ХэкIыпIэ щыIэщ

         ФIэщхъуныгъэ зыхэлъ цIыхур гугъуехь гуэр щыпхыкIым деж, и гум къэмыкIыпIэ иIэкъым: «Сыт Алыхьым гугъу сыщIригъэхьыр?» Хэт ищIэрэ, нэхъ гъунэгъужу узришэлIэн папщIэ узригъэгупсысыжрэ? Е хуэпщI фIыщIэр фIэмащIэ? Апхуэдэ гукъеуэ зиIэм дежкIэ Iэмалхэм язщ КъурIэн лъапIэм и Iэятхэр.

Зауэ щекIуэкI лъэхъэнэм махуэ къэс гу къабзэкIэ 40-рэ «Мухьэмэд» сурэм укъеджэмэ, захуагъэм тету зауэм и дзэр текIуэнурэ и бийхэр щIэпхъуэжынущ.

«Iэл-Фэтхь» сурэм 41-рэ къеджэм и Iуэху псори тыншу зэфIэкIынущ.

А сурэм махуэ къэс «Мухьэмэд» сурэм и гъусэу укъеджэмэ, Алыхьым и унафэкIэ, бийхэр щIэпхъуэжынурэ зауэ губгъуэм ижыжынущ. Гъэзий Нэджи Ефэнды лъапIэм и лъэIукIэ, а суритIми Тыркур и хуитыныгъэм щыщIэбэна  зауэм и зауэзэрылI нэхъ гуащIэхэм деж хьэфизхэр кърагъаджэрт. Бийхэр щIэпхъуэжри, щIэрыщIэу къатеуэжын папщIэ зэхуэсыжыфауэ щытакъым. Ар езы щIэныгъэлIым къиIуэтэжащ.

         «Iэл-Хьуджурат» сурэм зи узыфэм хущхъуэ къыхуэзымыгъуэтыф сымаджэр 7 къеджэмэ, хущхъуэри къигъуэтынурэ и узыншагъэри зэтеувэжынущ.

         «Къаф» сурэм мэрем жэщ къэс 3-рэ къеджэм Алыхьым и нэр жан ищIынущ. Езыри нурыр къыщхьэщихрэ насыпыфIэу псэунущ.

         «Iэз-Зарият» сурэм гъавэр щымащIэм е гъаблэм и зэманым 70-рэ къеджапхъэу къалъытэ. Абы иужькIэ ерыскъым берычэт къыщIыхьэжынущ, хаса псори бэву къэкIынущ.

 «IэтI-ТIур» сурэм сымаджэм папщIэ 3 укъеджэмэ, узыншагъэ быдэ къритынущ. Зи зэхущытыкIэр къэтIэсхъа зэщхьэгъусэхэми я зэхуакум зэгурыIуэрэ лъагъуныгъэрэ къыдилъхьэнущ.

«Iэн-Нэджм» сурэм уигу иплъхьар къохъулIэн щхьэкIэ 2I-рэ укъеджэну фIыщ.

«Iэл-Къэмэр» сурэм уи гум шынэр ирех.

«Iэр-Рэхьман» сурэм къеджэм и гур гуфIэгъуэм егъэнщI, и унэр мамыр, и хьэрычэт Iуэхухэр берычэт ещI.

         «Iэл-Уакъихьэ» сурэм къеджэр зыми хуэмыныкъуэу,  мылъкурэ пщIэрэ иIэу псэунущ. Зи мылъкур зыфIэмащIэр ахъшэмымрэ жасымрэ я зэхуакум а сурэм кърыреджэ.

 «Iэн-Нэджм» сурэм уигу иплъхьар къохъулIэн щхьэкIэ 2I-рэ укъеджэну фIыщ.

«Iэл-Къэмэр» сурэм уи гум шынэр ирех.

«Iэр-Рэхьман» сурэм къеджэм и гур гуфIэгъуэм егъэнщI, и унэр мамыр, и хьэрычэт Iуэхухэр берычэт ещI.

         «Iэл-Уакъихьэ» сурэм къеджэр зыми хуэмыныкъуэу,  мылъкурэ пщIэрэ иIэу псэунущ. Зи мылъкур зыфIэмащIэр ахъшэмымрэ жасымрэ я зэхуакум а сурэм кърыреджэ.

         «Iэл-Хьэдид» сурэм 70-рэ къеджэм и лэжьапIэм ехъулIэныгъэ щиIэнущ, пIейтеиным щыхъума  хъунущ, къаруушхуэ къылъыкъуэкIынущ.

         «Iэл-Муджадилэ» сурэм щIы Iэбжьыгу пIыгъыу укъеджэрэ, ар бийм ебдзмэ, ар щIэпхъуэжынущ.

         «Iэл-Хьэшр» сурэм духьэ щIэпщIа Iуэху гуэрым папщIэ укъеджэмэ, узыщIэлъэIур Алыхьталэм мыгувэу къыпхуищIэнущ.

         «Iэл-Мумтэхьэнэ» сурэм щIэх-щIэхыурэ къеджэм и гур фэрыщIыгъэм ибгынэнущ.

         «Iэщ-Щэф» сурэм 3 укъеджэрэ цIыху гуэрым уепщэмэ, абы и къарум къыхэхъуэнущ, езыми зыри къытекIуэнукъым.

         «Iэл-Джумхьэ» сурэм зэщхьэгъусэхэр 5 къеджэмэ, я зэхуакум лъагъуныгъэмрэ зэгурыIуэмрэ къыщыщIэрэщIэжынущ, я зэхущытыкIэри зэтеувэжынущ.

         «Iэл-Мунафикъуун» сурэм 100-рэ къеджэ цIыхум къыхуэпсалъэ  фыгъуэнэдхэм зыри къращIэфынукъым. 

         «Iэт-Тэгъабун» сурэм 7 укъеджэмэ, ар бгъэпщкIуа мылъкум хъумакIуэ хуэхъунущ.

         «IэтI-ТIэлакъ» сурэм 7 укъеджэмэ, бзаджагъэкIэ уи ужь къихьа цIыхубзым щыхъума ухъунущ. КъинэмыщIауэ, а сурэм укъеджэну фIыщ щIыхуэр птекIыжын, узыщымыгугъа лъэныкъуэм къикIыу мылъку къыпхэхъуэн папщIэ.

         «Iэт-Тэхьрим» сурэм зэщхьэгъусэхэр я зэхущытыкIэр ирагъэфIэкIуэн мурадкIэ къеджэмэ, Алыхьталэм абыхэм я гукъыдэжыр ядиIыгъынущ.

         «Iэл-Мулък» сурэм 7 къеджэм и гуныкъуэгъуэ псори щхьэщыкIынурэ, фIэкIуэдари къигъуэтыжынущ. Дыгъэ къуэкъуэкIыгъуэм щегъэжьауэ нэху щыху а сурэм  къеджэн хьэл зиIэм берычэт щхьэхуэ къыхудэкIуэнущ.

         «Iэл-Къэлэм» сурэм 10 къеджэр нэ къытехуэным щыхъума хъунущ, и тхьэлъэIухэми жэуап ягъуэтынущ.

         «Iэл-Хьэкъкъэ» сурэм къеджэр бийм пэлъэщынущ, абы и хьэгъэщагъэхэми къелынущ. 

         «Iэ-Мэхьаридж» сурэм 10 къеджам Къемэт Махуэм  шынэ къыпкърыхьэнукъым.

         «Нухь» сурэм нэхъ мащIэ дыдэу зэ къеджэм бийр жыжьэу Iуихунущ.

         «Iэ-Джинн» сурэм 7 къеджэр нэ Iейм, жинхэмрэ шейтIанхэмрэ, псалъэ жагъуэм щыхъума хъунущ.

         «Iэл-Музэммил» сурэмкIэ сабий гужьеям уепщэмэ, и шынэр щхьэщыкIынущ.

         «Iэл-Мудэссир» сурэм Iей псоми ущихъумэнущ.

         «Iэл-Къиямэ» сурэм къеджэрейм Къемэт Махуэр къехьэлъэкIынукъым.

         «Iэл-Инсан» сурэм 7 къеджэм Алыхьым бзаджэр къыбгъэдигъэхьэнукъым, Бегъымбар ЛъапIэу щэлатымрэ сэламымрэ зэхам и унагъуэм щыщ цIыхухэм гъунэгъу яхуищIынурэ, ахэр къыщхьэщыжакIуэу къритынущ.

         «Iэл-Мурсэлат» сурэм пцIы къыптралъхьэным ущехъумэ.

         «Iэн-НэбэI» сурэм шэджагъуэ нэмэз нэужьым махуэ къэс къеджа цIыхум и мащэр абы къигъэнэхунущ.

         «Iэн-Назихьат» сурэм къеджэрейм и лIэгъуэр къэсмэ, и псэр тыншу хэкIынущ.

         «Хьэбэсэ» сурэм Алыхьым узэрелъэIуа гуэр уи гум уилъу укъеджэмэ, къохъулIэнущ.

         «Iэт-Тэкуир» сурэм къеджэр зыхуэзэ цIыхухэм фIыкIэ ягу къинэнущ.

         «Iэл-МутIэффифин» сурэм 7 къеджэм и сату Iуэхухэр къехъулIэнущ.

 

ЧЭРИМ Марианнэ.

 

Поделиться: