ГъащIэ лъэужьЛъэужьыфI, лъэужь дахэ къэзыгъэна тхакIуэ цIэрыIуэ Къашыргъэ ХьэпащIэ къызэралъхурэ илъэси 110-рэ ирокъу. Абы и гъащIэмрэ гуащIэмрэ ятеухуа тхыгъэ игъэхьэзырауэ щытащ педагогикэ щIэныгъэхэм я кандидат Ержыб Аслъэн. Къашыргъэ ХьэпащIэ Къэбэрдей-Балкъэрым щыщ Шэджэм районым хыхьэ Щхьэлыкъуэ адыгэ къуажэшхуэм къыщалъхуащ щэкIуэгъуэм и 14-м 1914 гъэм. Къашыргъэм и унагъуэр 1928 гъэм Джэрмэншык зыфIаща къуажэщIэм Iэпхъуа иужькIэ, ХьэпащIэ и гъащIэ псор а къуажэм щигъэкIуащ. И сабиигъуар игу къигъэкIыжу абы мыпхуэдэу итхыжыгъащ: «Хуабжьу хьэблэфIт ди хьэблэр. Ар фIыуэ сощIэж. Сэ фIыуэ сымыщIэжми, нэхъыжьхэм къызэраIуэтэжымкIэ, лIыгъэ зиIэ цIыхуфI куэди дэсащ ди хьэблэм… Пэжыр жысIэнщи, а псори нэхъ гурыIуэгъуэу къыщысIуэтэжа тхыгъэ гуэрхэри сиIэщ». Къашыргъэ ХьэпащIэ къыщалъхуа Щхьэлыкъуэ къуажэм а зэманым къыщызэIуахауэ щыта еджапIэм и япэ классым щIэтIысхьэри абы 6-нэ классыр къыщиухащ, адэкIэ Джэрмэншык къуажэм щыпищащ, зыхэтым фIыкIэ къахэщу, щапхъэ яхуэхъуу, щIэныгъэм хуэнэхъуеиншэу, щхьэхи еши имыщIэу. Абы иужькIэ Къашыргъэр егъэджакIуэ щагъэхьэзыру Псыхуабэ дэта Учительскэ институтым зэфIэкI къыщигъэлъагъуэу, хьэл-щэн дахэ хэлъу щеджащ. А илъэсхэм ХьэпащIэ хущIэкъуащ щIэныгъэфI зригъэгъуэтыну икIи ар абы къехъулIауэ къэплъытэ хъунущ. 1934 гъэм Къашыргъэм а еджапIэр ехъулIэныгъэкIэ къиухри я къуажэм – Джэрмэншык – къигъэзэжащ, егъэджакIуэ лэжьыгъэм пэрыуващ. ЩIэныгъэ хъарзынэ зэзыгъэгъуэта щIалэщIэр япэщIыкIэ егъэджакIуэу, итIанэ а еджапIэм и унафэщIым и къуэдзэу, иужькIэ абы и директору лэжьащ. А зэманым Къашыргъэм дэлэжьахэм я гукъэкIыжхэм къызэрыхэщымкIэ, ХьэпащIэ сыт хуэдэ лэжьыгъэми хьэлэлу икIи ерыщу бгъэдэтащ. ЗэрыцIыкIурэ щIэныгъэм щIэхъуэпс, хуэнэхъуеиншэ, нэхъыбэ зэзыгъэщIэну хуей цIыху гумызагъэр Налшык къалэм егъэджакIуэхэр щагъэхьэзыр и еджапIэ нэхъыщхьэм щIэтIысхьэри, зэрылажьэм хуэдэурэ, 1940 гъэм ар ехъулIэныгъэкIэ къиухащ. ЕджапIэ нэхъыщхьэм щыщIэса илъэсхэм ХьэпащIэ и щIэныгъэм нэхъри хигъэхъуащ, абы куууэ иджащ адыгэ тхыдэр, цIыхубэ IуэрыIуатэр, бзэ щIэныгъэхэр, лъэпкъ, урыс классическэ литературэр, философиер, педагогикэр, логикэр. Къашыргъэм тхэн щыщIидзар 1932 гъэм тохуэ. А зэманым ХьэпащIэ къытрыригъэдзащ усэхэр, рассказхэмрэ очеркхэмрэ, публицист тхыгъэ купщIафIэхэр. Къашыргъэ ХьэпащIэ и литературэ лэжьыгъэр Хэку зауэшхуэм и зэманым пIалъэкIэ зэпигъэуащ. Езым узыншагъэ щIагъуэ зэримыIэм къыхэкIкIэ, Хэку зауэшхуэм ираджакъым, ауэ къуажэм здыдэсым абы игъэзэщIащ мыхьэнэшхуэ зиIэ, щIыхьышхуэрэ сэбэпынагъ инрэ зыпылъ лэжьыгъэ. А цIыху псэ хьэлэлым лъэкI къигъэнакъым ди текIуэныгъэр нэхъ гъунэгъу къэщIынымкIэ, зауэлIхэр зыхуей-зыхуэфIхэмкIэ къызэгъэпэщынымкIэ. Псалъэм папщIэ, Къашыргъэм и жэрдэмкIэ Джэрмэншык къуажэм 1944 гъэм Iэщэ зэращIын ахъшэ мелуанрэ сом минищэрэ щызэхуахьэсауэ щытащ. Езы ХьэпащIэ и ахъшэ сом мин щэныкъуэ Iуэхум хилъхьэгъащ. Абы къищынэмыщIауэ, и узыншагъэм къызэрихькIэ лэжьащ, сыт и лъэынкъуэкIи щапхъэрэ зэфIэкI инрэ къигъэлъагъуэу. Ди республикэм нэмыцэ фашистхэр ирахужа нэужь, 1943 гъэм щIышылэ мазэм къуажэдэсхэм къыхуащI пщIэм, кърагъэз дзыхьым и щыхьэту, Къашыргъэ ХьэпащIэ Джэрмэншык къуажэ Советым и Iэтащхьэу хахащ, «Джэрмэншык» сельхозартелым и парторганизацэм и секретару лэжьащ. Абы фIыуэ илъэгъуа литературэ лэжьыгъэм псэхугъуи бэуэгъуи къриту къыщIэкIынутэкъым. Арати, Къашыргъэм журналист лэжьыгъэм зритри, 1946-1950 гъэхэм «Къэбэрдей пэж» газетым, итIанэ республикэ радиокомитетым щылэжьащ, и къалэнхэр къызыхуэтыншэу игъэзащIэу, и лэжьэкIэр куэдым щапхъэ яхуэхъуу. Зауэ нэужь зэманым лэжьакIуэхэр зэрымащIэм, псом хуэмыдэу къуажэхэр зэрыIэджэлъаджэр къалъытэри, район унафэщIхэм Къашыргъэ ХьэпащIэ 1950 гъэм Джэрмэншык къуажэм ираджэри я курыт еджапIэм и унафэщIу ягъэуващ икIи а IэнатIэр абы илъэсищкIэ ирихьэкIащ. ХьэпащIэ а лэжьыгъэм фIыуэ щыгъуазэти, псори дэгъуэу къызэригъэпэщащ. Мы курыт еджапIэр районым и еджапIэ нэхъыфIхэм хабжэрт, псори хъарзынэу екIуэкIырт, арщхьэкIэ а лэжьыгъэр и тхакIуэ IэщIагъэм зэран хуэхъуу къилъытэри, а къулыкъум яфIытекIри 1953 гъэм къыщыщIэдзауэ егъэджакIуэу лэжьэн щIидзэжащ икIи 1975 гъэм пенсэм кIуэху, илъэс 22-кIэ Къашыргъэ ХьэпащIэ адыгэбзэмрэ литературэмкIэ щIэблэр иригъаджэу икIи иущийуэ псэемыблэжу лэжьащ, фIыщIэрэ щытхъурэ иIэу. ТхакIуэ цIэрыIуэм, егъэджакIуэ IэкIуэлъакIуэм и лэжьыгъэфIхэр гулъытэншэу къэнакъым. Егъэджэныгъэ-гъэсэныгъэ лэжьыгъэ гугъум къыщихьа ехъулIэныгъэхэм папщIэ Къашыргъэ ХьэпащIэ 1973 гъэм къыфIащащ «Къэбэрдей-Балъкъэр АССР-м щIыхь зиIэ и егъэджакIуэ» цIэ лъапIэр. А зэманым Къашыргъэм и рассказ зыбжанэ къытрадзэ сборникхэм, «Къэбэрдей» альманахым, ди лъахэм къыщыдэкI газетхэм. А лъэхъэнэм ХьэпащIэ и къарур щегъэунэху драматургием: абы зы теплъэгъуэ фIэкIа мыхъу «Жьымрэ щIэмрэ» пьесэ цIыкIур итхащ. Къашыргъэ ХьэпащIэ иIэщ Хэку зауэшхуэм теухуа е ар къызыхэщыж тхыгъэхэр. Псалъэм папщIэ, Хэку зауэшхуэм теухуауэ адыгэбзэкIэ тхауэ япэу дунейм къытехьа апхуэдэ тхыгъэхэм ящыщщ «Зы жэщ» рассказ гъуэзэджэр. Къашыргъэ ХьэпащIэ иIэщ рассказ зыбжанэ щхьэхуэу «Iуащхьэмахуэ» журналымрэ «Ленин гъуэгу» газетымрэ тету къыдэкIауэ, ауэ ахэр тхылъ гуэрхэм имыту е тхылъ щхьэхуэу къыдэмыкIауэ. Апхуэдэхэщ «Гъавэ», «Фошыгъу дыдж», «Гъаблэ», «Илъэсибгъу хъуауэ лъымыгъыж лъейр», жыхуиIэ рассказхэр, нэгъуэщIхэри. И лэжьыгъэфIхэм папщIэ Къашыргъэ ХьэпащIэ «Къэбэрдей-Балъкъэр АССР-м и Совет Нэхъыщхьэм и щIыхь тхылъыр тIэунейрэ – 1964, 1974 гъэхэм – къратащ. 1968 гъэм РСФСР-м и дамыгъэ къратащ, егъэджэныгъэ IэнатIэм щиIэ ехъулIэныгъэм папщIэ. 1984 гъэм Къашыргъэм «Джэрмэншык къуажэм щIыхь зиIэ и цIыху» цIэ лъапIэр къыфIащащ. И тхакIуэ зэфIэкI псори къигъэлъэгъуэну къемыхъулIэу, хуэлэжьыну псори сэтей къищIыну хунэмысу, зэман кIыхькIэ хьэлъэу сымэджа иужькIэ, и ныбжьыр илъэс 73-м иту Къашыргъэ ХьэпащIэ мэкъуауэгъуэм и 5-м 1987 гъэм и псэр щинащ икIи и гъащIэм и нэхъыбэр щигъэкIуа Джэрмэншык къуажэм щыщIалъхьэжащ. А цIыху щыпкъэр, тхакIуэ цIэрыIуэр, цIыху щэджащэр, егъэджакIуэ IэкIуэлъакIуэр, адэ гумащIэр зыцIыхуу щыта псоми абы и лIэныгъэр гущIыхьэ ящыхъуат. И IуэхущIафэ дахэхэмкIэ, и цIыхугъэ инымкIэ абы къилэжьащ лъэпкъ лъагъуныгъэр, мыкIуэдыжын пщIэмрэ фэеплъымрэ. ТхакIуэ щэджащэм, прозаик Iэзэм и тхыгъэ купщIафIэхэр абы и фэеплъ нэхъыфIу къэнащи, ахэр ди лъэпкъым куэд дыдэрэ телэжьэнущ. Зыгъэхьэзырар ТЕКIУЖЬ Заретэщ.
Поделиться:
Читать также:
28.11.2026 - 17:16 →
ГукъэкIыжхэр
27.11.2026 - 15:00 →
Си сабиигъуэр тетщ лъэрыжэм
25.11.2026 - 15:19 →
«Уэшх щхъуафэхэр» къыстешхащ
23.11.2026 - 18:05 →
Данэ и щэхур
23.11.2026 - 16:00 →
ГъащIэ къагъэлъагъуэ
| ||




