Япэ урыс-адыгэ псалъалъэТхылъыжь
1829 гъэм урысей пащтыхь Николай Езанэм и унафэкIэ кавказыдж Люлье Леонтий зекIуэ ежьащ адыгэбзэ псалъалъэ зыхигъэувэну. ЩIэныгъэлIыр адыгэхэм куэдрэ яхэтащ, ядэпсэлъащ, игъэхьэзыра лэжьыгъэм академик Шёгренымрэ ЩIэныгъэхэмкIэ Санкт-Петербург щыIэ академием и щIэныгъэлIхэмрэ хигъэплъэжауэ щытащ. Филологие щIэныгъэ бгъэдэмылъами, Люлье адыгэбзэмрэ щэнхабзэмрэ хъарзынэу зэрыщыгъуазэм ифI къекIащ псалъалъэр щигъэхьэзырым. Тхылъым адыгэ псалъэ мини 6-м щIигъу ихуащ, адыгэбзэм и ухуэкIэр, псалъэхэм я къэхъукIэр, макъхэм я IукIэр щызэпкърех. «Хамэ къэрал IуэхухэмкIэ министерствэм къулыкъу щысщIэу Адыгэ Хэкум илъэс зыбжанэкIэ сыщыпсэуащ, къахуэмыхьэхуа адыгэ лъэпкъ уардэм сахэсу. Дауи, зэзгъэщIащ адыгэхэм я бзэр. КъищынэмыщIауэ, адыгэбзэм и псэлъэкIэ псоми щыгъуазэ зысщIащ: къэбэрдеибзэм, беслъэнеибзэм, бжьэдыгъубзэм, шапсыгъыбзэм, нэгъуэщIхэми. Адыгэ хэкур лъэпкъыбэщ. Езыхэм нэмыщI абы щопсэу нэгъуейхэри, къэрэшейхэри, балъкъэрхэри. Ауэ псори зэрызэгурыIуэр адыгэбзэщ, ар я зэхуэдэщ. Адыгэбзэр щызджым сымыгъэщIагъуэу слъэкIыртэкъым абы и ухуэкIэмрэ зэхэлъыкIэмрэ. Къулейщ, бзыгъэщ, дунейм къыщыхъу Iуэхугъуэхэмрэ щIэныгъэмрэ кърипIуэтэну уасэ иIэкъым, уеблэмэ къуэкIыпIэ къэралхэмрэ Европэмрэ зэпызыщIэщ», - итхыгъащ Люлье. Ди гуапэу фи пащхьэ идолъхьэ а псалъалъэм ит, нобэ дымыщIэж адыгэ псалъэ зыбжанэ. Къыхэгъэщыпхъэщи, тхылъыр сом мин 650-кIэ ящэжу интернетым ущрохьэлIэ… Аллея – жыг тIуащIэ Алчный – инэзалэ Артиллерия – топыдзэ Арфа – Iэпэпшынэ, пшынэшхуэ Бархат – къандиифэ Басня – тхыдэжь Бастион - тамбий Бездна – хьэдрыхэ Бездельник – цIыхубзаджэ Беременная – гъум Благовоние – гъуамэ Благородный – уэркъ Благородство – уэркъыгъэ Богатство – былым Богатый – былымыжь Боярин, барин – пщы Бритва - жьакIэщхьэупс Букашка – хьэмбылу Бутылка – абджхъурей Беглец – кIуэсэж Беда – лажьэ Вечеринка – жэщджэгу Вздох – щатэ Взор – нэтеплъэ Винт – жанбру Вихрь – жьыхъарз Власть – гуащIэ Влюбенность – хьэщыкъ Воплъ – гъыбзэ Восемьдесят – тIощIиплI Врач – Iэзэ Выбор – хэплъэхэдэ Выходец – хэхэс Вышка – плъапIэ Галка – къуакIэ Гарнизон – къалэдэс Глазомер – гурыгъуазэ Говорун – гушыIалъэ Гора, горы – тхы, къущхьэ Горло – джий Город – щыхьэр Гробница – хьэдэунэ Грыжа – габэ Гул – пэджэж Депутат – лIыкъуэ Дитя – щIалэ, щIалэбыдзафэ Дозволение – Iизын Досуг – Iуэхуншэ Дыня – нащэ Дети – щIалэ Детство – щIалэгъуэ Единоземец – зэщIылъэгъу Жрать – шхэкIей Завертка – сампIалъэгъазэ Загадка – хэнагъуэ Задвижка – бжэдэдзэ Косолапый – лъэбышэ Костыль – пхъэлъакъуэ Курносый – пакъэ Ловушка – убыдалъэ Маяк – къуажэмазэ Мысленно – гугъэ Мера – щапхъэ Набег – хъунщIэ Наслышка – IуэрыIуэтэж Насмешка – сэмэркъэу Озеро – псыгъуанэ Оплошность – тIасхъэ Орда – уардэ Отдых – гугъэпсэхугъуэ Парусина – чэтэнпхъашэ Полынь – бжьыдзэгъалIэ Поляна – гъэхъунэ Тёща – щыкъугуащэ Торговля – щэн-тын Цепочка – блэрыпс Чин – тетыгъуэ Шалун – щэныкIей Щеголь – щIэращIэ
Поделиться:
Читать также:
16.07.2025 - 15:56 →
Лъэужьыр къонэ
14.07.2025 - 12:44 →
Налшык и дыгъуасэхэр
10.07.2025 - 18:39 →
Хьэсаут
09.07.2025 - 12:25 →
Шэ цIывами гу шынамкIэ зегъазэ
30.06.2025 - 17:21 →
ЛъапцIэу нэхъ жыжьэ унос
|