Гугъум тыншыр къыдокIуэ

ФIэщхъуныгъэ зыхэлъ цIыхур гугъуехь гуэр щыпхыкIым деж, и гум къэмыкIыпIэ иIэкъым: «СхузэфIэкI сощIэ, сыт сехъулIэ зэпыту Алыхьым сыщIимыгъэпсэур?» Хэт ищIэрэ, нэхъ гъунэгъужу узришэлIэн папщIэ узригъэгупсысыжрэ? Е хуэпщI фIыщIэр фIэмащIэ? Лъэпощхьэпо гуэрым пхыкIым е хъуэпсапIэ гуэр зиIэм дежкIэ, Iэмалхэм язщ КъурIэн лъапIэм и Iэятхэр. 

- «Iэл-Iиншикъакъ» сурэр зыхэщIа псым бзылъхугъэ уэндэгъур еIубмэ, сабийр тыншу дунейм къытехьэнущ. 
- «Бурудж» сурэм 21-рэ укъеджэмэ, бийм къыпхуищIа мурад бзаджэхэр къехъулIэнукъым. 
- «IэтI-ТIарикъ» сурэм щэ къеджэр жинхэми, шейтIанхэми, дыгъухэми, цIыху Iейхэми ящыхъума хъунущ. 
- «Iэл-Iэхьла» сурэр зыфIэлъ хадэм зэраныгъэ къылъэIэсынукъым.
- «Iэл-Гъашия» сурэм дзэ узри ревматизмэри псынщIэу къегъэувыIэ. 
- «Iэл-Фэджр» сурэм унафэщIыр къыпщIэгубжьэным ущехъумэ. 
- «Iэл-Бэлэд» сурэр щхьэпэ хуохъу зи гур хьэлъэм е зи нэр ешам. 
- «Iэш-Шэмс» сурэм 21-рэ къеджэм шынэм и лIэужьыгъуэ псори щхьэщыкIынущ. 
- «Iэл-Лэйл» сурэми шынэр зыщхьэщыбгъэкIын папщIэ 21-рэ укъеджэ хъунущ. 
- Зыгуэр пфIэкIуэдамэ, «Iэд-Духьа» сурэм 41-рэ укъеджэмэ, къэбгъуэтыжынущ. 
- ЩыгъыныщIэм фIыгъуэ къыдэкIуэн папщIэ, ар япэу щыщыптIагъэ махуэм «Iэл-Iинширахь» сурэм 3 укъеджэну щхьэпэщ. 
- «Iэт-Тиин» сурэм 70-рэ къеджэм цIыхухэм фэфI къраплъу хъунущ. 
- «Iэл-Хьэлэкъ» сурэм унафэщIым Iуэху гуэркIэ зыхуэбгъэзэн ипэ 7 укъеджэмэ, ущIелъэIумкIэ арэзы хъунущ, езыри гуапэу къыпIущIэнущ. 
- «Iэл-Къэдр» сурэм Рэмэдан мазэм и пщыхьэщхьэхэм 1000-рэ къеджэм Алыхьталэм епщIыхьыну гугъэ иIэщ. Абы 500-рэ блыщхьэ жэщым (къыкIэлъыкIуэр тхьэмахуэу) къеджам Бегъымбар лъапIэу щэлатымрэ сэламымрэ зэхар пщIыхьэпIэу илъагъункIи хъунущ, и гукъеуэ псори щхьэщыкIынущ. 
- «Iэл-Бэйинэ» сурэм къаугъэм ущехъумэ. 
- «Iэз-Зэлзэлэ» сурэм 41-рэ къеджэм и бийхэр хилъэфэнущ. 
- «Iэл-Хьадият» сурэм нэ къыптехуэным укърегъэл. 
- ЗэщыIея цIыхуитIыр «Iэл-Къарихьэ» сурэм къеджэмэ, я зэхущытыкIэр зэтеувэжынущ, Алыхьым и къарукIэ, ахэр гуапэу, фIыуэ зэхущыту хъужынущ. 
- «Iэт-Тэкасур» сурэм махуэ къэс къеджэр мащэм и хьэзабым къелынущ. 
Хьэдисым мыпхуэдэ хъыбар къыщокIуэ: 
 - Махуэ къэс Iэят мин фыкъеджэфыну? – щIэупщащ Мухьэмэд Бегъымбару щэлатымрэ сэламымрэ зэхар махуэ гуэрым. 
 ЦIыхухэр зэщIэвууащ: 
- Хэт махуэ къэс Iэят мин къеджэфынур?
- Сыт щхьэкIэ? Дэтхэнэ зыри «Iэлхьакуму тэкасур» сурэм фыкъеджэфыркъэ? 
НэгъуэщI хьэдисми къыщокIуэ: 
- Хэт жэщ къэс Iэят мин къеджэу щытми, Къемэт Махуэм Алыхьталэр къыхуэгуфIэнущ. 
ЩIэупщIахэщ: 
- Уа Алыхьым и лIыкIуэ! Хэт зыхузэфIэкIынур махуэ къэс Iэят мин къеджэну? 
 Жэуапым и пIэкIэ, щэлатымрэ сэламымрэ зэхар къеджащ:
- «Бисмиллахьи Ррэхьмани Ррэхьим. Мылъку гъэбэгъуэным фитхьэкъуащ фэ…». («Iэт-Тэкасур» сурэм и япэ Iэятхэм). И кIэм нэс къеджэри, жиIащ: «Си псэр зыIэщIэлъым и цIэкIэ соIуэ а сурэр Iэят миным зэриуасэмкIэ!»
- «Iэл-Хьэср» сурэм 70-рэ къеджэм и гуныкъуэгъуэ псори щхьэщыкIынущ. 
- Жагъуэгъухэмрэ фыгъуэнэдхэмрэ я Iейм зыщызыхъумэну хуейр «Iэл-Хьумэзэ» сурэм 20-рэ къеджэн хуейщ. 
- «Iэл-Фил» сурэм ахъшэмымрэ жасымрэ я зэхуакум 150-рэ къеджэм и бийр къыбгъэдыхьэфынукъым. 
- Ерыскъы къыщаIэт пшыхьым берычэт къыхыхьэн папщIэ, ушхэн ипэкIэ «Iэл-Къурейш» сурэм укъеджэу, узэфэмрэ пшхымрэ уепщэн хуейщ. КъыздикIыр умыщIэ шынэм (зыгуэрым зыгуэр къуищIэнкIэ) зыщыпхъумэн папщIэ, ардыдэм 7 укъеджапхъэщ. 
- Iэл-Махьун» сурэм 41-рэ уеджэрэ сабийм уепщэмэ, къыщыщIыну Iей куэдым щыпхъумэфынущ. 
- «Iэл-Кэусэр» сурэм 1000-рэ къеджэм гугъэшхуэ иIэщ дунейм ехыжмэ, Мухьэмэд Бегъымбар лъапIэм езым и IэкIэ и «Кэусэр» псынэм хигъэIубыну. 
- «Iэл-Кафирун» сурэм махуэ къэс 3 еджэр Iей куэдым щыхъума хъунущ. 
- «Iэн-Нэср» сурэм махуэ къэс 3 къеджэм и Iиманыр хъума хъунущ. 
- «Iэт-Тэббэт» сурэм 1000-рэ къеджэр бийхэм ятекIуэнущ. 
- «Iэл-Ихълас» («Къулхьу») сурэм 1000-рэ укъеджэну щхьэпэщ лажьэ имыIэу лей зытехьахэм папщIэ, абы и фIыгъэкIэ ахэр хуит къащIыжын гугъэ щыIэщ. 
- «Iэл-Фэлэкъ» сурэм махуэ къэс 3 нэмэз нэужь къэс укъеджэмэ, гъэунэхугъуэ гугъухэмрэ гухэщIымрэ щыхъума ухъунущ. 
- «Iэн-Нас» сурэмрэ «Iэл-Фэлэкъымрэ» нэмэз нэужь къэс укъеджэмэ, бэлыхь ухэхуэнми, гугъуехь уIущэнми, фыгъуэнэдынэми, пцIы къыптралъхьэнми, нэ къыптехуэнми, жинхэмрэ шейтIанхэмрэ къоIущэщэнми щыхъума ухъунущ. 
 

 

ЧЭРИМ Марианнэ.
Поделиться:

Читать также: