Ныджэкъуэ-НаджигоМы цIэр зезыхьэ къуажэ цIыкIур хы ФIыцIэ Iуфэм Iус ПсыфIыпэ (Лазаревск) зи фIэщыгъэу къалэ теплъэ зиIэм къухьэпIэ-ищхъэрэ лъэныкъуэмкIэ километр 25-кIэ пэIэщIэщ. Абы хъуэпсэгъуэу зыдигъэзэгъащ зэгъэщIылIа Мэкъупс (Макопсе) и тIуащIэм. БзэщIэныгъэлIхэм я нэхъыбэм къызэралъытэмкIэ, къуажэм зэреджэр псалъитIу зэхэухуэнащ: «ныджэ»-рэ «къуэ»-уэ. Мы щIыпIэм икIыу псыхъуащхьэхэмкIэ дэзыгъэзей гъуэгуитIым я зым Мэкъупс и къуэладжэ зэвым удешэ, адрейм шытх мылъагэм адэкIэ къыщыс Псыущхъуэ жылэм ухуешэ. Тхыдэм къызэрыхэщыжымкIэ, тIуащIэм ижькIэрэ щыпсэуа шапсыгъхэм я нэхъыбапIэм Урыс-Кавказ зауэжьым иужькIэ Хэкур ябгынэн хуей хъуащ. Къэнахэр бгым щхьэдагъэхри, Хуарзэ (Фарз) псым и Iуфэм а лъэхъэнэм иджыри Iуса Хьэджымыкъуэ абазэхэ къуажэм дагъэтIысхьат, арщхьэкIэ а жылэри, здэщыс щIыпIэм имыкIыу мыхъуу, зэхэзехуэн щащIым, Ныджэкъуэ иIэпхъукIахэр къыдэкIыжри, къыщыхъуа я хапIэжьымкIэ къагъэзэжащ икIи зи гугъу тщIы къуажэр къагъэунэхужащ. Абыхэм къатехъукIыжащ мы щIыпIэм щыпсэухэм я нэхъыбэр. Мэкъупс-Макопсе Километр 12 зи кIыхьагъ псым и къыщIэдзапIэр Псыущхъуэ бгым ипщэ-къуэкIыпIэ лъэныкъуэмкIэ щыIэ и джабэ нэкIухэрщ. Гу зылъытапхъэр аращи, псыр хы ФIыцIэм щыхэлъэдэжым пэмыжыжьэу щыс къуажэми а цIэр зэрехьэ. Зэрынэрылъагъущи, щIыпIэцIэр IыхьитIу зэхэтщ: «мэкъурэ» «псыуэ». КъикIри гурыIуэгъуэщ. ЩхъуантIабзэщ Псыущхъуэ Хы ФIыцIэ Iуфэм дызыщрихьэлIэ мы фIэщыгъэр Iыхьищу зэхэтщ: «Псы – у (ы) – шъ (у) хъо». Шапсыгъ диалектым ирипсалъэхэм зэрыжаIэмкIэ, «Псыущхъуэ» («Псеушхо») псалъэм «узыпхрыплъу къабзэ», «уафэм хуэдэу къащхъуэ» мыхьэнэхэращ къикIыр. Ар дыдэм щыхьэт тохъуэ бзэщIэныгъэлI КIуэкIуэ Жэмалдини. Абы къызэрыхигъэщауэ, псалъэм и иужьрей пычыгъуэм «щхъуантIэ» мыхьэнэр иIагъэнущ, псалъэпкъитIым я зэхуаку дэува «уы» префиксым ар «кIуэ пэтми нэхъри ущхъуэнтIын» мыхьэнэм хуигъэкIуэжауэ… Адыгэ Республикэм щыпсэуа, филологие щIэныгъэхэмкIэ доктор Мерэтыкъуэ Къасым къызэригъэлъэгъуауэ, кIахэ (адыгей) диалектым ирипсалъэхэм «Псыушъхъо» фIэщыгъэм «тхъурымбэ зыщI псы» мыхьэнэри кърагъэкIыу щытагъэнущ. Зэрытлъагъущи, зи гугъу тщIы псалъэм теухуауэ лъахэхутэхэм щхьэж езым и Iуэху еплъыкIэ иIэжщ. Шапсыгъ щIыналъэм мы и Iэгъуэблагъэм «Псыущхъуэ» фIэщыгъэм къытехъукIауэ нэгъуэщI щIыпIэцIэхэри щыкуэдщ. Абыхэм ящыщ зыбжанэм я гугъу тщIынщ: - Псыущхъуэ Ин - Ашэ псым сэмэгу лъэныкъуэмкIэ щыхолъадэ. И къежьапIэр Нэужьыкъуэпсщ. Километр 17 и кIыхьагъщ. - Псыущхъуэ щхьэдэхыпIэ. Апхуэдэу зэджэ сэнтхыщхьэм лъэныкъуитIымкIи щезылъэщIэх джабэщIхэм къыщыщIэж псы къуэпсхэр Псыущхъуэ Инрэ Псыущхъуэ ЦIыкIурэ холъадэ. Мы тIум я къежьапIэр а зы Iуащхьэ кIыхь екIуэкIыр арами, зыдэлъадэхэр, зэрыгурыIуэгъуэщи, тIуащIэ зырызщ: япэр - ТIуапсы, етIуанэр - Ашэ псы нэхъ инхэр здежэххэрщ. - Зи гугъу тщIы джабащхьэм и лъэныкъуэ зырызхэмкIэ щыIэ шапсыгъ къуажэхэм зэреджэми а псалъэ дыдэр къахощ. «Псыущхъуэ ЦIыкIурэ» «Псыущхъуэ Инрэ» - аращ абыхэм урысыбзэкIэ трагъэIукIар (адыгэхэм «ШIоикъу», «Кодэшъахьып» псалъэхэрщ хужаIэр). Тхыдэр щыхьэт зэрытехъуэмкIэ, иужьрей фIэщыгъэм «Къуэдэс (Кодеш) тхьэпэлъытэм тыхь щыхуащI щIыпIэ» мыхьэнэри ирапхыу щытащ. XIX лIэщIыгъуэм и кIэхэм пащтыхь правительствэм игъэувыIащ урысхэм я «жыIэ» емыувалIэу бгым къафIинауэ щыта адыгэ тIэкIум я зэхэзехуэныр. КIэлъыкIуэ лъэбакъуэу, ахэр хуит ящIащ алъандэрэ зыдэса къуакIэбгыкIэхэм къыдэкIыу, хуагъэлъэгъуа щIыпIэхэм ящыщу нэхъ яфIэкъабылхэм къуажэ щаухуэжыну. Арати, шапсыгъ-хьэкIувхэм ящыщ зы гупым Псыущхъуэ бгыжьым деж щыса пасэрей жылэжьхэм я гъунэгъуу зи гугъу тщIа къуажэ цIыкIухэр щызэтрагъэувэжащ. Ар къыщыхъуар 1895 гъэращ. Iуащхьэ екIуэкIхэм я джабэ нэкIухэмрэ мэзылъэ бгыхэмрэ ди нобэми уащрохьэлIэ Кавказ зауэжьым ипэкIэ мы щIыпIэм къыщагъэкIыу щыта пхъэщхьэмыщхьэ хадэхэм я кIэкъинэ жыгыжьхэм. Абыхэм ноби пхъэщхьэмыщхьэ узыншэхэр къапокIэ. Шапсыгъ къуажэ цIыкIуитIым я Iэгъуэблагъэр турист кIуапIэщ. Абыхэм я бжыгъэм хэхъуэ зэпытщ, псом хуэмыдэжу гъэмахуэ зэманым. ЩIыпIэм къакIуэхэр гъунэгъу Iуащхьэхэм, псыкъелъэ дахэхэм яшэ, шытхыщхьэм зыщрагъэплъыхь, мэзылъэ тIуащIэхэм я нэгу зыщрагъэужь. ПсыфI - Псезуапсе Сочэрэ ТIуапсырэ я зэхакум щежэх псыщ. Кавказ Шытх Нэхъыщхьэм «Грачёв и щхьэдэхыпIэ» зыфIаща и гузэпыщIэм (метр 1286-рэ и лъагагъщ) ипщэ-къухьэпIэмкIэ гъэза и джабэ нэкIухэм къыщIэж псынэпс цIыкIухэмкIэ зыкъыщызэщIекъуэри, къуэладжэ куухэм яфIыдэкIуасэ-зыщиIуантIэурэ, километр 41-рэ зи кIыхьагъ гъуэгуанэ «мытыншым» ирижа иужь, Лазаревск (ПсыфIыпэ) посёлкэм деж хы ФIыцIэм щыхохуэж. Иджырей географ картэхэм мы псым и цIэр урысыбзэкIэ зэрихуа «Псезуапсе» псалъэм иригъэгупсыса фIэкIа умыщIэну, языныкъуэ лъахэхутэхэм (Твердый А.В. «Топонимический словарь Кавказа») къызэралъытэмкIэ, фIэщыгъэр зэрызэпкърытх хъунур «псэ», «шIу», «псы» Iыхьищущ. «ШIу» пычыгъуэр къэбэрдей адыгэхэм «фIы» зыхужытIэрщ. Ауэ щыхъукIи, урысыбзэм хуагъэкIуа фIэщыгъэм апхуэдэ бгъэдыхьэкIэ зиIэхэм кърахыр «Псэм и псыфI» мыхьэнэрщ. ЩIыпIэцIэм ехьэлIа нэгъуэщI жыIэкIэщ (зэ еплъыгъуэкIэ зэщхь хуэдэу къытщыхъуми) ди лъэпкъэгъу шапсыгъ адыгэхэр псым зэреджэ «ПсышIу» фIэщыгъэмрэ псыр хым щыхэхуэж щIыпIэм щхьэкIэ ноби къагъэсэбэп «ПсышIуап» («ПсыфIыпэ») псалъэмрэ. Къэбэрдейхэм ар зыхуэтхь хъунур «псы», «фIы», «пэ» пычыгъуэхэр зэпыдгъэувэмэ, къарыкIырщ... БгыщхьэхэмкIэ псым и фIэщыгъэу картэхэм ярыт «Хакуч» псалъэри гъэщIэгъуэнщ. Тхыдэм зэрыжиIэмкIэ, псыщхьэм а цIэр щIыкIэрыпщIар Урыс-Кавказ зауэр иуха пэтми, а щIыпIэм хьэкIуцIу (хьэкув) адыгэ лIакъуэр къахуимыкIыу иджыри илъэс бжыгъэкIэ зэрисарщ. ПсыцIэр «псыдыупс» - «псыдыуэпс» псалъэм къытехъукIауэ жызыIэхэри щыIэщ. Псыхъуэм дэс Тхьэгъэпщ адыгэ къуажэ цIыкIум къыщхьэщыт шытхым ПсышIотх (ПсыфIытх) цIэр зэрехьэ. КЪУМАХУЭ Аслъэн.
Поделиться:
Читать также:
09.11.2026 - 13:45 →
ЩIэрыкIуэр, шыпсыранэр, андэгурэр
02.11.2026 - 13:47 →
Шащхьэр трихуми, джэгурейщи…
28.10.2026 - 16:33 →
Япэ кадет класс къызэIуахащ
23.10.2026 - 14:00 →
Адыгэбзэр зыгъэбзэрабзэ
20.10.2026 - 17:45 →
ЩIалэгъуалэм я зэхыхьэ
| ||




