Адыгэ лъапсэжьАдыгэ Республикэм и цIыху цIэрыIуэхэм, адыгэ IэщIагъэхэм ирилажьэхэм ящыщщ Мейкъуапэ дыщыщыIа махуэхэм ди бысымхэм дагъэцIыхуа Нэгъув Аслъэн. Сэ Аслъэн Москва сыщрихьэлIауэ щытащ, Адыгейм, КъБР-м, КъШР-м я илъэси 100-р зэгъусэу Кремль Уардэунэм щыщагъэлъапIэм - пэIущIэ пэшышхуэм республикэхэм къыщызэрагъэпэща гъэлъэгъуэныгъэм Аслъэн зы плIанэпэ щиубыдырт. Абы и Iэм имыщI адыгэ хьэпшып щыIэу къыщIэкIынкъым, Iэнэ хъурейм бгъэдэсу абы ныбжьыщIэхэм ягуригъаIуэрт пхъэцIыч зэращIыр. А теплъэгъуэр сигу къинэжащ, къызэрыщIэкIамкIи, Нэгъув Аслъэн и гъащIэ псор зытриухуа Iуэхур а си нэгу къыщIэна зы теплъэгъуэм къигъэлъагъуэрт. КъызэрымыкIуэу щIапIэ дахэщ Аслъэн щыпсэур, щищIэхэмрэ щилэжьхэмрэ я мыхьэнэмрэ уасэмрэ къызэрыплъытэн пщалъэ щымыIэу. Куэбжэм удыхьэу зыкъомрэ укIуэцIрыкIа нэужь, сэмэгурабгъумкIэ хьэщIэщ ин тетщ. Абдеж щыболъагъу Аслъэн дэзыхьэх IэщIагъэхэм ящыщ зыр - абы адыгэ фащэ зыщыгъ гуащэхэр ещI. Гуащэхэр ауэ сытми хьэпшып къызэрыгуэкIкъым, атIэ цIыхум и нэгум ещхьу ещIыф ахэр нэхъыжьыфIым. А пэшышхуэр нэхущ, хуитщ, шэнтхэр щIэтщ, сыт хуэдэ Iуэхугъуэ щебгъэкIуэкIынуми хуэхьэзырщ. Абы дыкъыщIокIыжри, жыг лъабжьэхэм щIэт, щхьэ зытелъ Iэнэ хъуреишхуэр къыдолъагъу. КъызэрыщIэкIымкIэ, абдеж Аслъэн щIалэгъуалэр щызэхуешэс, хабзэм, щэнхабзэм щыхуегъасэ, еущий, зэIущIэ гукъинэжхэр, концертхэр къыщызэрегъэпэщ. Абы пэмыжыжьэу щыт, къатищу зэтет унэм дыщIешэри, езым и IэкIэ ищIа унэлъащIэхэмрэ пэш щхьэхуэхэмрэ дегъэлъагъу. Ахэр бжыгъэншэщ, мыбы зэуэ щыпсэуфынущ цIыху 50-м нэблагъэ. ЩIалэ цIыкIухэм я пэшхэр, пщащэхэм ейхэр щхьэхуэщ, я гъусэну анэхэми зыгъэпсэхупIэ хэха яIэщ. Уардэунэм дыкъыщIокIыжри, ди нэр нэхъ къызыхуикI лъэщапIэм доблагъэ. Пхъэхэмрэ абы зэрелэжь Iэмэпсымэхэмрэ щIэтщ абы, пхъэцIычхэр, Iэнэ хъурейхэр, шэнт щхьэгуэхэр, нэгъуэщI унэлъащIэхэр, макъамэ Iэмэпсымэ зэмылIэужьыгъуэхэр - куэд мэхъу адыгэлIым и Iэм ищIыфыр. Тлъэгъуа псоми дитхьэкъуауэ, гуэл Iуфэм Iут тIысыпIэм дыщотIысэх. Мы щIыпIэр апхуэдизкIэ дахэщи, Аслъэн Iуэхуу ищIэм теухуа гупсысэр мыбдеж къыщызэхуэсу къыпщохъу. Нэгъув Аслъэн и унэр, и лъапсэр хьэщIэ кIуапIэ къудейкъым, атIэ щIалэгъуалэм я зэхуэсыпIэщ. Лъэпкъ IэщIагъэжьым къыдэкIуэтей щIэблэр зэрыхуигъасэр, ахэр адыгагъэм, адыгэ хабзэм зэрыщIипIыкIыр къыджиIэжащ Аслъэн. Абы къищынэмыщIауэ, ди бысымращ адыгэ IэщIагъэхэмкIэ зэпеуэ-фестивалыр япэу Мейкъуапэ щызэхэзышар. Сэ а псом иужь сыщIитыр лъэпкъ щэнхабзэ бейр хъума хъун, ди блэкIам хуэфащэ щIэблэ къэзгъэхъун папщIэщ, – жеIэ абы. – Апхуэдэуи яцIыхун хуейщ адыгэм ижь-ижьыж лъандэрэ къыдэгъуэгурыкIуэ хъугъуэфIыгъуэхэмрэ беягъэмрэ. ШколакIуэхэм хуабжьу яфIэгъэщIэгъуэнщ мы лъапсэм щысщIэхэр, ахэр куэдрэ къысхуокIуэ заплъыхьыну. Абы нэмыщI, ныбжьыщIэхэр зыбжанэрэ зэхуэтшэсурэ зэхыхьэ дахэхэр едгъэкIуэкIащ. Апхуэдэхэм деж уэрэджыIакIуэхэр, тхыдэджхэр, щIэныгъэлIхэр къызогъэблагъэ, сабийхэм ямыщIэ гуэрым зыщагъэгъуэзэн, я нэгу зиужьын, я къэухьым зрагъэубгъун папщIэ, шэч хэмылъуи, я Iэзагъым хагъахъуэ си лъэщапIэм щIэтурэ. Аслъэн псэлъэгъу гъэщIэгъуэнщ, цIыху акъылыфIэщ, лъэныкъуэ куэдкIэ зэфIэкI зыбгъэдэлъщ. Ар философым хуэдэу къыбдоуэршэр, Хайям Омар и усэ сатырхэр адыгеибзэкIэ зэридзэкIауэ жеIэ, лъэпкъ гупсысэр иунэтIу куэдым ухуеущий. IэщIагъэлIым зэрыжиIэмкIэ, зыужьыныгъэмрэ цивилизацэмрэ лъэпкъ щэнхабзэр дебгъэкъузэ хъунукъым, укъызыхэкIар зыщыбгъэгъупщэнкIэ Iэмал иIэкъым. Ар къохъулIэн папщIэ лъэпкъыбзэр пщIэуэ, лъэпкъ хабзэр зепхьэу, укъызыхэкIам къыдекIуэкI IэщIагъэхэр бгъэIурыщIэфу щытын хуейщ. Ахэр дунейм тетын щхьэкIэ иджы къежьа технологиехэмрэ IэмалыщIэхэмрэ къэбгъэсэбэпмэ, укъызыхэкIам ухуэфащэу аращ. «Лъэпкъ щэнхабзэмрэ IэпщIэлъапщIагъэмрэ сабийхэм яхэплъхьэ гъэсэныгъэм и лъабжьэщ. Си деж къыщызэхуэс цIыкIухэм яжепIэри ебгъэлъагъури апхуэдизкIэ яфIэгъэщIэгъуэнщи, уегугъумэ, цIыху нэс къазэрыхэкIынур болъагъу. КъэкIуэну дахэ диIэну дыхуеймэ, ди щIэблэр дгъэсэнщ», – жеIэ Аслъэн.
Поделиться:
Читать также:
02.12.2024 - 15:00 →
Благъуэр ежьэжынущ
02.12.2024 - 11:46 →
Зытетхыхьыр езым псэкIэ игъэву
02.12.2024 - 11:44 →
Нобель и саугъэтыр зратахэр
29.11.2024 - 14:28 →
ФIыхэм я нэхъыфIыж Сэнэ Мухьэрбий
27.11.2024 - 15:25 →
Театр гъуазджэм и хормейстер гъуэзэджэ
|