Анэ Iущ

Ислъам щэнхабзэм щыкуэдщ адэ-анэ Iущхэмрэ абыхэм къащIэхъуа быныфIхэмрэ зэIэпаха тхыгъэхэр. Апхуэдэхэм я щапхъэщ Iэн-Нэдэуий Алий Хьэсэн, Лакнау (Индие) къалэм дэт еджапIэм щыщIэсам, и анэм къыхуитхауэ щытахэр.

Си псэм хуэдэ си къуэ Алий! Ди духьэхэр ныпкIэлъокIуэ, иджыри къэс уи зы тхыгъэ къытIэрыхьакъым. ЗэрыхъукIэ нэхъ псынщIэу уи Iуэху зыIутыр къыджеIэ.

Сэ сыт щыгъуи сыщыгугъырт инджылыз щIэныгъэм удимыхьэхыну, ауэ сызэримыгугъауэ, а лъэныкъуэмкIэ уежьащ. Аращи, иджы нэхъыбэжу гугъу зебгъэхьын хуейщ, ари зэбгъэхъулIэн папщIэ. Алыхьым и къарукIэ, узэлIалIэ псоми яфI къокIынщ, истихъарэ щыпщIакIэ.

Алий, дунейм щекIуэкIхэм сагъэшынэ. Ислъамым щIапIыкIар нэгъунэ и фIэщхъуныгъэкIэ тIасхъэщ нобэ, дауэ къэнэжын дунеягъэ щIэныгъэ зэзыгъэгъуэтхэр? ЦIыхухэм къазэрыщыхъумкIэ, къэрал щIэныгъэ уиIэмэ, увыпIэ гуэр бгъуэтыну гугъэ щыIэщ, депутат, хеящIэ е уэчыл ухъуфынущ. Апхуэдэ увыпIэ хэти зыIэригъэхьэфынущ. Къэлъыхъуэн хуейр куэдым ябгъэдэмылъ кууагъщ. ЩIэныгъэхэм я нэхъыфIыр нэхэм нэпс къытезыгъэлъадэ, тхьэкIумэри гури зыщIэхъуэпсырщ. Апхуэдэ щIэныгъэщ къэлъыхъуэн хуейр, ар зыхэзыщIэр мащIэщ.

Алий! Сабиищэ сиIауэ щытми, псоми яхуэсщIынур а зы ущиерт. Ауэ къысхуэнар уэ зыращ. Алыхьым солъэIу сабиищэ сиIамэ, згъуэтынкIи хъуну щыта псапэр уэ закъуэм и деж къыщызлэжьыну. Алыхьым и нэфI къыпщыхуи, сэри цIыхухэм пщIэ зыхуащIын бын къызыщIэхъуа анэхэм ящыщ сищI.

Ди жагъуэ зэрыхъущи, зэман гугъум дыщопсэу, Алий! Хуэсакъ, зыми зыкъыумыгъэгъапцIэ! Алыхьталэр къэпцIыхуну, Ар арэзы къыпхуэхъуну, сэри быныфI зыгъэса анэм и пщIэр къысIэрыбгъэхьэжыну ухуеймэ, ириплъэ я гъащIэ псор дин щIэныгъэ къалъыхъуэу псэуахэм я гъуэгум. Дауэ ар абыхэм зэрызрагъэхъулIар? Я гъащIэми я лIэкIэми уехъуапсэу апхуэдэщ ахэр. Алыхьым цIыху пэжхэм я увыпIэр къыплъигъэс, уи Iиманыр быдэ ищI. А зырщ сэри хъуэпсапIэу сиIэр.

ЧЭРИМ Марианнэ.
Поделиться: