Iуэху пщIыр Iуэху мэхъуТеатрымрэ киномрэ я режиссёр цIэрыIуэ, Адыгэ Республикэм гъуазджэхэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ ЕмкIуж Андзор щэнхабзэ зэпыщIэныгъэхэмкIэ республикищым ис адыгэ лъэпкъыр зэшэлIэным и гуащIэу хилъхьар мащIэкъым, ноби зи ужь итыр аращ. Ар иджыпсту Черкесск щолажьэ, Акъ Мухьэрбэч и цIэр зезыхьэ Шэрджэс къэрал драмэ театрым и унафэщIым и къуэдзэщ - Театрым и режиссёр нэхъыщхьэщ. Черкесск дыщыщыIа махуэхэм шэрджэс театрым и лэжьэгъуэ пIалъэр къызэIуихыжу къигъэлъэгъуащ Андзор игъэува «Сандро» спектаклыр. Театр
- Урысей тхакIуэ цIэрыIуэ Искандер Фазиль и IэдакъэщIэкIхэмкIэ шэрджэс тхакIуэ Бемырзэ Зураб тхуигъэхьэзыра пьесэщ мыр, - жеIэ Андзор. - БлэкIа театр пIалъэр мыбы и премьерэмкIэ зэхуэтщIыжащ, къыкIэлъыкIуэри къризэIутхащ. ЦIыхум ягу ирихьауэ мы гъэм дгъэлъэгъуахэм ящыщщ Пушкин Александр къызэралъхурэ илъэс 225-рэ щрикъум ирихьэлIэу, абы и рассказхэм Бемырзэм и гъусэу къыхэтщIыкIа пьесэр. «Ди Пушкин» спектаклыр нэхъыбэу яфIэгъэщIэгъуэн хъуащ щIалэгъуалэм. Ар лъэхъэнитI зэзыпх теплъэгъуэт - актерым и Iэпкълъэпкъ лъэныкъуэр иджырейуэ, адрейр пасэрейуэ хуэпат, утыкури апхуэдэ дыдэу гъэпсат. Сэ сызыхуеяр иджырей щIалэгъуалэм Пушкиныр нэхъ гъунэгъуу зыхащIэнырт, ар пасэрей тхакIуэщ жамыIэу. ИкIи къызэхъулIауэ къысщохъу. Еплъыну къакIуэ ныбжьыщIэхэр залымыгъэкIэ къашэу аратэкъым, езыхэм я жэрдэмкIэ къекIуалIэрт, уеблэмэ зэ къэкIуахэм я ныбжьэгъухэр къашэурэ къытрагъазэрт. Мы фокIадэм ар щагъэлъэгъуэнущ Карачаевск, Черкесск, Адыгэ-Хьэблэ, Хьэбэз. КолледжЕмкIужыр зы IуэхукIэ зэи къэувыIэркъым, атIэ зыбжанэ зэдещIэ. Гъэ еджэгъуэщIэм ар ирагъэблэгъащ Даур Аслъэн и цIэр зэрихьэу Черкесск дэт Щэнхабзэмрэ гъуазджэмкIэ колледжым щригъэджэну. «Мыр си лэжьыгъэ нэхъыщхьэмкIэ сэбэп хъунущ, - жеIэ ЕмкIужым. – Актёр, режиссёр хъуну хуейуэ а IэщIагъэр къыхэзыхахэм си щIэныгъэр, зэрабгъэдэслъхьэным нэмыщI, адыгэбзэм ирипсалъэхэр къахэсхынурэ шэрджэс театрым къесшэлIэнущ. НобэкIэ абыхэм ящыщу щы къыхэсхауэ, си спектаклхэм щызогъэджэгу. Адыгэ театрым хуэдабзэу, адрей лъэпкъ театрхэми кIуэнущ щIалэгъуалэр». КиноТеатр гъуазджэм хуэдэ дыдэу киноми жыджэру щолажьэ Андзор. Иджы зыхуегъэхьэзыр полнометражнэ фильм трихыну. Куэд щыгъуазэщ Ленинград блокадэм къыдаша сабийхэр КъШР-м и Беслъэней адыгэ къуажэм дэсхэм къызэрырагъэламрэ зэрапIамрэ. Мы хъыбарым уи нэпс къемыкIуэу уедэIуэфыркъым икIи уегупсысыфыркъым.
Поделиться:
Читать также:
02.12.2024 - 15:00 →
Благъуэр ежьэжынущ
02.12.2024 - 11:46 →
Зытетхыхьыр езым псэкIэ игъэву
02.12.2024 - 11:44 →
Нобель и саугъэтыр зратахэр
29.11.2024 - 14:28 →
ФIыхэм я нэхъыфIыж Сэнэ Мухьэрбий
27.11.2024 - 15:25 →
Театр гъуазджэм и хормейстер гъуэзэджэ
|