Хъыбар кIэщIхэр

Да Винчи Леонардэ хъарзынэу къехъулIэу итхыжащ  Iущыгъэшхуэ зыхэлъ псысэ, хъыбар кIэщI цIыкIухэр. Нобэ фи пащхьэ идолъхьэ а Iуэтэжхэм ящыщ зыбжанэ, Хьэту Пётр зэридзэкIауэ.

 

ТхылъымпIэмрэ шакъэмрэ

        ТхапIэ стIолым зэщхьу тхылъымпIэ напэ къабзэ зыкъом щызэтелът. Зэгуэр абыхэм ящыщ зы тхылъымпIэ напэ хуэфIу зэхэтхыхьауэ нэху къекIащ. Плъагъурт, зыгуэрым къалэм къищтэри, шакъэм хигъауэурэ, тхылъымпIэ напэ къабзэр псалъэхэмрэ сурэтхэмкIэ зэригъэнщIар.

        – Щхьэ апхуэдэу сыбгъэикIа? – стIолым тет шакъалъэм гухэщIу еупщIащ тхылъымпIэ напэр. – ТебгъэкIыж мыхъу уи шакъэм си хужьагъыр зэхиуцIапIэри, игъащIэкIи сымыхъужыну сызэIигъэхьащ! Хэт иджы сэ мыпхуэдэу къысхуеижынур?

        – Умыдзыхэ икIи умынэщхъей! – гумащIэу жэуап къитыжащ шакъалъэм. – Уэ зыми уигъэикIэну, уи напэри трихыну хэтакъым, зыхуеижыну тхыгъэ къагъэнауэ аращ. Иджы уэ зыми имыщIыс тхылъымпIэ къызэрыгуэкIыу ущытыжкъым, иджы цIыхур зыхуеижын утхыгъэ лъапIэщ. Нобэ щыщIэдзауэ уэ цIыхум и гупсысэм урихъумакIуэщ, икIи аращ уэ нэхъыщхьэу укъызыхуигъэщIар – уи лъапIагъэ иныр зыхэлъыжыр.

        Гу хьэлэл шакъалъэр захуэу къыщIэкIащ. Зэгуэр, фIыуэ къэтауэ къэзыгъэзэжа цIыхум, и стIолыр зэщIикъуэжрэ пэт, гъуэжь хъужарэ зэбгрыпхъауэ телъ тхылъымпIэ напэхэм гу лъитащ. Ахэр жьэгу мафIэм пэридзэн мурадкIэ къищыпыжри, и тхыгъэхэр зытет а «зэхэуцIэпIа» тхылъымпIэ напэр къахилъагъукIащ. ЦIыхум, сабэм иуэжа зыхуэмеижыну адрей тхылъымпIэхэр мафIэм пэридзэри, и тхыгъэ къызытенар щытхэ стIолым и къыдэгъэжым хуэсакъыу дилъхьащ, акъылым къигъэщIар къэкIуэнум хуихъумэну.

 

Щтаучрэ Ещтауэрэ

Ещтауэм и удын лъэщ къыщытехуэм, щтаучыр и жагъуэ къэзыщIам хуэгубжьащ:

– Зыкъызэбдзауэ сыт апхуэдэу укъыщIыстеухьыр? Сэ усцIыхуркъым е нэгъуэщIкъым!.. Уэ зыгуэрым сыхэбгъэгъуащэу къыщIэкIынщ. Сэ сымамыр псэуакIуэщ – зыми и Iей зесхуэркъым.  ПхузэфIэкIыххэнумэ, си джабэхэм афIэкIа укъытемытIыркъэ! 

– АлейкIэ умыгубжь, си гъунэгъужь, уэ сыкъыумыцIыхуми, сэ  фIыуэ узоцIыху, пхузэфIэкIри сощIэ, – погуфIыкI ещтауэр, – тIэкIу зышыIэжи, а уи джабэм къыхэсху телъыджэлажьэр уэзгъэлъагъужынщ!

Щтаучыр, а псалъэхэр щызэхихым, ещтауэр къызэрытеухьри ишэчу, зэтесабырэжащ. Арыххэу, щтаучым и джабэм хъуаскIэ цIыкIу къыхэлъэтащ. ХъуаскIэр мафIэ хъуащ, телъыджэхэр хузэфIэкIыу щIидзащ. Апхуэдэу щтаучым и бэшэчагъэр сэбэп къыхуэхъужащ – езыми хуэфащэу пщIэ игъуэтащ.

Мы псысэр зыхуэгъэзар еджэным, щIэныгъэ зэгъэгъуэтыным таучэлыншэрэ щтэIэщтаблэу хыхьэхэрщ, абы пыщIа гугъуехьхэм щышынэхэрщ. Ауэ ерыщыгъэ зыхэлъыж бэшэчагъэмрэ егугъуныгъэмрэ уахэзагъэмэ, щIэныгъэм и фIагъри плъагъужынщ. Еджэныгъэ-щIэныгъэм и лъабжьэр дыджщ, ауэ абы иужькIэ къыпыкIэр IэфIщ.

 

        Бзэгумрэ дзэхэмрэ

ЩыIащ-псэуащ щIалэ цIыкIу, узыфэ Iей пкърыту, а узыфэр балигъ куэдми йофыкI, – ар псэлъэрейт, мардэншэу.

– Сыту тезыр хьэлъэу къыттрилъхьат мы бзэгур, – гъумэтIымэрт дзэхэр. – Дапщэщу пIэрэ мыкIэрахъуэу тIэкIу щыувыIэнур?

– Фи Iуэхуу дапщэ къысхэлъыр? – нэмыукIытэншэу жеIэ бзэгум. – ФыкъыхэмыпIэнкIыкIыу, къывжьэдалъхьэр вгъэныщкIу! Аращ фи къалэн нэхъыщхьэр, тIасэ цIыкIуу сиIэхэ! Дэ ди Iуэху лъэпкъ зэхэлъкъым. Зыми хуэздэнукъым си Iуэхум я бэлагъ къыхаIуу, псом хуэмыдэжу чэнджэщ мыхъумыщIэкIэ сагъэIущу!

Абы иужькIи щIалэ цIыкIум, увыIэжыкIэ имыщIэжу, и къэвэным къыпищэжащ, чэзу-мычэзу имыIэу. Бзэгур тхъэжыгъуэм и курыкупсэм ист, псалъэщIэ губзыгъэхэр, Iущхэр игъэIуу, а псалъэ хъуаскIэрыдзхэм лъэщIыхьэнуи я мыхьэнэм фIыуэ хэгъуэзэнуи хущIыхьэгъуэ имыгъуэт пэтми. Ауэ зэгуэр, апхуэдизкIэ дихьэхыжат и къэвэнми, езым имыщIэжу, щIэщхъу къыщыщIащ. Зыхэхуа Iуэху мыщхьэпэм зыгуэрурэ къыхэкIыжын щхьэкIэ, бзэгур хуит ищIащ пцIы жиIэну. Абдеж дзэхэм яхуэшэчыжакъым – къыщиудащ. Зэуэ зэтеуэхэри, Iей дыдэу ягъэузу пцIыупс цIыкIум едзэкъахэщ.

Бзэгур, лъыр къытелъадэу плъыжь-фIыцIафэ щыхъум, щIалэ цIыкIур, и узымрэ и укIытэмрэ хузэхыхьэжри къэгъащ.

Абы лъандэрэ бзэгур дзыхьыншэщ – мэсакъ, езы щIалэ цIыкIури, псалъэ гуэр жиIэн ипэ, фIыуэ мэгупсысэ.

 

Поделиться:

Читать также: