Мастэм и къарур Мы гъэм илъэс 15 ирикъуащ Шэшэн Республикэм 2009 гъэм лъапэ махуэкIэ щежьа «Фирдаус» модэ унэр. ЩIыналъэм и унафэщI Кадыров Рамзан и щхьэгъусэ Медни иришэжьауэ щыта лэжьыгъэр ипхъу Айшат IэщIилъхьэжауэ, кавказ-шэшэн зыхуэпэкIэ хабзэр Париж нэзыхьэса дэрбзэрхэм я IэдакъэщIэкIхэм яубыд утыкур кIуэ пэтми нэхъ ин мэхъу.
Анэм къыбгъэдиха IэщIагъэм къыкIэлъыкIуэ лъэбакъуэр езыгъэча Айшат хъыджэбз зи дэкIуэгъуэу пэрыхьауэ щытащ щыгъын Iуэхум. Нобэ ар езыри унагъуэ хъуащ, республикэм и правительствэм и унафэщIым и къуэдзэщ. ТегъэупIэ хуэдэу ежьа щхьэкIэ, лIыщхьэм ипхъу хъыджэбзыр щIэхъуэпсырт и лъэпкъым и зыхуэпэкIэм дэщIыгъуу, абы и дуней тетыкIэри, и псэукIэ хабзэхэри хамэ къэралхэм щыпсэу цIыхухэм ялъигъэIэсыну.
- «Фирдаус»-р зэрылажьэ илъэс 15-м Урысейми хамэ къэралхэми цIыху куэд къыщыдихьэхащ, ди щыгъынхэр щыдмыщэ щIыпэ къэнэжакъым, - жиIащ махуэшхуэм щытепсэлъыхьым IуэхущIапIэм и маркетолог Самбиевэ Хьэуа. – Шэч къытедмыхьэу тхужыIэнущ дуней псом пщIэ щызиIэ шэшэн бренд ехьэжьа дызэрыхъуар».
«Фирдаус» псалъэм и IукIэр зэрыдахэм нэмыщI, и мыхьэнэри куущ. Жэнэт хадэм и нэхъыфIыщхьэрщ «фирдаус»-кIэ зэджэр. Япэрауэ, абы макъ гугъу хэткъыми, дунейпсо мыхьэнэ зыгъуэта IуэхущIапIэм и цIэр зэбдзэкIкIэ нэхъ фэншэ хъуркъым. ЕтIуанэрауэ, зыгъэщIэрэщIэным епхауэ щытми, шэшэн дэрбзэрхэр «зыхуэпэкIэ зэпIэзэрыт» жыпхъэм зэримыкIыр ядыболъагъу. «Фирдаус» модэ унэр къыхэзыгъэщхэм язщ ар зыми зэремыщхьыр, лъэпкъ зыхуэпэкIэ хабзэмрэ зэманым и нэщэнэхэмрэ екIуу зэхиухуэнэну зэрыхузэфIэкIыр. Щыгъынхэр къэзыгупсыс дизайнерхэм лъэпкъ тхыпхъэхэр, нэхъ ягу ирихь фэхэр, удз гъэгъахэр къагъэсэбэп.
«Дэ сыт хуэдэ зэмани диIэр зы плъапIэт: ди IэдакъэщIэкIхэм къыщIэупщIэ цIыхухэм едгъэлъагъуну дыхуейт дызытемыкI хабзэ зэрыдиIэжыр, ауэ зэманми дылъэщIыхьэн папщIэ, абы дызэрыдекIунми я ужь дитт. Апхуэдэ бгъэдыхьэкIэ диIэу, дяпэкIэ диIэну ехъулIэныгъэщIэхэм дыхуопIащIэ», - жиIащ Хьэуа.
«Фирдаус»-м и лэжьыгъэщIэхэр утыку кърихьэху, абы цIыху куэдым я гуащIэ зэрырахьэлIар IупщI мэхъу. Дэрбзэрхэм къафIэIуэхур щыгъыным и дахагъым и закъуэкъым, ар тыншу, зехьэгъуафIэу щытын хуэдэу зэрагъэпэщ. Самбиевэм зэрыжиIэмкIэ, я лэжьыгъэр къызэрыпфIэщIым хуэдэу тыншкъым. IуэхущIапIэм цIыхуипщI щолажьэ, абыхэм ядыр тыкуэным нэсын и пэ, дэтхэнэ зы фэилъхьэгъуэри дыпIэ зырызу зэпаплъыхьыж, Iыхьэ къэс зыхуей хуэзауэ щытын зэрыхуейм темыплъэкъукIыу. Щыгъыныр абы тетха размерым хуэкIуэрэ? ЩIыIухэр, дэгъэжейхэр зэрыщытыпхъэ мардэм тет, ахэр быдэу ида? Жьгъейуэ фэ зытет Iуэху куэд пыщIащ дэрбзэрхэм я лэжьыгъэм, ауэ «Iэ еIусауэ умыщIэну» жыхуаIэм ещхьу гуакIуэщ цIыхури дунейри зыгъэдахэ нобэрей фащэхэр, ахэр цIыхубз, цIыхухъу фэилъхьэгъуэ ирехъу.
Модэ унэхэм яIэр зы дагъуэ закъуэщ: абыхэм къыщIагъэкI хьэпшыпхэр япэ къэсым къахуэщэхуркъым, нэгъуэщIу жыпIэмэ, зыхуэлажьэр цIыху бейхэрщ. Мы Iуэхум еплъыкIэу тIу иIэщ. Япэрауэ, щыгъыныр фIы хъун папщIэ, къэбгъэсэбэпыпхъэри нэхъ щэкIыфIхэрщ. Щыгъыным фэ къытезыгъауэр ар зэрагъэщIэращIэ хьэпшып цIыкIуфэкIухэмрэ ирахьэлIэ лэжьыгъэ пэщэщэнейхэмрэщ. Машинэхэм щыхадыкIыф, щIыIу щрадэф зэманым IэкIэ щIахэм я уасэр кIуэ пэтми нэхъ лъапIэ мэхъу. «Дэ щэкI лIэужьыгъуэ куэд къыдогъэсэбэп, ауэ къыхэтхыр нэхъыфI дыдэхэрщ, дэтхэнэ лIэужьыгъуэри щхьэхуэу зыгуэрым хухэхауэ: чэтэн, шылэ, деним, трикотаж, къинэмыщIхэр, - жеIэ Самбиевэм. – Абы и фIыгъэкIэ щыгъыным и теплъэр дахэ къудей мыхъуу, куэдри зокIуэ».
Гу зэрылъыттэщи, кавказ модэр кIуэ пэтми нэхъ хуиту дуней утыкум йохьэ. Ар икIи поджэж «модэ зэпIэзэрыт» жыхуаIэ унэтIыныгъэм. Ди щIыналъэм щыпсэу дэрбзэрхэр игъащIэми IэзагъкIэ къахэщу щытащ, абы къакIуэ дунеяплъэхэм я жыIэгъуэхэм къыхощыж кавказ бзылъхугъэхэм я IэпэIэсагъым хужаIа псалъэ дахэ куэд. Псалъэм папщIэ, Торнау Фёдор къызэринэкIахэм язщ: «Шэрджэс цIыхубзхэр егъэлеяуэ IэкIуэлъакIуэщ: щэкIыр зэфIэтхъынкIи хъунщ, ауэ ахэр зрикIуа дыпIэр зэи къэтIэпIыжынукъым».
Нобэрей дунейм зихъуэжащ, пэщэщэнейуэ щыта Iуэху куэд компьютерым зэфIегъэкI, езы Iэрыгъадэхэри зехьэгъуафIэ, къэгъэсэбэпыгъуафIэ хъуащ. Зыми и щхьэм хуремыхь, зэманым и нэщэнэ псоми фIы гуэр хэлъщ, итIани, тэмакъкIыхьагърэ бэшэчагърэ къыпхэзылъхьэ Iэрыгъадэ машинэмрэ упIащIэ-утхъытхъыу упсэуным уезыхулIэ, тэмакъкIэщI, ныкъуэкъуэх узыщI машинэ шэрхъиплIымрэ зэи зэхуэдэнукъым. Гу псынщIэхэми дивгъэс, ауэ цIыхубз хьэлри бзылъхугъэ IэщIагъэхэри IэщIыб дывмыгъэщIыпэ. Шэшэным фыкIуэ хъуми, зыщывмыгъэгъупщэ: «Фирдаус»-р зытетыр Грознэм и Къэбэрдей уэрамырщ.
Поделиться:
Читать также:
28.11.2026 - 18:20 →
ДыщэидэмкIэ дерсхэр
27.11.2026 - 12:47 →
МАМЫРЫГЪЭ, МАМЫРЫГЪЭ, МАМЫРЫГЪЭ!
26.11.2026 - 14:04 →
КъежьапIэхэр къэзылъыхъуа бзылъхугъэ
26.11.2026 - 12:30 →
Хабзэр къызэрежьар
25.11.2026 - 13:00 →
Сатыр пщыкIуплI хъу усэ
| ||




