Лыд псори дыщэкъымЧехов Антон и пьесэ нэхъ цIэрыIуэхэм язщ нобэ дызытепсэлъыхьыну «Хы тхьэрыкъуэр». Дунейм къызэрытехьэрэ дызыхуэкIуэ илъэсым илъэси 130-рэ ирикъуну пьесэр езыр гъэщIэгъуэну зэрызэхэлъым нэмыщI, тхакIуэм абы дишэчар апхуэдизкIэ уи нэгум къыпхущIэмыгъэхьэнщи, нобэ Чеховым иIэ пщIэр тыншу къызэрыIэрымыхьар уи фIэщ ещI. Литературэм нэхъыбэрэ тепсэлъыхьхэм яз тхакIуэ, публицист Жаринов Евгений, Чехов и пьесэхэр къызэрыбгурыIуэн хуейм теухуауэ гупсысэ гъэщIэгъуэн къиIуэтащ. Газетхэм нэхъ кIыхь къызэрыхутрамыдзэм къыхэкIыу, анекдотым хуэбгъадэ хъуну Iуэтэж кIэщI цIыкIухэмкIэт Чеховыр къызэрацIыхуар. Абы пьесэ итхын щыщIидзам, Норвегием - Ибсен Генрик, Бельгием – Метерлинк Морис драматург цIэрыIуэ щыхъуну хунэсакIэт. Жариновым зэрыжиIэмкIэ, а щым я фIыгъэкIэ пьесэ жыпхъэм и мыхьэнэм къыпхуэмыцIыхужыну зиузэщIащ. Псалъэм папщIэ, драмэ лIэужьыгъуэхэмкIэ Iэзэ Шекспир, Лопе де Вегэ, Мольер сымэ я теплъэгъуэхэр зытеухуар зы Iуэхугъуэ закъуэщ. Ибсен, Метерлинк, Чехов сымэ зэхалъхьэ пьесэхэр романым хуэбгъэдэфын хуэдизу, унэтIыныгъэ зыбжанэкIэ зэхэкIыу апхуэдэщ. А гупсысэр зэрыпэжым и щыхьэту къоув зи гугъу тщIы «Хы тхьэрыкъуэри». Сыт тхыгъэм къежьапIэ хуэхъур? Жэуап куэд къыхуэбгъуэтыфынущ а упщIэм. Чеховым езым и нэкIэ илъэгъуат сурэтыщI Левитан Исаак хы тхьэрыкъуэ гуэр зэриукIар. Лажьэ зимыIэ бзур цIыхум и гукъыдэж щхьэзыфIэфIым зэрытекIуэдар гущIэгъу зыхэлъ дохутырым игу къинэжауэ къыщIэкIащ. Куэдым жаIэ пьесэм лъабжьэ хуэхъуа лъагъуныгъэ хъыбарри зэпхар Левитану. Ауэ хэт шэчыншэу жызыIэфынур тхакIуэм и шакъэр зыхигъауэ гъащIэ Iыхьэр?! «Хы тхьэрыкъуэм» щаукIыр бзум и закъуэкъым. Чеховым а теплъэгъуэ дыдэм нэгъуэщI купщIэ щIелъхьэ: зи насып къэкIуэгъуэ хъыджэбз Заречнэ Нинэ пьесэм роль нэхъыщхьэхэм яз щызыгъэзащIэ Тригориным пIалъэ кIэщIкIэ дехьэхри, игури и къэкIуэну махуэ къабзэри хуекъутэ. Абы зэрыпэщIэувэн къару зыдэзымыгъуэтыжа, хъыджэбзыр фIыуэ зылъагъу Треплевым зеукIыж. Къуажэхьу тхакIуэм сыт къигъэнар жыпIэмэ, «Хы тхьэрыкъуэм» комедие зэрыфIищарщ. Дауэ зызыукIыж лIыхъужь зыхэт пьесэм комедие зэрыфIэпщынур? Пэж дыдэр хэт ищIэн, ауэ адыгэбзэкIэ «дыхьэгъ» жыхуэтIэ жыпхъэрщ ар зыхуэкIуэр. Треплевым хуэдэ щIалэ гу къабзэм зыщIиукIыжын хуэдиз хъуртэкъым абы я Iуэху дэкIрэ цIэрыIуэу къыхэува Аркадинэмрэ Тригоринымрэ. Театрым и зэманыгъуэм щыгъуэ пьесэр гъэувын хуейуэт къызэралъытэр, укъеджэныр яфIэмащIэт. «Хы тхьэрыкъуэр» япэу щагъэува Александринскэ театрым ар «щыкIуэцIрыхуащ». Езы Чеховым зигъэпщкIури, щэхуу театрым щIэкIуэсыкIыжауэ щытащ, апхуэдизкIэ гукъутэт тхыгъэм и япэ утыку ихьэгъуэри. Нэгузыужьымрэ дыхьэшхэнымрэ зыхуэзыгъэхьэзыра цIыхухэр иджыри хуэхьэзыртэкъым тхакIуэм и гупсысэ куухэу гъащIэр къызэзыгъэдзэкIхэм. «Хы тхьэрыкъуэр» зыубхэр апхуэдизкIэ куэд хъуати, уеблэмэ Чеховыр хы тхьэрыкъуэм тесу лъатэу карикатурэ ящIауэ щытащ. Актёрхэм жаIэн хуей псалъэхэр зрагъэщIатэкъым икIи зытепсэлъыхьыр къагурыIуэртэкъым. ЩытыкIэм зэуэ зихъуэжащ илъэсищ дэкIа нэужь, «Хы тхьэрыкъуэр» щIэуэ къэунэхуа, Станиславский Константинрэ Немирович-Данченкэ Владимиррэ я театрыщIэм щагъэувыжа нэужь. Станиславскэм Тригориным и ролыр игъэзэщIащ, иужькIэ тхакIуэм щхьэгъусэ хуэхъуа Книппер Ольгэ – Аркадинэм ейр. «Хы тхьэрыкъуэр» езы театр гъуазджэмрэ литературэмрэ ятеухуауэ пхужыIэнущ. ТхакIуэ цIэрыIуэ Тригоринымрэ артисткэ цIэрыIуэ Аркадинэмрэ я пащхьэм щокIуэкI тхэн щIэзыдза Треплевымрэ артисткэ хъуным щIэхъуэпс Заречнэмрэ я гъащIэр. ЦIыхубэм ягъэфIахэм я губыдагъым и Iэужьу, щIалэмрэ хъыджэбзымрэ насыпыншэ мэхъу. Чеховым сыт щыгъуи зы гупсысэ закъуэкъым зэхыуигъэхыр: театрыншэу упсэуфынукъым щыжиIэм деж, театрыр лейщ жызыIэ гуэри къыхегъэувэ тхыгъэм. ТхакIуэхэмрэ литературэмрэ, артистхэмрэ театрымрэ апхуэдиз пщIэ яIэ щхьэкIэ, а IэщIагъэхэм зезытахэм цIыху пэжу къахэкIыр апхуэдизкIэ мащIэщи, абыхэм къагъэлъагъуэ щапхъэ Iейм цIыхубэр тоунахъуэ. Армырауэ пIэрэ Чеховым дигу къигъэкIыну зыхэтар? Треплевыр и анэ-артисткэм къызэрыримыгъэлыфари, Заречнэр Тригорин - тхакIуэм къызэригъэпцIари щыплъагъукIэ, апхуэдэ дыдэу лъапIэу пIэрэ литературэр, щэнхабзэр, гъуазджэр жумыIэнкIэ Iэмал имыIэу, упщIэ ткIий къытхуегъэув Чеховым. Аращ ар хуэфащэу дунейпсо классикэм и Iыхьэ щIэхъуар.
Поделиться:
Читать также:
28.11.2026 - 17:16 →
ГукъэкIыжхэр
27.11.2026 - 15:00 →
Си сабиигъуэр тетщ лъэрыжэм
25.11.2026 - 15:19 →
«Уэшх щхъуафэхэр» къыстешхащ
23.11.2026 - 18:05 →
Данэ и щэхур
23.11.2026 - 16:00 →
ГъащIэ къагъэлъагъуэ
| ||




