Щыпкъагъэм и щапхъэ лъэпкъылIтЖыжьэ - гъунэгъу Къэбэрдей литературэм и классик ЩоджэнцIыкIу Алий и гъащIэм, и творчествэм щIэх-щIэхыурэ хуоплъэкIыж дэтхэнэ адыгэри. И дэтхэнэ сатырри гум зэрыдыхьэм, псэм зэрызыхищIэм и закъуэкъым ар къызыхэкIыр – абы и псэукIар щыпкъагъэм и щапхъэущ къызэралъытэр ар зыцIыхуахэм, абы и ныбжьэгъуахэм. ИкIи абыхэм къаIуэтэжахэмкIэ ар ди нэгум щIэтщ адыгэпсэ зиIа цIыху щэджащэу. Хьэлэмэтращи, къытебгъэзэжурэ а гукъэкIыжхэм дапщэрэ уемыджами, сыт щыгъуи пфIэщIэщыгъуэщ, ахэр япэу зэхэпхым хуэдэу. Сэ журналистикэм сыщыхыхьам Алий теухуа хъыбар куэд сфIэгъэщIэгъуэну зэхуэсхьэсауэ щытащ, ар зи нэIуасэу щытахэм къезгъэIуэтэжурэ. Илъэс тIощIым щIигъукIэ узэIэбэкIыжмэ къызжаIэжахэм ящыщ зы сигу къэкIыжащ иджыпстуи, слъэкIыркъым абыхэмкIэ ди щIэджыкIакIуэхэм садэмыгуэшэн икIи си гугъэщ ноби куэдым ар яфIэгъэщIэгъуэн хъуну. А гукъэкIыжхэр зейр Къэбэрдей драмэ театрым и актрисэ пажэхэм ящыщу щыта, КъБАССР-м щIыхь зиIэ и артисткэ Шортэн Даниткэщ. ЗэрытщIэщи, ар ди лъэпкъ литературэм, драматургием хэлъхьэныгъэфI хуэзыщIа, Алий и ныбжьэгъуфIу щыта Шортэн Аскэрбий и щхьэгъусэт. Даниткэ къызэрызжиIэжауэ щытамкIэ, ЩоджэнцIыкIу Алий абы къыщицIыхуар 1936 гъэрщ. Абы щыгъуэ хъыджэбз цIыкIур курыт еджапIэм щIэст, школым къыщызэрагъэпэща драмкружокми хэтт. Ар къыщалъхуа, щыпсэуа Тэрч щIыналъэм а илъэсым щрагъэкIуэкIащ уэрэд жыIэнымкIэ, къафэмкIэ, усэхэм къеджэнымкIэ зэхьэзэхуэ. Абы къыщыхэжаныкIахэр театр IэщIагъэм хурагъэджэну къыхахыну арат. Данитки хэтащ а зэпеуэм - ар къахуеджащ ЩоджэнцIыкIу Алий и усэхэм икIи саугъэт щхьэхуэ къратауэ щытащ абы щхьэкIэ. Зэхьэзэхуэм къыхэжаныкIахэр етIуанэ махуэм Дей къуажэм пэмыжыжьэу щыIэ Мэртэзей гъуейм и губгъуэ удзыпцIэ дахэм деж щызэхуашэсат. Къалэм къикIа унафэщIхэмрэ хьэщIэхэмрэ щхьэхуэу щысти, абыхэм зы щIалэ къахэкIри, Даниткэ къыбгъэдыхьащ. Ар Шортэн Аскэрбийт. ЩIалэр къыщIыIухьар унафэщI гупым Даниткэр ираджати, абыхэм ябгъэдишэну арат. АрщхьэкIэ, Даниткэ, япэщIыкIэ нэхъыжьхэм яхыхьэн идатэкъым. Япэрауэ, укIытэрт, етIуанэрауэ – абыхэм я пащхьэ ихьэныр хабзэм къемызэгъыу къилъытэрт. Дауэ имыщIами, ябгъэдэмыхьэу хъуакъым. Зыхыхьа гупым яхэст Къалмыкъ БетIал и щхьэгъусэ Антонинэ. Ар хъыджэбзым къеупщIащ, Лениным и цIэр зезыхьэ еджапIэ къалэ цIыкIум ягъакIуэмэ, абы зэреплъыр зригъэщIэну. Даниткэ абы щыгъуэ и адэр щхьэщытыжтэкъым, и анэм и закъуэти, яхуидакъым. - АтIэ къыджеIэт, дыгъуэпшыхь укъызэджа усэхэр хэт зытхар? - жиIэри, Антонинэ абы зыкъыхуигъэзащ. - ЩоджэнцIыкIу Алийщ, - кIэщIу жэуап итыжат Даниткэ. - ЩоджэнцIыкIу Алий пцIыхурэ? - жиIэу къыщеупщIым, Iэнкун хъури, зэримыцIыхур хужыIакъым. Хъыджэбз цIыкIур къызэрызэщIэнар, дэпым хуэдэу плъыжь зэрыхъуар щалъагъум: - Мис, мыращ ЩоджэнцIыкIур, - жаIэри, удзыпцIэм хэс щIалэ къамылыфэр ирагъэлъэгъуащ. Даниткэ ар и фIэщ хъуакъым, ахэр къыдэгушыIэу къыщыхъуащ. Алий и усэхэм къыщеджэкIэ абы и нэгум къыщIигъэхьэр нэгъуэщIт, тхылъ цIыкIу зыIэщIэлъу удзыпцIэм хэс щIалэр абы зыкIи ещхьтэкъым. ЩоджэнцIыкIур къэтэджри, Даниткэ къыбгъэдыхьащ. Мис абы щыгъуэщ адыгэ тхакIуэ цIэрыIуэ Алийрэ абырэ щызэрыцIыхуар. «Сэ стха усэхэм езыр сыкъеджэжыфыркъым, уэ пхуэдэу. Уэ артист хьэлэмэт къыпхэкIынущ», - къыжриIат Алий. И анэр и закъуэ къигъанэу еджакIуэ зэрымыкIуэфынур, абы зэрытегузэвыхьыр Алий щыжриIэм, псори зэгъусэу ежьэри, Даниткэхэ я деж Борыкъуей къуажэм кIуахэт. Ахэр абы и анэм елъэIуащ, хъыджэбзыр еджапIэ къалэ цIыкIум щIэтIысхьэну иутIыпщыну. Ауэ анэм япэщIыкIэ къахуидакъым ар. «Зы мазэ хуэдизкIэ щыгъэIи, итIанэ укIэлъыкIуэнщи, плъэгъуар уигу иримыхьмэ, уи хъыджэбзыр къыщIэпшыжынщ», - щыжраIэм, арэзы техъуащ. ЕджапIэ къалэ цIыкIум и унафэщIыр Iэтэ Мухьэмэдт. Абы и унафэкIэ бостей цIыкIуитI зы сыхьэтым къриубыдэу хуадри, Даниткэ къратауэ жиIэжырт. Интернатым щеджэ цIыкIухэр щыпсэу общежитым щIагъэтIысхьащ пщащэри. Артист IэщIагъэм хурагъаджэхэр цIыху 20-м нэблагъэрт. Шортэн Аскэрбий режиссурэмкIэ, ЩоджэнцIыкIу Алий адыгэбзэмкIэ ныбжьыщIэхэм ядэлажьэрт. А лъэхъэнэм къриубыдэу «Платон Кречет» пьесэм хэт Майе и ролыр Даниткэ игъэзэщIащ, иужькIи, а цIэр «къыкIэрыпщIэри», и благъэ-Iыхьлыхэри, и ныбжьэгъухэри къызэреджар абыкIэщ. Зэгуэрым, директорыр къоджэ жаIэри, Даниткэ Аскэрбий и деж ираджащ. Гузавэу, зыхуихьынури имыщIэу ар щIыхьащ Шортэныр зыщIэс пэшым. Ар тхэуэ щыст икIи зыри жимыIэу зы тэлай дигъэкIащ. ИтIанэ и щхьэр къиIэтри, диванымкIэ игъэлъэгъуащ, етIысэх, жыхуиIэу. Аскэрбий щIэупщIащ Даниткэ и Iуэхухэр зыIутым, и анэм и узыншагъэм. Ар щIриджар, хъыджэбзыр щыпсэу лъэныкъуэмкIэ лэжьыгъэ IуэхукIэ кIуэну зигъэхьэзырырти, Данитки