IущыгъэкIэ зыхуэупса

Шэджэм ЕтIуанэм и Iимам ХъуэкIуэн Арсен и хъутIбэхэм я зыр теухуат КъурIэным сурэ псо зыхухаха Лэкъумэн щэджащэм. Iущыгъэм и дамыгъэ хъуа а цIыхушхуэр нэхъ лейуэ къыщIыхагъэща щхьэусыгъуэм деж къыщыщIидзат Iимамым и псалъэм.

«Африкэм и курыкупсэм зы щIалэ цIыкIу къыщалъхуауэ щытащ. Езыр фIыцIабзэу, и пэр тепIытIауэ, и щхьэцхэр утIэрэзауэ, и лъэгухэр пIащIабзэу. Хэт ищIэнт а щIалэ цIыкIум Алыхьыр фIыгъуэкIэ къыхуэупсэу, «хьикмэт», Iущыгъэ къыбгъэдилъхьэну, и цIэкIэ сурэ псо къригъэхыну, фIыуэ илъэгъуа и пщылIхэр Къемэт Махуэр къэсыху къеджэн хуэдэу?! Ар хэт жыпIэу ущIэупщIэмэ, Лэкъумэн Хьэким е Лэкъумэн Iущ жыхуаIэращ. Нобэ дытепсэлъыхьынщ а сурэм хэт Iэятхэм.

Лэкъумэн и къуэпсыр Алыхьым и нэфI зыщыхуа Ибрэхьим лъапIэм и лъэпкъ жыгым, абы и адэ Iэзэр деж йокIуэлIэж. КъурIэн лъапIэм абы теухуауэ жеIэ: «Дэ Лэкъумэн Iущыгъэ бгъэдэтлъхьауэ щытащ нэхъапэм. Ар бгъэдэтлъхьэри, «Алыхьым фIыщIэ хуэщI» жетIащ. Хэт Алыхьым фIыщIэ хуищIми, апхуэдэу щIищIэжыр и щхьэрщ. ФIыщIэ ищIыну хэт и щхьэ иримыпэсу щытми, Алыхьыр абы и фIыщIэм хуэныкъуэкъым».

Лэкъумэн куэдрэ псэуащ икIи илъэс куэдкIэ пщылIыпIэм итащ. «Сэ гъащIэшхуэ къэзгъэщIащ, бегъымбар куэдым сраIуэхутхьэбзэщIащ. Абыхэм жаIахэм ящыщу нэхъыбэу зыхэслъхьахэр мыхэращ», - жиIэри, чэнджэщий захригъэхауэ щытащ цIыхухэм Лэкъумэн. Абыхэм ящыщщ:

- Нэмэзым утету щытмэ, уи гур хъумэ.

- УщышхэкIэ, уи кIуэцIым ехым кIэлъыплъ.

- НэгъуэщIым и унэ ущIэсу щытмэ, уи нэхэм къыумыгъэжыхь.

- ЦIыхум уащыхэтым и деж, уи бзэгум кIэлъыплъ.

А плIым уакъыфIэкIмэ, «мы тIур уигу игъэлъ, мыдрей тIур зыщыгъэгъупщэ» зыхужиIа чэнджэщхэу Лэкъумэн къызэринэкIахэри тхыдэм щыцIэрыIуэщ. Зэи зыщумыгъэгъупщэну IуэхугъуитIыр Алыхьымрэ лIэныгъэмрэщ. Зыщыгъэгъупщэн хуеитIыр: цIыхухэм фIыуэ яхуэпщIамрэ езыхэм Iейуэ къуащIамрэ.

Лэкъумэн езыр бегъымбару щытакъым. Ауэ акъылышхуэ бгъэдэлъу, езыр жьэнахуэу, сытым дежи пэжым тету апхуэдэт. Ар икIи и Iуэху пэрытыкIэт. И гупсысэкIи пэжым зэрытемыкIым, Алыхьыр фIыуэ зэрилъагъумрэ зэрыхуэжыIэщIэмрэ къыхэкIыу, IущыгъэкIэ къыхуэупсауэ щытащ. Iимам Гъэзалий жеIэ: «ЦIыхум мы дунейм щIэныгъэу щызекIуэр къищIауэ, ауэ къэзыгъэщIа Алыхьыр къимыцIыхуауэ щытмэ, апхуэдэм щхьэкIэ ар цIыху Iущщ, губзыгъэщ жыпIэну хуэфащэкъым».

ЩIэныгъэлIхэм зэрыжаIэмкIэ, Iущыгъэр уэ езым зыхэплъхьэжыфын гуэру щыткъым, Алыхьыр зыхуэупсэм ириту фIэкIа. Бегъымбар лъапIэу щэлатымрэ сэламымрэ зэхам и псалъэхэми къыхощ ар: «Сэ КъурIэнымрэ абы хуэдэ гуэррэ къызатащ». Тхылъ лъапIэми ардыдэр Алыхьталэм щыжеIэ: «Алыхьым и ЛIыкIуэм цIыхухэр КъурIэным къыхуреджэ икIи Iущыгъэм хуеузэщI».

Аращи, Iущыгъэр Алыхьталэм къыббгъэдимылъхьэмэ, уэ езым зыхэплъхьэжыфыну щыт Iуэхугъуэкъым. «Абы зыхуейм Iущыгъэр бгъэделъхьэ, Iущыгъэр зратам фIыгъуэшхуэ къылъысащ», - жеIэ КъурIэным. ЦIыхум и Iэпкълъэпкъыр зыгуэр ишхынымрэ ирифынымрэ зэрыхуэныкъуэм хуэдэ дыдэу, игури и акъылри щIэныгъэмрэ Iущыгъэмрэ хуэныкъуэу къигъэщIащ. Алыхьыр арэзы зыхуэхъун Алий жиIэрейт: «Мы фигухэм зевгъэгъэпсэху, щIэныгъэ гуэррэ Iущыгъэ гуэррэ къахуэвгъуэт, сыту жыпIэмэ, Iэпкълъэпкъыр зэрешым хуэдэ дыдэу, гури йозэш. Гум зезыгъэгъэпсэхур Iущыгъэрщ».

Бегъымбар лъапIэу щэлатымрэ сэламымрэ зэхами жиIауэ къаIуэтэжхэм ящыщщ: «Хэт и гум мы дунеягъэр кърихыу щытми (абы зыдримыгъэхьэхмэ) Алыхьталэм абы Iущыгъэ кърилъхьэнщ, абы иужькIэ а Iущыгъэр и бзэм къыпилъхьэнщ, мы дунеижьым и дагъуэхэмрэ и мыхъумыщIагъэхэмрэ и нэкIэ илъагъуу ищIынщ, езым и щыщIэныгъэхэри зыхригъэщIэжынщ. Фи къуэш гуэрым мы дунейм и щIыб хуигъэзауэ флъагъумэ, абы гъунэгъу зыхуэфщI, сыту жыпIэмэ, апхуэдэ цIыхум Iущыгъэ къыбгъэдэкIыу зэхэфхынущ».

«Дэнэ Iущыгъэр къыщыкIыр, дэнэ ар щыхасэр», - жаIэри, Хьисэ лъапIэм и щэхьабэхэр къеупщIат зэгуэрым. Езыр упщIэм упщIэкIэ пэджэжащ: «Жылэр дэнэ щыхэфсэр?» «ЩIыращ», - жаIащ. «Iущыгъэри апхуэдэ дыдэу Алыхьталэм цIыхум и гум къыхисэу аращ».

Лэкъумэн Хьэким Iущыгъэр къызэрыбгъэдалъхьа щIыкIэм и гугъу пщIымэ, махуэ гуэрым ар жейуэ щылъу, пщIыхьэпIэ елъагъу, зыгуэрым мыпхуэдэу къыжриIэ хуэдэу: «Алыхьталэм мы щIым и тепщэ уищIынущ: цIыхухэм я Iуэхур зэхэбгъэкIыу, пэжым къыхуебджэу. Арати, Лэкъумэн а макъым жэуап иритащ: «Алыхьталэм сыхэдэну хуит сищIмэ, зыщхьэщысхыныр нэхъ къызощтэ. Ауэ Алыхьталэм ар и унафэмэ, додаIуэ икIи дыхуэжыIэщIэщ. Ар си пщэ къыдилъхьэмэ, си закъуэу сыкъызэримыгъэнэнури сызэримыгъэгъуэщэнури сощIэ». Ар мелыIычхэм щызэхахым, ягъэщIэгъуащ. «Сыт апхуэдэу щIыжыпIэр?» - жаIэри еупщIати, къажриIэжащ: «Пэжымрэ захуэмрэ зэхигъэкIыну зи пщэ далъхьахэм ящыщу къелар мащIэ дыдэщ. Я нэхъыбэр щыуащ, дэхуэхащ икIи жэнэт гъуэгур яфIэкIуэдащ». Ари ягъэщIэгъуащ мелыIычхэм, абы иужькIэ апхуэдэ дыдэу жейуэ щылъу, хьикмэтыр и гум къралъхьащ. Алыхьталэр фIыуэ зэрилъагъур, абы пщIэ хуищIу, абыкIэ фIэщхъуныгъэ нэс зэриIэм къыхэкIыу, Iущыгъэм хуэдэ фIыгъуэкIэ къыхуэупсащ.

Хьэрыпхэм ящIэрт бегъымбар къызэрыкIуэнур. А лъэпкъым щыщхэр жьэрыIэзэу апхуэдэхэт, жьакIуэхэм нэхъ къахэщри Iумэй ибн Iэби Щилътэ жыхуаIэрат. Я лъэпкъым бегъымбар къызэрыхэкIынур зэхиха нэужь, Iумэй ар зыхуигъэфэщэжу, хущIэкъун щIидзат, дахэу зэрыпсэлъэфыр, цIыхухэр къызэрыдихьэхыфыр и напщIэм телъу. АрщхьэкIэ Лэкъумэн ещхьу жейуэ щылъу, абыи пщIыхьэпIэ илъэгъуащ. И жьэм деж бзу цIыкIу къытетIысхьэри, зыгуэр къыжьэдилъхьа хуэдэу. Абы иужькIэ Iумэй къэушри, а и жьакIуагъри, и губзыгъагъэри, бгъэдэлъа псори Алыхьым щхьэщихыжауэ щытащ, зыри имыщIэжу къэтэджыжащ.

Бегъымбар лъапIэу щэлатымрэ сэламымрэ зэхам и псалъэхэм ящыщщ: «Iэлхьэмдулиллахь» жыпIэныр фIыщIэ щIыным я щхьэ дыдэщ. Хэт Алыхьталэм шыкур хуимыщIми, фIыщIэ хуимыщIауэ аращ». Iущыгъэу щыIэм я щхьэри Алыхьым фIыщIэ хуэщIынырщ, япэрауэ. Абы иужькIэ Алыхьым ущышынэныр, уфIэлIыкIыу ущытыныр, адэкIэ къалэн къыпщищIахэр бгъэзащIэу, жыIэщIэ ухуэхъуныр. Аращ а псор зыхэлъа Лэкъумэни и Iущыгъэр къызэрилэжьар.

ЧЭРИМ Марианнэ.
Поделиться:

Читать также: