Зы псапэрэ псапибгъурэ(Таурыхъ) Еуэри, зы ефэнды гуэрым даIимауэ уаз итырт, жи: «Зы псапэ пщIэмэ, Алыхьым псапибгъу и гъусэу къыпхуищIэжынущ!» – жиIэурэ. А къуажэм щIалэ бзаджэжь гуэр дэсти, ар щызэхихым, и жэм закъуэр ефэндым деж ихури кIуащ. Ефэндым езым жэмибгъу иIэт. ЩIалэм къихуа жэмыр щилъагъум, ефэндыр къеупщIащ: – Мыр сыт, щIалэ? – жиIэри. – Мыр псапэу уэстыну къэсхуащ, зы псапэ пщIэмэ, Алыхьым псапибгъу щIыгъуу къыпхуещIэж жыпIати, – жи. Ефэндыр щIалэм къыщытхъущ, къехъуэхъури къиутIыпщыжащ. Гъэ псом щIалэм мыбэлэрыгъыу мэкъу пиупщIри мэкъуэщым ирилъхьэжащ. Бжьыхьэу былымхэм я къекIуэлIэжыгъуэм деж щIалэжьым и жэм закъуэм ефэндым и жэмибгъури къыдэкIуэу къыздишэри пщIантIэм къыдыхьэжащ. ЩIалэжьым ахэр Iуэм иригъыхьэри мэкъу яритыжащ. Ефэндым и жэмхэр къэт щыхъум, гузавэу щIэупщIащ. Ар уэ жыпIа, сэ жысIа - ефэндым деж нэсащ: «Уи жэмхэр мыпхуэдэ щIалэжьым и Iуэм итщ», – жаIэри. Ефэндыр къэкIуащ щIалэм деж. – ЦIыхум къилъхуауэ цIыхугъэ зиIэр хэгъуэщэнкъым! Плъагъуркъэ абы ищIар: щхьэрыуэнущ, ефэндыр игъэлъыхъуэнущ, жиIэри и Iуэм ирихуащ. Муслъымэныгъэ зигу илъыр гъуэщэнкъым! – жиIэри пхъэрыгъажэр иригъэжыну хуежьащ. – Сыт пщIэнур? – жеIэ щIалэжьым. – Схужынущ си жэмхэр! – Уэлэхьэ, сэ уи жэм сымылъэгъуа! – жи. – Зы псапэ пщIэмэ, Алыхьым псапибгъу щIыгъуу къуитыжынущ жыпIати, къызитыжащ. Сэ Алыхьым къызитар уэ уэстыжмэ, гуэныхьщ! Абдежым зэныкъуэкъу щыхъум, ефэндым жиIащ: – Ауэ щыхъукIэ, ефэндышхуэм деж накIуэ, шэрихьэт едгъэщIынщ! – НакIуэ! – жиIэри кIуащ, щIалэр лъэсу, ефэндыр шууэ. Нэсри джащ, ефэнды здэкIуам и цIэр жаIэри. Щыджэм, нысащIэ макъ цIу цIыкIур къыщIэкIащ: – Ефэндыр дэскъым! – жиIэри. Ефэндым нысащIэр игу ирихьати, епсыхри еблэгъащ, и ефэндэгъур зэрыдэмысыр и гуапэ хъуауэ. ИтIанэ ефэндыр нысащIэм дэгушыIэ-дэджэгуу щIедзэ. НысащIэм зыщимыхъунщIэм, ефэндым, тегушхуэри, жиIащ: – Цыфэрыщымрэ цыфэ къалэмрэ ткъутэу дыгъэджэгу! Цыфэрыщымрэ цыфэ къалэмрэ якъутэу щыхуежьэм, щIалэжьым бжэр Iуихри джащ: – Ефэнды, мухьэрэбым уис щIыкIэ шэрихьэт къысхуэщIэ! – жиIэри. ИужькIэ щIалэжьыр ефэндым и шым шэсри къэкIуэжащ. Махуэ гуэрым, жумэхьэ махуэу, щIалэжьыр шууэ мэжджытымкIэ щыблэкIым, зыгуэр мэжджытым щIэлъэдащ: – Ефэнды, уиш ядыгъуам зыгуэр тесу блокI! – жиIэри. ЦIыxyp къызэрыщIэхри щIалэжьыр яубыдащ: – Мыр уиш, ефэнды? – жаIэри. – Тхьэуэ мыр зи амыщ, си шым! – жиIащ ефэндым, и Iэр шым трилъхьэри. – Уэлэхьэ, уишми сымыщIэ, ауэ цыфэрыщымрэ цыфэ къалэмрэ щакъутэ махуэм къэзэуатым къыхэсхащ, – жи щIалэжьым. – Тхьэуэ мыр зи амыщ, сысымей, игъащIэми сымылъэгъуа! Ещхьщ, ауэ сысейкъым! – жиIэри къыбгъэдэкIыжащ.
Поделиться:
Читать также:
07.05.2026 - 12:26 →
Франджы усакIуэм и лъэIур
30.04.2026 - 17:49 →
УсакIуэм и гъуэгу
27.04.2026 - 15:30 →
Си Iэпкълъэпкъым хэту уафэхъуэпскI, Уэшх къызогъэувыIэ махуэ къэс.
27.04.2026 - 14:30 →
ТекIуэныгъэм и щIыхькIэ
24.04.2026 - 16:04 →
ГъащIэм тетхыкIа новеллэхэр
| ||




