Адыгэ IуэрыIуатэм увыпIэшхуэ щаубыдащ псалъэжьхэм. Ахэр лIэужьыгъуэ куэду зэщхьэщокI я къэхъукIэхэри зэщхькъым. ГъэщIэгъуэнщ пасэрейм къыщежьа псалъэжьхэр. Куэдрэ къэхъуркъэ куэдрэ зэхэтх адыгэ псалъэжь гуэрхэм ящIэлъ мыхьэнэр е щIагъыбзэр занщIэу нэIурыту щытхузэхэмыгъэкI. Абы щыгъуэм деж догупсыс абы и къежьапIэ хъуам, къызэрыунэхуам, къыщежьэ зэманым. Мыпхуэдэуи дорохьэлIэ: Псалъэжьхэр гурыIуэгъуафэ дыдэу, абы къыщымынэу хъыбари щIыгъужу. Псалъэжьхэр гъащIэм къыхэкIащ. Хэт зыгуэрхэм я щхьэ кърикIуам къытехъукIащ, хэт Iущ гуэрым жиIа псалъэхэр цIыхубэм зэдапхъуэтащ, хэти ауанрэ щIагъыбзэрэ щIэлъу хьэл-щэн къызэпкърах. Ди щIэджыкIакIуэхэм фигу къэдгъэкIыжыну дыхуейщ хъыбар зиIэ псалъэжь зыбжанэ. (УрохьэлIэ, зы псалъэжьым хъыбар зыбжанэ щиIи). Мыпхуэдэхэм акъыл къахыбох, езы хъыбархэри гъэщIэгъуэн пщохъу. Уасэ зимыIэхэщ мыхэр, псалъэм папщIэ, щIэблэ ирибгъэсэну, щапхъэу къэбгъэлъэгъуэну. Ахэр хуэгъэпсащ пэжыгъэм, захуагъэм, фIымрэ Iеймрэ я зэхуакум, акъылым и мыхьэнэм, нэгъуэщI куэдми.
Бгъэр куэдрэ уэмэ, и дамэр мэкъутэ
Къэзанокъуэ Жэбагъы и зэманым зы пщы бзаджэ гуэр щыIэт. Ар жылэ зыдэсым, IэхъупIэм пачри, мэш щащIащ. Мэшыр бэв зэрыхъуу, пщым ятрихащ, хьэсэпэхъуми игъэувыжащ.
Мо мэш бэвым зы къру гуп къеуэсауэ махуэ къэскIэ къэтIысырти, хур яшхырт. Итырджы жыхуаIэ къашыргъэр къахэуэрт къруми, зыгуэрым и къурмакъейр щиудырт. ХьэсэпэхъумэрикI абы еуэсауэ, къашыргъэм къиукI кърур пщым къыхуихьырт.
Зы махуэ гуэрым хьэсэпэхъумэм къикIухьрэ пэт, кърур къэзыукI къашыргъэм и дамэр зэпыудауэ вагъэмбэкъум дэсу хуэзащ.
– Еуей, еуей! Къруми сыхэкIыжащ, бгъэ дамэри къутащ, – жери, бгъэр къихьри пщым и деж къэкIуэжащ хьэсэпэхъумэр. Пщыр Iэбэри, бгъэр къыIихри, и дамэр зэрыкъутар и жагъуэ хъуауэ щеплъым, къашыргъэр къыдэпIэстхъейри, пщым и нэр къыритхъащ. Ар Жэбагъы щызэхихым, «Бгъэр куэдрэ уэмэ, и дамэр мэкъутэ», - жыхуаIэр аращ, ягъэ кIынкъым пщым и нэр къыритхъами», – жиIащ.
ПцIымрэ пэжымрэ я зэхуакур плIалэщ
– ПцIымрэ пэжымрэ сыт я зэхуаку, Жэбагъы? – жаIэу щеупщIым:
– ПлIалэщ! – жиIащ Жэбагъы.
– Ар дауэ? – щыжаIэм, Жэбагъы IэпхъуамбиплIыр и нэмрэ
тхьэкIумэмрэ я зэхуакум дилъхьэри:
– Мыракъэ пэжымрэ пцIымрэ я зэхуакур? Нэм илъагъур пэжщ,
тхьэкIумэм зэхихыр пцIыщ, сыту жыпIэмэ ялъагъур зэрамыхъуэкIыу
зэикI яIуэтэжыркъым, – къажриIащ.
Мыщафэ Iэрымылъхьэм гуащэр щумыгъэгугъ,
уи гъусэ ущыгугъыу мыщэм уемыбэн
Мыщафэ къыхуахьыну гуащэр ягъэгугъати, зэныбжьэгъуитI зызэрагъэпэщри кIуащ мэзым. Куэдри къамыкIухьу, мыщэр езыр къахуэзащ. Зыщрапщытым, мыщэр къахуилъащ. И ныбжьэгъур хьэшхыпIэм къринэри зыр къыщIэпхъуэжащ, адрейм и закъуэ къыщынэм, зэрыпэмылъэщынур ищIэри зигъэмэхащ. Мыщэм и лъэбжьанэмкIэ щIалэр къызэридзэкIащ, нызэридзэкIащ, кърилъэфэкIащ, арщхьэкIэ щIалэр бэуэжыртэкъым. Мыщэр щIалэм къепэмщ-непэмри мыпсэужу щыфIэщIым, IукIыжащ, зэ къызэплъэкIыжри, щIалэм зыщимыгъэхъейм, мэзым хыхьэжащ. ЩIалэр зыкъомрэ щылъа нэужь, къыщылъэтри и лъэ къызэрихькIэ къажэурэ, жыг къуагъым къуэс и ныбжьэгъум къыбгъэдэлъэдащ. Къежьэжауэ къыздэкIуэжым:
– А мыщэм и пэр уи тхьэкIумэм къыщыIуилъхьам къыбжиIар
сыт? – жиIэри еупщIащ.
– «Мыщафэ Iэрымылъхьэм гуащэр щумыгъэгугъ, уи гъусэ ущыгугъыу мыщэм уемыбэн» – къызжиIащ, – жиIащ щIалэм.
Делэм сэ сыфIокI, губзыгъэр езыр къысфIокI
I) – Уа, Жэбагъы, уэ зыгуэрым уфIэнэуи къыпфIэнэуи тлъагъукъым. Псоми дауэ уагурыIуэрэ? – жаIэу щеупщIым:
– Делэм сэ сыфIокI, губзыгъэр езыр къысфIокI, – жиIащ Къэзанокъуэ Жэбагъы. «ЦIыхум уахэтыфын хуейщ», жыхуиIэщ.
2) Зы адыгэпщ ябгэ гуэрыр зэгуэрым губгъуэм щепсыхауэ и шу гупым ящIыгъуу щыст. Плъэри, жыжьэу зы шу гуэр блэкIыу къилъэгъуащ. А зэманым шу закъуэу къэзыкIухьыфыр, мышынэу зи закъуэу гъуэгу теувэфыр зэрызыххэти, пщым игъэщIагъуэу щIэупщIащ:
– Хэту пIэрэ мо шу закъуэ мышынэу къежьар? – жиIэри.
Унафэ ещIри, и шу гъусэхэм ящыщ зы щIегъапхъуэри, ар
къырегъэцIыху.
«А шур Къэзанокъуэ Жэбагъыщ», - къыщыжыраIэм, псынщIэу къригъэгъазэри къригъэблэгъащ. Къэзанокъуэр къыщысым, гупым сэлам къарихри, пщым бгъэдыхьащ. Пщым ар иригъэтIысэхри еупщIащ:
– Уа, Къэзанокъуэ Жэбагъы, дауэ уи закъуэ умышынэу къэпкIухьрэ?
КъыпфIэнэфын-къозэуэфын щымыIэу плъытэныр сытым къыхэпхрэ? – жиIэри. – Сэри сыпщымыхьэфыну къыпфIэщIрэ?
Къэзанокъуэ и пащIэкIэм щIэдыхьэшхыкIри жэуап къритащ:
– ЦIыху делэ сыхуэзэм, сэ сыфIокI, губзыгъэ къысхуэзэм, езыр
къысфIокI. Ауэ щыхъукIэ зэфIэнэ къыхэкIыркъым.
А псалъэ Iущыр пщым щызэхихым, жиIэнури ищIэнури имыщIэжу
къэнащ. Жэбагъы гупым сэлам ярихыжри и гъуэгу теувэжащ.
Благъуэр и гъуэм къреху
Зы фызыжь цIыкIу гуэр жьейуэ, къайгъэуэ, и лIыр имыгъэпсэууэ щытти, лIым и щхьэр иригъэужэгъуу хуэмышэчыжыххэ щыхъум, фызыжь цIыкIур ишэри, благъуэм иригъэшхыну, гъуэм иридзащ. Ауэ фызыжь цIыкIур благъуэм текIуэри, гъуэм кърихуащ. Псалъэжьу къагъэсэбэп хъуа мы псалъафэр цIыхубз ябгэ бзаджэхэм хужаIэ.