И хэкум, къыдалъхуахэм лъагъуныгъэ къабзэ хузи1а тхак1уэ пэрытхэм ящыщщ Къуэдзокъуэ Лэкъумэн. И адэжь хэкум и зыужьыныгъэм, и лъэпкъэгъухэм я къэкIуэным псэемыблэжу зэрытелэжьар наIуэ къыпщащI гъэпцIагъэкIэ бгырысхэр Тыркум изышхэм бэнэныгъэ ерыщ зэрадригъэкIуэкIами, а Iуэхум теухуауэ мызэрэ-мытIэу Кавказым и унафэщIхэм яхуитха и лъэIу тхыгъэхэми.
1865 гъэм абы и Iэдакъэ къыщIэкIа «Осетинхэр, шэшэнхэр, къэбэрдейхэр зэрырагъэкIым теухуа запискэм» абы къыщыщIегъэщ щIыхь зыпымылъ апхуэдэ къалэн икIэхэр къыдалъхуахэм езыпэс, Урысей къэралыгъуэм и мурад фIейхэр гъэзэщIэныр зи пщэ дэзылъхьэжа Кундухов Мусэ щIэпхъэджагъэ зэрихьэхэр. А тхыгъэм ехьэкI хэмылъу зэрыщытхамкIэ, а цIыху щIыхьыншэм и хьэщIэщым къыщIэкI тIасхъэщIэххэм Къэбэрдейми Осетиеми я цIыху гъэпцIэгъуафIэхэм я мылъкур ирагъащэ, хамэ къэрал зэрыIэпхъуэным хуагъыхьэзыр, абы и зэранкIи «…бгырысхэр мамыр псэукIэм хуэгъэкIуэнымкIэ щыIэ унафэхэр къакъутэ».
Бгырыс лъэпкъхэр хамэ щIыналъэм гъэIэпхъуэныр къызэтегъэувыIэн щхьэкIэ, Тэрч областым и унафэщIым абы хуегъэув а щIэпхъэджагъэхэм я къызэгъэпэщакIуэ урыс инэрал Кундухов М. Кавказ Ищхъэрэм икIэщIыпIэкIэ игъэкIын хуейуэ. И лъэпкъым игу хуилъ гурыщIэ къабзэм къыхэкIащ къыдалъхуахэм яфI зылэжь дэтхэнэ зыми Къуэдзокъуэм зэрызыщIигъакъуэри, сыт и лъэныкъуэкIи дэIэпыкъуэгъу зэрыхуэхъури. Аращ, псалъэм папщIэ, Хьэтохъущокъуэ Къазий анэдэлъхубзэр езыгъэджэну егъэджакIуэхэр щагъыхьэзыр курсыр Налшык къыщызэIуихыну яужь щихьэм, ар дзэ къулыкъум пIалъэкIэ къыхагъэкIынри а къалэныр игъэзэщIэху и лэжьапщIэр къыхуагъэнэнри зи фIыщIэр, Нэгумэ Шорэ и къуэ Ерустам и адэм и тхылъ цIэрыIуэр – «Адыгэ народым и тхыдэр» – етIуанэу къыдигъэкIыжыну чэнджэщ езытари, мылъкукIэ зыщIэзыгъэкъуари. И хэкум къыщыхъу дэтхэнэ зы Iуэху инми игъэпIейтейуэ икIи языхэзми ар пэджэжу зэрыщытам къыхэкIауэ къэплъытэ хъунущ абы и публицистикэри. Куэд мыхъуми, гъащIэм и лъэныкъуэ куэдхэр къызэрызэщIаубыдэм, бгырыс лъэпкъхэр абы щыгъуэ нэхъ зыгъэхыщIэ Iуэхухэр къызэрыщыIэтам, зыкъомкIэ и сабиигъуэр къызэрыхэщыжым, гупсысэ куу зэращIэлъым, ухуэкIэ нэс зэрагъуэтам ахэр гъэщIэгъуэн ящI, художественнэ тхыгъэм ахэр пэмыжыжьэу къыпщохъу, журналист IэщIагъэми ар зэрыхуэIэрыхуэр ягъэбелджылы. 19-нэ лIэщIыгъуэм и етIуанэ Iыхьэм «Кавказ», «Терские ведомости» газетхэм къытехуащ абы и IэдакъэщIэкIхэу «Дэтхэнэ къепсми и жэуап», «Кавказым шы зэрыщагъэхъум и IуэхукIэ», «ХъыбарегъащIэ къемызэгъ» публицист тхыгъэхэр. И сабиигъуэри и щIалэгъуэри и хэкум пэIэщIэу игъэкIуа щхьэкIэ, адыгэлъ зэрыщIэтыр имыгъэгъуащэу, и лъахэ къызэрихьэжу Къуэдзокъуэм шыр фIыуэ елъагъу – Тифлис щыпсэуа илъэсхэм шы къэжэн зэрихуэу, а къалэм щекIуэкI шыгъажэхэм абы ишхэм увыпIэ лъагэхэр къыщахьу щытащ. Абы къимыдэкIэ щIэныгъэм и къэхутэныгъэщIэхэр я лъабжьэу бгырыс мэкъумэшыщIэхэм я лэжьыгъэр къызэгъэпэщын зэрыхуейр къызэрыгурыIуам и щыхьэту, абы Кавказ Ищхъэрэм къыщызрегъэпэщ мэкъумэшым елэжьхэм щапхъэ яригъэлъагъун и мураду къэкIыгъэхэр щагъэунэху опытнэ станцрэ шы лъэпкъыщIэхэр къыщагъэхъу фермэрэ.
Къуэдзокъуэ Лэкъумэн и тхыгъэхэм ящыщу нобэрей лъэпкъ тхылъеджэхэр иджыкIэ зыщыгъуазэр абы и усэхэрщ-университетым щеджэ зэманым абы къыдигъэкIа и тхылъ цIыкIум ихуахэрщ. Ар «Шэрджэс щIалэм и усэхэр» фIэщыгъэцIэм щIэту, цензурэри фIыуэ хэпщэфIыхьауэ, 1837 гъэм Мэзкуу къыщыдэкIащ. Дунейм къызэрытехьэрэ илъэс Iэджэ блэкIа пэтми, ар зи IэдакъэщIэкIыр щызэхагъэкIар ди зэманырщ. Зытхар зыщIэмыт а тхылъ цIыкIур Къуэдзокъуэм зэрейр япэу къэзыхутар икIи и творчествэм тетхыхьар урыс щIэныгъэлI Л.Г. Голубевэрщ. КъыщыIэта гупсысэхэм, ягъуэта гъэпсыкIэхэм укъытекIмэ, усакIуэ ныбжьыщIэм япэ и усэхэр урыс усыгъэм а илъэсхэм и тхыгъэ нэхъыфIхэм, ехъулIэныгъэ телъыджэ зыгъуэтахэм ехьэлIэгъуейщ, куэдкIэ къащхьэщокI. Сытым къыхэкIами, а лъэхъэнэм урыс литературэм щызэфIэувэу щIэзыдза критическэ реализмэм и хабзэхэмрэ Iэмалхэркъым шэрджэс усакIуэм къигъэсэбэпыр, ар зытетыр абы къызэринэкIыу, IэщIыб ищIу зыхуежьа романтизмэрщ. Аращ абы и тхыгъэхэм екIуэкI гъащIэм и Iуэхугъуэ нэхъыщхьэхэм, лъахэм и цIыхухэр зыгъэпIейтей гупсысэхэм уащIыщыхуэмызэр, ехьэжьауэ ахэр къыщIыщымыгъэлъэгъуар. Нэхъыбэуи абыхэм зи гугъу щыщIар езы усакIуэм и гурыгъугурыщIэхэрщ, цIыху щхьэхуэр шыгъушыпсыпIэм хэзыгъэлъ гупсысэ гугъэпIэншэхэрщ. Акъылым, щIэныгъэм, псалъэм я зэфIэкIхэр егъэлеяуэ щыгъэлъэпIа щхьэкIэ, а усэхэр нэщхъеягъуэкIэ гъэнщIащ, хэт лирическэ лIыхъужьым дунейм и къэхъукъащIэхэр, ахэр къызыхэкIхэр къызэрыгурымыIуэм, къызэрыхуэмыхутэм егъэхыщIэ. УсакIуэм и гупсысэхэри нэхъ ехьэжьауэ къызэриIуатэр дунейм и теплъэрщ, гулъытэ нэхъ зыхуищIри абы къару шынагъуэ бгъэдэлъхэрщ. Ауэ сыт хуэдэ дахагъхэр абы имыIэми, нэщхъеягъэм IэщIэлъ усакIуэм гуфIэгъуэшхуэ абы къритыркъым, зыхэт зэшыгъуэми къыхишыфыркъым. Къару мыкIуэщIыжхэр природэм зэрыбгъэдэлъыр, абы и щэхухэр къызэрымыхутэгъуафIэр, лъэныкъуэ зэхуэмыдэ куэдкIэ цIыху гурыщIэм ар зэрепхар Iэзагъышхуэ хэлъу усакIуэм къыщигъэлъэгъуэжащ «Тенджыз», «Къурш псыдзэ», «Псы цIыкIу», «Жэщ», «Губгъуэ» пейзаж усэхэм. Къэхъугъэм дэтхэнэ и зы теплъэми, сурэтми усакIуэгур джэрпэджэжу поджэж, нэхъыбэуи абыхэм ядилъагъур зэфIэкIышхуэ, къару мыкIуэщIыж ябгъэдэлъырщ. Апхуэдэ Iуэху еплъыкIэ дунейм и къэхъугъэм усакIуэм зэрыхуиIэм и щыхьэтщ «Губгъуэ» жыхуиIэ усэр.
Романтизмэм и хабзэхэм тету природэм и щытыкIэ шынагъуэхэр, и къэхъукъащIэ мыгурыIуэгъуэхэр къэгъэлъэгъуэныр къызэзмынэкIыф адыгэ усакIуэми игъэлъапIэр акъылырщ, гупсысэрщ, щIэныгъэрщ, абыхэм я Iэужь телъыджэхэрщ. Ахэрщ дунейм и зэхэлъыкIэр къэзыхутэр, цIыху псэукIэм и зыужьыныгъэм и хэкIыпIэ нэхъыщхьэхэр. Ауэ цIыху щIэныгъэм и зэфIэкIыр иджыкIэ зэрылъахъшэм, зэрынэмыгъэсам ар егъэхыщIэ, зыщIэхъуэпсымрэ щIэныгъэм и лъэкIыныгъэмрэ зэрызэпымыхъур абы игу къоуэ, зэхэмыгъэкIауэ, мыубзыхуауэ иджыри куэд къызэрынэр къохьэлъэкI.
Егъэлеиныгъэшхуэхэр хэлъу лIыхъужьым и хьэл-щэн пыухыкIахэр къэгъэлъэгъуэныр романтикхэм я хабзэ нэхъыщхьэхэм ящыщ зыщ. И IэдакъэщIэкI псоми дыщымыгъазэми, хуэбгъэфэщэныр щыуагъэкъым и хэкум хуиIэ лъагъуныгъэм Къуэдзокъуэр нэхъыбэрэ тетхыхьу зэрыщытар. Ар зыубгъуауэ урыс усыгъэм къызэрыщыгъэлъэгъуам, зыкъомкIи щапхъэ зэрыхуэхъуам къыдэкIуэу, усакIуэ щIалэм и сабийгъуэм къигъэна и лъахэм хуиIэ лъагъуныгъэр зэ мыхъуми зэ абы и гум къыщымыушынкIэ Iэмал иIакъым.
Къуэдзокъуэ Лэкъумэн 1893 гъэм дунейм ехыжащ, зэрыхуагъэфащэмкIи, ар щыщIалъхьар Владикавказ къалэрщ.