Адыгэпсэ

Адыгэныр зи шыфэлIыфэхэм ящыщщ медицинэмкIэ «Астра-Сфера» щIэныгъэ-къэхутакIуэ институтым гъэсэныгъэмрэ щIалэгъуалэ политикэмкIэ и унафэщI Къэбарт Астемыр - Тэрч щIыналъэм хиубыдэ Болэтей къуажэм щыщыр.

 Курыт еджапIэм щыщIэсам щегъэжьауэ щIалэр тхыдэм дихьэхырти, Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым тхыдэмкIэ и къудамэр къиухащ. ТхыдэмкIэ егъэджакIуэу Налшык дэт 14-нэ гимназием илъэс зыбжанэкIэ щылэжьащ, 2019 гъэм телевиденэм адыгэбзэкIэ нэтынхэр зыгъэхьэзыр тележурналисту къащтэху. ИужькIэ, «Астра-Сферам» ирагъэблэгъащ.

Теленэтынхэр

- Телевиденэм сыщыувынум сызэлэжьыну сызыхуей проект зыкъом згъэбелджылауэ сыкIуат. Абыхэм ящыщ куэди гъэзэщIа хъуащ, зыкъоми къэнащ, зэман е Iэмал щымыIэурэ. Адыгэ редакцэм и нэхъыщхьэу щыта Хьэгъундокъуэ Салисэт къалэн къысщищIу згъэхьэзыра проектыфIхэри щыIэщ. Апхуэдэщ «Лъэхъэнэхэр» нэтын зэкIэлъыкIуэхэр. Адыгэ псапащIэхэм ятедухуауэ щытащ «ФIы щIэи псым хэдзэ» нэтын зэкIэлъыкIуэхэр. Датепсэлъыхьащ тхыдэм къыхэщыж псапащIэхэм (меценатхэм). Нэтын зэкIэлъыкIуэхэм ящыщщ ныбжькIэ щIалэ егъэджакIуэу IэщIагъэм къыщыхэжаныкIхэм ятедухуар, «ЕгъэджакIуэ» зи фIэщыгъэр. Къыхэзгъэщыну си гуапэщ «СщIэну сыхуейщ» тележурналри. Сытми адыгэбзэкIэ сытепсэлъыхьыну Iэмал къызитырт абы: химием, биологием, физикэм, географием, нэгъуэщIхэми. АдыгэбзэкIэ узытемыпсэлъыхьыфыну куэдым къалъытэ а щIэныгъэхэм тыншу я гугъу зэрытщIарщ а нэтынхэм я мыхьэнэ нэхъыщхьэр зыхэслъагъуэр. ГъэщIэгъуэн сщыхъуахэм ящыщщ гъуазджэм хуэгъэпса нэтынхэри.

- «Астра-Сфера» IуэхущIапIэм...

- Медицинэ щIэныгъэхэмкIэ доктор, профессор Умэт Мурат «Этнокультурный код здоровья адыгов» жери тхылъ гъэщIэгъуэныщэ итхащ, адыгэм и дуней тетыкIэр узыншагъэмкIэ зэрысэбэпым теухуауэ. А тхылъыр къыщыдигъэкIам, Мурат си нэтыным езгъэблэгъауэ щытащ. Апхуэдэу дызэрыцIыхуащ. Аргуэру, филологие щIэныгъэхэмкIэ кандидат Къардэн Мусадин щIыгъуу «Бзэ. Языковой код Вселенной» и фIэщыгъэу тхылъ къыдагъэкIати, абыи тезгъэпсэлъыхьащ. Умэт Мурат и гугъу къысхуищIат медицинэмкIэ щIэныгъэ-къэхутакIуэ институт зэрыщыIэм, абы щеджэхэм я деж дерсхэр щезгъэкIуэкIыныр къызэхъулIэну къызэрилъытэри къыхигъэщу. Зэман дэкIри, лэжьыгъэ IэнатIэ гуэрым зыщызгъэунэхужыну мурад щысщIым, Мурат хуэсIуэхуащ. «Астра-Сфера»-м и унафэщI Щоджэн Едыдж сыхуигъазэри, абы я медицинэ IуэхущIапIэм сыкIуащ. Гъэсэныгъэ лэжьыгъэмрэ щIалэгъуалэ политикэмкIэ къудамэм сриунафэщIщ. Тхыдэри студентхэм изогъэдж.

- Адыгэ щIалэгъуалэр - нобэ сыт хуэдэ?

- Адыгэ щIэблэр гъуазэ хуэныкъуэщ, здагъэзэнур ямыщIэу къысщохъу. ЗэуIуу псоми зы гупсысэкIэ уатепсэлъыхьыфынкъым – зэмыщхьщ ахэр. Гимназием сыщыщылэжьами, телевиденэм сыщыщыIами, иджы IэнатIэ схуэхъуами адыгэ щIалэгъуалэ дахэ сащрихьэлIащ. Си еджакIуэхэм адыгэбзэ яIурылъщ, куэдыр адыгэ къуажэхэм къикIащ. Сигу ирохь я гурыхуагъыр, я зыIыгъыкIэр. Ауэ сэ сыт щыгъуи жызоIэ мыр: ди щIэблэр хуэныкъуэщ зыдэплъеин. «ЩIалэгъуалэр зэIыхьащ», щыжаIэкIэ сфIэфIкъым. ЩIэблэр зэрыщымытыпхъэ хъумэ, щыуагъэ зыщIэр абыхэм ятеплъэкъукI нэхъыжьхэращ. Псалъэм папщIэ, емыкIуу защIу уэрамым щIалэгъуалэ гуп цIыкIу ирихьэлIэIамэ, и щхьэ хужеIэж «зэрымыгъасэ мыхэр» жери, и Iуэху яхимылъхьэуи блокI. КъэувыIэу: «Е щIалэхэ, екIукъым мы фи щытыкIэр», - жызыIэнур дапщэ зэрыхъур? УащIэгубжьэн е бгъэшынэн хуейуи къэслъытэркъым, я емыкIум гу лъегъэтэжыпхъэу аращ. Нэхъ пасэм щыIащ апхуэдэ: емыкIу зыщIар нэхъыжь ущиекIэ ягъэукIытэфырт. ЗыфIэлIыкIын нэхъыжь хуэныкъуэщ щIэблэр, пэжым ухуеймэ. Бемырзэ Мухьэдин абы пэджэжу зы усэ хьэлэмэт иIэщ, «Адыгэ лIыжьхэр» жиIэу.

ЩIэблэм ядэлэжьэн, зэман ятегъэкIуэдэн, гугъу задегъэхьын, щапхъэ егъэлъэгъун хуейщ.

 Бзэм урипсэлъэн хуейщ!

- ЩIэблэм бзэр Iурылъыным теухуауэ упщIэ куэдрэ къызат. Зыщ си жэуапыр – сабийм адыгэбзэ ищIэну ухуеймэ, адыгэбзэкIэ епсалъэ.

Быным анэдэлъхубзэр Iурылъыну гурэ псэкIэ ухуеймэ, си фIэщ хъуркъым зэран къыпхуэхъуфынIауэ. ЩыIэнкIэ хъунщ апхуэдэ Iэмал зимыIэ зэкъуэтIакъуэххэ. Зы щапхъэ къэсхьынщ… Си ныбжьэгъу щIалэ Ныр Жамбот Германием унагъуэу щопсэу. Абы и щIалэр Германием къыщалъхуащ, къыщохъу, нэмыцэ сабий садым макIуэ, лъэпкъ зэхуэмыдэхэм къахэкIа нэгъуэщI сабийхэм яхэтщ. Ауэ щыхъукIэ, адыгэбзэкIэ уэрсэру мэпсалъэ. Щхьэ хамэ щIыпIэм щыIэ сабийм зыри зэран къыхуэмыхъуу, я хэку исыжхэм зыкъом зэран къахуэхъуу къалъытэрэ языныкъуэхэм… Щхьэ а щIалэм жимыIэрэ: «Сэ Германием сыщыIэщ, си быныр нэмыцэ сабийхэм яхэтщ, адыгэбзэм Iэмал худиIэкъым».

Арыххэу уэрамым ущрикIуэкIэ уолъагъу адыгэбзэр махэ щIэхъум и щхьэусыгъуэ куэд. СрихьэлIащ мыпхуэдэу: щIалэ цIыкIур и анэм щIыгъуу уэрамым ирокIуэ. Сабийр уафэм доплъейри: «Мор сыт зищIысыр?» - жеIэри щIоупщIэ адыгэбзэкIэ. «Это луна», - жи и анэм. «Мор сыт зищIысыр?», - аргуэру и Iэр уафэмкIи щишийкIэ, «Это звёзды», - жреIэ. Иджы плъагъурэ, сабийр адыгэу Тхьэм къигъэщIащи, бзэуэ адыгэбзэр къыхуигъэфэщащи, къызэригъэщIам и хабзэм тету щIоупщIэ. Мо урысыбзэ къыпэджэжым абы и гупсысэр зыщIыпIэ деж щыIуещIэ. Сыт атIэ хэлъыр: «Ар мазэщ, урысыбзэкIэ зэреджэр «лунащ»» жыпIэным?!

 ЦIыхур Хэкум пэIэщIэ хъуа нэужь, къыщыхъуа щIыпIэм псэкIэ зэрыпыщIар нэхъ зыхищIэу си гугъэщ. СщIэркъым ар къызыхэкIыр, езым къыгурымыIуэжми, зэрызихъумэжын зыхэщIэ гуэр и Iэпкълъэпкъым къыщоуш. Ар хуэгумащIэ мэхъу Хэкум, лъэпкъым, бзэм. Апхуэдизщ лъым и къарур. Хэкум пэIэщIэ цIыхум и зэхэщIыкIым зыщIыпIэ деж къыщыпхевыкI «Сыхэт сэ?» упщIэр. Мис а езыр-езыру зритыжа упщIэм и жэуап къэлъыхъуэным ифI куэд къокI абы, зыкъигъуэтыжыным, зыщыщыр къыгурыIуэжыным теухуауэ.

Бзэр цIыхухэр зэрызэгурыIуэ Iэмал къудейуэ къыпщыхъункIи хъунщ, ауэ ар куэд дыдэкIэ нэхъ куущ. Ар епхагъэнщ дунейм и къэхъукIэм. Адыгэбзэм щыщ пасэрей псалъэжь гуэр зыщIыпIэ щызэхэпхыжа, къэпщIэжа нэужь, апхуэдизу ар зыхыбощIэри, уи щIыфэр егъэтхытх. А псалъэр уэ зэрыпщыщыр зыхищIыкI хуэдэщ Iэпкълъэпкъым.

- «ЩIанэ жанхэр» теледжэгукIэр.

- «ЩIанэ жанхэр» си проектщ. Ауэ акъылым зезыгъэужь нэгъуэщI джэгукIэ гуэрхэри тегъэщIапIэ сщIащ. Гупсысэ уиIэр зыщ, ауэ утыку уихьэн папщIэ къыпкъуэувэн уимыIэу хъуркъым. ФIэщыгъэр КъБР-м и цIыхубэ сурэтыщI Црым Руслан седжэнджэщри къыхэсхащ. ЩIым къыхэж щIанэхэр мо зи гупсысэ къызэрыкIын щIидзэ ныбжьыщIэхэм едгъапщэу фIэтщащ. «ЩIанэ жанхэр» джэгукIэр икIи щIэщыгъуэу, щIэныгъи хэлъу, адыгэм и щэнхабзэми ухигъаплъэу, тхыдэмрэ IуэрыIуатэмкIэ зигъазэурэ лъэпкъ шыфэлIыфэр къызэпкърихыжу дгъэпсащ. ДжэгугъуитI едгъэкIуэкIами къагъэлъэгъуащ ныбжьыщIэхэм я гупсысэр а къэдгъэсэбэп IэмалымкIэ къызэрызэрыкIыр. Зэ щхьэкIэ мыбы хэтынухэр къахыдош КъБКъУ-м и адыгэбзэ къудамэм щеджэхэм. АдэкIэ иджыри зедгъэубгъуну ди гугъэщ. Бзэгъэджэгу егъэкIуэкIынымкIэ куэду къыздоIэпыкъу филологие щIэныгъэхэмкIэ кандидат Къардэн Мусадин. Мусадин Iуэхур зэредгъажьэрэ ди упщIэжэгъущ, джэгукIэм и къэпщытакIуэ нэхъыщхьэщ. «ЩIанэ жанхэр» бзэгъэджэгум дамыгъэ иIэщ. Ар Урысейм и СурэтыщIхэм я зэгухьэныгъэм хэт Тхьэзэплъыж Руслан. Утыку гъэщIэрэщIэнымкIэ сэбэп къытхуэхъуащ Тэтэр Фаридэ. Абы и IуэхукIэ къыхэзгъэщыну сыхуейщ «Пэрыт» жылагъуэ зэгухьэныгъэри. Ди дэрэгъухэм ящыщщ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетыр. ДжэгукIэр утыку ирехьэ телевиденэм. «ЩIанэ жанхэр» бзэгъэджэгум и етIуанэ зэхуэсыгъуэм япэ увыпIэр къыщызыхьам лъэпкъ Iуэхум хэт щIалэгъуалэхэу Шапэр Аланрэ Дым Аслъэнджэрийрэ тыгъэ хуащIащ адыгэ щэнхабзэм теухуа тхылъышхуэрэ дыжьын Iэпщэхъурэ. ДяпэкIи Iуэхум апхуэдэурэ хэтыну я мурадщ.

«Синдика» зэгухьэныгъэр сэбэп къытхуохъу егъэлеяуэ. Абы и тхьэмадэ, пщIэ зыхуэтщI Къанокъуэ Арсен Iуэхум щыгъуазэщ, Тхьэм узыншэу ди япэ куэдрэ иригъэт! ЩекIуэкIыну пэшри, баннер, эмблемэ жыхуэтIэхэр гъэхьэзырынри, ныбжьыщIэхэр зэрыдгъэгуфIэну ахъшэ саугъэтри къытхузэрагъэпэщ. ФIыщIэ ин хузощI ди Iуэхум гу къылъитэу, дэрэгъуи, дэIэпыкъуэгъуи, чэнджэщэгъуи къытхуэхъуа си къуажэгъу Мэкъуауэ Мурат. Ар «Синдика» зэгухьэныгъэм хыхьэ «Дженерал групп» ООО-м и унафэщIщ.

ГУГЪУЭТ Заремэ.
Поделиться: