ЗытцIыхужу пIэрэ?

      Алыхьталэм и псалъэу КъурIэн лъапIэм имыхуахэм «хьэдис лъапIэкIэ» йоджэ. Я ухуэкIэмкIи  гум зэрылъэIэс кууагъымкIи ахэр тхыгъэ гукъинэж защIэщ. Мы жыIэгъуэхэр гуми псэми зэреIусэ налъэхэр къэхутэгъуейщ, ауэ «зызоцIыхуж» жызыIэ цIыхур щымыгъуэзэныр щыуагъэщ.  

       ЖеIэ Алыхьу Лъагэрэ ЛъапIэм:

     - Уа Iэдэм и бын! Сэ сыкъегъэуIэбжь зэрылIэжынур ищIэу гуфIэм, жэуап зэрырагъэхьынур ищIэу, мылъку зэхуэзыхьэсым, мащэр къызэрыпэплъэр ищIэрэ пэт, дыхьэшхым. СыкъегъэуIэбжь Къемэт Махуэр къызэрысынур ищIэу, ар къызыфIэмыIуэхум, дунеягъэ гъащIэр зэрыкIэщIыр ищIэу, гупсэхум. СыкъегъэуIэбжь зи щIэныгъэр и бзэгупэм телъу, зигу имылъым. И щIыфэр псыкIэ зыгъэкъабзэу, и гумрэ и псэмрэ зэрыщыту къэзыгъанэм. СыкъегъэуIэбжь адрей цIыхухэм я дагъуэр зэIипщIыкIыу, езым и дагъуэхэм теплъэкъукIым, Алыхьу Лъагэрэ ЛъапIэр къызэреплъыр ищIэрэ пэт, Абы жыIэщIэ хуэмыхъум. И закъуэу зэрылIэнур, и закъуэу мащэм зэрилъынур, и закъуэу жэуап зэрырагъэтынур ищIэрэ пэт, цIыхухэм я деж нэгузыужьыпIэ къыщызылъыхъуэм. Пэжращи, Сэр фIэкIа Тхьэ щыIэкъым, щэлатымрэ сэламымрэ зэха Мухьэмэд си пщылIщ икIи си ЛIыкIуэщ.

         - Уа Iэдэм и бын! МащIэм арэзы техъуи, зыми ухуэныкъуэнукъым. Фыгъуэныр зыхэни, уи гур псэхунущ. Хьэрэмым зыщыхъуми, уи фIэщхъуныгъэм фэрыщIыгъэ къыхыхьэнукъым. Адрейхэм яхуэпсэлъэным зыщызыдзейр Си Лъагъуныгъэм зэщIищтэнущ. ЦIыхухэм япэIэщIэ зызыщIыр абыхэм я бэлыхьым къелынущ. МащIэ жызыIэм и акъылым зиузэщIынущ. Куэдым щIэмыхъуэпсыр Алыхьталэм игъэщIэхъунукъым. 

       - Уа Iэдэм и бын! ДунеягъэкIэ хэщIам игъэнэщхъейр Алыхьым пэжыжьэ хъууэрэ макIуэ. Мы гъащIэм гугъуехь фIэкIа щигъуэтынукъым апхуэдэ цIыхум, ахърэтми щытыншынукъым. Абы и гум Алыхьталэм кърилъхьэнущ зэи зымыбгынэжыну гузэвэгъуэ, зэи хуэмыгъэнщIыну хуэныкъуэныгъэ, сытым дежи зыгъэпIейтеину гугъэ. Уа Iэдэм  и бын! Махуэ къэс уи гъащIэм хощI, уэ абы гу лъыптэркъым. Сэ махуэ къэмынэу пшхын Узот, уэ ФIыщIэ къысхуэпщIыркъым, мащIэкIэ арэзы ухъуркъым, куэдми уигъэнщIыркъым.

