Лъэпкъым хуищIар уасэншэщ

Дыгъэгъазэм и 10-м Шэрэдж районым и Зэрэгъыж къуажэм къыщалъхуат дуней псом цIэрыIуэ щыхъуну Темыркъан Юрэ. Абы макъамэм зыхуигъэсэн щIидзащ илъэси 9-м иту. 1953 – 1957 гъэхэм щеджащ Римский-Корсаков и цIэр зезыхьэ Ленинград консерваторэм епхауэ курыт щIэныгъэ щрат музыкэ школым, иужькIэ еджапIэ нэхъыщхьэм и «альта» классыр къиухащ 1962 гъэм, дирижёр факультетыр - 1968 гъэм.
 
1976 гъэм къыщыщIэдзауэ 1988 гъэ пщIондэ Ленинград и Кировскэ театрым ар и дирижёру лэжьащ, оперэ, балет дахэ куэд щигъэуващ гукъинэжу. 1988 гъэм щегъэжьауэ Темыркъаныр Санкт-Петербург филармонием и художественнэ унафэщIу икIи дирижёру щытщ, абы къыдэкIуэу Лондон пащтыхь оркестрымрэ Дрезден филармониемрэ ирагъэблагъэри ядолажьэ. 
 СССР-м и цIыхубэ артист, «Хэкум и пащхьэ щиIэ фIыщIэм папщIэ» орденым и дамыгъиплIри зыхуагъэфэща дирижер цIэрыIуэм и гуащIэм къыпэкIуэу, зэпымыууэ гулъытэ къыщыхуащIащ нэгъуэщI къэралхэми: ар «Щэнхабзэм щиIэ фIыщIэм папщIэ» орденым и кавалерщ (Румыние, 2009 гъэ), Италием и Вагъуэ орденым и командорщ (2012 гъэ), КъуэкIыпIэ орденым и ещанэ нагъыщэр (Японие, 2015 гъэ), нэгъуэщIхэри иIэщ. Апхуэдэуи 1975 гъэм совет астроном Черных Людмилэ къихутауэ щыта астероидым Темыркъан (6432) фIащауэ щытащ 1998 гъэм шыщхьэуIум и 8-м. 
КъБР-м и Правительствэм и УнафэщIым и къуэдзэу щыта Фырэ Руслан дирижёр цIэрыIуэм теухуауэ мыпхуэдэу жиIэгъат: «МащIэу сызыщытхъужынщи, сэри сыкъыщыхъуащ Темыркъан Юрэ и къуажэм. Псыежэх зимыIэ языныкъуэ жылэхэм хуэмыдэу, Зэрэгъыж щы иIэщ, и уэрам нэхъыщхьэр Лениным и проспектым нэхърэ метритIкIэ нэхъ бгъуэщ. Ар дэ дыщысабийм лъэбакъуэкIэ къэтпщу щытащ. Апхуэдэ къуажэ дахэм епхащ Юрэ и къуэпсхэр. Ди къуэш нэхъыжьым и илъэс 75-р Санкт-Петербург щыщагъэлъэпIам, ди республикэм икIа цIыху гупым сэри сахэтат. ЗэрыжысIэжащи, абы щытлъэгъуар телъыджэт. Пщыхьэщхьэу, Юрэ и унэ дригъэблэгъауэ уэрамым дыздрикIуэм, куэд къыбгъэдыхьэрт и гъусэу сурэт зытрагъэхыну къелъэIуу. Юрэ зыри игъэщIэхъуртэкъым икIи пагагъ гуэри дэплъагъуртэкъым».
Темыркъан Юрэ и япэ автобиографие тхылъыр, «Юрий Темирканов. Монолог» зыфIищар, къыдигъэкIауэ щытащ журналист Хьэгуарэ Джамилэ. 
- Темыркъан Юрэ щIыналъитI цIэрыIуэ ищIащ. Ар - езыр къыщалъхуа Къэбэрдей-Балкъэрымрэ Санкт-Петербург къалэмрэщ. Абы и зэфIэкIыр Урысейм и мызакъуэу, дуней псом и хъугъуэфIыгъуэщи, уримыпагэнкIэ Iэмал иIэкъым, - жеIэ Джамилэ. - 2012 гъэм Юрэ и цIэкIэ Налшык щекIуэкIауэ щытащ симфоние макъамэмкIэ дунейпсо фестивалыр, къыкIэлъыкIуэ илъэсым ар теухуауэ щытащ дирижер цIэрыIуэм и ныбжьыр илъэс 75-рэ зэрырикъум. Абы щыгъуэм Лъэпкъ музейми дызэрыгушхуэн лэжьыгъэ зэфIигъэкIат, Темыркъаным и сурэт-гъэлъэгъуэныгъэр къызэригъэпэщри. «Монолог» тхылъыр щыхьэт техъуат дирижер IэщIагъэм къищынэмыщIауэ, Темыркъаныр гупсысакIуэу (философ) икIи цIыху жьэнахуэу зэрыщытым. Ар згъэхьэзырыну Темыркъан Юрэ дзыхь къызэрысхуищIауэ щытам сропагэ. Маэстрэм сыIущIэну, сепсэлъэну, иригъэкIуэкI пшыхьхэм сыхэтыну Iэмал сызэриIар си дежкIэ пщIэшхуэщ, сщымыгъупщэнухэм ящыщщ». 
УФ-м гъуазджэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ, композитор ХьэIупэ ДжэбрэIил: «Темыркъан Юрэ философ Iущт. Ар наIуэу къыхощ Хьэгуарэ Джамилэ и тхылъым. Абы дирижер цIэрыIуэм и гушыIи хэтщ, нэпсыр къезыгъакIуэ и гукъэкIыжхэри щымащIэкъым. ГъащIэм гуфIэгъуэри нэщхъеигъуэри чэзууэ зэрызэблихъум ещхьу, Темыркъанми и къекIуэкIыкIар абы къыщыгъэлъэгъуащ. Тхылъым Юрэ «къопсэлъыкI». Зэрэгъыж щыщ щIалэм Тхьэр къыхуэупсат зэчийкIэ, гуапагъэкIэ, цIыхум Хэкумрэ лъэпкъымрэ хуиIэн хуей лъагъуныгъэкIэ. ЖыхуэсIэхэр зыхэлъым, дауи, дуней псор зригъэдэIуэфынтэкъэ?! И благъэхэм яхуиIэ гуапагъэм зэрытепсэлъыхьар-щэ?! Тхылъым къыхощ Юрэ и къуэш нэхъыжьитIми яхуэгумащIэу, яхуэжумарту, зы щIакхъуэ Iыхьэр зэдагуэшыфу къызэрыхъуар. Абыи куэд къыбжеIэ. 
Дунейпсо Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ Сэхъурокъуэ Хьэутий: «Лъэпкъ цIыкIу щыIэкъым, щыIэр цIыху зи мащIэщ, жаIэ. Ар пэжщ, ауэ, ди жагъуэ зэрыхъунщи, дэри цIыху зи мащIэ лъэпкъхэм дыхеубыдэ. Апхуэдэу хъуами, дэ къытхэкIащ дуней псор зи зэфIэкIкIэ къэзыхьэхуа Темыркъан Юрэ хуэдэхэр. Ар зи Iуэхум фIыуэ хэзыщIыкI къудейтэкъым, атIэ хабзэшхуэ зыхэлът. И махуэшхуэр Санкт-Петербург щыщагъэлъэпIам, гу зылъыста зы Iуэху цIыкIу фыщызгъэгъуэзэнут: Путин Владимир ди цIыху пажэм къехъуэхъуну пэшым къыщыщIыхьам, псоми зэдэтIэтат бжьэр. Юрэ и закъуэт Iэгубжьэ зымыIыгъри, абы зы еупщIащ зыри щIимыIыгъымкIэ. ЖиIаращ: «Си къуэш нэхъыжьыр щысщ, сыхуиткъым». Юрэ и губзыгъагъэр, къуэш нэхъыжьым пщIэ зэрыхуищIыр абыкIэ нэрылъагъут. Темыркъаным а махуэм дуней псор къехъуэхъуат жыпIэмэ, дыщыуэну къыщIэкIынкъым. Америкэм щыщ зы композиторым къигъэхьа хъуэхъу тхыгъэм итрат: «Дыпхуозэш, утпэжыжьэми, фIыуэ удолъагъу, маэстрэ!».
КъБР-м цIыхухэм я хуитыныгъэр хъумэнымкIэ и уполномоченнэ Зумакулов Борис: «Темыркъан зэкъуэшхэм ди республикэми къэралми хуащIар зыхуэдэр къэплъытэмэ, ахэр къэзылъхуа Блинэ фэеплъ хуэбгъэув хъунущ. Зэкъуэшищым - Владимир, Борис, Юрэ - я зэхущытыкIэ екIур, зэрызэкъуэтыр сэркIэ щапхъэу къекIуэкIащ. Владимир сурэтыщI Iэзэт. Абы сыткIи дэплъеящ адрей тIур, пщIэ хуащIащ».
БАГЪЭТЫР Луизэ.
Поделиться: