Къэбэрдей литературэм и классик ЩоджэнцIыкIу Алий и творчествэр куууэ иджащ филологие щIэныгъэхэмкIэ доктор, профессор ХьэкIуащэ Андрей. Абы и къалэмыпэм къыщIэкIащ тхакIуэ щэджащэм и гъащIэ гъуэгуанэм техуа къэхутэныгъэ лэжьыгъэ купщIафIэ куэд.
«ЩоджэнцIыкIу Алий и тхыгъэхэм къэбэрдей литературэм пхужымыIэну зыужьыныгъэшхуэ иратащ, лъагапIэщIэхэм ар хуашащ. Абы и къалэмыпэм къыщIэкIахэр ди цIыхухэм я гум, я псэм къыдохьэ, яхузэрымыгъэгъуэту ядж, фIым, пэжыгъэм, захуагъэм ахэр хураджэ, хуагъасэ, усакIуэм зэригъэпэща образ хьэлэмэтыщэ уахътыншэхэр къуэш пэж, ныбжьэгъу нэс ящIауэ сыт щыгъуи я гъусэщ. УсакIуэ гъуэзэджэм и цIэр зымыщIэ, фIыуэ зымылъагъу, и тхыгъэхэм щымыгъуазэ ди цIыхухэм зыри яхэткъым. Ар щыхьэт тохъуэ ЩоджэнцIыкIум и тхыгъэхэм мылIэжыныпсэ зэраIутым, цIыхухэм я лъагъуныгъэр абыхэм къызэрахьам.
Къэбэрдей литературэм 20-нэ гъэхэм нэхъыбэу щылэжьар усакIуэ нэхъыжьхэрщ, лъэпкъ IуэрыIуатэм и гъукIэгъэсэнхэрщ. А зэманырщ лъэпкъ усыгъэм псалъэщIэ щыжызыIэ усакIуэ ныбжьыщIэ ЩоджэнщцIыкIури абы къыщыхыхьар. Алий и усэм къыгуэхыпIэ имыIэу епхащ ди литературэм а илъэсхэм лъэбакъуэщIэ ичари иужькIэ зыужьыныгъэ зыIэригъэхьэри. УсакIуэм абы хуищIа хэлъхьэныгъэр зыщылъагъупхъэри литературэм жанр куэдыр зэрыщызэригъэпэщыфарщ, псэукIэщIэ зэфIэувэм и Iуэхугъуэ нэхъыщхьэхэр щыуагъэншэу къызэрихутэфарщ, и лъэпкъ усыгъэм художественнэ гъэпсыкIэ, ухуэкIэ я лъэныкъуэкIэ IэмалыщIэхэр къызэрыщызэIуихыфарщ. А зэманым къыщожьэ усакIуэм зэхилъхьэ усэ гъэпсыкIэщIэр, къигъэсэбэпу зыщIидзэ кIэух рифмэр, лъэпкъ усыгъэр пасэхэм зыщымыгъуазэу щыта строфа зэмылIэужьыгъуэхэр.
ЩоджэнцIыкIу Алий и творчествэм зыщиужьар, ехъулIэныгъэ хьэлэмэтхэр абы щызыIэригъэхьар 30-40 гъэхэрщ. А илъэсхэм ар егъэджакIуэуи, районым и инспектор-методистуи, еджапIэ щхьэхуэхэм я унафэщIуи лэжьащ. Налшык къэIэпхъуэу, ТхакIуэхэм я союзым и правленэм щылэжьэн щIидза нэужьщ, ЩоджэнцIыкIум и къару псори хуиту ирихьэлIэн хузэфIэкIащ творческэ лэжьыгъэм, абы къыдэкIуэуи ар и зэман емыблжэжу ядэIэпыкъуащ усакIуэ нэхъыжьхэми нэхъыщIэхэми, лъэпкъ IуэрыIуатэр зэхуихьэсащ, ахэр тхылъу къыдигъэкIащ, литературэмкIэ гупжьейхэр къызэригъэпэщащ, усэ зытх, сурэт зыщI еджакIуэхэм я олимпиадэ иригъэкIуэкIащ, урыс тхакIуэшхуэхэм я тхыгъэхэр зэридзэкIащ, абыхэм я махуэшхуэхэм жыджэру хэтащ.
ЩоджэнцIыкIу Алий и гупсысэм и кууагъыр, и художественнэ Iэзагъыр, зэфIэкI абрагъуэ зэрыбгъэдэлъыр, лъэпкъ тхыдэм, цIыху гъащIэм нэсу зэрыщыгъуазэр къыщыгъэлъэгъуар абы и эпикэрщ. Къэбэрдей литературэм аращ лъабжьэ, тегъэщIапIэ хуэхъуар, лъэпкъым и лIакъуэ зэкIэлъыкIуэ зыкъомыр зыгъэсар, зыщIапIыкIар, анэдэлъхубзэм и зэфIэкIыр, къулеягъыр, дахагъэр зыхезыгъэщIар, ар фIыуэ езыгъэлъэгъуар, ди лъэхъэнэми лъэпкъ щэнхабзэм и дыщэ гъэтIылъыгъэу къанэр, псоми щапхъэ зытрахыу яIэр. 40 гъэхэм и етIуанэ Iыхьэм ар хэлэжьыхьыжащ икIи нэхъри иригъэфIэкIуащ и тхыгъэ нэхъыфI дыдэхэу «Мадинэ», «Къамботрэ Лацэрэ», щIэуэ итхащ «НыбжьыщIэ хахуэ», «Къызбрун» поэмэхэр, елэжьын щIидзащ Дзэлыкъуэ восстанэм теухуа повестымрэ «Къызбрун» оперэм и либреттэмрэ. Зи тхыгъэхэмкIэ зэи мыарэзыж усакIуэр абыхэм иужькIи увыIэгъуэ имыIэу елэжьыжащ, ахэр зэрыригъэфIэкIуэным зэпыч имыIэу яужь итщ. Абы и тхыгъэхэм вариант зытIущ зимыIэ щIагъуэ яхэткъым, языныкъуэхэм ар илъэс зыбжанэкIэ елIэлIащ. Нэхъыбэрэ зытелэжьа, гугъу зыздригъэхьахэм ящыщщ «Мадинэ» поэмэмрэ «Къызбрун» трагедиемрэ. УсакIуэм и архив къэна тIэкIухэр щыхьэт зэрытехъуэмкIэ, иужьрей тхы¬гъэхэм и хэзыгъэгъуазэм абы вариант 25-рэ хуитхыгъауэ щытащ.
1939 гъэм ЩоджэнцIыкIу Алий къалэ советым и депутату хахащ, а гъэ дыдэм и щэкIуэгъуэм абы «Къэбэрдей-Балъкъэр АССР-м гъуазджэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ» цIэ лъапIэр къыфIащащ, иужьыIуэкIэ кандидату коммунист партым хагъэхьащ. Зи лъэпкъ щэнхабзэм и зыу¬жьы¬ныгъэр зи нэ, зи псэ усакIуэм абы куэд хуилэжьащ. Аврамовымрэ абырэ зэдатхащ япэ къэбэрдей оперэ «Къызбруныр», ахэр елэжьу щIадзауэ щытащ нэгъуэщI музыкальнэ драмэми, КIыщокъуэ Алим щIыгъуу абы къитIэщIащ ПащIэ Бэчмырзэ и «дыщэ пхъуантэр». А усакIуэ гъуэзэджитIым зэгъусэу анэдэлъхубзэкIэ япэ дыдэу къыдагъэкIащ адыгэ нарт эпосыр, езым и закъуэ дунейм къытригъэхьащ усакIуэ нэхъыжьхэмрэ еджакIуэ цIыкIухэмрэ я тхылъхэр, къэбэрдей уэрэдхэр.
Хэку зауэшхуэр къэхъеиным и пэ къихуэу ЩоджэнцIыкIур зэлэжьар «Къызбрун» трагедиерщ. Нэмыцэ зэрыпхъуакIуэхэм зауаер къыдащIылIа нэужь, и усэхэм ящыщ куэд а Iуэхум триухуащ, урыс усакIуэхэм я тхыгъэхэр адыгэбзэкIэ зэридзэкIащ, радиокIэ къэпсэлъащ, зауэлIхэм яIущIащ, ахэр игъэгушхуащ, къыдэкIауэ езым имылъагъужами, хэку тхакIуэхэм зауэм хуатха тхыгъэхэр иту тхылъ щхьэхуэ игъэхьэзыращ. УсакIуэр езыри дзэм хыхьащ. Ар фокIадэм и 3-м ежьащ, ауэ здэкIуэну къапэщыт щIыпIэм нэмысауэ, Iэщэ-фащи кърамытауэ нэмыцэ хьэкIэкхъуэкIэхэм гъэр ящIащ икIи 1941 гъэм и кIэухым Бобруйск къалэм дэта нэмыцэIуэм къэбэрдей усакIуэ гъуэзэджэр икIуэдащ.
ЩоджэнцIыкIу Алий и тхыгъэ телъыджэхэрщ къэбэрдей литературэм дамэ яхуэхъуар, абы и щIакIуэ щIагъырщ лъэпкъ усакIуэхэр къызыщIэлъэтыкIар. Алий и тхыгъэ налкъутхэр дунейм къызэрытехьэрэ зэманыфI дэкIа щхьэкIэ, я пщIэр, я мыхьэнэр, лъэпкъ тхылъеджэм хуиIэ лъагъуныгъэр нэхъ лъагэ хъуа фIэкIа, зыкIи нэхъ къэлъэхъшакъым. Абыхэм я жьы къабзэм, я бзий нэхум ноби добжьыфIэ, догъагъэ къэбэрдей литературэр, абы и дэтхэнэ ехъулIэныгъэми наIуэу хыболъагъуэ а усакIуэ псэемыблэжым и Iэужь. Езы зэман дыдэр зыпэмылъэщ усакIуэм и тхыгъэ хьэлэмэтхэр псэунщ зы адыгэ дунейм тетыху».