«Си нэбгъузым щоджэгу уафэ нэзыр, Уафэ щIэншэр нэ кугъуэм щоджэгу»…Къуныжь ХьэIишэт и «Удзыпэ тхьэлъэIу» тхылъым щызэхуэхьэсащ усэхэмрэ поэмищрэ. Абыхэм гъуджэм хуэдэу къощ усакIуэм и псэр, сатыр къэс къыдоджыкI ар зэрынабдзэгубдзаплъэр. ХъэтI щIэщыгъуэ зиIэ усакIуэм къегъэщI дуней гурыхь. Къуныжь ХьэIишэт и дэтхэнэ усэми дунеишхуэм и плIанэпэ зырызыххэм къыдиха хъуаскIэ хэлъу къыпфIощI. Уафэри, щIылъэри, мэзри, псыежэхри, гъэм и теплъэгъуэхэри - псоми ятелъу уолъагъу усэбзэм и Iуданэ зэмыфэгъукIэ хэдыкIа тхыпхъэхэр. Сыт щипIыр Къуныжьым и усэхэм? Сыт ар зытетхыхьыр? ЩIыуэпсым, адэ-анэм, лъагъуныгъэм, сабиигъуэм, жьыгъэм, усакIуэм и гъащIэм, жэщымрэ махуэмрэ, лъахэм, лъэпкъым, бзэм… Куэдым… куэдым. Усэ къэси хьэл гъэщIэгъуэн иретыф. Хэт нэжэгужэщ, хэт нэщхъейщ, хэт пIейтейщ, хэт сабырщ, хэт IэфIщ, хэт дыджщ, хэт сабиипсэ Iутщ, хэт щIалэгъуэм и нур тредзэ, хэт «дадэ къуапэщ». Псоми зэхуэдэу ящIэлъыр къабзагъэрщ. Аращ усэм псэ хэзылъхьэри, щIэджыкIакIуэм и деж нэзыхьэс дамэ хуэхъури. Дэнэ атIэ уздахьыр абы и усэхэм ятет дамэхэм?! Яхэтщ уи куэбжэпэм махуэ псокIэ укъыIузыни, хамэщI узыхьи, адэжь лъапсэм ущызыгъэгупсыси, анэ бгъафэм сабий цIынэу ущIэзылъхьэжи, щIымахуэ хадэм лъапцIэу уизыши, гъэмахуэ уэшхым гуапэу ухэзыши. УпщIэ куэди лъэужьу къагъанэ усэхэм, щэху гуэрхэри къатIэщI. Усэ къэс - и чэзущ! ЦIыхур зэрыпсалъэ бзэр зэрытелъыджэр, абы и къарур зэрыабрагъуэр къуекIуэкI Къуныжьым. Усэхэм уоджэри, уи фIэщ мэхъу - адыгэбзэм иIэкъым гъунапкъэ. Абы къызэщIебгъэубыдэфынущ уафэмрэ щIылъэмрэ я зэхуаку дэлъ хъугъуэфIыгъуэ псори. УсакIуэр лъахэм щытетхыхькIэ, ар уардэу хеIэтыкI! Ар Къэбэрдейм зэрипхъум, Хэкум и хьэуар и Iэпкълъэпкъым зэрыхэгуэшам щегупсыскIэ, гуныкъуэгъуэу иIэу хъуар щхьэщокIуэтыж. КIэутхыпщIу, схуэгузавэу Тесщ бзу цIыкIур жызумейм. Мэлъэлъэж гугъуехьхэр дафэу, - ИIэщ си псэм Къэбэрдейр. («КIэутхыпщIу, схуэгузавэу»). «Сыщалъхуа лъахэ» усэм абы уэзджынэу щегъэзу лъахэм и тхыдэм теухуа гупсысэр. ИтIанэ, нэгъуэщI щIыналъэ псоми йогупсысри, езыр щалъхуар зыми зэрыпимыщIынумкIэ усэри щIегъэбыдэж: Уи акъужь къабзэм, схуэгуэпэну, Губгъуэ джэдгыным и мэр хэтщ. Мы щIы хъурейм уэ пхуэзгъэдэну НэгъуэщI зы лъахи щызмыгъуэт. ДауикI, усакIуэм и гурыгъузхэм хэтщ зэгуэр Хэкур зыбгынахэр. Абыхэм «я гуауэм егъэпIыщIэ», «я хьэлъэр хуэIэткъым». Ауэ, ди тхыдэ гуузым и нэпкъыжьэ зытелъ тенджыз ФIыцIэм щыхэплъэкIэ, абы и толъкъунхэм зыкъаIэту щилъагъукIэ, йогупсыс: Толъкъунхэр хуэдэщ хуарэм, Зэдэжэу здожумарт - Я лъащIэм щIэкIуэдахэм Къару яIам къаIэт («Тенджыз ФIыцIэм и Iуфэм»). Уэгури щIылъэри зылъэзыгъэIэс лъагъуныгъэ лирикэр усакIуэм и IэдакъэщIэкIхэм щыIупщIщ. Лирическэ лIыхъужьыр гухэлъым хуэлейгъэгъущ, абы поплъэ, гурыщIэ жэуапыншэми игу иригъабгъэркъым – дэтхэнэ лъагъуныгъэри лъапIэщ абы и дежкIэ. Абы гурыщIэр егъафIэ псалъэ гуапэхэмкIэ. ФIыуэ илъагъум «гур Iэгум илъу хуехь», и лъагъуныгъэм и сурэтыр «псы къабзэ цIыкIум къощ», «Iущхьэ плъыжьхэм хуаус уэрэд гум имыхуж». Дунейр щIэращIэщ, бзухэм уэрэд жаIэ, лэгъупыкъур мэгуфIэ, уеблэмэ уэшх къыщешхкIи дыгъэ бзийхэр тепыIэркъым. А псом и щхьэусыгъуэр лирическэ лIыхъужьыр телъыджэ гуэрым поплъэри аращ - «Ар укъысхуэзэну арагъэнщ», - жеIэ абы. «Си лъагъуныгъэр езгъэщхьынут» усэм хэт лIыхъужьым и гурыщIэр ирегъапщэ дунейм нэхъ дахэу тетхэм: «уэгу вагъуэм хуэдэ мыIэрысэм», «жьэгум хъуаскIэ къыдэлъэтым», «пщэдджыжьым уафэм къихьэ дыгъэм». Ауэ абыхэм зыгуэр я пIалъэр зэрикIым щегупсыскIэ, и ни и пи къихьыжкъым. «НэгъуэщI ар зэщхь темыт мы щIыгум, Си лъагъуныгъэр ещхьыжщ си гум»,- жеIэ иужьым. Нэхъ дахэу пхужыIэнкIэ хъунур сыт?! УсакIуэм гухэлъ къыщигъэлъагъуэкIэ щIыуэпсыр IэкIуэлъакIуэу къегъэсэбэп. Лъагъуныгъэр щытIэпIкIэ, гъатхэм зыхуегъазэ – тIуми зы гъатхэ ярет. А гъатхэр гуфIэу Дэ къыддэджэгуащ. Дыхьэшхыу ину, Псалъэу цIыкIунитIэу, - жи. ЗэгуэкIуахэм я гухэлъыр зи фIэщ хъуа гъатхэм езыми зигъэщIэрэщIэн хуейтэкъэ: КъыщищIэм тIуми ПIейтеяуэ дигу, Хыхьащ жыг хадэм ТхьэмпэкIэ ихуапэу («Зы гъатхэр тIуми»). Лъагъуныгъэр зэрыщхьэхуимытыр къыгуроIуэ усакIуэм: Сигъэдийуэ жьыр щофий бжэIупэм, МыIэрысэр жыгым къыпощэщ. Уэ пхуэстха сатырхэри си Iупэм ЗыкIи сыхуэмейуэ къеIущэщ («Бжьыхьэ гукъэкIыж»). Къуныжьым и усэхэм щIыуэпсыр щытелъыджэщ. Бгым, тафэм, хадэм, мэзым, удзым, псы ежэхым я сурэтыр абы ещI псалъэ къыхэщыпыкIа защIэкIэ. Еплъыт, пшэплъыр, бащлъыкъ плъыжьу, ЕдзэкIащ бгы дамэм. Псыри хуэдэщ бгырыс хъыжьэм Игъэпса гъуэгуанэм, - жеIэ усакIуэм. Ар хуейщ дэтхэнэми езым илъагъу дахагъэр зыхригъэщIэну. ИкIи щIыуэпсым и телъыджагъыр зи гум къыдэмыхьэхэм яхужеIэ: «А дахагъэм ухуэдэгумэ, Уэ умыцIыху щIагъуэ» («Дахагъэ»). «Уэшх нэужьым» усэм уафэм и сурэтыр нэIурыту щещI: уафэхъуэпскIыр щIопщым ирегъэщхь, уэгум лэгъупыкъум и нэгу ирелъагъуэ, уэшхым щкъыщкърэ лыду дунейр егъэкъабзэ. Уэшхым сыт щыгъуи и гур хуIэпех усакIуэм. Абы и щапхъэщ «Бжэр Iух, уэшх макъыр къыщIэгъыхьэ» усэр. И макъым щIэдэIун фIэфIщ, къешхыну йолъэIу, къыфIощI уэшх щабэм хэти и губжь зэтригъэуIэфIэжыфыну: «Зэгуэр псэуахэм я псэ Iэлхэр А уэшх макъамэм дощэбэжыр». ЩIыуэпсым и къару лъэщыр къыхощ, дыкъэзыухъуреихь дунейр зэрыбауэр зыхыуагъащIэ «Щихухэр лъагэщи мэпIыщIэ», «Къырым тет жыг», «Мазэр хуэдэщ кхъуейхьэл ныкъуэм», «Бжьыхьэ», «Мазэ из», «КъыIутщ мазэр си щхьэгъубжэм хуарэу», «Нартыхур жьыбгъэм щIегъэхъае», «Бжэр Iух, уэшх макъыр къыщIэгъэхьэ» усэхэм. «Удзыпэ тхьэлъэIу» тхылъым IэфIу щыпхышащ усакIуэм анэм хуиIэ гуапагъэр. Анэр жьы зэрыхъуам иринэщхъей усакIуэм зэрегъэпщэж абы и щIалэгъуэм хэлъа жыджэрагъэмрэ пэщэщэх зэрыхъуамрэ. Иджы абы тегужьеикIауэ щхьэщысщ: Iурихауэ щыжейкIи ИмыщIэжу мэщэIу. Си псэр дзапэкIэ сIыгъыу Сэ абы сыщIодэIу («Мамэ»). Анэр щимыIэжми, абы къигъэна фэеплъхэм къыщелъыхъуэ и теплъэр: ПщэфIапIэм сыщIыхьэм, ЩIакхъуэмэ къыщIех. Си анэм и макъыр Мы си гум зэхех. Абы игъажьэу щыта щIакхъуэ хуабэм и мэр къыщIихьэхуи, поплъэ: ЩIакхъуэмэ къысщIехьэ- КъысфIощIыр къэкIуэж. Анэм и гумащIагъэр къыщигъэлъэгъуащ «Си анэм и таурыхъхэр жыг баринэщ», «И лъэдий къупщхьэм къыхахыжри», «Насып», «Анэр къыпкIэлъыджэу», «Си анэр схуэгуфIэрт» усэхэми. Къуныжьым куэдрэ егъэзэжыр сабиигъуэм. Ар щегъафIэ «Таурыхъ», «Зэманыр шыфIу кIуэрт, мыпIащIэу», «Сабий сурэтхэр», «Сабиигъуэ» усэхэм. Сабиигъуэм къимыгъэзэжыну блэкIами, усакIуэм абы куэдрэ къытрегъазэ гукъэкIыжкIэ. Гу лъыдмытэжурэ, ди гъащIэр Ди сабий щхьэцхэм уэшхыу пыжт, - жеIэ а зэман дахэр жыжьэ къызэрынар зыхищIэу. Иджы балигъщ. ГъащIэр куэдрэ зэрыткIийр игъэунэхуащ, сабиинэм дахэ фIэкIа имылъагъуу щытамэ, иджы IэфIри дыджри зыхещIэ. Гур дахьэхыжкъым сабий шыпсэм, Акъылым куэд зэхегъэкIыф… Ауэ зэгуэрым сабиипсэр ЗыIыгъа шыпсэхэр нэхъыфIт. Тхылъым щхьэхуэу зыкъыщыхагъэщ усыгъэм, усакIуэм и псэм теухуа усэхэми («Си усэхэр жынукъым мывэу», «УсакIуэ гъащIэ»). Къуныжь ХьэIишэт и усыгъэм Iыхьэ щхьэхуэу хоувэ ЩоджэнцIыкIу Алий теухуахэр. «Бобруйск», «ЦIыху нэс» усэхэм, «Си Алий» поэмэм къыщыгъэлъэгъуащ адыгэ лъэпкъым и дежкIэ усакIуэшхуэр зэрылъапIэр. Уэрэд дэ жытIэхэр мынэху, Ди гурылъ щэхухэр къимытIатэм. Дэ ди бзэр куэдкIэ хъунт нэхъ щэху, Алий и макъыр хэмытатэм, - щыжеIэ «Си Алий» поэмэм. «Удзыпэ тхьэлъэIум» итщ поэмищ «Шылэ удзхэр», «ГъащIэ уагъэ», «Си Алий». «Шылэ удзхэм» щызэкIэлъыхьащ «Къуэм и гукъэкIыжхэр», «Майм и 9 махуэр», «Анэм и псалъэ», «ЩIэблэм и макъ» Iыхьэхэр. Сабиигъуэ IэфIыр, щыцIыкIум иIа джэгукIэхэр, къыдэкIуэтея нэужь гухэлъ зыхуищIа пщащэр игу къегъэкIыж щIалэм, а гукъэкIыжхэмкIи анэм догуашэ. Усэм и етIуанэ Iыхьэм гуузу зызэредзэкI: анэм къыIэрохьэ и щIалэр зауэм зэрыхэкIуэдам и хъыбар щхьэкIуэр. Иджы анэ гумащIэм и къуэм и фэ иреплъ абы фIыуэ илъэгъуа пщащэм къыщIэхъуа щIалэ цIыкIум: Къуэрылъху пэщI си гурыфIыгъуэм Уэ уи гъащIэм хъуащ пищэн, - жеIэ анэм. «ГъащIэ уагъэ» поэмэмкIэ Къуныжь ХьэIишэт зыхуегъазэ гъуэгуанэм, зэманым, щIыналъэмрэ щIы хъуреймрэ. БжэIупэм Iуту къаплъэ анэм КъыIэпыхуа зы нэпс къудамэм А ди гъуэгу псор зэримыуасэр КъыщыдгурыIуэр кIасэущ. КIасэущ, - жеIэ гъуэгуанэм зыщыхуигъазэкIэ. ЦIыхухэм «зэхэзэрыхьа» зыфIаща зэманыр усакIуэм зыкIи игъэкъуаншэркъым. «апхуэдэу цIыхухэрщ узыщIар» жи. АтIэми ар щогугъ зэманым фIыкIэ: Гум хьэлъэ илъыр цIыхум хуэхьмэ, Зэман, уэ сытри пхуэшэчынщ. Ди мурадыфIхэри зэгухьэм – ЩымыIэ щIым щытлъэмыкIын. Игъэкъуаншэркъым абы щIы хъурейри: ар бэвщ, жумартщ. КъэкIуэну псори щIырщ зыщыгугъыр ипIыну: Пщэдей къалъхуну сабий цIыкIухэр ЩIы хьэлэлагъым къыщогугъ. Ауэ… Сыт абы зэран хуэхъур? - - ЯгукIэ дыгъужьу, фэкIэ цIыхухэу ЩIы кIапэм Iэджи къыщокъугъ. Поэмэр гугъэкIэ еIулIэж Къуныжьым: ИтIани сщIэркъым цIыху гущIэгъур Си фIэщ сэ мэхъу. Си фIэщ сэ мэхъу… «Удзыпэ тхьэлъэIум» зэ уеджэкIэ уи псэм зигъэнщIыркъым. Тхылъыр хуэныкъуэщ мызэ-мытIэу къытебгъэзэжыным. Абы ит усэхэм уи гукъыдэжым зыдащI хуэдэщ.
Поделиться:
Читать также:
16.07.2025 - 14:32 →
Фэеплъ зыхуэфащэ скульптор
16.07.2025 - 13:30 →
Зы сурэтым и хъыбар
16.07.2025 - 12:44 →
Дзыхь ирагъэзыртэкъым
14.07.2025 - 17:07 →
Уэрэдыр хьэуам хэкIуасэу!
14.07.2025 - 15:26 →
Макъамэр псэм и джэрпэджэжщ
|