«Сэ сыадыгэщ. Къэшэж Инал срипхъущ!»

Узыгъэгушхуэщ апхуэдэ усакIуэ телъыджэ лъэпкъым зэриIэр. Иннэ и къалэмыпэм къыщIэкIа усэ бжыгъэншэхэм щыщу 200-м нэблагъэм композитор цIэрыIуэхэм макъамэ щIалъхьащ. Къэшэж Иннэ и япэ усэхэр «Юность» журналым къытехуэу щыщIидзам, ар илъэс 16 хъу къудейт. ИлъэситI дэкIри, 1962 гъэм, абы и япэ усэ тхылъыр, «Вольный Аул» зыфIищар, Налшык къыщыдэкIат. Мыгувэуи, и усэхэр зыщIэлъ уэрэдхэр радиокIэ къат хъуат. Зэрысабийрэ усэ тхыным дихьэха Иннэ насыпыфIэу зибжыжырт усыгъэ пшыхьхэм кIуэну къыщыхуихуэм. ГуащIафIэт, усакIуэ телъыджэт, псэ хьэлэлт.

Къэшэж Иннэ 1944 гъэм мазае мазэм и 13-м Москва къыщалъхуащ. Иннэ и адэр адыгэт, и анэр урыст. Дауэ и гъащIэр емыкIуэкIами, дэнэ къыщыщIимыдзами, Иннэ зэи щыгъупщакъым и Хэкур. Абы Къэбэрдей-Балъкъэрыр, къызыхэкIа лъэпкъым и щэнхабзэр сыт щыгъуи фIыуэ илъэгъуащ.

ЖытIэм и щыхьэтщ Ефэнды Джылахъстэн и гукъэкIыжхэм бзылъхугъэр ди нэгу къызэрыщIигъэувэр: «1967 гъэм и накъыгъэ мазэт. МахуитI хъуауэ Союзхэм я унэм и Колоннэ пэшым щэнхабзэм и лэжьакIуэхэм я союзпсо зэхыхьэ щекIуэкIырт. Абы хэтт щIэныгъэлI куэди. Сэри утыкум срагъэблагъэри, дакъикъи 10 хъун хуэдэкIэ сыкъэпсэлъащ. Зыдгъэпсэхуну дыкъыщIэкIауэ зы хъыджэбз къызбгъэдыхьэри сэлам къызихащ. «ЗыкъэзгъэцIыхут, кхъыIэ, хъыджэбз гуапэ», - солъэIу абы. «Сэ сыадыгэщ, Къэшэж Инал срипхъущ, къызэрызэджэр Иннэщ», - жэуап къетыж хъыджэбзым. «Си гуапэщ», - жысIа къудейуэ, зэхуэсым дыкъезыджэж уэзджынэр зэхызохри, си гъусэу нэтIысыну ар изогъэблагъэ. Дыщысащ, зэхыхьэм щыжаIэхэм теухуауэ дызэпсалъэу. Пэжыр жысIэнщи, хъыджэбз зэкIуж нэ морафэр, е 8-нэ классым иджыри щIэсу урысыбзэкIэ усэ тхын щIэзыдзар, сымыцIыхущэми, а пщыхьэщхьэм си гум дыхьат. ЗанщIэу къызгурыIуат, зэман дэкIмэ, а адыгэ пщащэр урыс усыгъэм и вагъуэщIэу къызэрылыдынур. ЗыхэсщIат абы и адэжь лъахэр - Европэм щынэхъ лъагэ Iуащхьэмахуэр, ауз, гуэл, псыежэх хьэлэмэтхэр зиIэр - фIыуэ зэрилъагъури. Илъагъу къудейм къыщымынэу ар игъащIэ псокIи и IэдакъэщIэкIхэм щиIэтынут. Сегупсысат хъыджэбзым зыкIи къемыхьэлъэкIыу цIыху куэд къызэкIуалIэ зэхуэсхэм я режиссеруи сценаристуи зэрылэжьэфынум, апхуэдэ IуэхухэмкIэ сэбэп къызэрытхуэхъуфынум. «Иннэ, театрымкIэ институт гуэрым режиссер IэщIагъэм ущыхуемыджауэ пIэрэ?» - сеупщIащ. «Хьэуэ. Сыт абыц ущIыщIэупщIэр?» - зыкIэлъигъэпIащIэу жэуап къетыж. «Ди министерствэм иригъэкIуэкI зэхыхьэхэм я нэхъыбэм усыгъэ хэмыту, фIыуэ зэхэгъэува сценарийкIэ мыухуауэ хъуркъым. Ди лъахэ цIыкIум щIэх-щIэхыурэ дикIыурэ Къэбэрдей-Балъкъэрым и литературэмрэ гъуазджэмрэ я махуэхэр нэгъуэщI республикэхэм, крайхэм, областхэм щыдогъэкIуэкI. КъызэрысщыхъумкIэ, уэ сэбэпышхуэ укъытхуэхъуфынут. Утегушхуамэ, апхуэдэ зэхыхьэхэм деж укъедгъэблэгъэнут, Iуэхур къызэгъэпэщыныр, егъэкIуэкIыныр уи IэмыщIэ илъыну». Зи гугъу сщIыр хъыджэбзым гуапэ дыдэ щыхъуащ: «СэркIэ ар пщIэшхуэщ. Къэбэрдей-Балъкъэрым папщIэ лэжьыгъэ гуэр зэфIэсхыныр си дежкIэ хъуэпсапIэщ», - жеIэ Иннэ.

Мазищ дэкIауэ, Осетие Ищхъэрэм дыкIуэным тхьэмахуэ иIэу (Къэбэрдей-Балъкъэрым и литературэмрэ гъуазджэмрэ я махуэхэр щекIуэкIынут) Иннэ деж сопсалъэ. Ар хъыбарым щыгуфIыкIащ икIи пIалъэ къыхимыгъэкIыу къызэрыкIуэр жиIащ.

Иннэ и псалъэм епцIыжакъым. Минводы аэропортым къыщедгъэблэгъэжащ. КъыкIэлъыкIуэ махуэм икIэщIыпIэкIэ и лэжьыгъэм иужь ихьащ. УзэрыщыгуфIыкIынти, абы пшыхьым хуигъэхьэзыра сценарийм арэзы укъэзымыщI зыри хэттэкъым. Осетием гуапэу къыщытIущIащ. Иннэ и лэжьыгъэр дагъуэншэу къехъулIат. Осетием дыкъикIыжа нэужь, и адэр къыщалъхуа къуажэм, Къармэхьэблэ, Иннэ тшащ, и Iыхьлыхэм ябгъэдэсри, етIуанэ махуэм Москва едгъэжьэжащ (ищIа лэжьыгъэм пэкIуэ уасэри тIихатэкъым).

Илъэсхэр кIуэрт, щIыналъэхэм ди зэныбжьэгъугъэр едгъэфIакIуэу зыр адрейм деж деблагъэрт. Къэшэж Иннэ ди гъусэу щыIащ Дон Iуфэ Iус Ростов, Винницэ, Мейкъуапэ, Мэхъэчкъалэ, Грознэ, Липецк, Черкесск, нэгъуэщI къалэхэми.

Ди лъэпкъыр ирипагэ хъунущ усэ купщIафIэхэр абы къыхуэзыгъэна и пхъум, и щIыналъэм пэжыжьэу псэуами, абы нэхъ хэкупсэ уигъэлъыхъуэнт. Улъыхъуэми гъуэтыгъуей хъунущ Кавказым Иннэ хуиусахэр зигу иримыхьын.

1961 гъэм, илъэс 17-м иту, Иннэ итхауэ щытащ «Возьми меня в Балкарию!» усэр. Куэд дэмыкIыу ар композитор цIэрыIуэ Къашыргъэ Билал и фIыгъэкIэ, Къэбэрдей-Балъкъэрым нэхъ щыцIэрыIуэ уэрэдхэм яхэхуащ…

Къэшэжыр ирипагэрт усакIуэ-тхакIуэ Iэзэхэу ЩоджэнцIыкIу Алий, КIыщокъуэ Алим, Кулиев Къайсын, Зумакуловэ Танзиля, ЩоджэнцIыкIу Iэдэм, Балъкъэр Фоусэт, Бицу Анатолэ, Ацкъан Руслан, Гуртуев Сэлихь, Къэрмокъуэ Мухьэмэд сымэ хуэдэхэр, нэгъуэщI куэди Къэбэрдей-Балъкъэрым къызэрыхэкIам. Лъэпкъхэм я литературэр зэфIэзыгъэувахэм я IэдакъэщIэкIхэр Иннэ урысыбзэкIэ зэридзэкIыурэ союзпсо утыкум ирихьауэ щытащ.

И усэ къеджэкIэр-щэ? Сэ слъэгъуат абы Литераторхэм я унэ нэхъыщхьэм зыкъызэрыщигъэлъагъуэр: ар зы телъыджэ гуэрт. Дэтхэнэ усэ сатырри псалъэри абы и псэм пхигъэкIырт. Иннэ и усэхэмкIэ совет композитор цIэрыIуэ куэдым уэрэдхэр ятхащ. Абыхэм щыщу я цIэ къиIуапхъэщ Фельцман Оскар, Френкель Ян, Островский Александр сымэ. Уэрэдхэр ягъэзэщIащ Зыкинэ Людмилэ, Кобзон Иосиф, Тут Заур, Магомаев Муслим, Ротару Софие, Кристалинская Майе, Лещенкэ Лев, нэгъуэщI куэдми.

Къэшэжым зэман къигъуэтт жылагъуэ Iуэхухэми хэтыну. И щIалэгъуэм щыгъуэ ар хагъэхьащ ВЛКСМ-м и Москва къалэ комитетым, апхуэдэуи литературно-художественнэ журнал зыбжанэм я редколлегием хэтащ.

Иннэ и «На розовом коне» усэ тхылъым зэгуэр къысхутритхауэ щытащ: «Ди нэхъыжь лъапIэ Джылахъстэн Къасым и къуэм хузогъэхь, ар мыхъуамэ мы гъащIэм гуапагъэр щытепщэнтэкъым (I987 гъэ, гъатхэпэм и 23. Москва)».

Къэшэж Иннэ и IэдакъэщIэкIхэм щыщу Бицу Анатолэ зэридзэкIауэ зы усэ къыдохь:

Лэкъум сигу къохьэ, адыгэ лэкъум,

Зэгуэр сянэшхуэм схуищIу щытам ещхьу.

ЩIым ерыскъыуэ щапщэфI псоми я щхьэу

КъысфIощIри -

СшхынкIэ ар сримыкъун!

 

Лэкъум сигу къохьэ, хъурей дахэу щIауэ,

Плъыжьыбзэу жьауэ нартыху лэкъум IэфI.

ИIыгъыу ар сянэшхуэр къыспежьауэ

Си сабиигъуэм сепщIыхьын сэ сфIэфIщ.

 

Си сабиигъуэу сэхуран дагъэмэ,

Жьэгу Iугъуэ гуакIуэм и мэ къызыпих,

Сыт хъунт зы махуэ узиIэжыгъамэ,

АрщхьэкIэ сыноджакIэ -

Зэхыумых!

 

Псы хуэлIэу гъуэгурыкIуэ итым къум,

Хуэдабзэу нобэ лэкъум IэфI сигу къохьэ.

Ауэ сянэшхуэм мэсеиж и кхъащхьэр,

Си анэм ар щиIуэхукъым ди къалащхьэм,

Сэращи -

Сэ схуэпщэфIыркъым лэкъум.

БАГЪЭТЫР Луизэ.
Поделиться:

Читать также: