НэхущвагъуэЛъэпкъым и тхакIуэ нэхъыфIхэм ящыщщ Шортэн Аскэрбий. Абы и къалэмыпэм къыщIэкIа тхыгъэхэр хабжэ адыгэ литературэр зыгъэбеяхэм. Бзэ шэрыуэкIэ, купщIафIэкIэ тхащ и IэдакъэщIэкIхэр, дунейм щекIуэкI Iуэхугъуэ зэхуэмыдэхэр и лъабжьэщ. Абы и зэфIэкIым тхыгъэ гъэщIэгъуэн триухуауэ щытащ Къагъырмэс Борис.
«ТхакIуэ IэщIагъэм щыгъуазэм зэи жиIэфынукъым ар IэнатIэ тыншу. Тынш дэнэ къэна, абы нэхърэ нэхъ лэжьыгъэ гугъуу щыIэр, дауи, мащIэ дыдэщ. Махуэ псом псыхъуэм мывэ къыдэпхамэ, уошхэ, зыбогъэпсэхужри, гугъу узэрехьар пщогъупщэж.
Апхуэдэкъым тхакIуэм и лэжьыгъэр. Ар хуей-хуэмейми, сытым щыгъуи мэлажьэ. Мэлажьэ и щхьэр, и гупсысэр. ИIэкъым абы зыгъэпсэхугъуи теугъуи. Уеблэмэ, санаторэ кIуэуэ щыIэми, зэпыуркъым абы и лэжьыгъэр, хэбгъэзыхьмэ, нэхъыбэххэу щылажьэр абы щыгъуэщ. Жейми, ар зэпщIыхьыр игури и псэри зыIыгъ Iуэхурщ. КIэщIу жыпIэмэ, сытым щыгъуи дэгъэзеигъуэщ тхакIуэм и гъуэгур. Ауэ а дэгъэзеигъуэращ абы и гъащIэр, и насыпыр. А гъуэгур тынш хъуамэ, езыри абыкIэ арэзымэ, пIейтеиныр иухамэ, тхакIуэр тхьэмыщкIагъэм хэхуауэ аращ: абы иужькIэ сыт хуэдизрэ ар тхэжами, и къалэмыпэм къыщIэкIынур тхыгъэ мышыущ, гури псэри зымыгъэнщIыфу, щIэуэ зыри къыбжимыIэфу, къеджэм зыри иримыту, и зэманыр фIигъэкIуэд мыхъумэ. Мис аращ зыщышынэр тхакIуэр. Ауэ ущышынэ къудейкIэ Iуэхур зэфIэкIыркъым. Уи къару, щIэныгъэ, Iэзагъэ псори абы епхьэлIэу упсэун хуейщ.
КъызэрысфIэщIымкIэ, апхуэдэу псэуащ Шортэн Аскэрбий. ИкъукIэ лэжьакIуэшхуэу щытащ ар. Аскэрбий хузэфIэкIащ цIыхуитI-цIыхуищ лэжьыгъэ игъэзэщIэн. АбыкIи Шортэныр ди хабзэм, литературэм къыхощ, адрей вагъуэхэм нэхущвагъуэр къазэрыхэщым хуэдэу.
Шортэным «цIыхубэ тхакIуэ» цIэр ди лIыщхьэхэм ирамыпэсами, сэ къызолъытэ ар Аскэрбий хуэфащэу. Ауэ Шортэным и пщIэри, и щхьэри абы щхьэкIэ нэхъ лъахъшэ хъуакъым. Псэущ икIи псэунущ абы и цIэр, адыгэр щыIэху, лъэпкъыр щэнхабзэ хуеиху. Апхуэдэщ тхакIуэ нэсым и ухыгъэр, абы и натIэм къритхар. Зэи хэгъуэщэжынукъым и лъэпкъым IуэхуфIхэр хуэзылэжьа цIыхум и лъэужьыр. Апхуэдэ лъэужь къигъэнащ Шортэнми.
Аскэрбий гу къабзэ-щхьэ къабзэкIэ, мурад дахэхэр иIэу хуэлэжьащ къэзылъхуа лъэпкъым. Ар щытащ адыгэлI щыпкъэу. Зэи хуеякъым убзэну, и щхьэр зыгуэрым хуигъэлъэхъшэну. Бэракъым хуэдэу Iэтауэ абы гъащIэм пхрихащ и пщIэр, и щIыхьыр. Арауэ къыщIэкIынщ тетыгъуэр зейхэм абы зауэ нэужьым къыщыщIэдзауэ лIэжыху зы дамыгъэ гуэркIи и цIэ къыщIрамыIуар. Апхуэдэу щытми, Шортэным къылъысащ къэзылъхуа лъэпкъым, цIыхубэм я лъагъуныгъэр – зэи мыкIуэдыжын ухыгъэ гъуэзэджэр. Аскэрбий илэжьар зэманым пхрыкIыурэ илъэсищэкIэ псэунущ, цIыхухэр фIым хураджэу, хузэщIаIэтэу, акъылым и нэхумрэ гупсысэм и дахэмрэ ди гум къралъхьэрэ ди псэм къыхапщэу. АтIэ аракъэ насып жыхуаIэжыр.
Шортэн Аскэрбий теухуауэ сэ куэд сигу къэзгъэкIыжыфынущ. Абы щхьэусыгъуэ иIэщ: илъэс пщыкIубгъукIэ Аскэрбий сэ нэхърэ нэхъыжьами, тIури дыкъыщыхъуар зы хьэблэщ, зы къуажэщ – Лэскэн ЕтIуанэрщ. Дызэфари зыпсщ, дыщыджэгуари зы псыхъуэ ныджэщ, ди адэ-анэхэри зэрыцIыхуу, зэрылъагъуу, благъагъэкIи зэрыубыду щытащ. Сэ фIыуэ сцIыхурт Аскэрбий и анэ Зурият, бынхэр ЛаткIэт абы зэреджэр. Зурият къуажэ псом пщIэ щызиIэ цIыхубзт. И щхьэгъусэр къыщхьэщымытыжу абы ипIащ икIи иригъэджащ щIалитху. Абыхэм ящыщу щыр Хэку зауэшхуэм хэкIуэдащ. Зэшхэм я нэхъыжьхэу Нащхъуэрэ Аскэрбийрэ хахуэу бийм зэрезэуам и щыхьэту орденхэр, медалхэр къратауэ къагъэзэжри, щхьэж и лэжьыгъэ IэнатIэ Iуувэжащ, икIи дэтхэнэми лъэкI къигъэнакъым къэралым. цIыхубэм яхуэлэжьэнымкIэ.
Аскэрбий гъунэгъуу, дызэбгъэдыхьэу дызэпсалъэу къыщысцIыхуар университетым сыщыщIэтIысхьа 1954 гъэрщ. Сэ абы щыгъуэ сыхэтт университетым и литературэ зэгухьэныгъэм, тхэн щIэздзат. Аскэрбий сыхуэзамэ, къызэупщIырт: «Утхэрэ? Тхэ уэ, укъимыкIуэт, хэт сыт къыбжиIэми, уемыдаIуэ, уагъэщхьэрыуэн фIэкIа, абыхэм къыпхуащIэн щыIэкъым». Сэ сигу ирихьырт ар жьэнахуэу, и гур утIыпщауэ зэрыпсалъэр. ИужькIи куэдрэ дызэхуэзащ, куэдым теухуауи дызэпсалъэу щытащ. Аскэрбий щIэныгъэшхуэ зыбгъэдэлъ цIыхут, абы къыдэкIуэуи хуабжьу зэпIэзэрытт, зэи зигъэщIагъуэртэкъым, илъагъуи хъуртэкъым зи щхьэ имыту зи пэ зыIэтхэр. НтIэ, апхуэдэр куэдкъэ сытым щыгъуи. Аскэрбий къехьэкI-нехьэкI хэмылъу апхуэдэ цIыхум жриIэрт и гум хуилъыр, къыгурыIуэрэ -фIыщ, къыгурымыIуэрэ – езым и мыгъуагъэщ.
Шортэн Аскэрбий куэд ицIыхуу куэдми къацIыхуу щытащи, сэ зыми сыхуэзакъым, абы мыпхуэдэ лей, е мыхъумыщIагъэ къызищIат, жызыIа. ТхакIуэ нэхъыщIэхэращи, абыхэм ящыщ куэд Аскэрбий и ныбжьэгъуфIт, а ныбжьэгъугъэм иригуфIэу, иригушхуэу. Псалъэм папщIэ, апхуэдэу зэхущытащ Аскэрбийрэ КIуащ БетIалрэ. Къущхьэ СулътIан, Шэвлокъуэ Петр, Мысачэ Пётр сыми хуабжьу пщIэшхуэ хуащIу щытащ Аскэрбий, абы и гъусэну, къажриIэхэм щIэдэIуну хуабжьу я нэ къыхуикIыу.
Аскэрбий тхыгъэ зэмылIэужьыгъуэ куэд къигъэнащ. Абыхэм фIыгъуэ нэхъ ину хэлъхэм ящыщу сэ къызолъытэ тхакIуэм и бзэр, и стилистикэр. Къэбэрдей тхакIуэхэм ящыщу сэ сщIэркъым Шортэным хуэдэу бзэм гулъытэ хуэзыщIу икIи ар зэрыхуейуэ игъэлэжьэну къызэхъулIэу щыта, ноби абы япэ ища щыIэу къыщIэкIынкъым. Ар бзэм щыхуеджэрт Толстой, Шекспир, Флобер, Мериме, Стендаль сымэ я деж. Абы гу лъумытэнкIэ Iэмал иIэкъым. Шортэным псалъэухахэр зэриухуэм, образхэр зэращI Iэмалхэр къызэригъэсэбэпым, нэгъуэщI куэдми щыгъуазэ зыщыпщIкIэ. АтIэ тхакIуэм дежкIэ нэхъыщхьэ дыдэр бзэфI, бзэ къулей иIэу ар хъарзынэу къыхуэгъэсэбэпыныр аракъэ?! Абы и лъэныкъуэкIэ Шортэныр гъуазэщ икIи гъуэзэджэщ. Си фIэщ мэхъу Аскэрбий и тхыгъэхэр зэIэпахыу ди цIыхухэм куэдрэ зэраджынур. Ди зэхэщIыкIыр, гурыщIэр къаIэту, ди псэхэр нэхъ ин, къулей ящIу, ахэр дэ къыддэгъуэгурыкIуэнущ».
Поделиться:
Читать также:
28.11.2026 - 18:20 →
ДыщэидэмкIэ дерсхэр
27.11.2026 - 12:47 →
МАМЫРЫГЪЭ, МАМЫРЫГЪЭ, МАМЫРЫГЪЭ!
26.11.2026 - 14:04 →
КъежьапIэхэр къэзылъыхъуа бзылъхугъэ
26.11.2026 - 12:30 →
Хабзэр къызэрежьар
25.11.2026 - 13:00 →
Сатыр пщыкIуплI хъу усэ
| ||




