Хъуэрыбзэхэр щызэпадзыжу щытарАдыгэхэм щIалэгъуалэр зэи дэкъузауэ яIыгъакъым, ауэ хуагъасэрт емыкIу ямылэжьыным, лей зэрамыхьэным. ЩIалэхэмрэ хъыджэбзхэмрэ хуиту щызэрыцIыхурт икIи щызэдэгушыIэрт хьэгъуэлIыгъуэхэм, гуфIэгъуэхэм, тхьэлъэIухэм. ИкIи гухэлъ щызэхуащIкIэ, а гурыщIэр зэрызэхуаIуатэм щхьэхуэныгъэ хэлът, хъуэрыбзэрэ щIагъыбзэкIэ а тIур зэпсалъэрт. Хъыджэбзыр и гукъыдэж къудейкIэ хьэгъуэлIыгъуэм е гуфIэгъуэ Iуэхугъуэм хэтыну кIуэну къезэгъыртэкъым. Ар гуфIэгъуэр зиIэ унагъуэм я нэхъыжьхэм я цIэкIэ ирагъэблэгъэн хуейт. Абы щыгъуэми, хъыджэбзым и щхьэ пщIэ хуищIыжу щытмэ, езым и закъуэ тридзэу кIуэнри къекIуртэкъым. И дэлъху е дзыхь зыхуищI щIалэ, е гуфIэгъуэ зиIэм ящыщ къакIуэу яшэн хуейуэ арат хабзэр. И адэ-анэм хуит зыкъригъэщIу зэрашам ещхьыркъабзэу, къашэжу къратыжын хуейт. - Сыномыпсэлъэну сыбзагуэкъым, - Псыр зэгуэжу яку сыкъыдэкIакъым - - «Сыпщщ» жыпIэу, зыкъыпфIэмыщIыж, - УIуэрбжэрылэу хэт ищIэнт,
Поделиться:
Читать также:
06.03.2026 - 10:43 →
ЩIалэгъуалэр зэщIагъэуIэ
04.03.2026 - 14:23 →
Ди зэпыщIэныгъэхэр ягъэбыдэ
03.03.2026 - 13:16 →
ЩIалэгъуалэм я зэхэщIыкIыр къаIэт
02.03.2026 - 15:43 →
Япэ увыпIэхэр къыхуагъэфэщащ
02.03.2026 - 13:11 →
Кавказ тажым хэс налмэс лъапIэ
| ||




