УджпхырыхуТхакIуэ Къэрмокъуэ Мухьэмэд и къалэмыпэм къыщIэкIа тхыгъэхэм я нэхъыбэм лъабжьэ хуэхъуар гъащIэм къыщыхъуа Iуэхугъуэщ. Шэч хэмылъуи, аращ абы и IэдакъэщIэкIхэр цIыхухэм ягу щIыдыхьэри. ФIы дыдэу къехъулIащ абы и гукъэкIыжхэр я лъабжьэу итхыжа хъыбархэри. Абыхэм ящыщ зыщ «Уджпхырыху» Iуэтэжри.
Шыгъушэ НэIиб жари Зеикъуэ щIалэ хьэлэмэт дэсащ лэжьакIуэшхуэу, ехьэжьауэ цIыху хьэлэлу, нэщхъыфIэу, гушыIэ дахэ хэлъу, псом ящхьэжу дахащэу къафэу, езыр сэ нэхърэ нэхъыжьми, си ныбжьэгъушхуэу. НэIиб зауэм хэтыну и ныбжьыр нэсыпатэкъым, ауэ зауэм щыгъуи, абы иужь илъэс гугъухэми лэжьыгъэм я нэхъ хьэлъэр зи фэм дэкIахэм я пашэу щытащ. Абы теухуауэ куэд жыпIэ хъунущ, ауэ сэ зи гугъу сщIынур ар гукъинэж щIысщыхъуа и джэгу хэтыкIэ, и къэфэкIэ дахэрщ, икIи къытехъуауэ щыта зы Iуэху дыхьэшхэнщ. Зауэ зэманым, абы иужь илъэсхэми адыгэ къуажэхэм гузэвэгъуэшхуэ дэлъащ. ЦIыхур ныбаджэт, IэпцIэлъапцIэт, зы хьэдагъэм адрейр къытехъуэу зауэм хэкIуэдауэ зи хъыбар къахьхэр ягъеижырт. Фронтыр гъэшхэн хуейти, лэжьыгъэр зымащIэкIи къамыгъэтIасхъэу лIыжь-фызыжьхэм, фызабэхэм, балигъ мыхъуа сабийхэм иралъэфэкIырт, щысхьи псэхуи щыIэтэкъым. Арыншауэ зэрымыхъунури ящIэрти, зыщIезыгъэхи тхьэусыхи щыIэтэкъым. ГъэщIэгъуэныр арти, апхуэдиз гуауэмрэ гугъуехьымрэ зыдэлъ къуажэм адыгэ джэгур щызэпыуртэкъым. Фызышэ хьэгъуэлIыгъуэр мащIэми, нэгъуэщI щхьэусыгъуэ гуэрхэри къыкъуэкIырт. Я благъэ нэгъуэщI къуажэ къикIрэ къахуэкIуамэ, джэгушхуэ хуащIырт. Гуауэм иужьыгуа цIыхур Iэмал имыIэу нэщхъыфIагъэ гуэри хуейт. Арыншэу псэуфынухэтэкъым. Мы стхыжыр си нэгу щIэкIауэ сэ фIыуэ сызыщыгъуазэщ. Балигъ мыхъуа щIалэгъуалэр нэхущым щыщIэдзауэ кIыфI хъуху белкIэ кIэртIоф къэттIыжу, нартыху къыдэтчу е мэкъу деуэу, Iэнэ тщтэуэ губгъуэм дитауэ, жэщым къуажэ джэгум дыкъехрэ хьэгъуэлIыгъуэм дыхэтауэ пщэдджыжьым лэжьыгъэ хьэлъэм дыпэрыхьэжырт. Дэнэт апхуэдиз къару къыздикIри. Къуажэм дыздэкIуэн джэгу щымыIэмэ, жэщхэсу дыздэщыIэ бригадэ пщыIэм джэгушхуэр щызэхэдублэрт. Зыр лIэмэ,, адрейм зэрызимылIэжыр арауэ къыщIэкIынщ цIыхур зыгъэпсэури, сыт хуэдэ гуауэми хьэзабми къезыгъэлри. АтIэ, мис апхуэдэ къуажэ хьэгъуэлIыгъуэ джэгум и пащтыхьт Шыгъушэ НэIиб. Ар зыхэмытыр джэгу мыхъуауэ къалъытэрт, здэмыкIуам къакIуэрти яшэрт. НэIиб къафэу щытеткIэ, пшынэри зэрылъэлъырт, Iэгури щIаудырт. Мо щIалэ цIынэ дахэшхуэм зиупцIыжу лъапэкIэ къафэу, къыпыгуфIыкIрэ и нэхэр ипIытIу щыплъагъукIэ, уи гур къигуфIыкIырт, дуней гуауэр пщигъэгъупщэрт, упсэуну гукъыдэж къуитырт. Зэгуэрым, хэтхэми сщIэжыркъым, щхьэусыгъуэри сщыгъупщэжащ, джэгушхуэ щыIэт, НэIиби хэту. Иджы ди адыгэ джэгухэм хъарзынэу къыщофэ, ауэ удж хэтыжу слъагъуркъым. Абы щыгъуэ уджыр ехьэжьауэ екIуэкIырт. Арат щIалэгъуалэм я зэпсэлъапIэр, зэпылъыпIэр. Фэеплъ бэлътоку, гъуджэ цIыкIу хуэдэ гуэр гупыж зэхуащIми, уджырат щызэIэпахри. АтIэ, зи гугъу сщIы джэгум щIалэгъуалэр къэфэнкIэ щрикъури, уджыр ирагъэжьащ. НэIиб зыпылъ хъыджэбзыр псоми ящIэрти, ар зыгуэрым къыдишырти, Iэпэгъу къыхуищIырт е езыр дэкIырти, къришажьэрт. А жэщым джэгум щыIэтэкъым НэIиб зыпылъ хъыджэбзри, зыхуэзэр къигъэуджырт. Сытми, хамэ къуажэ къикIа хъыджэбз мыцIыху гуэр къыIэщIэлъагъуэри, НэIибым къигъэуджыну къыдишащ. Моуэ утыкум зыкъыщигъэкIэрэхъуауэ НэIибыр мэгушыIэ: - Мы хъыджэбз хьэщIэм, къэкIуэным и пэкIэ письмо къысхуитхащ фи къуажэ сынэкIуэнущи, сумышэу сыкъыдэкIыжынукъым жери, – письмом лъыхъуэ хуэдэу и жыпым иIэбэ зещI НэIиб. – Иджы мыр ныжэбэ згъэкIуэсэнущи, хьэщIэр зейхэм къыджепIакъым жывмыIэж… МафIэм хуэдэу къызэщIэна хъыджэбз хьэщIэр и Iэпэгъуу НэIибыр йоуджэкI, мыдрей къомри тIурытIу и ужь иуващ. НэIиб и гушыIэн къикIати, «Уа мы хъыджэбз хьэщIэр си Iэгум къитIэхъуащ…», – жери цIыхур зэщIегъэдыхьэшхэ. А и Iэгум къитIэхъуауэ жыхуиIэ хъыджэбз хьэщIэм и Iэр НэIибым хуиту къритыртэкъыми, зы плIанэпэ иригулIауэ зэрызехьэрт. Ауан сыкъэпщIащ жери арат хъыджэбзым. НэIибым зэ IуплъэгъуэкIэ си псэр птхьэкъуащ, жиIэрти тхьэр игъэпцIырт. Абы псэлъэкIэ ищIэрт, гушыIи хэлъти, зыщысхьыжыртэкъым. Хъыджэбзым, жыпIэр пцIыщ, ауан сыкъыбощI жери, зихъунщIэрт… НэIибым хъыджэбзым и Iэ къримытыр нэхъ хуиту зыIэригъэхьэщ, и Iэблэр гуичым хуэдэу зрикъузылIэри: - Ялыхь, хъыджэбз хьэщIэ, сэ уэ бжесIэр пцIымэ, мыбдеж сыкIуэцIрыгъэху, – жиIэри и шырыкъужьымкIэ пхъэбгъу лъэгум теуащ… Абдеж дунейр къутэжащ… Насып диIэти, къутэжыпакъым. «Уджпыху», «уджхъурей», «уджхэш» жыхуаIэхэм «уджпхырыху» псалъэр щIэуэ къыхэхъуауэ арат. Щралъхьар ямыщIэж мо пхъэбгъу лъэгу кIапэфыр, цIыху Iув къытетыр хуэмышэчу, пхыщIыкIащ икIи лъагъуныгъэр зыпкърыхьауэ къэудж зэIэпэгъу къомыр лъэныкъуэкIэ ещэтэхащ. Уджыр щекIуэкI а пэш дыдэм щIэт пэшхьэкум шыпс зэрыт шыуаныр къэкъуалъэу тетти, къэлъейри къахэкIащи, хэт сес, хэти сисащ жери зэщIокIие. Сэ, зи насып нэхъ къикIахэм сахэхуэри, шыпсым щыщ тIэкIу къыслъэIэсами, и пщтырыпIэр къызжьэхэуатэкъыми сыгуфIэу сакъыхэкIащ. НэIиб и Iуэху зэрыхъуам сыщIэупщIати, шыпс ткIуэпс лъэмыIэсауэ Iуэхум гъущэу къыхэкIауэ къыщIэкIащ.
Поделиться:
Читать также:
22.04.2026 - 12:29 →
Ныбжьэгъугъэ нэсыр
21.04.2026 - 15:45 →
Болэт щхьэщытхъу
20.04.2026 - 11:18 →
Гъуэгуанэ тхыгъэхэр
17.04.2026 - 10:52 →
Псэущхьэхэр къызыхэщ джэгукIэхэр
08.04.2026 - 11:48 →
Отаров Керим и тхылъыщIэ
| ||





