ГъащIэр - гъуджэщ!

Нышэдибэ Хьэмид хэжеяти, псынщIэу къэтэджауэ зихуапэрт. 
- Щхьэ сыхэбгъэжея, жьыуэ сызэрыдэкIыр пщыгъупщэжауэ арат? Сыхьэтиблым сынэсын хуеящ, - жиIэурэ, зигъэхьэзырри дэкIащ.
Фызым зыри пидзыжакъым, къыжриIэнур ищIэрти. 
 ЛIыр щIэкIа нэужь, и щхьэм хуэтхьэусыхэжащ Зэбидэт: «ХьэблэлI факъырэхэм уадэуэршэрурэ жэщыр бгъэкIуащ, пщэдджыжьыпэ хъуауэ ущыгъуэлъыжкIэ укъэтэджыфын-тIэ! Сыхуейуэ ухэзгъэжеящ, пхуэфэщэпсщ».
Арат а фызым и щхьэр здынэсыр, лэжьыгъэ пэрыту емысамэ, зыхуейр къыхуащIэмэ, сытыт зэгупсысынур? Зыми.
Хьэмид къыхуагъэфэща къулыкъум папщIэ къехъуэхъуну къызэхуэса хьэблэлIым я гъусэу щысат и куэбжэпэм трищIыхьа тетIысхьэпIэ дэгъуэм деж . ЩIалэхэр къехъуэхъуат, къыщыгуфIыкIат и IэнатIэкIэ зэрыдрагъэкIуеяр зэрагуапэр къапщIэу. Пэжу, лIыр гуащIафIэт, хьэлэлт, цIыху щабэт, зэпIэзэрытт, ныбжьэгъу куэди иIэт. Арат хуэмыхьыр и фызым. Езыр зыми якIэлъыкIуэртэкъым икIи зыкIэлъигъакIуэртэкъым. Гъунэгъуи, благъи, Iыхьлыи зыуи къридзэртэкъым, и щхьэр лъагэу Iэтауэ зыри зэримыпэсу зищIырт. Iуэху гуэр къэхъуауэ и лIым и гъусэу зыщIыпIэ хьэщIапIэ кIуамэ, зыми бгъэдыхьэртэкъым икIи зыбгъэдигъэхьэртэкъым. Абы щхьэкIэ и щхьэгъусэм дапщэрэ псалъэмакъ химыдзами, и хьэлым зихъуэжыртэкъым. Нышэдиби лIыр дэкIат, къулыкъукIэ зэрыдрагъэкIуеяр и фызым къримыгъащIэу.
ЩIалитI яIэти, уэрамым дэт сабийхэм ябгъэдыхьэу ядэджэгуну хуиттэкъым. Зэзэмызэ куэбжэм дэкIамэ, „мы факъырэ быным факъыхэкI“, - жиIэрти, къыдихуэжырт, я ныбжьэгъу цIыкIухэм ядимыгъэджэгуу. Хьэмид и зыгъэпсэхугъуэ махуэу щыдэсыр сабиитIым я гурыфIыгъуэт: „Нобэ папэ дэсщи, уэрамым дыдэтынущ дрикъухукIэ“, - жаIэу. КъыпщыщIыну псор пщIэркъым, «цIыху цIыху щIыжщ»-жи, дауэ цIыху плъагъу мыхъуу узэрыпсэунур? 
ТIэкIу нэхъ жьыуэ Хьэмид къыдыхьэжати, я хьэблэм дэс лIыхэр тетIысхьэпIэм деж хуомурэ щызэхуэсырт. КъэкIуэжар зэригъэшхэн Iуэху зэримыхуэу щыст Зэбидэти. 
- Сыт къэхъуар, щхьэ укъэгурымыкъауэ ущыс? - еупщIащ Хьэмид и щхьэгъусэм. - ТIэкIу себгъэдзэкъэну пIэрэ?
- Мес къызэхуос хуэмурэ, уагъэшхэнщ абыхэм! Ухуей уэ унагъуэ?! ХьэблэлI факъырэхэмрэ уи ныбжьэгъу хьэмшомхэмрэ уиIэмэ нэгъуэщI ухуейкъым. Ахэращ ущIэпсэур! 
- Уэ абы и унафэ уэзгъэщIакъым. Уэ хьэбли, благъи, зыри ухуейкъым! Уэ пхуэдэ сэри сыпщIыну ара? ПхузэфIэкIынукъым! Уимыгугъэ, мис апхуэдэу «хьэнэнууэ» укъыщIэнэнущ унэм уэ, зыми уримыщIысыжу. ЩIалитIым школыр къаухыху хьэблэ сабийхэм яхыхьэну хуитакъым. Иджы еджапIэ зэрыкIуэрэ тыншыжахэщ. Сэ ахэр зэрыпхуэзмыдэнур бощIэ, итIанэми убэяуркъым. УэсщIэнури сызэрынопсэлъэнури сымыщIэжу сыкъэбгъэнащ. И ныбжьэгъум хуиту бгъэдэсу зи унэ щызыгъэхьэщIэм сохъуапсэ. Сыхуейкъым апхуэдэ гъащIэ! ЦIыху зыкIэлъымыкIуэжыр щIым щIэлъращ! Узыхуейуэ пхуэмыгъуэту ущIэныкъуакъуэр сщIэркъым! Уэ цIыху ухуэмыныкъуэмэ, сэ си лажьэр сыт? Сэ дуней дыкъэзыухъуреихьым псэ зыIуту хъуар сфIэфIщ, фIыуэ солъагъу. Хъунумэ, зыхэнэ мы уи хьэл мыхъумыщIэр! - жиIэри, къэгубжьарэ и пIэм имыхуэжу дэкIащ лIыр, и уэршэрэгъухэм деж.
Фызым зыхуей псор хуэпщIащэмэ, уи щхьэм къытетIысхьэнри хэлъщ. Мылъкум делэ ищIам зэрыщытар щогъупщэж. 
Нобэ Забидэт нэщхъыфIэт, и щхьэгъусэр игъашхэри, телъэщIыхьурэ дигъэкIат, ерыскъыпхъэу къригъэщэхунур зэрыт тхылъымпIэр IэщIилъхьэри. 
- Хьэмид, щIалитIыр нобэ къожьэж, пщэдей къэсыжынущ. Ахэр лэжьапIэ зэрыуврэ иджы япэу къэкIуэжу аращ. IэфIрэ куэду сахуэпщэфIэнущи, псынщIэу къысIэрыгъэхьэ згъэхьэзырынухэр. 
«Зым хуэмыфI хьэдрыхэ ягъакIуэркъым» жыхуиIэрати, фызыр IэфI дыдэу пщафIэрт икIи къабзэлъабзэт, унэри лъапсэри дахэу зэрихьэрт, ауэ и хьэл мыхъумыщIэм псори игъэкIуэдыжырт. ЦIыху фIэфIтэкъым, и бынхэмрэ и щхьэгъусэмрэ къищынэмыщIа. 
Фызым жыхуиIауэ кIэлъымпIэм иту хъуар къыхуигъэсащ лIым. 
Зэбидэт щхьэ къэIэт имыIэу махуэ псом пщэфIащ, нэху къызыхуекIынур имыщIэу. 
Адэр, и къуэхэр къригъэблэгъэжын папщIэ, лэжьапIэм мыкIуэу къыдэнат. Ауэ гуфIэгъуэм ипIэкIэ гузэвэгъуэшхуэт хъыбар къыIэрыхьар: Унэм къэсыжыным куэд къэмынэжауэ, щIалэщIитIым я гъащIэр машинэ зэжьэхэуэм ихьат. 
Сыт ящIэнт зэщхьэгъуситIым - я сабиитIыр щIалъхьэжащ. ЛIыри куэд дэмыкIыу ихьащ и щIалитIым я гукъеуэм.
Апхуэдэу Зэбидэт унагъуэ мылькум хэсу къэнащ. ЦIыхуи къыкIэлъымыкIуэрэ зыкIэлъыкIуи щымыIэу, щхьэзакъуэ-лъакъуитIу, куэбжэпэр и зэштегъэууэ.
Махуэ гуэрым шэджагъуэ хуегъэзэкIыу куэбжэпэм къыдэкIауэ дэплъей – къеплъыхыу здэщытым, нетIэ зыри илъэгъуатэкъым, иджы ипщэкIэ зигъазэмэ, фыз гъур кIыхь гуэр уэрамым зэуэ къытехутат. Зэми къыфIэщIу къыщыхъуащ, къэсри нэкIуэпакIуэу къыбгъэдыхьащ.
- Уи махуэ фIыуэ! 
- НэхъыфIыжу! Къеблагъэ! 
ИгъащIэм и жьэм къемыкIуа псалъэ гуапэхэмкIэ къригъэблэгъащ фыз имыцIыхур.
- КъакIуэ къэтIыс, мыр си щхьэгъусэ мыгъуэм ищIа зыгъэпсэхупIэ тетIысхьэпIэщ, - жиIэри, игъэтIысащ къыбгъэдыхьар. ЗэрыцIыхуащ. КъыIухьам и цIэр Фузэт. Я гукъеуэхэр зэхуаIуэтащ, зэманыр зэрыхъуам гу лъатакъым зэбгъэдэситIым. Куэдрэ теса, мащIэрэ теса, сытми зэуэршэрэгъухэм зыкъыщащIэжам ахъшэм хъуат. 
- Хъунщ-тIэ, Зэбидэт, сэ сежьэжынщ, - къызэфIэуващ Фузэ. 
 - Хьэуэ, хьэуэ! КхъыIэ, Фузэ, уемыжьэжу ныдыхьэ, лэкъум хуабэ пхуэзгъэжьэнщ, IэфIу узгъэшхэнщ, зыкъом щIауэ си щхьэми сыхуэпщэфIэжакъым. КъызэрыщIэкIымкIэ, уэри сэри ди закъуэщ. Иджыри дыуэршэрынщ, ди гу бампIэхэр зэхуэтIуэтэнщ. 
А фыз хьэщIэри езым хуэдэ гуэру щытауэ арат.
 ГъащIэр - гъуджэщ, уиплъамэ уи IуэхущIафэхэр къищу. Уи жьэм къыжьэдэкIымрэ уи дуней тетыкIамрэ натIэкIэ ужьэхэуэжри пэжу къыщIэкIынущ.
- Хъунщ, - жиIэри, еблэгъащ хьэщIэр. 
ЖыпIэнурамэ, езы Зэбидэти зыкъыхуэцIыхужыртэкъым, цIыху зылъагъу мыхъуу щытарауэ пщIэжынтэкъым. 
ХуэпщэфIащ, хуабэу игъэшхащ, уэршэрурэ зэманри хэкIуэтащ, гъуэлъыжыгъуэри къэсащ.
- НтIэ, Фузэ, тIэкIу зедгъэщIынщ, - жиIэри, пIэхэр ищIыжащ. Здыхэлъым, аргуэру псэлъэн щIадзэжауэ мэуэршэр, тIуми я нэхэм жей къемыкIуэу. 
- Иджы сэ сызэригугъэмкIэ, Зэбидэт, дэ тIум Алыхьыр къыдэуауэ къысщохъу. Сэри си къуэ закъуэр щIысIихар зэран фIэкIа сэбэп зыми сызэрыхуэмыхъуар, цIыхуи сфIэфIу зэрыщымытарауэ пIэрэ жызоIэ.  СщIэркъым! Уэ дауэ уеплърэ? Апхуэдэ гуэрхэр къыпIэщIэщIауэ пIэрэт уэри? - жеIэ Фузэ.
- Тхьэ мыгъуэ, пэжыр жысIэнщи си щхьэгъусэ тхьэмыщкIэр, жэнэткIэ гуфIауэ Тхьэм къыщIигъэкI, Iэджэрэ къысфIэнэу щытамэ, „цIыху уимыIэмэ, цIыху уриуасэкъым, цIыхуращ узыгъэлъапIэр“, - жиIэурэ. Сэри зы цIыху зэзмыпэсу, зыми сыбгъэдэмыхьэу икIи зыбгъэдэзмыгъэхьэу щытамэ, Фузэ.
- НтIэ, мис аращ, Зэбидэт, дэ езым ди IэкIэ бэлыхь зыхэддзэжащ. Алыхьышхуэу псори зи IэрыкIым зыкъыдигъэщIэжын щхьэкIэу къыщIэкIынщ апхуэдиз удын къыщIыдидзар! Уи бын щIэплъхьэжыным нэхъ бэлыхьышхуэ дэнэ щыIэн?!
Зыкъомрэ щыму щылъа нэужь, Зэбидэт зигъэзэжащ, и щхьэр и жагъуэу.
- НэхулъэфI укъикI, - жиIэри. 
- Уэри укъикI, Зэбидэт!
Куэдрэ гупсысэу хэлъащ фызыр, итIанэ сытми ерагъыу Iурихащ. Пщэдджыжьым фыз хьэщIэм хуэпщэфIэну жьыуэ къэтэджмэ, бгъуэтмэ къащтэ, цIыхубзыр щIэкIыжат унэгуащэм зыкъримыгъащIэу. Бысым хуэхъуа фызым егупсысу Зэбидэт, жэщри махуэри егъакIуэ, и гъуджэм иплъэжарэ ищIэр къыгурымыIуэжу, зыкъищIэжарэ зыми хуэмеижу. Фыз хьэщIэми и Iуэхур зыкIи нэхъыфIтэкъым: жэщ хъумэ здепсыхыр и тIысыпIэщ. Унэ нэщIымрэ пщIантIэ псыIэмрэ дэмыхьэжын папщIэ, и лъэр здынэмыс щымыIэу дэтщ. ГъащIэр - гъуджэщ! 
 

 

КЪАНКЪУЛ Раисэ.
Поделиться: