ЩIэныгъэлIыр ягу къагъэкIыжУрысей лъэпкъ библиотекэм иубыд ухуэныгъэм хиубыдэу, Мэзкуу иджыблагъэ къыщызэIуахащ КъурIэн лъапIэр хьэрыпыбзэм кърихыу япэу зэзыдзэкIа академик Крачковский Игнатий и фэеплъ пэш. КъуэкIыпIэ щэнхабзэр зыджа академик, хьэрып, ислъам щIэныгъэм и урыс тхыдэм и лъабжьэр зыгъэтIылъа Крачковский Игнатий и цIэр зэхэзымыха муслъымэн гъуэтыгъуейщ. СССР-м щызекIуэу щыта КъурIэным и урысыбзэ зэдзэкIыгъэр гъуэтыгъуей дыдэу, ауэ щыхъукIэ диным и тегъэщIапIэ нэхъыщхьэр къызэрацIыхун нэгъуэщI Iэмал щымыIэххэу илъэсипщI зыбжанэхэр екIуэкIащ. ЩIэныгъэлIым ислъамым и пщIэр игъуэтыжыным хэлъхьэныгъэу хуищIам тепсэлъыхьащ УФ-м и Муслъымэнхэм я IуэхущIапIэм и унафэщI Гайнутдин Равиль: «Крачковский Игнатий ислъам щэнхабзэми муслъымэн цIыхубэм я дежкIи мыхьэнэшхуэ зиIэ цIыхущ, сыту жыпIэмэ аращ зи IэдакъэщIэкIыр ди къэралым къыщыдэкIа тхылъ лъапIэм и япэ академическэ зэдзэкIыгъэр. Атеизмэм зыщиубгъуа лъэхъэнэ гугъум Прибалтикэм щегъэжьауэ КъуэкIыпIэ Жыжьэм нэс щыпсэу муслъымэн цIыхубэм абы игъэхьэзыра КъурIэным и урысыбзэ къыдэкIыгъуэм нэхърэ нэхъыфI яIакъым, я диныр зрагъэцIыхун папщIэ». Крачковскэм и фэеплъ пэшыр къызэIухынымкIэ гупыж зыщIар УФ-м и Муслъымэнхэм я IуэхущIапIэрщ, Ислъам щэнхабзэмрэ тхыдэмрэ зыщIэгъэкъуэнымкIэ фондыр я дэIэпыкъуэгъуу. Урысейм и лъэпкъ библиотекэм и унафэщI Цыпкин Денис гу лъитащ Крачковскэм и фэеплъ пэш къызэрызэIуахар ди къэралыр муслъымэн щIэиным нэгъуэщIу хущыту зэрыщIидзам зэрищыхьэтым. «Ар ислъам щIэныгъэм зиубгъунымкIи, къуэкIыпIэм тхылъыр фIыуэ щалъагъуу зэрыщытар цIыхухэм къегъэщIэжынымкIи лъэбакъуэщIэщ», - жиIащ Цыпкиным, Крачковскэм щIэныгъэм хуищIа хэлъхьэныгъэхэм щытепсэлъыхьым.
Поделиться:
Читать также:
27.11.2026 - 12:41 →
Адыгэ дэшхуейхэм я щIэин
24.11.2026 - 14:30 →
Зыужьыныгъэр я плъапIэу
20.11.2026 - 14:26 →
ПсэукIэм зрагъэужьырт
19.11.2026 - 16:38 →
КъуажитI - зы тхыдэ
09.11.2026 - 17:44 →
ЩыIащ апхуэдэ хабзи
| ||