здишэжыну мурад ищIауэ арат. Пщэдджыжьым Аскэрбий и машинэр Iухьэщ, Даниткэ ирагъэтIысхьэри, я деж яшэжащ. Хъыджэбзым и анэм хьэщIэхэр иригъэблэгъащ, нэмысымрэ хабзэмрэ тету къигъэхьэщIащ. Къежьэжын хуей щыхъум, Даниткэ и анэр къыздащтэри, Тэрч къыздашащ. Аскэрбий ар бэзэрым тришэри, IэфIыкIэхэкIхэр, ерыскъы щIэщыгъуэхэр и матэм из хуищIри иригъэжьэжащ, езыхэри адэкIэ я гъуэгу къытеувэжащ. Шортэным гу къызэрыхуищIар абы щыгъуэщ хъыджэбз ныбжьыщIэм къыщыгурыIуар. Даниткэ имыщIэу Шортэным хъыджэбзым и лъэпкъым лъыхъуу хуигъэкIуат ЩоджэнцIыкIу Алий, Аскэрбий и къуэш нэхъыжь Нащхъуэ, УнащIэ Мухьэмэд, Битокъу Музэчыр сымэ, ауэ и анэм ар къахуидауэ щытакъым. Лъыхъухэм трагъазэри, Даниткэ и адэ къуэшым епсэлъащ. Абы иужькIэщ Iуэхур щызэфIэкIар. «Мыхэр ди адыгэ лъэпкъым я нэхъ щIалэфIхэм ящыщщ, ди хъыджэбзыр мыбыхэм Iей хуагъэзэнкъым», - жиIэри Даниткэ и адэ къуэшым лъыхъухэр къыщIигъэкIыжат. Шортэн Аскэрбий и хьэгъуэлIыгъуэм хэтащ ЩоджэнцIыкIу Алий икIи сыт и лъэныкъуэкIи ныбжьыщIэхэм я гуфIэгъуэр ядиIыгъащ, иужькIи я зэпыщIэныгъэр нэхъ тIасхъэ хъуакъым. Алийрэ Аскэрбийрэ я зэныбжьэгъугъэм щытепсэлъыхьыжкIэ, Даниткэ жиIэрт, абыхэм я зэхуакум зэхущытыкIэ къабзэ зэрыдэлъар. Аскэрбийрэ Даниткэрэ я унагъуэр зыпищI щымыIэу щытащ Алий. Абы и щхьэгъусэ ШэIидэт и бынхэм яхибжэрт Данитки. УнагъуэкIэ зэкIэлъыкIуэхэрт, я гуфIэгъуи гузэвэгъуи я зэхуэдэу. Алий и бынхэми Аскэрбий фIыуэ къалъагъурти, ахэр абы къызэреджэр «папэ Аскэрбийт». Шортэныр Хэку зауэшхуэм къыщикIыжам щыгъуэ япэу зыщIэупщIар Алий и унагъуэрт икIи а махуэ дыдэм абыхэм я деж екIуэкIат. Данитки кIуащ абы и гъусэу. ЗдэкIуа унагъуэм ШэIидэт фIэкIа зыри щIэстэкъым. Унэм зэрыщIыхьэуи пщэфIапIэбжэм хэлъ IункIыбзэ къэбышхуэм гу лъитащ. ИкIи, мыр сыт, жиIэу щыщIэупщIэм, ШэIидэт жиIащ, а пэшыр фыз гуэрым иратауэ абы зэрыщIэсыр. Аскэрбий абдежым бжэм IункIыбзэр къыфIиудри, пэшым щIыхьащ, щхьэгъубжэр къыIухри, щIэлъу хъуар къыщIидзащ. ИтIанэ, цIыхубзым а пэшыр езытам деж кIуэри, Iуэхур зэфIигъэкIыжащ, Алий и унагъуэм пщэфIапIэр къратыжащ. Шортэным «Къамботрэ Лацэрэ» игъэува нэужь, абы и лэжьыгъэм къыпэкIуа гонорарыр ШэIидэт иритащ. Абы щыгъуэ ар ахъшэфI хъурт, зыгуэрхэри къыщIэкIырт. Сэхъу Къэрэщейт абы щыгъуэ дирекцэм и унафэщIри, абы и машинэмкIэ игъакIуэри, ШэIидэт къригъэшат, ахъшэри абдеж щритащ. «Мыр къэзылэжьар уэращ, Аскэрбий», - къыщыжраIам, жэуапу яритыжат: «Алий псэужкъым, сэ иджыри дунейм сытетщ». «Нэмысрэ хабзэрэ зыхэлъ цIыхут Алий, цIыху къабзэт, псэ щабэт, нэсри къэсыжауэ адыгэлIт. Алыхьыр адыгэ лъэпкъым къызэрытхуэупса цIыху щэджащэт ар, - игу къигъэкIыжырт Даниткэ. - Зэгуэрым, абы щыгъуэ еджапIэ къалэ цIыкIум сыщеджэрт, тетIысхьэпIэм сытест, Луизэ и ролым зыхуэзгъэхьэзыру. Абы хэту Къалмыкъ БетIал, нэгъуэщI унафэщIхэри и гъусэу Алий пщIантIэм къыдыхьащ. Мис, Майе, ролым зыхуегъэхьэзыр, жиIэри, хьэщIэхэм саригъэцIыхуат», - жиIэжат Даниткэ. ЩымыукIытэу, фIэмылIыкIыу ЩоджэнцIыкIу Алий епсэлъэф Даниткэ щыхъуар 1938 гъэрщ. Абы щыгъуэ тхакIуэм игъэхьэзырырт радиомкIэ «Мадинэр» къригъэтынуи, сценарийм елэжьырт. Даниткэ Мадинэ и ролыр къритащ, ДыщэкI КIунэ анэм и ролыр лъысащ. ИужькIэ, абыхэм ятеухуауэ тхыгъи газетым къытригъэдзат Алий. Даниткэ иужь дыдэу ЩоджэнцIыкIу Алий щилъагъужауэ жиIэжар Хэку зауэшхуэм щIидза нэужьщ. Иджыпсту «Урысей» цIэр зэрихьэу Налшык дэт хьэщIэщыр здэщытым деж бэзэр щыIащ. Лениным и цIэр зезыхьэ проспектыр нэхъапэм «Степной» уэраму щытащ. Бэзэрым щыщэхуауэ, сумкIэ хьэлъитIи иIыгъыу, унэм здэкIуэжым Даниткэ яIущIат гъущI гъуэгум хуэкIуэ уэрамым тету къех щIалэ гупым. Ахэр зауэм кIуэуэ арат. КъэувыIэри, щытащ, ахэр блэкIыху ежьэу. И гур яхуэузу яхэплъэрт, псори фIэгуэныхьт. БлэкIыу хъуам я нэгухэм щIэплъэурэ и гур зэуэ къыхэдзэкъыкIащ. Нэхъ тэмэмыжу яхэплъэжри, абыхэм Алий яхэту къилъэгъуащ. - Алий, Алий, - егуоуащ ар ЩоджэнцIыкIум, ауэ абы зэхихакъым. Щымыхъум, сумкIитIыр игъэуври, якIэлъыжащ. Ар аргуэрыжьу Алий еджащ, икIи къызэхихри къызэплъэкIащ. - Майе, умыгузавэ, нэмыцэхэр зэхэткъутэну докIуэ, - жиIэри, Iэ къыхуищIыжри, зригъэзэкIыжащ. Даниткэ унэм къэкIуэжащ, хьэлъэ иIыгъхэр игъэтIылъри, гъущI гъуэгу вокзалым жэкIэ кIуащ, ауэ мафIэгур текIауэ нэсащ. Вокзалым зыри тетыжтэкъым. Абы иужькIэ Даниткэ Алий илъагъужакъым… ХЬЭЩЫКЪУЕЙ Олег.
Поделиться:
Читать также:
28.11.2024 - 15:00 →
Колле и тхыгъэхэр ди тегъэщIапIэу
28.11.2024 - 10:00 →
И къэунэхукIэм и бжьи и ныбжьи ухэзыгъаплъэщ
21.11.2024 - 16:30 →
Лъэпкъым зэрызиузэщIам щыщ
16.11.2024 - 16:52 →
Керенскэм и хъыринэхэр
13.11.2024 - 15:54 →
«Бабыгу» цIэм лъэныкъуитIымкIи дыщрохьэлIэ
|