Гупсысэ хьэлъэхэр евгъэтIылъэкI

Интернетым дыкъыщоджэ

Профессорым псы зэрыт Iэгубжьэр къищтэри, студентхэм еупщIащ:
- Мы Iэгубжьэм и хьэлъагъыр сыт хуэдизу пIэрэ?
- Грамм 50, грамми 100, грамми 120-рэ…, - хуагъэфащэу щIадзащ студентхэм.
-Мыбы и хьэлъагъыр къэзмыпщауэ къысхуэщIэнукъым, - жиIащ профессорым, - иджыри сынывэупщIынут: дакъикъэ бжыгъэкIэ мы Iэгубжьэр сIыгъыу сыщытмэ, сыт къэхъунур?
- Зыри, - жаIэ студентхэм. 
- СыхьэткIэ сIыгъмэ-щэ?
- Уи Iэр узынущ. 
- Пэжщ. Махуэ псокIэ сIыгъмэ сыт къэхъунур?
- Уи Iэм зыхимыщIэж хъунущ, уи лыпцIэналъэхэм укъыхагъэзыхьынущ, дохутыр къоIэзэн хуей хъунущ. 
- Сыт сщIэн хуейр а къомыр къысщымыщIын папщIэ?
- Iэгубжьэр гъэув! - жаIэ студентхэм. 
- Пэж дыдэщ. ГъащIэм дыщызыIущIэ лъэпощхьэпохэри мы Iэгубжьэм и Iуэхум ебгъапщэ хъунущ. Iуэху гуэрым дакъикъэ бжыгъэкIэ уегупсысакъэ, ар пщIыгъу мэхъу. Сыхьэт бжыгъэкIэ ар гупсысапIэ пщIакъэ – уелъахъэ, нэгъуэщI Iуэхухэр къегъанэ. Махуэ псом уи щхьэм ибгъэлъакъэ - къыпщохьапэ, зыри пфIэмыIэфIыжу укъегъанэ. 
Лъэпощхьэпохэмрэ гугъуехьхэмрэ уегупсысын хуейщ, ауэ зэпымыууэ уи щхьэм ибгъэлъмэ я зэран къокIынущ. ЗэбгъэтIылъэкIыфу щытын хуейщ, нэгъуэщI Iуэхухэм зеппщытурэ. Апхуэдэу зебгъасэмэ, гугъуехьхэм уахуэужьыгунукъым, уи къарури кIуэщIынукъым. 
 

ЗэзыдзэкIар ГУГЪУЭТ Заремэщ.
Поделиться: