Модельер-дизайнер цIэрыIуэ, «Институт культурного наследия и развития» лъэпкъ щэнхабзэ центрым и къызэгъэпэщакIуэ икIи и унафэщI Сэралъп Мадинэ ящыщщ лъэпкъыр зэрыгушхуэ, адыгэ гъуазджэмрэ щэнхабзэмрэ хэлъэхьэныгъэфI хуэзыщI ди цIыху цIэрыIуэхэм. И ныбжьыр илъэс бжыгъэ дахэ щрикъум ирихьэлIэу, Мадинэ зыхуэдгъазэри и лэжьыгъэхэм я гугъу едгъэщIащи, къыджиIам ди гуапэу фыщыдогъэгъуазэ.
- Мадинэ, уи IэщIагъэм лъабжьэ хуэхъуам утезгъэпсэлъыхьынут. ИтIанэ, дэрбзэр умыхъуамэ, сыт хуэдэ IэщIагъэт къыхэпхынур?
- Сурэтыжьхэмрэ си анэшхуэм сызыщIигъэдэIуахэмрэщ си IэщIагъэм и къежьапIэр жысIэмэ, сыщыуэнукъым. Си насыпт а сурэтхэр ди унагъуэм зэрыщахъумамкIэ, абыхэм деплъу дыкъызэрыхъуамкIэ. Лъэпкъ фащэхэр куэду абыхэм къыщыгъэлъэгъуат.
Пасэрей фащэр дахэщ, цIыхубэм я гугъуехь хэлъщ. Ди нэхъыжьыфIхэм къагупсысыфат апхуэдиз дахагъэ дуней псом тет лъэпкъхэм зыдалъагъу ди фащэр. ДыщэпскIэ хэдыкIа фащэм дыжьын бгырыпхыр щIыгъужу - ар телъыджэт! Абыхэм сыдамыхьэхынкIэ Iэмал иIэтэкъым.
Илъэс 14 сызэрыхъурэ дэрбзэр IэщIагъэм сыпыщIащ, абы сыдихьэхащ. НэгъуэщI Iуэху сыпэры-хьэнуи сигу къэкIакъым. Иджы сыхэдэн хуей хъуамэ, дохутыр-психиатр IэщIагъэр къыхэсхыну къыщIэкIынт. Ноби абы щIэупщIэ зэриIэр долъагъу.
- Лъэпкъ фэилъхьэгъуэхэр дынырщ, иджырей зэманым къезэгъыу ахэр къэгъэщIэ- рэщIэжынырщ нэхъыбэу уи лэжьыгъэр зытеухуар. Илъэс 20 е 30-кIэ узэIэбэкIыжмэ, Европэм я фащэхэр нэхъ щатIагъэу щытами, иужьрей илъэсхэм адыгэ фащэм и щIэупщIэм хэпщIыкIыу зэрыхэхъуар, щIалэгъуалэм ар къызэращтэжар нэрылъагъущ. Сыт абы и щхьэусыгъуэу къэплъытэр?
- Совет зэманым къигъэувырт щауэмрэ нысащIэмрэ европей фэилъхьэгъуэхэр щатIэгъэну. 90 гъэхэм щыщIэдзауэ хуитыныгъэ диIэщ ди щхьэ Iуэху зетхуэжыну, ди лъэпкъ щэнхабзэр, гъуазджэр ипэкIэ дгъэкIуэтэну. Ди фащэр адыгэ щIалэхэмрэ хъыджэбзхэмрэ нэхъ къызэрекIурщ, ди щIыналъэм ар нэхъ къызэрезэгъырщ а щIэупщIэм и щхьэусыгъуэр зыхэлъэгъуапхъэр. Къэрал зэмылIэужьыгъуэхэм, къалэшхуэхэм иджыри щынэрылъагъущ европей фащэхэм нэхъ щIэупщIэ зэрыщаIэр. Ар икIи гурыIуэгъуэщ. Абы и лъэныкъуэкIэ къалэ, щIыналъэ цIыкIухэм ди Iуэху еплъыкIэр нэгъуэщIщ, ди лъэпкъ тхыдэм, щэнхабзэм, дыкъызыхэкIам пыщIэныгъэ ин худиIэщи.
Сыт щыгъуи хьэлкIэ зэпIэзэрыт ди лъэпкъым и фащэхэм щIыхь дэплъагъуу, нэгъуэщIхэм щапхъэ яхуэхъуу къэгъуэгурыкIуащ. ЦIыхубз фащэм цIуугъэнэ куэд хуейкъым, абы пудыфэ къытрегъауэри. ЩэкI къуэлэнхэмрэ цIуугъэнэхэмрэ лейт. Зэманыр кIуэху, цIыхум и еплъыкIэми зехъуэж, нэгъуэщI гупсысэкIэ иIэ мэхъу. Зи лъэпкъым и блэкIам, къызыхэкIам пыщIэныгъэ хузиIэ, абы зи гупэ хуэзыгъэзэжа ди щIалэгъуалэр иджы нэхъ дахьэх хъуащ къэдгъэщIэрэщIэжа фэилъхьэгъуэхэм. Псалъэм папщIэ, хьэгъуэлIыгъуэ, гуфIэгъуэ щхьэкIэ фащэ къыщащтэм деж, ныбжьыщIэхэр зэплъыр мы зэманым къедгъэзэгъахэрщ.
- Махуэ къэс щатIагъэ, адыгэ тхыпхъэхэр, уагъэхэр зыхэт, хэдыкIа щыгъыныгъуэхэри зэрывдым сыщыгъуазэщ. Абыхэм щIэупщIэр ди щIыналъэм щыпсэухэра, хьэмэрэ Урысейм и къалэшхуэхэм щыщхэми ящэхурэ?
- Фащэр лъэпкъым и «теп-лъэр» къэзыгъэлъагъуэ пкъыгъуэ дахэщ. Пасэрейм фащэр зэраду щытам сурэтхэмкIэ ущеплъыжкIэ, нэрылъагъущ ди нэхъыжьхэм ягъэхьэзыру щытахэмрэ дэ иджыпсту длэжьымрэ зэрызэщхьэщыкIыр. Лъэпкъ фащэхэм хуэдэу, «стилизованнэ» фащэхэри бдыну тыншкъым, сыту жыпIэмэ иджыпсту мыхьэнэшхуэ ират бостей гъэдэхэкIэм-рэ гъэщIэрэщIэкIэмрэ. Абыхэм фащэр я гъащIэт, я гупсысэт. Дэ фащэм етт мыхьэнэр нэхъыбэу зытещIыхьар ар ди дунейгъэдахэу зэрытлъытэр арагъэнщ.
ХьэгъуэлIыгъуэ, нысашэ фащэхэм къинэмыщIауэ, диIэщ нэгъуэщI фэилъхьэгъуэхэри. Махуэ къэс щатIагъэ е гуфIэгъуэ пшыхьхэм зэрыкIуэ хъуну къыщIэдгъэкI щыгъыныгъуэхэр лъэпкъ псоми яхуэгъэзащ. Абыхэм щIэупщIэм мыхьэнэ зратыр зэманым къезэгъыу е дизайнер Сэралъп Мадинэ и IэрыкIыу зэрыщытырщ. Ди щыгъыныгъуэ псоми щIэупщIэ яIэщ. Абы и лъэныкъуэкIэ FRONT.FASHION IуэхущIапIэм дыдолажьэ.
«Стилизованнэ» жыхуэтIэ фащэхэм хьэгъуэлIыгъуэ лъэпкъ фэилъхьэгъуэхэр уигу къагъэкIыж. Сипхъу нэхъыжь Лали-ни къыздиIыгъщ а лэжьыгъэр. Фащэм и «пкъым» уеплъмэ, пасэм ар къызыхащIыкIыу щыта щэкIхэр бэлыхьтэкъым, куэд я уасэуи щытакъым. Зэманым къызэрыпхыкIарщ ахэр лъапIэ зыщIар. Нэхъ щэкIыфIым иджырей фащэхэр къыхэтщIыкIми, ахэр IэкIэ дакъым, машинкэкIэ ягъэхьэзыращи, я «гъащIэр» нэхъ кIэщIыну къыщIэкIынущ.
- Уипхъухэу Лалинэрэ Ликэрэ уи лъагъуэм зэрырикIуэжар гъэщIэгъуэнщ…
- ЗэрытщIэщи, дохутырхэм, сурэтыщIхэм, мэкъумэшыщIэхэм, нэгъуэщI IэщIагъэ зиIэхэм я бынхэм я Iуэхум пащэж. Мыбдежи аращ: си хъыджэбзитIыр зэрыцIыкIурэ зыщIэспIыкIам дихьэхащ, си лэжьыгъэхэм кIэлъыплъурэ зыхуагъэсащ IэщIагъэ дахэм. Си IэщIагъэр къыхаха мыхъуу, зэрыцIыкIурэ абы хэту къэхъуащ. Щыгъынхэм я дизайным дихьэх хъыджэбзхэм лъэпкъ фэилъхьэгъуэхэми гу-лъытэшхуэ хуащI.
Лалинэ графикэ дизайн лэжьыгъэр къыхихащ. Езым и принтхэр къигупсысыжауэ цIыхубз, цIыхухъу фэилъхьэгъуэхэр, сабий щыгъынхэр егъэдахэ. И лэжьыгъэхэм щIэупщIэ яIэщ. Зайцев Вячеслав и школыр къиухащ. Лики дизайнер IэщIагъэр къыхихащ, езыми иIэжщ щхьэхуэу зэлэжь. Щыми дэрбзэр IэщIагъэ диIэми, пыухыкIауэ тщIэмкIэ дызэрызэтемыхуэм срогуфIэ, дызыпэрыт Iуэхум щIэщыгъуагъ хэтлъхьэну Iэмал диIэщи.
- Урысейм и къалэшхуэхэм, хамэ къэралхэм ящыщ цIыху цIэрыIуэхэри уи лэжьыгъэхэм щIоупщIэ…
- Гуапэ сщохъу музейхэм я унафэщIхэр, актёрхэр, гуфIэгъуэ пшыхьхэр езыгъэкIуэкIхэр ди щыгъыныгъуэхэм зэрыщIэупщIэр, утыкушхуэхэм иритыну, дуней псом и щIыналъэхэм щекIуэкI зэхыхьэшхуэхэм ирихэтыну. Хэт сыхуэдэми, цIыху къызэрыгуэкIыу е цIэрыIуэу щрети, си лэжьыгъэм и фIагъыр згъэмащIэркъым. КIэщIу жыпIэмэ, Санкт-Петербург е Москва, нэгъуэщI къалэхэм къикIами Налшык щыщми зыкъысхуэзыгъазэ дэтхэнэ цIыхури згъэщIэхъуркъым.
Гуапэщ си лэжьыгъэ зыбжанэ Урысейм и музейхэм я гъэтIылъыгъэхэм хэлъу зэрахъумэр. Германием, Америкэм и Штат Зэгуэтхэм, Тыркум, Иорданием щыпсэу-хэм ящыщхэми си фэилъхьэгъуэхэм щыщхэр зэрызэрахьэр.
- ЦIыхубэ фащэхэм я гъэхьэзырыкIэм и хабзэми, фэилъхьэгъуэхэм я пкъыгъуэхэми, зэманым къигъэщI дахагъэм и щIэупщIэми пэджэж художник-модельерым уи IэрыкIхэм я фIагъым кIуэ пэтми зэрыхэбгъахъуэр нэрылъагъущ. Уи лэжьыгъэхэр сыт хуэдэ утыку щыбгъэлъагъуэрэ?
- Ди лъэпкъ фащэхэр «Къуэ- кIыпIэм и музейм» щыдгъэлъэгъуащ. Сыт хуэдэ ахэр жыпIэмэ, махуэ къэс зепхьэ хъуну, ищхьэкIэ зи гугъу тщIа «стилизованнэ» фащэхэрщ. Куэд щIакъым «Зэманым и псыежэх. Адыгэ фащэм теухуа къэхутэныгъэ» выставкэр Санкт-Петербург, Моск-ва, Мейкъуапэ, Владикавказ, Налшык къалэхэм зэрыщыдгъэлъагъуэрэ. Iуэхур адыгэ фащэм и тхыдэм ехьэлIа си къэхутэныгъэ лэжьыгъэхэм пызыщэт. Абы хыхьэу утыку итхьащ адыгэ цIыхубз, цIыхухъу лъэпкъ фащэхэр, иджырей гъащIэм а фэилъхьэгъуэхэм щаубыд увыпIэр къыщыгъэлъэгъуа сурэт- хэр щIыгъуу. АбыкIэ ди къалэн нэхъыщхьэр лъэпкъ фащэхэр къызэрыщ, хужь-фIыцIэ плъыфэу зэхэлъ сурэтхэр дгъэлъэгъуэнырт, лъэпкъ фащэхэм дахьэххэм фэилъхьэгъуэхэмрэ абы и пкъыгъуэхэмрэ нэхъ гъунэгъуу зэпаплъыхьын папщIэ. Гъэлъэгъуэныгъэм еплъахэм ар щIэщыгъуэ ящыхъуащ икIи а фэилъхьэгъуэхэм яIэ щIэупщIэм нэхъри хигъэхъуащ.
- Фи лэжьыгъэм ехьэлIауэ сыт хуэдэ мурадхэр фиIэ?
- ДыкъэмыувыIэу дяпэкIи дылэжьэну, ди фэилъхьэгъуэхэр дгъэлъэгъуэну ди мурадщ. Адыгэхэм я мызакъуэу, дуней псом щыпсэухэр дэзыхьэхыну щыгъынхэр къыщIэдгъэкIынырщ сызыхуэпабгъэр.
- Тхьэм къуигъэхъулIэ, Мадинэ! Уи унагъуэкIи лэжьыгъэкIи гуфIэгъуэ ущымыщIэну ди гуапэщ.
Епсэлъар
ТекIужь Заретэщ.