УщамыцIыху ущылъапIэкъымРеспубликэм и тхыдэм уриплъэжмэ, цIыхубэм и гъащIэр фIыкIэ зыхъуэжа зэхъуэкIыныгъэ зыбжанэ ягу къагъэкIыж дызэрыт илъэсым. Къуажэ щхьэхуэхэр зэрызэгуэкIари апхуэдэ щапхъэхэм язщ. Апхуэдэ махуэшхуэ мы махуэхэм игъэлъэпIащ Аруан районым хиубыдэ Псыкуэд къуажэм. ГуфIэгъуэ дауэдапщэхэм хэтащ Аруан районым и администрацэм и унафэщI къалэнхэр зыгъэзащIэ ЛIыжьыкъуэ Хьэзрит, абы и къуэдзэ КъарэцIыкIу Мухьэмэд, районым ит къуажэхэм я администрацэхэм я унафэщIхэр, Псыкуэд дэс нэхъыжьыфIхэр, езы къуажэр илъэсищэ ипэкIэ къызыгуэкIа Анзорейм къикIа лIыкIуэхэр. Къуажэдэсхэм хъуэхъу псалъэкIэ защыхуигъазэм, ЛIыжьыкъуэ Хьэзрит къыхигъэщащ псыкуэддэсхэр игъащIэми лъэпкъ зэмылIэужьыгъуэхэм къахэкIа цIыхухэр фIыуэ щызэгурыIуэ, лэжьыгъэм пщIэ щыхуащI, хабзэ дахэ зыдэлъ къуажэу зэрыщытыр. «Дэ дрогушхуэ мэкъумэшым, щIэныгъэм, щэнхабзэм хэлъхьэныгъэшхуэ хуэзыщIа ди хэкуэгъухэу мы къуажэм къыдэкIахэм», - жиIащ районым и унафэщIым икIи къуажэдэсхэм я Iуэху дяпэкIи ефIакIуэу псэуну ехъуэхъуащ. Мы махуэшхуэм ирихьэлIэу цIыху нэхъыбэкIэ цIэрыIуэ, ныбжьиплI-тху къызэзынэкIа унэцIэ щхьэхуэхэм яхухэха «лъэпкъ пщIантIэхэр» ягъэхьэзырат: Аунусхэ, Джаурджийхэ, УнащIэхэ, Сосмакъхэ, Къуэшийхэ, Якуэкъутхэ, Щоджэнхэ. ХьэщIэхэмрэ махуэшхуэм кърихьэлIахэмрэ я пащхьэм кърагъэуват пасэрей хьэпшыпхэмрэ лъэпкъ шхыныгъуэхэмрэ, дэтхэнэ зыри еплъыну, хэIэбэну хуиту. Концертышхуэ игъэхьэзыращ Аруан районым и Уардэунэми. Абы хэтащ республикэм фIыуэ щацIыху артистхэмрэ творческэ гупхэмрэ. ЩIалэгъуалэр жыджэру кхъуейплъыжькIэрыщIэм хэтащ. Апхуэдэ дауэдапщэр хэхъуэ зиIэ унагъуэхэм е мыпхуэдэ махуэшхуэхэм ирырагъэхьэлIэ хабзэщ. Дагъэ зыщIэзыфа кIапсэмкIэ дэпщейуэрэ, ныбжьыщIэхэм пкъом ирикIуэу кIэрыщIа хьэпшыпхэр къыфIахыфын хуейщ. Дауи, псоми ятекIуар ищхьэ дыдэм нэсу кхъуей плъыжьым зэ едзэкъэфахэрщ. Абы иужькIэщ пкъом фIэщIа хьэпшыпыр къыфIэпхыну ущыхуитри цIыхухэм я Iэгуауэр къыщыптракъутэри. ЦIыхубэм игу дыхьащ зэхаубла спорт зэхьэзэхуэхэри. Футболыр фIыуэ зылъагъухэм я зэпэщIэтыкIэр, кIапсэ гъумыр зэпэзыубыда гупитIыр – куэд ялъэгъуащ мы махуэ дахэм Псыкуэд и хьэщIэхэмрэ къуажэдэсхэмрэ. Зэпеуэхэм къыхэжаныкIа дэтхэнэ зыми къуажэ администрацэм къыбгъэдэкIыу саугъэт лъапIэхэр иратащ. Апхуэдэу зэрыкъуажэу щызэхэплъэжа махуэшхуэ дахэ хъуащ Псыкуэдым и япэ илъэсищэр. ДяпэкIэ къыкIэлъыкIуэнухэри нэхъыфIыж хъуну ди гуапэщ.
Поделиться:
Читать также:
27.11.2026 - 12:41 →
Адыгэ дэшхуейхэм я щIэин
24.11.2026 - 14:30 →
Зыужьыныгъэр я плъапIэу
20.11.2026 - 14:26 →
ПсэукIэм зрагъэужьырт
19.11.2026 - 16:38 →
КъуажитI - зы тхыдэ
09.11.2026 - 17:44 →
ЩыIащ апхуэдэ хабзи
| ||




