ГъащIэ купщIафIэ

КъБР-м и цIыхубэ усакIуэ, РСФСР-м и Къэрал саугъэт Горький Максим и цIэр зезыхьэм и лауреат, япэ балъкъэр усакIуэ, жылагъуэ лэжьакIуэ цIэрыIуэ Зумакуловэ Танзиля къызэралъхурэ илъэс 90 зэрырикъур республикэм Iэтауэ щагъэлъэпIащ.

Зумакуловэ Танзиля 1934 гъэм бадзэуэгъуэм и 18-м Iуащхьэмахуэ районым хыхьэ Гирхожан жылэм къыщалъхуащ. 1940 - 1944 гъэхэм ар щеджащ къуажэм дэт пэщIэдзэ еджапIэм. Балъкъэр лъэпкъыр здаша Къыргъызым щыпищащ и щIэныгъэм.

Танзиля и япэ усэхэр 1954 гъэм дунейм къытехьащ. Газетхэмрэ журналхэмрэ 1956 гъэм щегъэжьауэ къытохуэ и IэдакъэщIэкIхэр. УрысыбзэкIэ зэрадзэкIахэр «Пионер», «Дон» журналхэм, «Голубые ели», «Поэты Балкарии» усэ тхылъхэм ихуащ.

1959 гъэм къыдэкIащ «Цветы на скале» и япэ усэ тхылъыр, усакIуэ бзылъхугъэм и зэчийр зыхуэдэр къэзыгъэлъэгъуар. Абы гурыIуэгъуэ ищIащ хъэтI щхьэхуэ зиIэж усакIуэ литературэм къызэрыхыхьар. 1961 гъэм Зумакуловэр хагъэхьащ СССР-м и ТхакIуэхэм я зэгухьэныгъэм. 1968 гъэм абы Литературэ курс нэхъыщхьэр Москва къыщиухащ. И усэхэр ди къэралым щыпсэу лъэпкъ зыбжанэм я бзэхэмкIэ зэрадзэкIащ. 1970 гъэм «Тау аяз» («Прохлада гор», 1967), «Чирахтан» («Светильник», 1969) и тхылъхэм къыпэкIуэу Танзиля къыхуагъэфэщащ Къэбэрдей-Балъкъэрым ЛитературэмкIэ и къэрал саугъэтыр. Абы и усыгъэм урысей литературэм нэрылъагъуу увыпIэ щхьэхуэ щеубыд.

1977 гъэм РСФСР-м и Къэрал саугъэт Горький Максим и цIэр зезыхьэр къыхуагъэфэщащ (1974 гъэм къыдэкIа «Сокровенность» тхылъым папщIэ). 1982 гъэм КъБАССР-м и Совет Нэхъыщхьэм и Президиумым и унафэкIэ абы къыфIащащ «Къэбэрдей-Балъкъэрым и цIыхубэ усакIуэ» цIэ лъапIэр. ИлъэситI дэкIри, лъэпкъ щэнхабзэм и зыужьыныгъэм хуищI хэлъхьэныгъэм щхьэкIэ Лъэпкъ зэныбжьэгъугъэм и орденыр къратащ. 1994 гъэм ар Къэрэшей-Шэрджэс Республикэм и цIыхубэ усакIуэ хъуащ, а гъэ дыдэм Чувашием и литературэ саугъэтри къратащ. Танзиля къыхуагъэфэщащ РСФСР-м и Совет Нэхъыщхьэм и Президиумым, Къэбэрдей-Балъкъэр АССР-м, ВЛКСМ-м и ЦК-м, РСФСР-м, СССР-м и республикэ, хэгъуэгу зыбжанэм я фIыщIэ, щIыхь тхылъхэр.

1957 гъэм щыщIэдзауэ бзылъхугъэр жыджэру хэтщ ди республикэми къэралми я жылагъуэ лэжьыгъэм. Ар мызэ-мытIэу хахащ Налшык къалэ Советым и депутату. УсакIуэр хэтащ СССР-м и ТхакIуэхэм я зэгухьэныгъэм и ревизионнэ комиссэм, РСФСР-м и ТхакIуэхэм я зэгухьэныгъэм и правленэм, КъБР-м и ТхакIуэхэм я зэгухьэныгъэм и правленэм и президиумым, ТхакIуэ зэгухьэныгъэхэм я дунейпсо IуэхущIапIэм и исполкомым.

 Танзиля и усэ тхылъу 30-м щIигъу дунейм къытехьащ. Абыхэм ящыщщ «Песня гор» (1962), «Дым очага» (1965), «Радуга над домами» (1968), «Молчание» (1972), «Сокровенность» (1974), «Весна в горах» (1982), «Тхыгъэ къыхэхахэр» тхылъитIу (1994), нэгъуэщIхэри.

Зумакуловэ Танзиля и усэхэр триухуащ къызыхэкIа и лъэпкъым. УсакIуэм гугъуехь куэд къызэринэкIащ, къыщалъхуа щIыналъэм пэIэщIэу илъэс 13-кIэ щыпсэуам. 1957 гъэм и лъэпкъым и гъусэу къигъэзэжа нэужь, Къыргъыз щIыналъэм и цIыхухэм и усэ сатырхэр триухуащ.

Адыгэ усакIуэ цIэрыIуэ Бицу Анатолэ адыгэбзэкIэ зэридзэкIащ Зумакуловэм и усэ зыбжанэ. Абыхэм ящыщ тыдодзэ.

 

Зумакуловэ Танзиля

 

Си щIылъэ, фIыуэ узолъагъу

Мо уэшхыр и щхьэ зэрыхуит!

Къыщошх, хуейм, къуршым,

Хуеймэ – тафэм.

Ар къошх, хуейм, махуэ,

Хуейм – махуитI…

Аращ укъыщалъхуамэ уафэм!

 

Бэлыхь щIым къыщалъхуахэр хэтщ.

Мес, псыежэхыр, дэтщи нэпкъым,

И гъащIэр ехь хузауэ и пкъыр,

Лъэпощхьэпохэри и куэдщ:

 

Зэм къыпоувыр къыр мывэжьыр,

Зэм къыпогъуэлъыр жыг къэуар.

Зым къыпежыхь, зыр здырехьэжьэ…

Ещхьщ цIыхуми и псэукIэм ар.

 

Си плъапIэм, семыхьауэ гугъу,

ЛъэIэскъым зэи си Iэр. Ауэ,

НэгъуэщI тыншыпIэ сыхуэмейуэ,

Си щIылъэ, фIыуэ узолъагъу!

 

                            * **

ЩымыIэ игъащIэм сэ пэжым пэсщIа.

ИтIани зэгуэрым мыращ къысщыщIар:

 

…Сыдэтт сыкIуэжауэ ди къуажэм а махуэм.

Уэрамым зы лIыжь сыщыхуозэ тIэкIу сцIыхуу.

Сэлам абы щесхым, гупсэхуу сеплъат –

Гъэшат а тхьэмыщкIэр, и нэкIури зэлъат.

ЛIыжь кхъахэм арыххэу сэ пцIы хузоупс:

– Бэлыхьу зыпIыгъщ уэ иджыри, бгырыс!

НэгъуэщI зы хэлъакъым. Къохъуж ар щIэрыпс –

И башыр къеIыхи, ухуейм, шым гъэшэс! –

ИIыгъщ и бгыр захуэу, иIыгъщ и щхьэр лъагэу…

И гъуэгу техьэжащ, плъэуэ япэкIэ пагэу.

…Зымахуи апхуэдэ лIыжь гуэр сыхуэзат.

И теплъэм абыи бэлыхь сыхидзат.

Зи гъащIэр сфIэхьэлъэу мо сигу зыщIэгъуам

СымыщIэт сэ пэжкIэ сещын хуей щIэхъуар.

Арати, къысхуищIу и гугъу абы жьыгъэм,

ЖызоIэ:

– Хэмылъ, тхьэ, а Iуэхум гуфIэгъуэ.

Ди ныбжьхэр хокIуатэ, ди узхэр мэятэ…

Зихузу-зипIыту тIэкIу щотри еплъыхыу,

Солъагъур: тхьэмыщкIэм мэункIыфIыр и нитIыр.

Йожьэж и лъакъуитIыр ерагъкIэ зэблихыу…

 

ЩымыIэ игъащIэм сэ пэжым пэсщIа.

ИтIани зымахуэ аращ къысщыщIар.

 

                            ***

Ди куэдкъэ Iэзэхэр шэч щIынкIэ,

Къытхэткъэ зыри зи фIэщ мыхъу?!

Ерыщхэм «пцIы къыщIэгъэщынкIэ»

ИгъащIэм срагъэхьт сэ гугъу.

 

СыцIыкIуу зэ сыкIуат хадапщIэ,

ЦIыхуитIым ямыщIэныр сщIат.

Балигъхэм къызжаIат сэ: «ДощIэ

Уи закъуэ ар зэрумыпщIар»...

 

Сыухуэнт сэ си щхьэц кIыхьхэр пIащэу,

Къыздеджэ цIыкIухэм Iуэху сыкъащIт.

«Уи щхьэцым хамэ щхьэци пощIэ!» –

Къызэщхэу, си гур сфIыхагъэщIт.

 

Сыпыхьэу сэ абы я пащхьэ

ЩыстIатэрт си щхьэц ухуэнар.

Модрейхэр, зэхуащIыжу нащхьэ,

Дыхьэшххэрт – арат зыхуеяр?..

 

ПасэIуэу сщIэртэкъым сыхъуами

Балигъ – си нэкIущхьитIыр тхъуэплът.

Гъунэгъухэр гъумэтIымэрт: «Гъуамэ!

Зыхелъхьэ махуэ къэс сэхусэплъ».

 

Ди пщIантIэ сыкъыдэлъэдэжти,

КъизгъэкIыу «пэжкъым ар – фыкъеплъ!»,

Си напэр стхьэщIырт сэ, сIуэтыжу, -

Нэхъ Iейуэ нэкIущхьитIыр къэплът…

 

СцIыху гуэрхэм усэ сакъыхуеджэрт.

КъызжаIэрт: «Дэгъуэ дыдэ хъуащ».

ИужькIэ ахэр къысхущIэджэрт:

«Тхьэм ещIэ къызыфIидыгъуар».

 

…БлэкIащ илъэсхэр. Си щIыбагъкIэ

Иджы щыжаIэу зэхэзмых:

«Щхьэц лей, хидзауэ мащIэу тхъугъэ,

Абы нэгъуэщIым къреIых.

 

СэхусэплъкIэ ещI и нэкIур фагъуэ,

IэмалкIэ зэрегъалъэ ар…».

Дахащэу си щIалэгъуэ! ПщIыгъуу

Бзэха-тIэ къысхуапсэлъу хъуар?

 

Насыпу срикъунт сэ нобэ:

Жагъуэгъухэм къысщыхуэу я ней,

СиIэжу сиIа теплъэр япэм,

Сытетыжыну тIэкIу дунейм;

 

КъэзгъэщIу усэ телъыджащэ,

Щыхъуну зэIэпах щIым ар! –

Зыгуэрхэр къеджэрэ, чэнджащэу:

«Арауэ пIэрэ мыр зытхар?»

 

                   ***

Хьэдагъэншэу зыдахын и хьэдэр

Иремыхъу и пщIантIэр си бий дыдэм…

 

Нобэ лIати ди гъунэгъу лIыжь гуэр,

Зыми игъеижыртэкъым ар.

ЗимыIэжым зы Iыхьлыи благъи

Сыхуопыхьэ, жылэм сыкъалъагъуу…

 

– Сыт делагъэ! – щыIэщ зыгъэщIагъуэ, –

Уэ уэрэдщ ахъу, нэпскъым уи IэщIагъэр…

 

Гуауэм къыщIимыхум зи нэм нэпс,

Хуэусыну, жыфIэт, уэрэд нэс?

 

                            ***

– Сытым, гуауэ, сэ укъысхуихьа уэ,

Щхьэ си жьэгум укъыдэбжьэхъуа?

– Фи бжэIупэм арт сыныIухьауэ,

ЗанщIэу къыIупхащ унэбжэр уэ.

 

– ЖыIэт, хъунум, гуфIэгъуэ, уэ дауэ

Си жьэгу хуабэр къызэрубгынар?

– Уи унэбжэ хуIупхар уэ гуауэм

ИгъэузэщIыкIауэ къэбгъэнат…

ТЕКIУЖЬ Заретэ.
Поделиться: