Iущыгъэ зыгъэлъ жыIэгъуэ куэд къыдогъуэгурыкIуэ лъэпкъым. Ахэр зэман зэтемыхуэхэм къыщежьащ, Iуэхугъуэ зэхуэмыдэхэм къахэхъукIащ. ГъащIэм къыхэкIащ, жыхуаIэ апхуэдэ псалъэ Iущхэм хъыбари яIэщ. Нэхъыбэ дыдэу цIыхубэм къагъэсэбэпхэм ящыщщ Къэзанокъуэ Жэбагъы зэгуэр жиIауэ щытахэр. Псом хуэмыдэу нэIурыту къызэпкърах абыхэм цIыху хьэл-щэнхэр. Апхуэдэ жыIэгъуитIым я хъыбар щапхъэу къыдогъэлъагъуэ.
ГЪУЭТ Синэ.
Бгъэр куэдрэ уэмэ, и дамэр мэкъутэ
Къэзанокъуэ Жэбагъы и зэманым зы пщы бзаджэ гуэр щыIэт. Ар
жылэ зыдэсым, хъупIэм пачри, мэш щащIащ. Мэшыр бэв зэрыхъуу,
пщым ятрихащ, хьэсэпэхъуми игъэувыжащ.
Мо мэш бэвым зы къру гуп къеуэсауэ махуэ къэскIэ къэтIысырти,
хур яшхырт. Итырджы жыхуаIэ къашыргъэр къахэуэрт къруми, зыгуэрым и къурмакъейр щиудырт. Хьэсэпэхъумэри абы еуэсауэ, къашыргъэм къиукI кърур пщым къыхуихьырт.
Зы махуэ гуэрым хьэсэпэхъумэм къикIухьрэ пэт, кърур къэзыукI
къашыргъэм и дамэр зэпыудауэ вагъэмбэкъум дэсу хуэзащ.
– Еуей, еуей! Къруми сыхэкIыжащ, бгъэ дамэри къутащ, – жери,
бгъэр къихьри пщым и деж къэкIуэжащ хьэсэпэхъумэр.
Пщыр Iэбэри, бгъэр къыIихри, и дамэр зэрыкъутар и жагъуэ хъуауэ
щеплъым, къашыргъэр къыдэпIэстхъейри, пщым и нэр къритхъащ.
Ар Жэбагъы щызэхихым, «Бгъэр куэдрэ уэмэ, и дамэр мэкъутэ», –
жыхуаIэр аращ, ягъэ кIынкъым пщым и нэр къритхъами», – жиIащ.
Делэм сэ сыфIокI, губзыгъэр езыр къысфIокI
I) – Уа, Жэбагъы, уэ зыгуэрым уфIэнэуи къыпфIэнэуи тлъагъуркъым. Псоми дауэ уагурыIуэрэ? – жаIэу щеупщIым:
– Делэм сэ сыфIокI, губзыгъэр езыр къысфIокI, – жиIащ Къэзанокъуэ Жэбагъы. «ЦIыхум уахэтыфын хуейщ», жыхуиIэщ.
2) Зы адыгэпщ ябгэ гуэрыр зэгуэрым губгъуэм щепсыхауэ и шу гупым ящIыгъуу щыст. Плъэри, жыжьэу зы шу гуэр блэкIыу къилъэгъуащ. А зэманым шу закъуэу къэзыкIухьыфыр, мышынэу зи закъуэу гъуэгу теувэфыр зэрызыххэти, пщым игъэщIагъуэу щIэупщIащ:
– Хэту пIэрэ мо шу закъуэ мышынэу къежьар? – жиIэри.
Унафэ ещIри, и шу гъусэхэм ящыщ зы щIегъапхъуэри, ар
къырегъэцIыху. «А шур Къэзанокъуэ Жэбагъыщ», - къыщыжраIэм, псынщIэу къригъэгъазэри къригъэблэгъащ. Къэзанокъуэр къыщысым, гупым фIэхъус къарихри, пщым бгъэдыхьащ. Пщым ар иригъэтIысэхри еупщIащ:
– Уа, Къэзанокъуэ Жэбагъы, дауэ уи закъуэ умышынэу къэпкIухьрэ?
КъыпфIэнэфын-къозэуэфын щымыIэу плъытэныр сытым къыхэпхрэ? – жиIэри.
– Сэри сыпщымыхьэфыну къыпфIэщIрэ?
Къэзанокъуэ и пащIэкIэм щIэдыхьэшхыкIри, жэуап къритащ:
– ЦIыху делэ сыхуэзэм, сэ сыфIокI, губзыгъэ къысхуэзэм, езыр къысфIокI. Ауэ щыхъукIэ, зэфIэнэ къыхэкIыркъым.
А псалъэ Iущыр пщым щызэхихым, жиIэнури ищIэнури имыщIэжу къэнащ. Жэбагъы, гупым сэлам ярихыжри, и гъуэгу теувэжащ.