«ФатIимэ» и усакIуэрОсетин усыгъэм и лъабжьэр зыгъэтIылъа Хетагуров Коста 1859 гъэм жэпуэгъуэм и 15-м Нар осетин къуажэм дунейм къыщытехьащ. Зэчиишхуэ зыбгъэдэлъа усакIуэу, драматургу, сурэ-тыщIу щыта узэщIакIуэм и илъэси 165-м теухуа тхыгъэр езым ди лъэпкъым къыхужиIа псалъэхэмкIэ къыщIэддзэну тфIэигъуэщ. «Кавказ Ищхъэрэм щыпсэу лъэпкъхэм щатепсэлъыхьым, си япэ ита щIалэм адыгэхэм гулъытэ мащIэIуэщ яхуищIар. Абы зэрыжиIэмкIэ, къэбэрдейхэм, адрейхэм елъытауэ, щIэныгъэр нэхъ хуэмурэщ къызэращтэр. Аращи, цивилизацэм ифI зрагъэкIыну зэрыхуэмейм къыхэкIыу, лъэпкъ къыкIэрыхуауэ къонэ. Пэжщ, адрейхэм ещхьу, къэбэрдейхэм щIэуэ къежьэр жэрыжэкIэ къапхъуатэу гу лъыптэнукъым. Мывэ сэреи ямыухуэу, еджапIэщIи къызэIуамыхыу, зэресауэ мэпсэу. Ауэ абы щхьэусыгъуэ хуэхъур адыгэхэм куэд къазэрыгурымыIуэр, ахэр зыужьыныгъэмрэ ефIэкIуэныгъэмрэ зэрыхуэхейр аракъым. Хэти щыгъуазэщ, урысхэр къэкIуэн ипэ, къэбэрдей адыгэхэр цIыху хэтыкIэкIи, къэрал Iуэху зехьэкIэкIи адрей куэдым япэ зэритар, уеблэмэ я жьауэ щIэт лъэпкъхэм къуэды къезытхэри яхэту. Псоми фIы дыдэу ящIэ абыхэм я зэхэтыкIэ нэгъэсам и фIыгъэкIэ иджыпсту дэтхэнэ адыгэри къызэрыпцIыхуж дуней тетыкIэм теплъэ пыухыкIа зэригъуэтари, ахэр лъэ быдэкIэ щыт хабзэм зэригъакIуэу зэрыщытри. Франджыбзэмрэ абыкIэ зекIуэ хабзэхэмрэ ещхьу, адыгэбзэмрэ адыгэ хабзэмрэ адрей лъэпкъхэм яджу щытащ. ГурыIуэгъуэщ осетинхэми, шэшэнхэми, нэгъуэщI лъэпкъхэми псэукIэ хабзэ гуэрхэр зэраIэр, ауэ абыхэм, Къэбэрдейм щызекIуэм ещхьу, цIыху щхьэхуэр лъэпкъым и унафэм щIэзыгъэувэфын къару ягъуэтакъым. А щхьэусыгъуэм къыхэкIыу, къэбэрдейхэм я зэхуаку зэгурыIуэр, зэкъуэтыныгъэр, Iуэху зэдэщIэныр нэхъ щызокIуэ… Къэбэрдей адыгэхэр зэбгъапщэ псоми къахэщхьэхукI, зи щхьэ и унафэ зыщIыжыф, зыми емыщхь лъэпкъ зэтеуващ. Къэпсэлъа щIалэми адрей щIэныгъэлIхэми зэрыжаIащи, сыт и лъэныкъуэкIи гуакIуэрэ махуэу щыт а лъэпкъыр щIыпIэ жыжьэ къраха къэкIыгъэ хэсагъащIэкъым, зыхуей хуэмызэмэ, и тхьэмпэ цIыкIухэр щIигъашэрэ и фэр пыкIыу зыхигъэкIуэдэжын хуэдэу. Я цIыху хэтыкIэм, я хабзэхэм, мыхьэнэ куу нэхъ зиIэ я дуней тетыкIэм и уасэр фIыуэ зэращIэжым къыхэкIыу, къэбэрдейхэр пIащIэркъым нэгъуэщIхэм зыпащIыжыну, цивилизацэм и цIугъэнэхэр зыкIэраблэну, зэрыжаIэу, фомрэ тхъумрэ шыгъурэ пIастэкIэ яхъуэжыну. Езыхэм еиж гуэр ябгъэдэлъщ абыхэм, зэкIэ и мыхьэнэри и IэфIри щIэмыкIауэ, нэгъуэщIхэм ядэплъеин, зыпащIыжын гукъыдэжым щихъумэу. Шэч хэлъкъым зэман дэкIрэ нэхъ купщIэ куу кърагъэлъагъуфмэ, езыхэм я гъащIэм арэзы къимыщIыжу, къэбэрдейхэми къежьэм зэрыдекIун Iэзагъи къызэрызыкъуахынум. Апхуэдэ зэкIэ нэрылъагъукъым. Ауэ а лъэхъэнэр къэсмэ, щIэныгъэри зыужьыныгъэри шэчыншэу къэбэрдейхэм Кавказ Ищхъэрэм щыщ адрей лъэпкъхэм нэхърэ нэхъ ирагъэфIэкIуэнущ. Сыту жыпIэмэ, къытыдогъазэри, ахэр нэхъ зэкъуэту, нэхъ зэакъылэгъухэу, нэхъ зэгурыIуэу, гъащIэм нэхъ игъэса лъэпкъыу къогъуэгурыкIуэ». 1887 гъэм къыдэкIа «Кавказ Ищхъэрэм щыпсэу лъэпкъхэм ятеухуауэ» тхылъым къыщыдгъуэта мы жыIэгъуэм хуэдэу ди лъэпкъым и купщIэр нэгъэсауэ къыщыгъэлъэгъуа псалъэ гъуэтыгъуейщ. Хэт хъунут-тIэ апхуэдэу фIыуэ дыкъэзыцIыхуа Хетагуров Коста? Коста и адэр урысей армэм офицеру зэрыхэтам, щIалэм и щIэныгъэ гъуэгур тыншу къызэIуихащ. Ауэ и анэр пасэу дунейм ехыжри, илъэситI фIэкIа мыхъуу зеиншэу къэнащ. ПэщIэдзэ щIэныгъэр Коста щигъуэтар я къуажэ школырщ. ИтIанэ Владикавказ дэт гимназием щIагъэтIысхьащ. И адэр къуажэ тету ягъэува нэужь, унафэшхуэм ипкъ иткIэ, зэрыжылэу Псыжь и Iэгъуэблагъэм Iэпхъуэри, дызэрыт зэманым «Коста-Хетагуровское поселение» зыфIащыжар яухуауэ щытащ. Илъэс 12 щрикъум, Хетагуровыр щIагъэтIысхьащ Кавказым и тхыдэм зи цIэр фIыкIэ къыхэщ бгырыс интеллигенцэр къызыщIэкIа Ставрополь гимназием. Сурэт ищIын фIэфIу, усэ зэхилъхьэным тегушхуэу Хетагуровым щыщIидзар а зэманырщ. ЩIалэм и цIэр хуабжьу щыжаIар япэу и сурэтхэр утыку къыщрахьа урысейпсо гъэлъэгъуэныгъэрщ. 1881 гъэм Коста щIагъэтIысхьащ Бытырбыху дэт сурэт академием. НыбжьыщIэм ицIыхуащ Репин, Врубель, Серов, Суриков сымэ хуэдэ сурэтыщI цIэрыIуэхэр. Усэ тхын Хетагуровым Бытырбыху щыщIидзакIэт. Владикавказ къэкIуэжа нэужь, нэхъри литературэм зритащ, и IэдакъэщIэкIхэр «Казбек», «Кавказ Ищхъэрэ» къыдэкIыгъуэхэм и анэдэлъхубзэмкIэ къытрыригъадзэу. И усэхэм хуитыныгъэм хуэпабгъэу къызэрыхэщыр хабзэхъумэхэм я нэ къыфIэнэри, Хетагуровыр илъэситIкIэ хэкум ирагъэкIауэ щытащ. ГъащIэр нэхъ хьэлъэж ищIат усакIуэм фIыуэ илъэгъуа хъыджэбзым щIалэ факъырэр Iумпэм зэрищIар. Щыпсэун унэ къудей зимыIэ Хетагуровым щIэгъэкъуэн закъуэу къыхуэна и адэр дунейм ехыжа нэужь, псэукIэр нэхъ хьэлъэж хъуащ. 1893 гъэм Хетагуровым «Кавказ Ищхъэрэ» газетым щылэжьэн щIедзэ. ИлъэситI дэкIыу и тхылъхэр томитI хъууэ урысыбзэкIэ къыдигъэкIа нэужь, Хетагуровыр къэралым къыщацIыхуащ. Ауэ и тхэкIэр ефIакIуэми, щIалэм и узыншагъэр зэтекъутэри, и къупщхьэхэм жьэн уз къыщагъуэтащ. Абы щхьэкIи къэмынэу, ар етIуанэу хэкум ирагъэкIащ, иджы Херсон къалэр и псэупIэу. ЩIыпIэ жыжьэр узыншагъэм щемызэгъым, лъэIу тхылъкIэ Хетагуровыр езыр зыхуей Одессэ ямыгъакIуэу, Очаков къалэм ягъэIэпхъуэри, абы игури нэхъ къыщихьэжащ, и лэжьыгъэми и хьэтыр ялъагъун щIадзащ. Владикавказ «Осетин усыгъэ» тхылъыр къыщыдэкIа нэужь, Хетагуровым и Iуэхур дэкIа хуэдэу фэ къытеуат, итIани, и щхьэ жагъуэгъухэм хуиту кърагъэIэтакъым. Хэкум къэкIуэжыну хуит ящIыжа усакIуэр Псыхуабэ, Ставрополь къалэхэм щыпсэуащ. Зэман дэкIыу Владикавказ Iэпхъуэжа щIалэм унэ ищIыну, унагъуэ иухуэну, тхэну мурад дахэ куэд иIэт, ауэ «Нэпс щIэзыгъэкI къуршри», «Хетаг» поэмэри нимыгъэсу, дунейм ехыжащ. Осетин усакIуэр адыгэхэм нэ лейкIэ еплъу щIыщыта щхьэусыгъуэхэм язщ Хетагуров лъэпкъыр адыгэхэм къатехъукIауэ къызэралъытэр. «Хьэтагъ и мэз» жыхуаIэ щIыпIэм епха хъыбарыр адыгэ щIыналъэм иIэпхъукIыу, Осетием щтапIэ щихьэжа щIалэм теухуащ.
Поделиться:
Читать также:
29.11.2024 - 14:18 →
Республикищым я цIыхубэ тхакIуэ
26.11.2024 - 12:26 →
Бекъул Барэсбий и гукъэкIыжхэр
25.11.2024 - 16:50 →
Си анэшхуэм и щапхъэ
22.11.2024 - 15:14 →
Адыгэ литературэ гушыIэмрэ ауанымрэ
21.11.2024 - 12:17 →
Лъэпкъыр ефIэкIуэнырт и хъуэпсапIэр
|