Жьапщэ

Къопщэ 
Папщэу,
Папщэу 
Къопщэ.
Удзхэр, 
Жыгхэр
Егъэсыс.
И накъырэм
Фийуэ йопщэ,
Зы дакъикъи
Тхущымыс.
И щхьэр
Хуарзэу
КърехьэкІ,
Уеджэ щхьэкIи
КъемыплъэкІ.
Щоджэн Леонид

ИлъэсыщIэ

Жьы щIэмыту уэсыр къос.
СыщIэкIати -
Лъапщэм къос.
Пщэдейризэр зэрыдэкIыу
ИлъэсыщIэу нэху дыкъокIыр.
Сэ си Іуэхущ а илъэсыщIэм
Мамэ жиIэу хъуар сымыщIэм.
Къэжэр Пётр

 

Япэ уэс

Япэ уэсым щыгуфIыкIыу 
Къуаргъхэм къалъэтыхь. 
Iэжьэ цIыкIухэм, щIэкIуэрыкIыу, 
ДэнкIи къыщажыхь. 

Си щхьэм щIыIэ хэмыхьэну,
ПыIэр къескъухащ.
Гуэщи уни зы къэмынэу
Я щхьэр къетхъухащ. 

Ди мамыжьри, жьэгъуэшхэжу,
Мис, гъущапIэм щIэсщ.
Хужь защIыну я гугъэжу
Къуаргъхэр уэсым хэсщ.
АфIэунэ Лиуан

Поделиться:

Читать также:

09.01.2025 - 15:48 Лъагъуныгъэ
28.12.2024 - 10:31 Лъагъуныгъэ
23.12.2024 - 15:48 Лъагъуныгъэ
21.10.2024 - 15:02 Акъылыншэр гъунэжщ