Къафэм и лъахэмДахэу, щабэу зелъатэ хьэндырабгъуэм изогъэщхь балетым къыщыфэ хъыджэбз пкIатэлъатэр. Ари а хьэндырабгъуэм хуэдэ дыдэу Iэсэлъасэщ, пшэм лъапэпцIийуэ къыщикIухь фIэкIа умыщIэну сакъщ икIи гуапэщ… Адыгэм «Анэм и хабзэр пхъум и бзыпхъэщ» жыхуиIар ди гъащIэм куэдрэ дызыщрихьэлIэ Iуэхущ. Апхуэдэщ КъБР-м щIыхь зиIэ и артисткэ, балеринэ Щэбэтыкъуэ Юлианэ и щIэблэр. Бзылъхугъэм и IэщIагъэр къыхэзыхыжа ипхъу Изабеллэ къыщыхъуа унагъуэм щэнхабзэм емыпха яхэту къыщIэкIынукъым: абы и адэшхуэр РСФСР-м щIыхь зиIэ и артист, КъБР-м и Музыкэ театрым и дирижёр нэхъыщхьэу икIи художественнэ унафэщIу щыта Щэбэтыкъуэ Натбийщ, и адэр КъБР-м щIыхь зиIэ и артист Щэбэтыкъуэ Заурщ (пианистщ), и анэшхуэр фортепианэмкIэ егъэджакIуэщ, и анэ шыпхъур пианистщ, и анэрщи, зэрыжытIауэ, балеринэщ. Изабеллэ занщIэу балетыр къыхихакъым, япэщIыкIэ фортепианэм зыхуигъэсэну музыкэ школым щIэтIысхьащ. И гурыхуагъымрэ и гъэсакIуэ Титовэ Людмилэ и чэнджэщхэмрэ я фIыгъэкIэ абы программэ нэхъ гугъухэри зригъэхъулIэу, зэпеуэ зэмылIэужьыгъуэхэми япэ увыпIэхэр къыщихьу иригъэжьат. Апхуэдэуи Изабеллэ димыгъэхуу еплъырт и анэм и спектаклхэми. Къэбгъэлъагъуэмэ, Юлианэ балетым тегъэщIауэ и пхъум дэлэжьэн щыщIидзар ар илъэси 10 хъуа нэужьщ. Изабеллэ КъБР-м и Музыкэ театрым и балетмейстер нэхъыщхьэ ПащIэ Рамед и студиер, Щэнхабзэмрэ гъуазджэхэмкIэ колледжым къафэмкIэ и къудамэр къиухащ. 2019 гъэм щегъэжьауэ Щэбэтыкъуэ Изабеллэ Музыкэ театрым и артисткэу мэлажьэ. Сольнэ къафэу япэу утыку кърихьат «КъуэкIыпIэ псысэхэр» балетым Будур пащтыхьыпхъум и партиер щигъэзащIэу. Таурыхъым къыхэщыж пащтыхьыпхъур нэхутхьэхут, дыгъэ шырым палъыт пщащэти, Изабеллэ дежкIэ гугъу хъун хуейтэкъым а ролыр - ар езыр абы зэрыхуэбгъэдэнщи. - ПащIэ Рамед фIыщIэ зэпымыууэ хузощI, си зэфIэкIым шэч къытримыхьэу утыкум сыкъызэрыригъэхьам щхьэкIэ. Абы и фIыщIэкIэ сэ езыр псысэм сыкъыщыхутащ, - жеIэ Изабеллэ. - Апхуэдэуи къыхэзгъэщыну сыхуейт зи лэжьыгъэм фIыуэ хэзыщIыкI, сыткIи къыздэIэпыкъуа си гъэсакIуэхэу Чуякъуэ Юрий, Хьэкъул Анжеликэ сымэ. Абы и лъэныкъуэкIэ хэзгъэкIуэдэну сыхуейкъым си анэм къысхуищIари. Ди лъахэгъу, Сабийхэмрэ ныбжьыщIэхэмрэ папщIэ Санкт-Петербург Филармонием и балет труппэм и режиссёр нэхъыщхьэ Къалэ Мурат 2021 гъэм Щэбэтыкъуэ Изабеллэ иригъэблагъэри, мазищкIэ къыдэлэжьащ, колледжым и щIэныгъэм дистанционнэу зэрыпищэм хуэдэу. АрщхьэкIэ хъыджэбзым и гур и лъахэмкIэ щыIэт, ди хабзэхэмрэ цIыхухэмрэ пэIэщIэ ищIыфынутэкъыми къигъэзэжащ, адэкIэ Къэбэрдей-Балъкъэрым балет утыкур «къыщихьэхун» мурадыр иIэу. ЗэрыгурыIуэгъуэщи, балет гъуазджэм и курыхым унэсын папщIэ, абы зыхуэбгъэсэн хуейщ пасэ дыдэу. Изабеллэ и анэри 8-нэ классым къыщIэкIыу музыкэ училищэм и хореографие къудамэм щыщIэтIысхьам зэфIэкI хъарзынэхэр зригъэхъулIагъэххэт: и Iэпкълъэпкъыр балет къафэм хуигъэпсат, макъамэ гъуазджэм епха пэщIэдзэ щIэныгъэри иIэт. Сыт хуэдэ хъыджэбз цIыкIуми ещхьу, абы къэфэн егъэлеяуэ фIэфIт, ауэ еджэнри зыIэпимыгъэхуу ерыщу щIэныгъэм хущIэкъурт. Псом хуэмыдэжу абы къехъулIэрт тхыдэмкIэ дерсхэр. «Артист къыпхэкIын щхьэкIэ псоми хэпщIыкIын зэрыхуейр си гум щэхуу къызжиIэрти, зэпымычу сыулъэпхъащэрт зызужьыну», - жеIэ Юлэ. ИужькIэ абы Кавказ-Ищхъэрэм ГъуазджэхэмкIэ и къэрал институтыр къиухыжащ. ГъащIэм узригъэхьэлIэ насыпми куэд елъытауэ къыщIэкIынщ, Юлэ Щэбэтыкъуэхэ я унагъуэм щигъуэтащ щIэгъэкъуэни чэнджэщэгъуфIи. Щхьэгъусэ хуэхъуар Музыкэ театрым и дирижер нэхъыщхьэ Щэбэтыкъуэ Натбий и къуэ Заурщ. Юлэ Музыкэ театрым къыщехъулIа лэжьыгъэхэм ящыщщ «Ашэмэз и бжьамий» спектаклыр (Ахумыдэ дахэ и образыр къыщигъэлъэгъуащ). - Ахумыдэ и теплъэ зэкIужыр къэгъэлъэгъуэным нэхърэ абы и хьэл-щэн къызэрымыкIуэр цIыхум я деж нэсхьэсыныр нэхъ сфIэхьэлэмэту а образым селэжьат. Ар «зи Iыхьэ зыIыгъыж» жыхуаIэм хуэдэщ, и ныбжьым емылъытауэ Iущыцэщ икIи зы нарт щауэкъым абы и гулъытэ щIэзэур. Къапщтэмэ, езы спектаклыр IыхьитIу зэхэт балетщ, къызэрыслъытэмкIэ, ар лэжьыгъэшхуэ хъуащ. Абы къыхощ нарт лIыхъужь Ашэмэз и къэхъукIэри, ар Ахумыдэ зэрыхуэзэри, шабзауэхэм я теплъэгъуэри - псори къафэкIэ къэIуэтащ. Ахумыдэ и образым адрей хъыджэбзхэм къазэрыщхьэщыкI гуэр хэлъщ. Спектаклым и пэм пщащэ ерыщ цIыкIуу, щхьэпэлъагэу дыхуэзэмэ, лIыхъусэ-благъуэ фIыцIэм ар идыгъуу пIалъэкIэ щIыунэм щиIыгъын хуей щыхъуам и Iуэху еплъыкIэкIэ нэхъ балигъ хъуауэ, псори зэпэзышачэ хъыджэбз губзыгъэу дыIуощIэж. СызэригугъэмкIэ, гугъуехь ирихьэлIа сыт хуэдэ цIыхуми нэхъ зэхигъэкIыф мэхъу гъащIэм и фIыгъуэхэмрэ мыщIагъуэу абы хэлъхэмрэ. Апхуэдэу хьэл быдэрэ пкъы жанрэ иIэу къыщIэкIащ Ахумыдэ хъыджэбзми. Ар къезыгъэлар пщащэм и лъыхъуакIуэ ежьа Ашэмэзщ, абы и бжьамийрщ. «Ашэмэз и бжьамийм» кIэщIкIэ къыкIэлъыкIуа «Гимн Восходящему Солнцу» лэжьыгъэри театрым и балет труппэм къайхъулIа спектаклщ. Спектаклым Юлианэ щегъэзащIэ Iэдииху и ролыр. Ахумыдэ хъыджэбзым ейм емыщхьу, Iэдииху и гъащIэр гуузу къекIуэкIащ. Лъагъуныгъэм текIуэда а хъыджэбзыр зымыхъумэфа щауэми мащIэу гужьгъэжь хуэпщI хуэдэщ. Ауэ ар Iэмал къызыхуумыгъуэтыф Iуэхухэм ящыщу къыщIэкIынщ. «Зы теплъэгъуэм къитIасэ къафэкIэ сэ къэзгъэлъэгъуэн хуейт цIыхупсэм бэлыхь щишэч дакъикъэ нэхъ гугъухэр. Жэуаплыныгъэшхуэ зыпылъ а Iуэхур къызэхъулIауэ цIыхухэм къалъытэмэ, си дежкIэ аращ нэхъ лъапIэр. - «Иоланта» оперэрами, зи гугъу сщIа «Ашэмэз и бжьамий», «Гимн Солнцу» спектаклхэрами апхуэдэ лэжьыгъэхэр зэрытхуэщIыр ди балетмейстерым и фIыщIэу къызолъытэ. Театрым и лэжьакIуэхэм я егугъуныгъэри, шэч хэмылъу, абы щIыгъужщ, - жеIэ Щэбэтыкъуэм. - ЩыIэщ балетым гъащIэ щиIэ ди республикэм жызыIэхэри. Классикэм сыт щыгъуи едаIуэ, еплъ и цIыху иIэжу къызолъытэ. ЖаIэ оперэмрэ балетымрэ ущысабийм щегъэжьауэ зыщыбгъэгъуэзэн хуейуэ, а гъуазджитIым удихьэхын-удимыхьэхыныр абдеж щызэхэкIыу. Пэж хъунщ. Ауэ ди спектаклхэм къекIуалIэр цIыху мащIэкъым икIи абыхэм ядыболъагъу ди лэжьыгъэр зэрафIэфIыр. СрихьэлIащ: «КъызэрыщIэкIымкIэ, балет диIэщ, гъэщIэгъуэни хуэдэщ!» - жызыIэу, гупсэхуу концерт пэшым щетIысэхахэми. Сэ сызэреплъращи, балетыр уи нэкIэ зэбгъэлъагъун хуейщ, ар зищIысыр зыхэпщIэн щхьэкIэ. Ди жагъуэ зэрыхъущи, ди цIыхухэм я нэхъыбэм, зэрыпсэун мылъку зэрагъэпэщыным къыдэхуэу, гъуазджэм, щэнхабзэм трагъэкIуэдэн зэман яIэкъым». БАГЪЭТЫР Луизэ.
Поделиться:
Читать также:
17.01.2025 - 13:00 →
Мэжэр щIэныгъэлIым и псалъалъэр
16.01.2025 - 14:23 →
Щэнхабзэр зи Iэпэгъу
15.01.2025 - 16:14 →
Си Iуэху зыхэмылъым сыхэIэбакъым
15.01.2025 - 14:08 →
ХьэщIэм и пщIэр лъагэт
15.01.2025 - 12:26 →
Мэлыхъуэ башым и пщIэр лъагэ хъуат
|