ЛъагъуныгъэПовестым щыщ пычыгъуэ Аэропортым дытетт зэрыунагъуэу. - Узэрынэсу къэпсалъэ, сыгузэвэнущ, - жи мамэ, и Iэ цIыкIухэр и гум телъу, и нэ нащхъуитIым нэпсыр къыщIэувауэ. - Сыкъэпсэлъэнщ, фымыгузавэ, псори тэмэм хъунщ, Тхьэм жиIэмэ! - Уэ зыгуэр къыбгурыIуэн щхьэкIэ, уи нэкIэ плъагъун хуейщ, уерыщщ. Тхьэм укъихъумэ, Томэ! Зэгъэлъагъуи, къэкIуэж. Сакъ! – IэплIэ къысхуещI, къызохъуцацэ си шыпхъу Динэ. Сэри абы и щхьэцыгъуэ хъурыфэм си Iэпэхэр хызогъэлъадэри, и щхьэр си нэкIум изокъузылIэ. - УзэрыцIыкIурэ узыхуезгъаджэр зыщ: лей умыщIэ, лей къыптехьауи умыгъэгъу. Ауэ абы дыщIызгъужыну сыхуейщ зыгуэр – уэ зыхъумэж, Тхьэр къыпхуэсакъынщ! – гуапэу си нэм къыщIоплъэ си адэр. Псоми IэплIэ яхузощI, сэлам гуапэ язохыжри, кхъухьлъатэмкIэ соунэтI. Уэгум дихьауэ, Къэбэрдейм зэ сыкъыхуоплъэкIыжри, сигукIэ IэплIэ хуабэ изошэкI. ФIыкIэ дызэхузэж, си щIыналъэ дахэ, жызоIэри, Иорданием сыхуэпIащIэу си тIысыпIэм нэхъ тыншу зызогъэзагъэ. Сынэсыр зырикIщ, сыщIэкIуэр къэзмыгъуэтмэ-щэ?! Сызылъыхъуэр тIу мэхъу: Умаррэ нэгъуэщI зыгуэррэ. А «зыгуэрыр» хэтми сытми сщIэркъым иджыри. Умар сыщIэлъыхъуэр зыкIэрысщIэну аракъым. АтIэ, ар Къэбэрдейм щыщыIам, и чэзум зэхэзмыгъэкIар зэхэзгъэкIыжынущ - сыт ди зэхуэзэм и мыхьэнар? Къызэрыслъыхъуэнур, сызэрыхуэзэнур, жесIэнухэр си нэгум къыщIэзгъэхьэу сыхэтщ пшэ хужьым. Сыту хьэлэмэт! Сыту дахэ! ЦIыхум зиIэту, пшэм хэту къыщилъэтыхьыфкIэ, хузэфIэмыкIын щыIэ?! ЗыхызощIэ си Iэпкълъэпкъыр зыщIэзыщтэ къару гуэр. Си гур хегъахъуэ, гукъэкI IэфI гуэрхэр къызодэхащIэ. Iуэхур тэмэму зэфIэкIыну, ущIэгузэвэни щымыIэу, сыщIэкIуэри сызыхуэкIуэри къэзгъуэтыну къысщохъу. * * * Сэ ебгъуанэ классым сыщIэсу тхэн щIэздзат. Абы нэмыщIыжкIэ, макъамэ къэзгупсысу, уэрэд сусу сыхуежьат. Дауи, сукIытэрт ахэр зыгуэрым езгъэлъагъуну. Музыкэм сыхуеджатэкъым, нотэхэри схуэтхыртэкъым, си щхьэм къихьа макъамэр магнитофоным езгъэтхрэ, псалъэ щIэзгъэувэжу арат. Усэ зыкъоми стхауэ тетрадым иту зесхьэрт, жыжьэ дыдэ щызгъэпщкIуа си гугъэжу. Махуэ гуэрым си анэм унэр зэлъыIуихыу къигъуэтащ згъэпщкIуа си тетрадыр. Зэи сщыгъупщэжынкъым ар къызэрызэплъауэ щыта и нэхэр! СыIэщIэукIэн си гугъэри, хьэршым зыхуэзгъэхьэзыракIэт, ауэ хьэлэчу къысщIэкIиери, тетрадыр си нэкIум къридзэжа къудейт. Сытыт сэ сщIар?! НэгъуэщI зыгуэру щытамэ, гуфIэнт, усакIуэ гуэрхэм яхуихьу газетхэм, журналхэм къытрыригъэдзэну хэтынт, гъунэгъухэм захуигъэщIэгъуэнт. Ауэ си анэр иригубжьат си усэхэм. «Уэ иджыри усабийщ, сыт мы лъагъуныгъэ усэ птхыхэр, дэнэ унэса мыпхуэдэхэр уи щхьэ къихьэну?!», - жиIэри щIэжыжат си анэр пэшым. Лъагъуныгъэ усэхэм я закъуэтэкъым абы итхэр, адэкIэ еджамэ, нани, папи, си шыпхъу цIыкIуми, нэгъуэщIхэми, езым теухуауи къигъуэтынут усэ гуэрхэр. Тетрадыр къасщтэу, щхьэ сыкIэлъыщIэжу езмыгъэлъагъурэ, езмыгъаджэрэ, си уэрэдхэм езмыгъэдаIуэрэ, жысIэрт. Ауэ ныкъуэзэIытхъ хъуа си тетрадь цIыкIу си лъапэм щылъыр зэрыслъагъуу, си нэпсхэр къысфIыщIэжащ. Сыгъуэгыу сетIысэхщ, къэсщтэжри, IэплIэ зыгуэрым хуэсщIыж фIэкIа умыщIэну, си бгъэм ескъузылIащ. Лъэгу пцIанэм сыгъуэлъщ, си лъакъуэхэр зыщIэзупщIэжри, сыгъыурэ сыIурихащ. ТхьэмахуэкIэ си анэр къызэбиящ абы щхьэкIэ. КъызгурыIуэртэкъым сыткIэ сыкъуэншами. Си анэм и нысэгъу Iэминат деж сыкIуащ, сыкъыгурыIуэнщ, къыздиIыгъынщ, къысщхьэщыжынщ, жысIэри. Ар хадэм итт, удз къричу. ТэлайкIэ дыпсэлъащ си еджэным, си узыншагъэм теухуауэ. ИтIанэ, сыкъыщIэкIуар жесIащ: - ПщIэрэ, Iэминат, сэ усэ сотх! – сукIытапэурэ, щэху цIыкIуу жызоIэ сэ абы. - Пэжуи? Сыту хьэлэмэт гуэр мы къызжепIэр! Еуэт, тIэ, къысхуеджэт зы! – къыпогуфIыкI ар. - Хъунщ, иужь дыдэ стха усэм сыкъыпхуеджэнщ, «ПсэщIэ» фIэсщащ! Уафэм сыдэплъейуэрэ, сигуми си псэми хыхьэу сыкъеджащ усэм, ауэ Iэминат и нэгум сыщиплъам, игу ирихьарэ иримыхьарэ къысхуэщIакъым – мынэщхъей-мыгуфIэу, зыгуэру къызэплъырт. - Сэ уэрэди сиIэщ, - жызоIэ нэхъ ину, Iэминат тегупсысыкIауэ сызэхимых си гугъэу. КъыфIэIуэхущэ хуэдэтэкъым жысIэхэр. - Ешажьэ! Сэри, делэ цIыкIу хуэдэ, си макъыр сошэщI, уэрэдышхуэр къызогъажьэри, хадэр къызогъэпсалъэ. Уэрэдыр и кIэм нэзмыгъэс щIыкIэ Iэминат и макъыр инышхуэу, сыкъигъащтэу къоIу. Сэри си нитIыр къижу соплъ. И пкъыр мэсыс, и нэпсхэр къыщIож, и ныбэр иIыгъщ. - Сыт, Iэминат, уи ныбэр къыхэлъэдауэ ара?! – сыбгъэдолъадэри и дамэм соIусэ. АрщхьэкIэ нэхъ Iеижу мэсыс. - АдэкIэ… адэ… уахьа-хьахьа… - Сыт къэхъуар, зо? – согужьеипэ. - АдэкIэ пыщэт, сыту уэрэд дахащэ! – и нэпс къыщIэжахэр ирилъэщIэкIыурэ къызоплъ… Мэдыхьэшх! - Уигу ирихьамэ, щхьэ удыхьэшхрэ-тIэ?! – зызгъэгусэну сыхьэзырщ. - Хэт ар зыхуэбусар? Апхуэдизу хэт уи псэр дэзыхьэхар?! Уахьахьа… - аргуэрыжьщи, мэдыхьэшх. ИтIанэщ си щхьэм щынэсар - Тхьэм къызбгъэдилъхьа зэфIэкIыр, зэчийр фIэдыхьэшхэнурат. Сэ хуэмурэ щIыбкIэ сыкъокIуэт, сыкъыщиудыну, сызэгуэуду сыгъыну сыхьэзырщ! Си анэми хамэми сакъыгурыIуэркъым! Ар дауэ? Дауэ сыхъужыну?! Щхьэ цIыхум фIэдыхьэшхэн ар? Губжьымрэ шынэмрэ гущыкIым хэзэрыхьыжауэ си нэм щIэту сыкъожыж хадэм, Iэминат зэрыдыхьэшхыу къызонэри. Унэм сыщIолъэдэж, си тетрадь згъэпщкIужар къыкъузохыжри, зэIызотхъ си нэм лъы къытелъэдауэ. КъыщIызох, мафIэ сощIри, согъэсыж. Аращ уэ пхуэфащэр, къысщыгъэдыхьэшх цIыхухэр иджыри, жызоIэри, сыкъыIуокIыж. Абы и ужькIэ си Iэр къэсIэту зы усэ стхакъым зыкъомрэ. Си еджэнри нэхъ Iей хъуащ, си щытыкIэри зэIыхьащ. Мыдрей хъыджэбз цIыкIухэм хуэдэу сыгуфIэрейуэ, лъагъуныгъэ Iуэхухэр къесхуэкIыу, сыуэршэру сыщытыжтэкъым. Нэхъ щэху, зэкIуэцIылъ, нэщхъей сыхъуат. КъысщыщIар си гущхьэм дыркъуэшхуэу къытенат. ЩIэх зэрысщыгъупщэни мы дуней дахэшхуэм тет къыщIэкIынтэкъым. Гугъу сехьырт. Гугъущэ сехьырт псэкIэ! Абы теухуауэ зэи зыми псалъэ жесIакъым, щыгъуазэ сщIакъым. Уи гум хьэлъэ гуэр щилъым деж, абыкIэ зыми удэмыугуашэмэ, нэхъ хьэлъэж мэхъу, уегъэгъу. Си анэми зэрызищIар щыгъупщэжат, зыри къэмыхъуа хуэдэт. Сыт сщIэнт?! Си анэщ, сыкъилъхуащ, жысIэри хуэзгъэгъуащ, ауэ иджыри къыздэсым, Iэминат гущыкI хуэсщIауэ, хуиту и нэгу сиплъэжыфыркъым. СщIэртэкъым сызэрыхъуари, ауэ, усэ стхарэт, уэрэд жысIарэт, зыгуэрым сыхуэтхьэусыхарэт, жысIэртэкъым. Куэд дэмыкIыу, нэгъуэщI Iуэху гуэрхэм, псом хуэмыдэу спортым, сыдахьэхыу хуежьэри, тхэныр сщыгъупщэжыпащ. Психологиеми хуабжьу сыдихьэхырт, жэщи махуи абы теухуауэ тхылъ зэмылIэужьыгъуэхэр зджырт. ЦIыхум и щытыкIэр, и акъылыр зэрызэхэлъыр, псэкIэ гугъу ехьым зэрыдэIэпыкъур зэзгъащIэрт. А псори къызыхэкIыжар сытыт? Сэ сызытрахуа гъуэгум сызэрытехьэжын Iэмал пэж, сызэрызэкIуэкIар къызыхэкIамрэ си пIэ сызэриувэжыфыну щIыкIэмрэ къэслъыхъуэу арат. Апхуэдэурэ, курыт еджапIэр къэзухри, еджапIэ нэхъыщхьэми сыщIэтIысхьащ. Библиотекэмрэ университетымрэ сыфIэкIыртэкъым. ИлъэсищкIэ щхьэкъэIэт симыIэу седжащ. Усэти, уэрэдти, жысIэу зэман тезгъэкIуадэртэкъым зыми. Сщыгъупщэжат псори, ауэ Iэминат и нэгур сигу ихужыртэкъым. ЖэщкIэ пщIыхьу щыслъагъужи къысхуихуэрт. ПщIэнтIэпсыр къыспыжу, бауэкIэщI сыхъуауэ сыкъыщылъэтырт. Тхэнри уэрэд жыIэнри зэрымыщIэкIэ щIэздзэжа хъуат. Илъэс къэс екIуэкI «Гъатхэ фестиваль» зэхьэзэхуэм сыхэмыту мыхъуу, уэрэд сусри, щыжысIауэ щытащ. Абдеж срихьэжьэжри, сыкъэмыувыIэжыфу творчествэм зестыпащ. Зэгуэр сIэщIаудауэ щыта зэчийм къигъэзэжат. Ауэрэ, уэрэджыIакIуэ цIэрыIуэ сыхъуат. Зэи сигу ихужынкъым Умар япэ дыдэ сыщыIуплъар. Апхуэдэ цIыху си щыпэлъагъут. Америкэм къикIа си гугъат. Къэбэрдей, Урысей цIыху сызэсахэм ещхьтэкъым. И щхьэцыр цыжьбанэу зэфIэтт, и пащIэмрэ и жьэпкъым тет жьакIэ тIэкIумрэ екIупсырт, ауэ и Iупэр зэтекъузарэ зыгуэрым къригубжьам ещхьу, и нэщхъыр зэхэуфат, и нэ фIыцIитIми хъуаскIэ къащIидзым хуэдэт. И Iэпкълъэпкъ лъэщ инымрэ и нэгу губжьамрэ емыкIужу, гъуэншэдж быхъу лъапэкIэщI щыгът. И теплъэм си дыхьэшхын къигъакIуэри, схуэмышыIэжу, сыпыгуфIыкIащ. КъызэрыщIэкIыжамкIэ, хьэрып къэрал къикIа адыгэт ар. ЕджапIэм апхуэдэ куэд щыслъагъурт, ауэ сцIыхуарэт жысIэу зэи сегупсысатэкъым, къысфIэIуэхутэкъым. Хэт ищIэнт си гъащIи, си хьэли, си дунеи а мухьэжыр щIалэ мыцIыхум ихъуэжыну?! ЩызблэкIкIэ, си нитIыр къижу сеплъу, и цIэр зэхэсхмэ, си щхьэр уназэу, си пщIыхьым къыхэхуэмэ, си гуфIэгъуэу сыкъэнат.
Поделиться:
Читать также:
15.01.2025 - 19:22 →
Iуащхьэмахуэ къыщыщыща хакIуэ
09.01.2025 - 15:48 →
Лъагъуныгъэ
28.12.2024 - 12:38 →
Жьапщэ
28.12.2024 - 10:31 →
Лъагъуныгъэ
21.10.2024 - 15:02 →
Акъылыншэр гъунэжщ
|