ПащIэ Бэчмырзэ лъэпкъ щэнхабзэм и гуащIэшхуэ хилъхьащ, абы и щIэинхэр лъэпкъым и хъугъуэфIыгъуэ мылъэтэщ. А лIы щэджащэм и творчествэм куэд тетхыхьащ, ауэ ар иджыри зи щхьэ темыча кIадэщ жыпIэми ущыуэнукъым.
«Дэтхэнэ зы лъэпкъми и тхыдэм иIэщ къызэтрамыха напэкIуэцI куэд, ауэ адыгэм и тхыдэр къызэIуамыха тхылъщ. Абы и щыхьэт наIуэщ ПащIэ Бэчмырзэ и гъащIэмрэ и гуащIэмрэ, - жеIэ Хьэщыкъуей Фрося. - Дыджт Бэчмырзэ и натIэм къритхар. Езым и гъащIэм хужиIэжа хуэдэт: «ЦIыху натIэм итыр щратхъыж махуэщ». А цIыху щэджащэм и гъащIэр, псом хуэмыдэу езым итхар и кIэм нэсу къэхута хъуауэ тхужыIэнукъым, абы теухуа тхыгъэ щхьэхуэхэр щыIэ пэтми: Шортэн А., Теунэ Хь, Нало З., Пщыбий И., КIурашын Б., сымэ я тхыгъэхэр. ПщIэ лей яхуэфащэщ Пщыбий Иналрэ КIурашын БетIалрэ. Ауэ мы зэм зи цIэ къитIуэхэм къагъэлъэгъуар ПащIэ Бэчмырзэ и творчествэм теухуауэ зы нэзщ. Нобэр къыздэсым а цIыху телъыджэм и гъащIэри и тхыгъэм и пэжыпIэри щыубзыхуауэ адыгэ литературэм тхыгъэ хэткъым. Нэхъ зэгъэпэща хъуа тхылъыр къыщыдэкIар 1963 гъэрщ, Шортэн Аскэрбий игъэхьэзырауэ. А тхылъым и ужькIэ куэди къагъуэтыжащ, дымыщIэ зыбжани наIуэ къэхъуащ, ауэ иджыри къыздэсым зыри хунэсакъым а тхыгъэхэр зэхуэхьэсауэ дунейм къытригъэхьэну. ПащIэ Бэчмырзэ и творчествэм езы адыгэхэр нэсу щыгъуазэкъым, дуней псом ар дауэ къацIыхун?!
КъБНИИ-м и архивым хэлъщ ПащIэ Бэчмырзэ и литературнэ щIэиным щыщу къэнэжар, Теунэ Хьэчим зэрытригъэчыныхьымкIэ, ар сатыр минитI хъужуращ, мин 14-м щыщу. А фондым хэлъщ Бэчмырзэ и Iэрытхыу къэна тIэкIури: усыгъитIым я пычыгъуэхэр.
Ауэ мы пычыгъуитIым я гугъу тщIын и пэ къихуэу, нэгъуэщI зыгуэрми сытепсэлъыхьынут. Адыгэ интеллигенцэ жыхуаIэм ящыщ гуэрхэм лъабжьи щхьэкIи имыIэу ирагъэкIуэкI ПащIэ Бэчмырзэ щIэныгъэншэу щытауэ. Мызэ-мытIэу Нало Заур тепсэлъыхьащ а псалъэмакъ мышум кIэ етын зэрыхуейм, ауэ ди жагъуэ зэрыхъунщи, езы Нало Заур зэпкърыхауэ иубзыхуркъым апхуэдэ псалъэмакъым кIэ зэрептыну щIыкIэм. Девгъэплъыт Бэчмырзэ зыпыщIауэ щыта цIыхухэм, нэхъ и кIуапIэу щытам.
(Ар иджыри тхылъ зэтрамыхащ). Бэчмырзэ ныбжьэгъу пэжу иIар Лъеиншэ Мысостщ. Мысост Санкт-Петербург дэт университетыр юристу къиухауэ щытащ, щIэныгъэлIт, уэркът. Шэч хэмылъу, Бэчмырзэ урысыбзэкIэ тхэуи езыгъэсар Лъеиншэ Мысостщ. Езы Мысост ныбжькIэ фIыуэ нэхъыжьми, Бэчмырзэ ныбжьэгъу пажэу илъытэрт («…Бэтэгъэ лъэгум фызыжьхэр щобгэ, Лъеиншэ ябгэр зэрызимыIэт…»)
АдэкIэ, ПащIэ Бэчмырзэ и адэшхуэ Аслъэнбэчышхуэ – хьэжыкIэ зэджэр (ГъуэгунокъуэкIэ еджэуи щытащ), Къэбэрдейм и закъуэ мыхъуу, хьэрып лъэныкъуэмкIи къыщацIыху еджагъэшхуэт, КъурIэныр къабзэу зэридзэкIыфт, хьэрыпыбзэр фIыуэ ищIэрт. Бемырзэ и къуэш нэхъыжь Хьэжмырзэ хьэжышхуэт, мызэ-мытIэу хьэжыщI кIуауи жаIэж. ПащIэм и анэ къилъхуауэ (Бэчмырзэ къэзылъхуар Слъонхэ япхъут) адэкIэ зырызу къуэшитI езым нэхърэ нэхъыжьу яIащ: Щэмел-хьэжырэ Хьэжумарэ,- тIури еджагъэшхуэт, хьэрыпыбзэрэ тыркубзэрэ къабзэу ящIэрт, КъурIэныр тыншу адыгэбзэкIэ зэрадзэкIыфт. Зыми шэч къытрихьэу ди гугъэркъым ПащIэ Бэчмырзэ академик С.Н. Джанашиарэ я зэныбжьэгъугъэм. Дигу къэдывгъэгъэкIыжыт: «Кавказ Гупэм сыкъикIыжа къудейщ. Сэ сыщыIащ… Абы сыкIуэнкIэ щIэхъуар зы лIыжь гуэрым и гъащIэр зэрысфIэхьэлэмэтырщ. ПащIэ Бэчмырзэ ипэжыпIэкIэ гу зылъозыгъатэ цIыхущ. Илъэс 72-м и ныбжьыр итщ… Усыгъэм пылъщ, астрономием щыщ гуэрхэми я Iуэху зэрехуэ. Дэ тIур апхуэдизкIэ ныбжьэгъу дызэрызэхуэхъуар псалъитI-щыкIэ жыIэгъуейщ…»
АтIэ дауэ жыпIэ зэрыхъунур ПащIэр щIэныгъэншэу щытауэ, апхуэдэ цIыхухэм ябгъурыту е къыщхьэщыту къэгъуэгурыкIуауэ? Дауэ апхуэдиз акъылрэ губзыгъагърэ зыбгъэдэлъа цIыхур набдзэгубдзаплъэу щымытауэ зэрыпIуэтэнур? Псори къыдогъанэри, дауи щIэныгъэ лъэпкъ зыбгъэдэмылъ цIыхур тIысу езым зэхилъхьэжа алыфбейкIэ зэрытхэфынур?! Бэчмырзэ и тхыгъэхэр газетхэм ихьу щытащ трыригъэдзэну (еплъ ПащIэм и зэманым псэуахэм я гукъэкIыжхэм). А жытIа псом къикIыр мыращ: ПащIэ Бэчмырзэ урыс алыфбейри латинри къигъэсэбэпурэ тхэрт. Мыбдеж дэ зыгуэр къэдгупсысу е хуэдгъэфащэу фи мыгугъэ: ди краеведческэ музейм щахъумэ Бэчмырзэ и тхыгъэ зытет тхылъымпIэ кIапэхэр; а тхыгъэхэм, урысыбзэкIи адыгэбзэкIи тхахэм, ПащIэм урыс алыфбейр къыщигъэсэбэпащ. Латин алыфбейри ПащIэм, шэч хэмылъу, ищIэрт, латин хьэрфкIэ Къэбэрдей псор тхэуэ щыщытакIэ, Бэчмырзэ абы зэрыблэмыкIынури гурыIуэгъуэщ.
Ауэ хьэрыпыбзэр ПащIэм фIыуэ зэрищIэу щытам зыми шэч къытримыхьэми хъунущ. Абы и щыхьэтщ ПащIэм и Iэрытх КъБНИИ-м щIэлъыр. Мы тхыгъэм Бэчмырзэ къыщигъэсэбэпащ хьэрып алыфбейр.
ЗэрытщIэщи, лIы Iущ куэд елэжьащ адыгэ алыфбей зэхалъхьэну: урыс, хьэрып, латин хьэрфхэр лъабжьэ хуащIу. Апхуэдэу Ц/агъуэмрэ Дымымрэ хьэрып алыфбейр и лъабжьэу адыгэбзэкIэ газет, тхылъ къыдагъэкIыу щытащ. Ауэ ПащIэ Бэчмырзэ адыгэбзэм и алыфбей зэхилъхьар ЦIагъуэмрэ Дымымрэ яйм зыкIи зэрыбгъэдэмыхьэр нэрылъагъущ. Мис мы Iуэхугъуэми теухуауэ ди щIэныгъэлIхэм зыгуэр ящIэну хуеймэ – зи щхьэ темыча кIадэщ».