    - Уа Iэдэм и бын! Зы махуи къанэркъым Сэ уи ерыскъыр НыпхуэзмыутIыпщу, зы жэщи къанэркъым, уэ зэхэпщIыхьахэр мелыIычхэм къысхуамыIуэтэжу. Сэ уэстыр зыбохьэлIэ, ауэ щыхъукIэ Си Унафэм укъыщIэувэркъым. Сэ укъызолъэIу, узыхуейри ПхузощIэ, Си фIыгъуэр ныпIэрохьэ, ауэ щыхъукIэ, уи IуэхущIафэ Iейхэм я хъыбар си деж къоIус.  Уи Iуэху дэзыгъэкI Сэ Сызэрылъагэм еплъ! Уэ пхуэдэ Си пщылIри  узэрымыхьэнэншэм еплъ!  Армырами уэстынур къыбодыгъу, Сэ зэхэпщIыхьахэр пхузобзыщI. Сэ сыптоукIытыхь, уэ укъысщыукIытэркъым. Сэ сызыщыбогъэгъупщэри, адрейхэм я цIэр къыбоIуэ. ЦIыхухэм уащошынэ, Сэ укъысщышынэркъым. ЦIыхухэм ягу къыпщыкIынкIэ уогузавэ, Сэ сыпхуэгубжьынкIэ угузавэркъым.

         ЖеIэ Алыхьу Лъагэрэ ЛъапIэм:

       - Фэри адрей къэзгъэщIа псоми Сэ Сызэрызакъуэм и щыхьэт наIуэхэр фхэспщащ. КъэгъэщIыгъэм Сэ гуэгъу щызиIэкъым, щэлатымрэ сэламымрэ зэха Мухьэмэд Си пщылIщ икIи Си ЛIыкIуэщ. И натIэ истха гъащIэмкIэ  къысхуэмыарэзырэ Сэ зэрызгъэунэхухэм зыщызыдзейр, Сэ хуэсщIэр фIыщIэ имыщIрэ Сэ естымкIэ иримыкъур - а псомкIэ къысхуигъэдэн нэгъуэщI Тхьэ кърегъуэти хурепщылI.

       - Дунеягъэ Iуэхухэм игъэнэщхъейр Сэ къысхуэгубжьу аращ, гузэвэгъуэм игъэтхьэусыхэр щIэтхьэусыхэр Сэращ. ЦIыху бейм бгъэдыхьэу, и мылъкум и хьэтыркIэ абы зыхуэзыгъэлъахъшэм и фIэщхъуныгъэм и Iыхьэ щанэр фIэкIуэдауэ аращ. 

     - ЛIэныгъэм арэзы темыхъуэр (и Iыхьлы дунейм ехыжауэ е нэгъуэщIу)  Iэщэ къищтэу Сэ къыспэщIэувауэ аращ. Мащэм щхьэщыт къудамэр зэпызыщIыкIым Си Чабэм и щIыхьэпIэр икъутам хуэдэщ.

    - И ерыскъыр дэнэ лъэныкъуэкIэ къикIми къызыфIэмыIуэхум (хьэрэмымрэ хьэлэлымрэ емылIалIэм), Жыхьэнмэм дэтхэнэ куэбжэмкIэ щIашэнуми къыфIэмыIуэхуу аращ. И диным ипкъ иткIэ и псапэр зымыгъэбагъуэр хилъэфэнущ, апхуэдэм дежкIэ лIэныгъэр фIыгъуэщ. И щIэныгъэм тету псэум Алыхьталэм нэхъыбэж къригъэщIэнущ.

      - Гугъэ нэпцIкIэ зытезыгъэум и IуэхущIафэхэр зэи фэрыщIыгъэншэ хъунукъым.

     - Уа   Iэдэм  и   бын!   Си  тепщэгъуэр   щыIэху, унафэщIхэм   уащымышынэ. Унафэр  Сэ  щысIэщIэмылъ  зэи  къэхъунукъым. 

 

ЧЭРИМ Марианнэ.

 

 

Поделиться: