Адыгэ литературэм и классик ЩоджэнцIыкIу Алий къызэралъхурэ илъэси 100 зэрырикъур гъэлъэпIэным теухуа тхыгъэ куэд «Адыгэ псалъэм» къытридзауэ щытащ 2000 гъэм. Газетым и лэжьакIуэхэм тлъэкI къэдгъэнатэкъым ди тхакIуэ щэджащэм и гъащIэм и къекIуэкIыкIар сыт хуэдэ лъэныкъуэкIи къэдгъэлъэгъуэжын папщIэ, ар зыцIыхуу щыта, пыщIэныгъэ хузиIа цIыхухэр къэтлъыхъуэжрэ къэдгъэпсалъэу, я гукъэкIыжхэмкIэ ди газетеджэхэм ядэдгъэгуашэу. Сэри згъэхьэзырат тхыгъэ зыбжанэ. Нэхъ сигу къинэжахэм ящыщщ ди лъэпкъыр зэрыгушхуэ цIыху щэджащэм и ныбжьэгъуу щыта, Кэнжэ къуажэм щыпсэуа тхакIуэ Бекъул Барэсбий сыщыхуэзам Алий теухуауэ къысхуиIуэтэжахэр. Ахэр сигу къэзгъэкIыжу, сыхуейт фэри абыхэмкIэ сывдэгуэшэну.
Барэсбий деж сызыгъэкIуар «Адыгэ псалъэм» и редактор нэхъыщхьэу а зэманым лэжьа ХьэфIыцIэ Мухьэмэдт. Ди унафэщIыр зы пщэдджыжь гуэрым къызэджэри, къызжиIащ Кэнжэ къуажэм сыкIуэу Бекъул Барэсбий сеуэршэрылIэну, Алий теухуа и гукъэкIыжхэр стхыжыну. Пэжыр жыпIэмэ, сэ ар сцIыхуртэкъым, и цIэр зэхэсха мыхъумэ.
– Алий теухуауэ Барэсбий хъыбар хьэлэмэт куэд ещIэж, къиIуэтэжын и гъунэжщ, мы телефонымкIэ епсалъи, ущыкIуэну махуэмкIэ гурыIуэ, - жиIэри и пэшым сыкъыщIигъэкIыжащ ХьэфIыцIэм, номерыр зытет тхылъымпIэ кIапэр къысIэщIилъхьэри.
Си ныбжьэгъу щIалэм зезгъашэри, етIуанэ пщэдджыжьым Кэнжэ сыкIуащ. Барэсбий къыспэплъэрт. СызэрыкIуэнур ящIэрти, я куэбжэпэм дызэрыIулъадэу, абы и щIалэ Юрэ къыдэкIри, пщIантIэм дыдишащ.
Барэсбий къытпэплъэу щыст. Сымаджэщым къыщIэкIыжа къудейуэ арати, къарууншэт, жьы къыпиубыдырт, бауэкIэщI хъурт.
Сэлам зэтхщ, дызэрыцIыхури, дыщIэкIуам иужь дихьащ. ХьэфIыцIэ Мухьэмэд къызэрызжиIам хуэдэу Барэсбий, и ныбжьым емылъытауэ, акъыл жант, гурыхуэт, зытепсэлъыхь Iуэхур къыщыхъуар дыгъуасэм хуэдэу, псори ищIэжырт. ЖыпIэнурамэ, уэршэрэгъу бэлыхьт…
Барэсбийрэ ЩоджэнцIыкIу Алийрэ щызэрыцIыхуар I936 гъэрщ. Абы щыгъуэ Бекъулыр Налшык тхылъ тедзапIэм щылажьэрт.
«ДызыщIэс пэшым Алий махуэ гуэрым ныщIыхьэри, хэт Бекъул Барэсбийр, жиIэри, щIэупщIащ. Пэшым щIалиплI дыщIэсти, Алий бжэщхьэIум нызэребакъуэу си гъусэхэр зэуэ къэтэджащ, сэ зызгъэхъеякъым.
«Мес, моращ Бекъулыр», жаIэу абы сыщрагъэлъагъум: «Сыт, хуэмыху, уи гъусэхэм ящIэр щхьэ умыщIэжрэ? Хабзэ пхэлъын хуейщ, цIыху къыщIыхьамэ, къэтэдж», - жиIэри зыкъысхуигъэзащ. Си пIэм сыщIинар ар япэу зэрыслъагъурт. Уеблэмэ, апхуэдизкIэ Iэнкун сыхъуати, иджыри зы тэлайкIэ сыщысыжат, зыкъысхуэмыщIэжу», - игу къигъэкIыжырт Барэсбий.
ИужькIэ, зыкъызэщIипхъуэтыжри, ныбжьыщIэр къыщылъэтащ. Мис абдежым щыщIидзащ Алийрэ Барэсбийрэ я зэныбжьэгъугъэр.
Алий Бекъулхэ я деж куэдрэ кIуэрт. ЩIалэм и анэ Дисэ мэлыл гъэгъуарэ мырамысэрэ яхуипщэфIырт. «Уэи, Дисэ и шхыным нэхъ IэфI щымыIэ» - жиIэрт Алий, фIыщIэ ищIу. Езы Барэсбии куэдрэ щыхьэщIащ Алий и унагъуэм.
ЩоджэнцIыкIур щыпсэур Горькэм и цIэр зезыхьэ уэрамым тет унэхэм ящыщ зырт. А лъэхъэнэм автобусхэр щыIэтэкъым, Барэсбий и анэм мыIэрысэ, кхъужь, нэгъуэщI пхъэщхьэмыщхьэхэр чы матэм из ищIырти, ахэр лъэсу ЩоджэнцIыкIухэ куэдрэ яхуихьырт. Алий и щхьэгъусэми абы щыгъуэ гъуэтыгъуейуэ щыта кIэлош, щэкI сыт хуэдэхэмкIэ къыхуэупсэрт.
Барэсбий гуапэу игу къигъэкIыжырт ЩоджэнцIыкIур абы и усэхэм къызэрыщытхъуар. «Хьет жегъэIэ, щIалэу апхуэдэу щыщIэбдзакIэ, уэи уэ Iэзэ гуэр ухъунмэ», - къыжриIат Алий, тхэным гу хуэзыщIа ныбжьыщIэм.
ЩоджэнцIыкIур абы щыгъуэ къуажэхэм я курыт еджапIэхэм щIэх-щIэхыурэ ирагъэблагъэрт, Барэсбии и гъусэу абыхэм щыздишэ къэхъурт. Апхуэдэу тхакIуэ щIалэщIэр щыIащ Къулъкъужын, Сэрмакъ, Зеикъуэ, нэгъуэщI жылэхэми.
«Шортэн Аскэрбий и пьесэ «Батыр и къуажэр» утыкушхуэ ирахьэн ипэ къихуэу, - игу къигъэкIыжырт Барэсбий, - абы къытращIыкIа спектаклыр цIыху зыбжанэм ирагъэлъэгъуауэ щытащ. ЩоджэнцIыкIумрэ сэрэ пьесэм дригъэплъыну дезыгъэблэгъар облисполкомым гъуазджэмкIэ и къудамэм и унафэщIу а лъэхъэнэм щыта Битокъу Музэчырт. Алий и ныбжьэгъуфIт ар. АтIэ, абы дызэреплъу, ЩоджэнцIыкIур утыкум ихьэри, Шортэным IэплIэ иришэкIауэ щытащ. «Упсэу, икъукIэ фIыщIэшхуэ пхузощI, мыпхуэдэ пьесэ гъуэзэджэ зэрыптхам папщIэ», - жриIат абы Аскэрбий.
Алий хьэл-щэн дахэ хэлъу, цIыхум ядэIэпыкъуу, хабзэ якIэлъызэрихьэу апхуэдэт. Языныкъуэхэм деж, зэгупсысыр къыпхуэмыщIэу, и IитIыр и щIыбагъымкIэ ехьэкIауэ къикIухьырт, езыр псэлъэрейтэкъым. ЦIыху сабырт, къаугъэншэт», - жиIат Бекъулым Алий щхьэкIэ.
Зэгуэрым Алий къеупщIауэ щытащ абы: «Уа, Барэсбий, уэ зыри зэи къыпкIэщIэуэркъэ?» - жиIэри. Сытым щхьэкIэ, жиIэу, щеупщIыжам щыгъуэ, мыпхуэдэ жэуап къритыжат: «Уэлэхьи, сэ куэдым я зэран къызагъэкIащи, арамэ». Алий къулыкъу къратыну, къалэ Советым хахыну жагъуэгъу гуэрхэр зэран къыхуэхъури, кърагъэкIуэтауэ щытат абы щыгъуэ.
Куэд дэмыкIыу Хэку зауэшхуэм щIидзэри, зэныбжьэгъуитIыр зэфIэкIуэдащ …
Барэсбий игу къызэригъэкIыжамкIэ, макъамэтх цIэрыIуэ ХьэхъупащIэ Хьэжбэчыррэ Алийрэ зэрызыгъэцIыхуар езырат. ИужькIэ ахэр зэныбжьэгъуфI хъуат. Хьэжбэчыр пхъэгъэсын къэпым илъу Кэнжэ иришурэ Алийхэ я деж IэжьэкIэ мызэ-мытIэу ишащ…
Мис апхуэдэу дызэдэуэршэрат Барэсбийрэ сэрэ. Нэхъыбэж къиIуэтэжынут, ауэ и узыншагъэм Iэмал къритыртэкъым куэдрэ псэлъэнуи, нэхъыбэ жезгъэIэжатэкъым. ИужькIи дызэхуэзэну, и гукъэкIыжхэмкIэ къыздэгуэшэну дызэгурыIуати, къыдэхъулIакъым. Сэри кIэщIу схутегъэзэжакъым, езыри куэдрэ псэужакъым. Ди тхакIуэшхуэм теухуауэ куэд нэхъыжьыфIым къыджиIэжыфыну тIэщIэкIащ…
АтIэ, сытми, Алий теухуауэ къэсщIахэмкIэ сыарэзыуэ, зэхэсхар редакцэм сынэсыжу псынщIэу зэрыстхыжыным яужь сихьэн мурадкIэ сыкъэтэджыжауэ сыкъыщыщIэкIыжым, Барэсбий сыкъигъэувыIащ:
- Уэлэхьи, щIалэ, адыгэ хабзэр уэри сэри къэдмыгупсыса, ар дэ къедмыгъэжьа икIи нобэ ар дымыкъутэжын. Си унагъуэ ерыскъы щумышхауэ ущIэзгъэкIыжмэ, емыкIу къэсхьынщ», - жиIэри, Барэсбий сыкъигъэувыIэжат.
ИкъукIэ си гуапэ хъуат икIи згъэщIэгъуат Барэсбий и щхьэгъусэ Зое, и ныбжьыр хэкIуэтами, а дызэрыщыса тIэкIум къриубыдэу, ерыскъы IэфIхэмкIэ ди Iэнэр щэнейрэ зэрызэрихъуэкIар. Тхьэмадэм сыщыдэуэршэрами, иужькIэ Iэнэм дыщыпэрысами, дыкъэтэджыжыхукIэ, я щIалэ Юрэ бжэ къуагъым къуэтащ, Iэнэм щыкIэлъыплъын хуей дакъикъэхэм къыIукIа мыхъумэ. Ари сфIэхьэлэмэт хъуат. Иджыпсту, гуфIэгъуэ Iэнэхэм куэдрэ ущрохьэлIэ зэадэзэкъуэр зы Iэнэ пэрысу, уеблэмэ зэдэхъуахъуэу, фадэ зэдефэу!..
Си гум къинауэ нобэр къыздэсым щIэх-щIэхыурэ жызоIэ Барэсбий и абы щыгъуэ жиIар.
«Сэ сыцIыкIуу си нэгум щIэкIащ ди нэхъыжьхэм я щыIэкIар, псэукIар, езыхэм япэ итахэм я зэхэтыкIэу къаIуэтэжахэр зэхэсхащ АтIэ, абы щыгъуэ, нобэ хъуэхъубжьэ къэзыIэтхэм хуэдэу – си узыншагъэ, си бын, си мылъку, нэгъуэщI-къинэмыщI щхьэкIэ жаIэу хъуахъуэртэкъым. Псори нэхъыщхьэу щIэлъаIуэр зыт: «Ди хьэдэр Тхьэм пуд имыщIкIэ!» НэгъуэщI дыщIагъуртэкъым…» - жиIэжат Барэсбий.
КупщIэшхуэ, акъылышхуэ зыхэлъ псалъэщ - Ди хьэдэр Тхьэм пуд имыщI жыхуиIэм! Ауэ, пасэ зэманым щыгъуэ мы псалъэхэм яIа мыхьэнэр нэгъуэщIщ икIи нэхъ куущ, гуузуи къыщIэкIынщ. Сэ абы иджыпсту кIыхьу зысхуегъэубгъункъым, апхуэдэ тхыдэ щIэныгъи збгъэдэлъу къыщIэкIынкъым, абы укъуэдияуэ сытепсэлъыхьыну. Ар гъэщIэгъуэн зыщыхъуахэм, абы и къежьапIэр зэзыгъэщIэну хуейхэм IэмалыфIхэр иджыпсту яIэщ. Абы теухуауэ ди тхыдэтхэм, тхыдэджхэм я IэдакъэщIэкIхэр куэду щыIэщ, интернетми къыщыпхуэгъуэтынущ.
Нобэрей махуэр къэтщтэнщи, Тхьэшхуэм и Iэмырщи, хьэдэм игъуэтыжа пщIэр езы дунейм ехыжам илъагъужыркъым, ар зи нэгу щIэкIыр псэууэ къыщIэнахэрщ. Жэназым екIуэлIа цIыхум я куэдагъырщ хьэдэм пщIэуэ игъуэтыжар къызэралъытэр. «Сыту цIыху куэд къекIуэлIат, жэназышхуэ игъуэтыжащ, и насыпщ», е «Еуей, мыгъуэ, сыту тхьэмыщкIэт, мащэр тезытхъуэжын иIэжакъым» - жаIэ дыуэщI щыIахэм.
ТIум языхэзщ. Аращ напэм щIытелэжьэн хуейр: жэщ-махуэ имыIэу.
МыдэкIэ, псэм ипэ - напэ, жи, адыгэм! Адыгэм напэм япэ зыгуэр иригъэщу е ныбаблэу, былымаблэу зэи щытакъым. ЦIыху щыпкъэу дунейм тетарщ бэм ящымыгъупщэр, ягъэлъапIэр. Жэназышхуэ зымыгъуэту зи цIэр уахътыншэ хъухэри щыIэщ. Ди ЩоджэнцIыкIу Алий - напэр псэм япэ изыгъэща, бийм зи щхьэр яхуэзымыгъэщхъа адыгэлI щэджащэм – ейм хуэдэу.