Налшык дэт «Принт Центр» тхылъ тедзапIэм иджыблагъэ дэщIыгъупхъэхэмкIэ гъэщыпкъэжауэ къыщыдэкIыжащ «Нартхэр. Адыгэ эпос» тхылъышхуэр. ЩIэныгъэхэмкIэ Дунейпсо Адыгэ Академием и Президиумымрэ ЩIэныгъэхэмкIэ Урысей Академием и Къэбэрдей-Балъкъэр ЩIэныгъэ центрым Гуманитар къэхутэныгъэхэмкIэ и институтым и ЩIэныгъэлIхэм я советымрэ я унафэкIэ дунейм къытехьа тхылъ щхьэпэм и бжыгъэр зы мин мэхъу.
«Нартхэр. Адыгэ эпос» лэжьыгъэм и япэ тхылъым («Эпосым и ублапIэ лъэхъэнэ. Сосрыкъуэ») елэжьащ щIэныгъэлI IэкIуэлъакIуэ гуп, тхыдэ щIэныгъэхэмкIэ доктор, ЩIДАА-м и академик Дзэмыхь Къасболэт я пашэу. БакIуу Хъанджэрийрэ БищIо Борисрэ рецензэхэр ятхащ, Гъут Iэдэм и редакцэм щIэта япэ къыдэкIыгъуэр Быхъурэ Мухьэмэд, Гъут Iэдэм, Нало Заур, Табыщ Мурат сымэ ягъэхьэзырри урысыбзэкIэ зэрадзэкIыжащ. ЕтIуанэ къыдэкIыгъуэм ит тхыгъэхэр зэ-хэзыгъэувар, ахэр урысыбзэкIэ зэрадзэкIыу еIуэлIапхъэхэр хуэзытхыжар Быхъурэ Мухьэмэд, Гъут Iэдэм, Гъут Лянэ сымэщ.
Тхылъым и пэублэ псалъэм къызэрыщыхэщщи, адыгэ IуэрыIуатэм щыщу зэхуахьэсыжауэ хъумапIэм щIэлъхэмрэ къытрадзауэ щыIэхэмрэ я нэхъыфI дыдэхэр къыхащыпыкIащ ар зэхэзыгъэувахэм. Ахэр зэрыщыгугъымкIэ, мыр тхылъ зыбжанэ хъунущ, лIэужьыгъуэкIэрэ зэхэ-дзауэ, языныкъуэхэм деж зы IуэрыIуатэ лIэужьыгъуэм щыщхэр зы тхылъым деж къыщымынэу, том зыбжанэ хъууэ.
Эпосымрэ нарт хъыбархэмрэ зэзыша- лIэм, ахэр зэуIуу, языныкъуэхэм и деж цIыхухэм яфIызэхэгъуащэу, къыщIагъэсэбэпым кIэщIу сыкъытеувыIэнут. «Эпос» псалъэм япэ дыдэу дигу къигъэкIыр нарт хъыбарыжьхэмрэ пшыналъэхэмрэщ. Ахэр езы лъэпкъми лIыхъужь эпосым елэжь щIэныгъэлIхэми адыгэ IуэрыIуатэм уардэу къыхэщу, лъэпкъым и хъугъуэфIыгъуэ нэхъ лъапIэ дыдэхэм ящыщ зыуэ къызэралъытэр хэт и дежкIи наIуэщ. Эпосым и хабзэкIэ гъэпса хъыбарыр, пшыналъэр пасэрей дуней еплъыкIэм и лъабжьэ мифологием къыхэшыпсыкIащ, ахэр IуэрыIуэтэжу зезыхьахэм я фIэщхъуныгъэкIэ гъэщIэрэщIэжащ. Абы кърокIуэ эпосым зи гугъу щащI къэхъугъэхэр пэжым и пIэу, абы пащIу щытыныр. Ар къэплъытэмэ, гурыIуэгъуэ мэхъур эпосымрэ мифологие сюжетхэмрэ зэхэшыпсыхьауэ куэдрэ къыщIэкIуэм и щхьэусыгъуэр.
ЦIыхубэм и фантазием къыхэкIа нарт лIыхъужьхэм ятеухуа пшыналъэхэмрэ хъыбархэмрэ Кавказым ис лъэпкъ зыбжанэм я IуэрыIуатэм щыщ пкъыгъуэщ, икIи ахэр шэсыпIэ мэхъур а лъэпкъхэр щэнхабзэрэ гъузджэмрэ зэпащIэу къызэрыгъуэгурыкIуам.
Тхылъым ит тхыгъэхэр егупсысауэ, екIуу зэкIэлъыхьащ, мифыр зэрызекIуэ сюжетхэм екIуалIэхэмкIэ, нарт эпосым нэхъ къегъэщIылIахэмкIэ къегъэжьауэ. Япэ итщ мэжусиитхьэ - «демиургхэм» (нэгъуэщIу жыпIэмэ, IэщIагъэ гуэрхэм - мафIэм, гъукIэным, къэкIыгъэ зехьэным - я тепщэу къалъытэхэм) ехьэлIахэр. Iуэтэж щхьэхуэхэр гуп зэрогъэхъур е лIыхъужь гуэрым ещIэкIауэ, е лъэхъэнэ хэхам теухуауэ. Языныкъуэхэм деж апхуэдэ Iэрамэм зешэщIыр адэм деж къыщежьэу, къуэм теухуарэ къыпищэу, къуэрылъхум ехьэлIаи къыщыгуэувэж къэхъуу. Абыхэм яужьу къокIуэр мифологие лъабжьэр хьэкъыу щынэрылъагъу образыр зи нэхъыщхьэ лIыхъужь нарт Сосрыкъуэ ехьэлIа хъы- бархэмрэ пшыналъэхэмрэ. КъыкIэлъы-кIуэ тхылъым итыну хъыбархэмрэ пшыналъэхэмрэ зэхьэлIауэ щытынур типологиекIэ а лIыхъужьым бгъэдэувэ персонажхэм ятеухуахэрщ.
Тхылъым итщ илъэсищэм щIигъу ипэкIэ ятхыжахэри, иджы дыдэ къаIуэтэжахэри. КъэзыIуэтэжахэр къэбэрдейуи, шапсы-гъыуи, бжьэдыгъууи, абазэхэуи, хъулъхугъэуи бзылъхугъэуи, ныбжькIэ жьыуи щIалэуи, щIэныгъэ бгъэдэлъуи емыджауи, хэкурысуи хэхэсуи щытынкIэ хъунущ, я гум ираубыдауэ къэIуэтэж хъыбарыр къыздрахамкIи нэгъуэщI зыгуэрхэмкIи зэщхьэщыкIыжынущ. ЩIэныгъэм тету IуэрыIуатэ тхыгъэхэр къытедзэжыным и хабзэ мыкъутэм, зэгуэр ятхауэ щытам зыкIи хэмыIэбэжыным, тетащ мы тхылъыр зыгъэхьэзырахэр. «Дэ ди фIэщ мэхъу IуэрыIуатэ тектыр зэрыщытым нэхърэ нэхъ дахэ зыми зэрыхуэмыщIынури, пщIыну яужь уихьэныр зэрыщыуагъэшхуэри. Тхылъыр зэхэзылъхьахэм я гуащIэ кърикIуащ эпосым ехьэлIа тхыгъэ Iэрытхыу, фонограммэу, видеотхыгъэу щыIэу зылъэIэс псори къызэщIаугъуаеу, нэхъ щыпкъэ дыдэхэр къыхащыпыкIыныр, ахэр тедзэным хуэгъэхьэзырыныр, еIуэ-лIапхъэ псори къызэгъэпэщыныр, нэгъуэщI лъэпкъыу тхылъеджэ нэхъыбэм ди фIыр зыхащIэн щхьэкIэ урысыбзэкIэ зэдзэкIыжауэ адыгэбзэм щIыгъуныр, псалъэ хэха гуэрхэм я мыхьэнэмрэ къэкIуэкIэхэмрэ гъэнэхуэныр. <…> КъызэрытлъытэмкIэ, эпосыр IукIэ зезыхьа лъэпкъым нэхърэ зы щIэныгъэлIи нэхъ Iэзэкъым, ауэ щыхъукIэ, дэ ди къалэныр лъэпкъым ихъумар зэрыхуэхъума дыдэм хуэдэу и пащхьэ итлъхьэжыныращ», - щатх пэублэ псалъэм тхылъыр зыгъэхьэзырахэм.
Тхылъыр хуэгъэпсащ филологием, тхыдэм елэжь къэхутакIуэхэм, гуманитар щIэныгъэ зэзыгъэгъуэтыну зи мурад еджакIуэхэм, Урысейм ис лъэпкъхэм я IуэрыIуатэм, тхыдэм, литературэм дихьэх дэтхэнэ зыми.