Дэрбзэр IэщIагъэм къыхуигъэщIа

Дэрбзэр цIэрыIуэ, «Институт культурного наследия и развития» лъэпкъ щэнхабзэ центрым и къызэгъэпэщакIуэ икIи и унафэщI Сэралъп Мадинэ ящыщщ адыгэ щэнхабзэмрэ гъуазджэмрэ зыгъэбей, лъэпкъыр зэрыгушхуэ бзылъхугъэхэм. Мадинэ и ныбжьыр иджыблагъэ илъэс бжыгъэ дахэ ирикъуащ.

Сэралъп Мадинэ зэрыжиIэмкIэ, лъэпкъ фэилъхьэгъуэхэм къакIуа тхыдэ гъуэгуанэм ириплъэжыным, зэман-зэманкIэрэ фащэхэм ягъуэта зэхъуэкIыныгъэхэр къихутэным щIэдзапIэ хуэхъуар XIX лIэщIыгъуэм и етIуанэ Iыхьэмрэ XX лIэщIыгъуэм и пэщIэдзэхэмрэ траха сурэт хьэлэмэтхэрщ. Сурэтыжьхэмрэ и анэшхуэм зыщIигъэдэIуахэмрэщ Мадинэ и IэщIагъэм псыпэ хуэхъуар. Лъэпкъ фащэхэр куэду къызэрыщ а сурэт телъыджэхэр я унагъуэм зэрыщахъумамрэ абыхэм еплъу къызэрыхъуамрэ куэд и уасэщ. 
Илъэс 14 зэрыхъурэ дэрбзэр IэщIагъэм пыщIащ ар. Адыгэм дахагъэмрэ екIумрэ къазэрыгурыIуэу щытам тет, абы зезыгъэужь цIыху IэпщIэлъапщIэщ, и лэжьыгъэхэм блэкIам пыщIэныгъэ быдэ зэрыхуаIэр нэрылъагъущ, зэманым и псыежэхым ахэр здахьын дэнэ къэна, къагъэщIэращIэ, нобэрей махуэм сыткIи дэгъуэгурыкIуэфу. 
- Зи лэжьыгъэфIхэм илъэс зыбжанэ хъуауэ дыкIэлъыплъ цIыху IэпщIэлъапщIэ зырызхэм ящыщщ Сэральп Мадинэ. ЦIыхубэ фащэхэм я гъэхьэзырыкIэм и хабзэми, фэилъхьэгъуэхэм я пкъыгъуэхэми, зэманым къигъэщI дахагъэм и щIэупщIэми пэджэж художник-модельерым и IэрыкIхэм я фIагъым зэрыхигъахъуэр нэрылъагъущ, - жеIэ Урысей этнографие музейм и щIэныгъэлI, тхыдэ щIэныгъэхэмкIэ доктор Дмитриев Владимир. - Тхыдэ хъугъуэфIыгъуэм къыгуэхыпIэ зимыIэ лъэпкъ хабзэм, щэнхабзэм, гъуазджэм я иджырей щыIэкIэхэр къэзыгъэщI, щIэх-щIэхыу зызыхъуэж модэм, дахагъэм и хабзэм къытемыкIыу дэгъуэгурыкIуэф ди IэщIагъэлIхэм я зэфIэкIым и мыхьэнэр къыпхуэмыIуэтэнщ
- Ди фащэр адыгэ щIалэхэмрэ хъыджэбзхэмрэ нэхъ къызэрекIурщ, ди щIыналъэм ар нэхъ къызэрезэгъырщ абы щIыщIэупщIэм и щхьэусыгъуэр зыхэлъэгъуапхъэр. Абы и лъэныкъуэкIэ къалэ, щIыналъэ цIыкIухэм ди Iуэху еплъыкIэр нэгъуэщIщ, ди лъэпкъ тхыдэм, щэнхабзэм, дыкъызыхэкIам пыщIэныгъэ ин худиIэщи, - жеIэ Мадинэ. - Сыт щыгъуи хьэлкIэ зэпIэзэрыт ди лъэпкъым и фащэхэм щIыхь дэплъагъуу, нэгъуэщIхэм щапхъэ яхуэхъуу къэгъуэгурыкIуащ. Зи лъэпкъым и блэкIам, къызыхэкIам пыщIэныгъэ хузиIэ, абы зи гупэ хуэзыгъэзэжа ди щIалэгъуалэр иджы нэхъ дахьэх хъуащ къэдгъэщIэрэщIэжа фэилъхьэгъуэхэм. Псалъэм папщIэ, хьэгъуэлIыгъуэ, гуфIэгъуэ щхьэкIэ фащэ къыщащтэм деж, ныбжьыщIэхэр зэплъыр мы зэманым къедгъэзэгъахэрщ.
ХьэгъуэлIыгъуэ, нысашэ фащэхэм къинэмыщIауэ, Сэралъпым егъэхьэзыр нэгъуэщI фэилъхьэгъуэхэри. Махуэ къэс щатIагъэ е гуфIэгъуэ пшыхьхэм зэрыкIуэ хъуну къыщIагъэкI щыгъыныгъуэхэр лъэпкъ псоми яхуэгъэзащ. Абыхэм щIэупщIэм мыхьэнэ зратыр зэманым къезэгъыу е дизайнер Сэралъп Мадинэ и IэрыкIыу зэрыщытырщ. Я щыгъыныгъуэ псоми щIэупщIэ яIэщ. Абы и лъэныкъуэкIэ FRONT. FASHION IуэхущIапIэм долажьэ. 
Зэрытлъагъущи, адэ-анэхэм я Iуэхум бынхэм пащэж. Мыбдежи аращ: и хъыджэбзитIыр зэрыцIыкIурэ зыщIипIыкIам дихьэхащ, и лэжьыгъэхэм кIэлъыплъурэ зыхуагъэсащ IэщIагъэ дахэм. И IэщIагъэр къыхаха мыхъуу, зэрыцIыкIурэ абы хэту къэхъуащ. 
Лалинэ графикэ дизайн лэжьыгъэр къыхихащ. Езым и принтхэр къигупсысыжауэ цIыхубз, цIыхухъу фэилъхьэгъуэхэр, сабий щыгъынхэр егъэдахэ. И лэжьыгъэхэм щIэупщIэ яIэщ. Зайцев Вячеслав и школыр къиухащ. Лики дизайнер IэщIагъэр къыхихащ, езыми иIэжщ щхьэхуэу зэлэжь. ДахагъэмкIэ «Mercedes-Benz Fashion Week», «PROfashion Masters» гъэлъэгъуэныгъэхэм жыджэру хэтащ икIи щехъулIащ. FRONT тыкуэнри щIоупщIэ абы и лэжьыгъэхэм. Москва и «Зарядье» паркым и утым, щекIуэкIа «Дахагъэм и тхьэмахуэ» гъэлъэгъуэныгъэми Ликэ и лэжьыгъэхэр хагъэхьащ, дизайнер нэхъыфI 200-м щIигъум я IэдакъэщIэкIхэм ящыщу. Щыми дэрбзэр IэщIагъэ яIэми, пыухыкIауэ ящIэмкIэ зэрызэтемыхуэм ирогуфIэ, зыпэрыт Iуэхум щIэщыгъуагъ халъхьэну Iэмал яIэщи.
Музейхэм я унафэщIхэр, актёрхэр, гуфIэгъуэ пшыхьхэр езыгъэкIуэкIхэр я щыгъыныгъуэхэм щIоупщIэр, утыкушхуэхэм иритыну, дуней псом и щIыналъэхэм щекIуэкI зэхыхьэшхуэхэм ирихэтыну. Санкт-Петербург е Москва, нэгъуэщI къалэхэм къикIами Налшык щыщми зыкъыхуэзыгъазэ дэтхэнэри игъэщIэхъуркъым.
И лэжьыгъэ зыбжанэ Урысейм и музейхэм я гъэтIылъыгъэхэм хэлъу яхъумэр. Германием, Америкэм и Штат Зэгуэтхэм, Тыркум, Иорданием щыпсэухэм ящыщхэми и фэилъхьэгъуэхэм щызэрахьэр.
 Адыгэ лъэпкъ фащэхэр «КъуэкIыпIэм и музейм» щагъэлъэгъуащ. Сыт хуэдэ ахэр жыпIэмэ, махуэ къэс зепхьэ хъуну, ищхьэкIэ зи гугъу тщIа «стилизованнэ» фащэхэрщ. Куэд щIакъым «Зэманым и псыежэх. Адыгэ фащэм теухуа къэхутэныгъэ» выставкэр Санкт-Петербург, Москва, Мейкъуапэ, Владикавказ, Налшык къалэхэм зэрыщагъэлъагъуэрэ. Iуэхур адыгэ фащэм и тхыдэм ехьэлIауэ Сэралъпым и къэхутэныгъэ лэжьыгъэхэм пызыщэт. 2020 - 2022 гъэхэм модельерым игъэхьэзыра адыгэ лъэпкъ фащэхэм траха сурэт 40 къызэщIиубыдат абы. Нэхъыбэм я плъыфэр хужьрэ фIыцIэу зэхэлът. Ахэр щIэщыгъуэ зэращыхъуам къинэмыщIауэ, а фэилъхьэгъуэхэм яIэ щIэупщIэм хигъэхъуащ. Лэжьыгъэхэм я фIагъыр лъагэу къалъытащ модэм, этнографием, гъуазджэм епха щIэныгъэ зиIэхэм. КъищынэмыщIауэ, а выставкэм хагъэхьат Мадинэ ипхъу Ликэ и лэжьыгъищи.
Зи IэрыкIхэр куэдым ягу дыхьэ дэрбзэрым и лэжьыгъэхэм дуней псом щIэупщIэ зэрыщаIэр. Гуапэ къудейкъым – ар дызыгъэгушхуэщ, лъэпкъ IэщIагъэр къэзыгъэщIэрэщIэж Iуэхущи. 

 

ТЕКIУЖЬ Заретэ.
Поделиться: