И щIыналъэр цIыкIутэкъым

                 Темрыкъуэ и зэманми нэхъ иужьыIуэкIи Къэбэрдейм и гъунапкъэхэм жыжьэ зыщаукъуэдияуэ щытащ. Абы щыхьэт тохъуэ пасэрей картэхэр. Къэбэрдеймрэ Шэрджэсымрэ я щIы кIапэр зэтехьэу зэрыщытам зыми шэч къытрихьэркъым, нэхъ зэIумыбзыр Къэбэрдейм и къуэкIыпIэ гъунапкъэхэрщ. XVI - XVIII лIэщIыгъуэхэм зэхалъхьа картэхэмрэ европей авторхэм къызэранэкIа тхыгъэхэмрэ къызэрагъэлъагъуэмкIэ, Къэбэрдейм и къуэкIыпIэ гъунапкъэр Хъэзэр (Каспий) тенджызым еуалIэу щытащ – Тэрч псыр тенджызым щыхэхуэм деж тетащ къэбэрдеипщхэм я лъэIукIэ урысхэм яухуауэ щыта Тэрч къалэр, абы дэсащ Урысейм къулыкъу хуэзыщIэ адыгэпщхэр; къалэм и хъуреягъкIэ щысащ адыгэ къуажэ зыбжанэ.

         1636 гъэм Тэрч къалэ къэкIуауэ щыта нэмыцэ щIэныгъэлI Олеарий Адам итхыгъащ къэбэрдейхэм я щIыналъэр Хъэзэр тенджызым зэреуалIэр. Ар дыдэм щыхьэт тохъуэ Броневский Мартин, XVIII лIэщIыгъуэм и 20 - 30 гъэхэм Шэрджэсым щыIа Лука Джованни сымэ, нэгъуэщIхэри. 1664 гъэм Урысейм къэкIуауэ щыта зыплъыхьакIуэм, Витсен Николай, зэритхамкIэ, «шэрджэсхэм я хэкур Каспий тенджызым нос, ищхъэрэкIэ астрэхъан нэгъуейхэр я гъунэгъущ, ипщэкIэ дагъыстанхэмрэ тэтэрхэмрэ (къумыкъухэмрэ) къыщысщ, къухьэпIэмкIэ – абазэхэмрэ (абхъазхэмрэ) мингрел (куржы) лъэпкъхэмрэ».

          Кемпфер Энгельберт XVIII лIэщIыгъуэм и 80 гъэхэм итхащ: «Шэрджэсыр Азием щыщуи Европэм хыхьэуи къэзылъытэ щыIэщ. КъуэкIыпIэмкIэ ар Хъэзэр тенджызым йоуалIэ». Главани Ксаверио зэритхамкIэ, «Шэрджэсыр зы лъэныкъуэкIэ къалмыкъхэм я щIыналъэм нос, нэгъуэщI лъэныкъуэкIэ – Каспий тенджызым; абы и Iуфэм Iутщ урысхэм яухуа Тэрч къалэр» (зи гугъу ищIыр Урысейм хуэлажьэ къэбэрдей дзэпщхэр зыдэса къалэрщ).

         Европей авторхэм я тхыгъэхэм шэч къытезыхьэ щIэныгъэлIхэри щыIэщ. Абыхэм зэратхымкIэ, Къэбэрдейм и къуэкIыпIэ гъунапкъэр Сунжэ фIэкIыу щытакъым (ар Тэрч щыхэхуэм нэс). АбыкIэ тегъэщIапIэ ящIыр гурыIуэгъуэкъым. Пэжщ, XVIII лIэщIыгъуэм и кIэхэм Къэбэрдейм и къуэкIыпIэ гъунапкъэр Сунжэ къэсыжауэ щытащ, арагъэнущ щIэныгъэлI гуэрхэм европей авторхэм къызэранэкIа тхыгъэхэм шэч къыщIытрахьэр.

Каспий тенджыз Iуфэмрэ Сунжэ псымрэ яку дэлъ щIыналъэр ИдарейкIэ зэджэ пщыгъуэ лъэрызехьэм IэщIэлъащ, идарейхэращ Темрыкъуэ и зэманым Къэбэрдеймрэ Урысеймрэ гъунэгъу зэхуэзыщIар. Идарейхэм (Темрыкъуэ къызыхэкIа пщы лъэпкъым) я фIыгъэкIэ Урысейм благъэ хуэхъуауэ щытащ, къэбэрдейм нэмыщI, абыхэм я IупэфIэгъу е я жьауэм щIэт пщыгъуэхэри. Тыркум, Къэжэрым, кърым хъанхэм щихъумэн папщIэщ Темрыкъуэ Къэбэрдейр Урысейм щIыгуигъэхьар. Пщышхуэм и лъэIукIэ Сунжэ Тэрч псым щыхэхуэм деж урысхэм къалэ-быдапIэ щаухуауэ щытащ. Абдеж къалэ (быдапIэ) зэрыщаухуари щыхьэт тохъуэ Къэбэрдейм и къуэкIыпIэ гъунапкъэхэм жыжьэ зыщаукъуэдийуэ зэрыщытам – Тэрч къалэр зращIыхьар Темрыкъуэ щытепщэ Къэбэрдейрщ (Идарейрщ).

         Къэбэрдейм и ищхъэрэ гъунапкъэхэр здынэсу щытар нэхъ гъэбелджылыгъуафIэщ. Мэздэгу быдапIэр яухуа нэужь (1763 гъэм), Къэбэрдейм къуэкIыпIэмкIэ щиIэ щIым и нэхъыбапIэр фIэкIуэдащ. Къэбэрдеипщхэм 1765 гъэм Мэзкуу ятхауэ щытащ: «КъэбэрдеищIыр Гум псым нос – ар ищхъэрэкIэ. КъуэкIыпIэмкIэ Мэздэгу вёрст хыщI хуэдизкIэ фIокI». Джылахъстэнеипщхэм – Талъостэнхэ, Мудархэ, Алъхъуохэ – я щIыр Тэрч и ижьырабгъумкIэ Сунжэ нэсырт абы щыгъуэ, нэгъуэщIу жыпIэмэ, Къэбэрдейм фIэкIуэдакIэт Сунжэ псымрэ Каспий тенджызымрэ яку дэлъ щIыр.

         Къэбэрдеипщхэм акъылэгъу ядохъу мэздэгу къулыкъу щызыщIа ротмистр Шелков Александр. Абы Хамэ къэрал IуэхухэмкIэ коллегием 1768 гъэм итхыгъащ Гум псым и ижьырабгъури, и сэмэгурабгъури къэбэрдейхэм зэраIэщIэлъыр. Ар дыдэм щыхьэт тохъуэ а зэманым зэхалъхьа картэхэри европей авторхэри. Кавказ Ищхъэрэм 1807, 1808 гъэхэм щыIа Клапрот Генрих-Юлиус итхыгъащ: «Шэрджэсхэм ищхъэрэкIэ нэхъ зыщаубгъуауэ щытащ нэхъапэм, я хъупIэхэр Гум псым и Iуфэм нэсу; ахэр а псым ГумыжькIэ йоджэ». Клапрот зэритхымкIэ, къэбэрдейхэм Гум псым и гъунэгъу гуэл шыугъэхэр яIэщIэлъащ, абыхэм шыгъу къыхахыу.

         Къэбэрдейм и ищхъэрэ гъунапкъэр XVI лIэщIыгъуэм Гум псыми фIэкIауэ зэрыщытам щыхьэт техъуэр мащIэкъым. Астрэхъан яубыдын мурадкIэ зэуакIуэ къежьауэ щыта кърым-тыркудзэр, зылъежьар къемыхъулIауэ къыщикIуэтыжым, «Къэбэрдей гъуэгумкIэ къагъэзэжащ… Тырку куэд шхын щхьэкIэ щызэтелIащ къумым, шэрджэсхэм (къэбэрдейхэм) зэтраукIащ, гъэр ящIащ, шы куэди фIаубыдащ» – аращ урыс тхыдэр щыхьэт зытехъуэр. Тыркухэмрэ тырку хъаным и дзэмрэ абы щыгъуэ япэувари зэтезыкъутари Тэрч къалэ дэса къэбэрдей дзэпщ цIэрыIуэ Сэнджэлейщ. Абы и уэрэдыр къэсащ ди зэманым. «Сэнджэлеишхуэурэ дзэшхуэр зезышэ» – апхуэдэущ ар уэрэдым къызэрыхэщыр.

         Нэгумэ Шорэ «Адыгэ лъэпкъым и тхыдэм» зэрыщитхымкIэ, къэбэрдейхэм «Сотей зэхудипIалъэщ» псэлъафэр абы лъандэрэ къахуэнащ: къытевгъазэмэ, Сотей зэхудипIалъэщ, абы фидукIыхьынщ дяпэкIи, жыхуиIэщ. Тэнрэ (Дон) Псыжьрэ  (Кубань) яку дэлъ губгъуэм (къумым) адыгэхэр СотейкIэ йоджэ, ар Гум-Маныч щIыIэпсым хеубыдэ. «Къэбэрдей гъуэгукIэ» зэджэр а щIыIэпсым и ищхъэрэ лъэныкъуэмкIэ, нэхъ белджылыуэ жыпIэмэ, къум псыншэм кIуэцIрыкIыу щытащ. ЩIэупщIапхъэщ: Астрэхъан урысыдзэм къыщыщIагъэIа тыркухэмрэ кърымтэтэрхэмрэ къумпсыншэм кIуэцIрыкI «Къэбэрдей гъуэгумкIэ» щхьэ къагъэзэжа? Гум псым и къаблэ лъэныкъуэм псыи хъуни щагъуэтынут абыхэм, ауэ абыкIэ къагъэзакъым. Щхьэусыгъуэр гурыIуэгъуэщ: Темрыкъуэ и зэман лъандэрэ Тэрчрэ Гумрэ (уеблэмэ а псым фIэкIыжу) яку дэлъа щIым щытепщар Урысейм еувэлIа къэбэрдеипщхэрт, урысхэмрэ къэбэрдейхэмрэ щытепщэ щIым къихьэн иракуакъым Астрэхъан къыщыщIагъэIа зэрыпхъуакIуэхэм.

         Къартул Хьисэ.

Поделиться:

Читать также: