Усэрыбжэ псынщIэрыпсалъэхэр
Хужь
Хужь чэсейуэ уэс хужьыбзэ.
Шэ тхъурымбэу хужь дахащэ!
Хужь чэсейуэ шэ хужьыбзэ.
Шэ тхъурымбэу уэс дахащэ!
Удзыфэ
ЩхъуантIэщ удзыр,
Удз удзыфэщ,
Гъатхэр гъагъэм тафэр елэ!
Удз удзыфэу
ЩхъуантIэ удзым,
Удзыфабзэу джабэр елэ.
ЩIыху
ЩIыху! ЩIыхубзэ,
ЩIыху дахащэ!
Зэфэзэщу уафэм щолэ!
ЩIыху дахащэу,
ЩIыху! ЩIыхубзэ!
Хуохъу уанэгу лэгъупыкъум-щоблэ.
Плъыжь
Плъыжь IэфIыбзэщ
Ди шэдыгъуэр!
Плъыжь-плъыжьыбзэщ
Мэзшэдыгъуэр!
Ди шэдыгъуэр
Дэп плъыжьыбзэщ!
Мэзшэдыгъуэр
Плъыжь IэфIыбзэщ
***
Плъыжь! Плъыжьыбзэу
Дэп жьэражьэр,
Дэп плъыжьыбзэу
МафIэм щожьэ!
Дэп жьэражьэр,
Плъыжь-плъыжьыбзэу,
МафIэ плъыжьым,
Дэпу щожьэ!
ФIыцIэ
ФIыцIэ! фIыцIэ,
Къарэ-фIыцIэ!
Хьэку фIамыщIу зи фэр фIыцIэ!
Къарэ фIыцIэу,
ФIыцIэ, фIыцIэ
Узэхэлъщ кIагъуасэ фIыцIэу!
Усэрыбжэ-псалъэжьхэр:
Вы зимыIэм и шкIэр щIещIэ.
Хъунур вы - шкIэ щIыкIэ ящIэ.
Вы зимыIэм и шкIэр щIещIэ.
Хъунур вы - шкIэ щIыкIэ ящIэ.
***
ВыфIым уеуэмэ мэувыIэ.
Вакъэжьылъэ зэш имыIэ.
ВыфIым уеуэмэ мэувыIэ.
Вакъэжьылъэ зэш имыIэ.
***
Ныбгъуэр инкъым,
Ныбгъуэр цIыкIущ.
Ныбгъуэ абгъуэр гъуабжэ цIыкIущ.
Мэшым ныбгъуэхэр хэзыбзэщ,
Бадзэуэгъуэхэм жаныбзэщ.
***
Дзыгъуэ, дзыгъуэ, дзыбэус,
ДзыгъуэгъалIэм уемыIус.
ДзапцIэр пхуэхъуми зы дзакъэгъуэ,
ДзыгъуэтепкIэр зы дзыхь щIыгъуэщ.
***
Дзасэ дзагуэм дзажэ фIэлъщ,
Дзажэналъэр дзакIэм телъщ.
Дзажэр дзасэ дзагуэм фIэлъщ,
ДзакIэм дзажэналъэр телъщ.
***
Дзадзу цIыкIуу дзахъэ цIыкIу,
ДзэпэфIанэу дзащхьэ цIыкIу.
Дзахъэ цIыкIуу дзэдзу цIыкIу,
ДзэпэфIанэу дзащхьэ цIыкIу.
***
Бжьэхэр жьыуэ мэгъуэлъыж,
Бжьэхэр жьыуэ къотэджыж.
Бжьэ Iуэхуншэу мыхьэулей,
Бжьэхэр жыжьэу долъэтей.
***
КIэпхъыу зи кIэ кIэ бэринэр,
КъикIыкIа кIэртIофхэм блопкI.
Къанжэ кIакIэу, кIэ кIыхь иным,
Дыщэ кIапэ игу имыкI.
***
Пагуэ печыж пыжь пэгункIэ,
Пытщи пызу пыжьейм пыжь.
Пыжь пэгунхэр ехьыр пхъыхькIэ,
ПэгунитIри плъыфэ плъыжьщ.
***
Щихухэр псынщIэу, лъагэу мэкI.
Щхъырыбейхэм щихухэр фIокI!
Лъагэу, псынщIэу щихухэр мэкI.
Щхъырыбейхэм щихухэр фIокI!
***
ЩыгъынкIэрынэ, щыгъынкIэрынэ,
Щхъуэжьей цIыкIу укIэрымынэ.
ЩыгъынкIэрынэ, щыгъынкIэрынэ,
Щхъуэжьей цIыкIу укIэрымынэ.
***
ЩIы нэхъ бей щыIэкъым,
ЩIэныгъэ лей хъуркъым.
ЩIым епщIэр и пщIэщ,
ЩIакIуэр губгъуэ унэщ.
Усэрыбжэ
***
Инэ, инэ,
Инэ мыкъуэ,
Мыкъуэ щхьэл,
Щхьэл къутэ,
Къутэрауэ,
Щауэ мыхъу,
Щауэ хъурзэ,
Хъурзэ натIэ,
Хьэ натIищ,
ЛIищ зыукI,
ЗызукIыж,
Анэрыгъагъ,
Лъэрыгъыпс,
Хьэнтхъупсафэ,
Псафэ екъу,
Къурей накIуэ,
НакIуи тIыс,
ТIыс, Аслъэн!
( Иужьрей псалъэр зытехуэр хокI)
***
Бей къудэ.
Бей къудэ,
Бей дан,
Уэри ухъэ,
Сэри сыхъэ,
Дыщэ кIэн,
Быжэрэ жунэрэ,
Хьэкусэрэ, Хьасанэрэ,
Чэсей джанэ зырызутI,
Къэсболэт!
( Ар зытехуэр хокI)
***
Инэ коп.
Инэ, инэ,
Инэ коп,
Коп задэ,
ЗадэмыщIэ,
КъапщIий,
Лъэбыдэ,
Бадий,
Iэпхъуалъэ,
Iэлъын,
Чыщт!
( А псалъэр зытехуэр хокI)