армыраи хабзэр. Армыхъумэ мо нысащIэм и щIэщыгъуэщи, и лIыр щхьэрыутIыпщ ищIри лэжьыгъэу щыIэр езым и пщэ дилъхьэжащ. Флъагъурэ абы жьыщIыгъэу къридзар. Сэ зыгуэр жысIэмэ, жэуап къритыну зигъэхьэзырам хуэдэу цIыхубз жьэрыIэзэр, и Iэр и шхужьым иригъэувэри къэпсэлъащ: -Ым, тхьэ а тIур хъарзынэу зэгуроIуэм. ЛIым унэм щежьыщI, фызым къыщIехри къредз. Мис а нысащIэр губзыгъэщ. А лIыр занщIэу Iуэху щIэным иригъэсащи, тыншынущ. Тхьэ, мы пщIантIэр къипхъэнкIрэ пхъэнкIийр иридзыну езгъэсэн папщIэ, сэ мы плъагъум илъэситхукIэ сеныкъуэкъуам. «А-а, зэпыту фыкIуэ, фызэгурыIуэмэ, сывгурыIуащ, си мыIуэху щхьэ зесхуэрэ?! СогушыIэ жысIэурэ, зыфIэзгъанэмэ, мэ итIанэ….» - сигукIэ жысIэурэ унэм сыкъэсыжмэ, жьыщIэри къридзыжауэ иджы пщIантIэр къипхъэнкIыну фызыжьым сыкърихьэлIэжащ. НысащIи нысэжьи къыхураухьэкI си фызыжьым.
Поделиться:
Читать также:
17.07.2025 - 13:59 →
Печоринымрэ Азэмэтрэ
16.07.2025 - 18:39 →
Есэнокъуэ зэшищыр
11.07.2025 - 16:00 →
Си адэшхуэмрэ нэмыцэхэмрэ
11.07.2025 - 13:55 →
И тхыгъэхэм Iущагъ хэлъщ
09.07.2025 - 18:21 →
Тэнащхэ я лIэужь
|