КIыщ Мухьэдин ягъэлъапIэ

УФ-м щIыхь зиIэ и художник, КъБР-м и цIыхубэ сурэтыщI, ХудожествэхэмкIэ Урысей Академием хэт КIыщ Мухьэдин и лэжьыгъэхэр щагъэлъагъуэ СурэтыщI гъуазджэхэмкIэ музейм, Ткаченкэ Андрей и цIэр зезыхьэм. «Дахагъэм и гимн» зыфIаща гъэлъэгъуэныгъэр къызэрагъэпэщащ адыгэ сурэтыщI цIэрыIуэр къызэралъхурэ илъэс 85-рэ зэрырикъум и щIыхькIэ.

Дапщэщи хуэдэу, КIыщ Мухьэдин и лэжьыгъэхэр гъэщIэгъуэнщ, щIэ зыхэплъагъуэщ. Ар и щыхьэтщ художникым зэпымыууэ и щIэныгъэм зэрыхигъахъуэмрэ емызэшыжу зэрылажьэмрэ. Гъэм и зэманхэр, щIыуэпсым и дахагъэр, бгы уардэхэр, къыщалъхуа Шэджэм ЕтIуанэ къуажэр, и лъэпкъэгъу цIэрыIуэхэр (Темыркъан Юрэ, КъардэнгъущI Зырамыку, Темрыкъуэ Идар ипхъу, Грозный Иван щхьэгъусэ хуэхъуа Марие, нэгъуэщIхэри) къызэрыщ сурэтхэр и гъунэжщ абы. Куэдым фIыуэ ялъагъу щыхьхэр къызэрыщ сурэтым укъыхуреджэ а псэущхьэхэр хуэсакъыу яхъумэну. Дахагъэм, щIыуэпсым я дунейм ухэзышэщ удз гъэгъа щхъуэкIэплъыкIэхэр. Нэхулъэм пщэдджыжь дыгъэпсыр къурш уардэхэм тепсэу щыплъагъу и сурэтым къощ ар къыщалъхуа, гъэ къэси къыздэкIуэж и щIыналъэр. Художникым етIуанэ хэку хуэхъуа Испаниер, абы и лъэпкъ къафэхэр, цIыху зэхыхьахэм я фэилъхьэгъуэ щхъуэкIэплъыкIэхэр – псори узыIэпызышэщ.

СурэтыщIыр илъэс 70 щрикъум ирихьэлIэу къыдагъэкIауэ щытащ «Гимн красоте» альбомыр. КIыщ Мухьэдин и лэжьыгъэхэр щахъумэ Третьяковскэ галереем, Иджырей гъуазджэхэмкIэ Москва щыIэ музейм, КъуэкIыпIэ лъэпкъхэм гъуазджэмкIэ я Къэрал музей Москва щыIэм, «РОСИЗО» Къэрал музей-гъэлъэгъуапIэ центрым, АкварелымкIэ Москва и къэрал школым и музей-гъэлъэгъуапIэм, Андрияки Сергей и цIэр зезыхьэм, Калугэ, Ирбит къалэхэм, Дагъыстэн щIыналъэм СурэтыщI гъуазджэхэмкIэ щыIэ музейхэм, Краснодар крайм сурэтыщI гъуазджэхэмкIэ и гъэлъэгъуапIэм, СурэтыщI гъуазджэхэмкIэ музей Ткаченкэ Андрей и цIэр зезыхьэм, хамэ къэралхэм гъуазджэхэмкIэ щыIэ центрхэм, къэрал зэмылIэужьыгъуэхэм щыпсэухэм ящыщу абы и лэжьыгъэхэм дахьэххэм. КIыщ Мухьэдин къыдигъэкIа «Ладони протяни к огню души моей…», «Я родился художником» фотоальбомымрэ тхылъымрэ триухуащ и щхьэгъусэ Жаклин.

Мухьэдин и махуэмкIэ зэхыхьэм къыщехъуэхъуащ КъБР-м щэнхабзэмкIэ и министр Къумахуэ Мухьэдин, КъБР-м и Парламентым щэнхабзэмкIэ, граждан жылагъуэм зегъэужьынымрэ хъыбарегъащIэ политикэмкIэ и комитетым и унафэщI Текуев Амырбий, КъБР-м цIыхум и хуитыныгъэр хъумэнымкIэ и уполномоченнэ Зумакулов Борис, КъБР-м и Композиторхэм я зэгухьэныгъэм и унафэщI, УФ-м гъуазджэхэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ, КъБР-м и цIыхубэ артист ХьэIупэ ДжэбрэIил, Дунейпсо Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ Сэхъурокъуэ Хьэутий, лъахэхутэ, тхылъ тедзапIэм и унафэщI Котляров Виктор, КъБР-м и цIыхубэ сурэтыщI Бгъэжьнокъуэ Заурбэч, КъБР-м и СурэтыщIхэм я зэгухьэныгъэм и унафэщI Къаныкъуэ Жаннэ, Шэджэм щIыналъэм и лIыкIуэхэр, гъуазджэмрэ щэнхабзэмрэ я лэжьакIуэхэр, артистхэр. Зэхыхьэм КIыщ Мухьэдин къыщратыжащ КъБР-м и Правительствэмрэ Парламентымрэ я щIыхь тхылъхэр.

КIыщ Мухьэдин цIыхухэр, щIыуэпсыр, псэ зыIут псори фIыуэ зэрилъагъур и лэжьыгъэхэмкIэ къызэриIуатэр къыхагъэщащ икIи ехъуэхъуащ узыншагъэ быдэрэ насыпрэ иIэну, и щхьэгъусэ Жаклинрэ абырэ зэкъуэту, гукъыдэж яIэу къызэдекIуэкIыну.

Адыгэ фэилъхьэгъуэ щхъуафэхэр екIуу къызыщыпс КIыщ Мухьэдинрэ Мосс Жаклинрэ гъэлъэгъуэныгъэм зыкърезыгъэхьэлIахэм фIыщIэ хуащIащ. Жаклин и гуапэу жиIащ выставкэм хагъэхьа лэжьыгъэхэр республикэм тыгъэ зэрыхуащIар.

КIыщ Мухьэдин илъэс 85-рэ зэрырикъур республикэм Iэтауэ щагъэлъэпIэну яубзыхуащ. Мы гъэлъэгъуэныгъэри абы щыщщ. Дыгъэгъазэм и 6-м къызэрагъэпэщынущ КIыщ Мухьэдин и цIэкIэ къызэрагъэпэща «Чегемский родник» IX урысейпсо гъуазджэ фестивалым щытекIуахэр щагъэлъапIэ концерт. Дыгъэгъазэм и 9-м Iуэхум пащэнущ Къулъкъужын Ищхъэрэ къуажэм ГъуазджэмкIэ и сабий школым и гъэсэнхэм папщIэ художникым иригъэкIуэкIыну мастер-класскIэ. Дыгъэгъазэм и 11-м сурэтыщIыр яIущIэнущ Аушыджэр, Балъкъэр Ипщэ къуажэхэм щыпсэухэм. Дыгъэгъазэм и 13-м Налшык къалэм Kishev Art IуэхущIапIэм щекIуэкIынущ КIыщ Мухьэдин и пресс-конференц.

ТЕКIУЖЬ Заретэ.
Поделиться: