6-нэ Iыхьэ
Зэманыр здынэсам сеплъынщ, жысIэри си нэр зэтесхащ. Зыкъэсплъыхьри, пэш нэху гуэрым си закъуэ фIэкI нэгъуэщI зыри щIэлътэкъым. Си ижьырабгъумкIэ щыт Iэнэм си Iэпщэ сыхьэт цIыкIур телъу, абы и кIуэ макъым симыгъэпсэууэ арат. Иорданым и сымаджэщым зигъафIэу щIэмылъам сытыр и махуэ?! Хьа! Сыту жыжьэ щыIэт си лъагъуныгъэм и гъунапкъэхэр! Сэ сымаджэщхэр зэщIэзгъэхьэну сыкъэкIуауэ аратэкъым, сыкъыщIэкIуари сIэщIэкIыпащ.
Зыри сыхуейкъым, Къэбэрдейм сыкъыщыхутэжыну фIэкI. Ди мэз Iувхэм, ди къурш щхьэхухэм, ди губгъуэ щхъуантIэхэм, ди псы уэрхэм, ди цIыху сызэсахэм нэхъыфI мы дунеишхуэм теткъым. Емынэм сыкърихужьэу сыкъэкIуа мыбы нэс?! Щхьэ си пIэ симызэгъарэ? Иордан адыгэхэр нэхъыфIщ, насып къэслъыхъуэнущ, жысIэри, си Къэбэрдей лъапIэр IэщIыб сщIы пэтащ. Щхьэныкъуэ! Сыту сыделэ дыдэ-тIэ сэ! Сщыгъупщэжынщ Умари. Зыщызгъэгъупщэнщ, абы щхьэкIэ си гур къистхъыжын хуейми. Пэжщ, сыщIэплъакъым и нитIым, щIэслъэгъуакъым игу къысхуилъыр, гъунэгъуу сыбгъэдыхьэххакъым, ауэ къызгурыIуат ар зэи сысей зэрымыхъунур. Абырэ сэрэ Тхьэм дыкъызэхуигъэщIакъым, хьэмэрэ…
А къомым иджыпсту сегупсысынкъым, сыкъэтэджрэ сызэфIэувэфмэ, деплъынкъэ адэкIэ зэрыхъум. Си щхьэр къыщысIэтым, къэп гъуэжьыжь из мывэ кIэрыщIа си гугъащ, апхуэдизкIэ хьэлъэти. Iейуэ къыхэузыкIри, сымэхащ. Куэдрэ апхуэдэу сыщылъами сщIэркъым, ауэ зыгуэр си IэпхъуамбэджэдыкIэхэм къепIэскIуу зыхэсщIэри, сыкъэскIащ. Хэту пIэрэ? Сигу къэкIыжащ еджапIэм дыщыщIэсым си ныбжьэгъуу щыта Мадинэ. Ар Иорданым щыщ адыгэ щIалэ яфIыдэкIуэри, и лIыр щалъхуам ягъэзэжат. Арат апхуэдэ зи хьэлыр – си Iэр къищтэрти, си IэпэджэдыкIэхэм епIэскIуу щIидзэт. Апхуэдэу щхьэ пщIырэ, жысIэу сеупщIмэ, зызмыщIэжу сфIохъу, псом хуэмыдэу сыщыгузавэм деж, жиIэрт. КъызэхьэлъэкIыпэу, «Мадинэ» - жысIащ, си нэхэр зэрызэтелъу.
- Сыт? Сыт, Тамарэ? – щабэу и макъ къэIуащ.
Си нэр зэтесхрэ сыкъаплъэмэ, Мадинэ къысщхьэщыст, си Iэ ижьыр и Iэгум илъу.
- Мадинэ! Дэнэ укъикIа? – ерагъыу соупщI.
- Сэ мы сымаджэщым сыщолажьэ. Сыт щыгъуи усакъырти, Тамарэ, ар дауэ утеплъэкъукIат?! УиукIыж мыгъуэти, щIалэр мыхъуамэ.
- Сыт щIалэ?
- Къэбэрдейм щыщ щIалэ лъагъугъуафIэ дыдэ гуэр. Тхьэ, ар мыхъуамэ, уиукIыпэнтэмэ! – си Iэм щабэу къытолъэщIыхь Мадинэ.
- СщIэжыркъым.
- Гъуэгукум щхьэ уиувэн хуей? Машинэ къакIуэм уи щIыбыр хуэбгъазэри, гъуэгукум укъиувауэ уитт, жиIащ щIалэм. ТекI, жиIэурэ, тIэу – щэ къокIиящ. Щымыхъум, зынидзри тIури гъуэгубгъум Iулъ мывэм щхьэкIэ фытехуащ.
- Зыгуэр къыщыщIа езым? – нэхъ зыкъэсщIэж хуэдэщ.
- Уэ пхуэдэу, щIэлъщ мы сымаджэщ дыдэм, и щхьэр зыгуиудауэ. Насып фиIэти, фи щхьэ куцIхэр хъеякъым. Зэгуэудахэр ддыжащ, махуитI хуэдизкIэ фыщIатхыкIыжынущ. Мыр къэмыхъуатэмэ, дызэрымылъагъуу укIуэжынут! – си Iэпхъуамбэхэр нэхъри пепIытIыкI.
- Мы си Iэпэхэр пыптхъауэ плъагъунщ уэ зэ мыхъуми зэ! Зыхэбнакъыми иджыри къэс, - сэри сыхуогуфIэж.
- Уи щхьэр узрэ?
- Хьэуэ, узкъым, къасщIэурэ, нэхъыфI сохъу. Сигуращ узыр, къреIуэнтIыкI, изэгъэжкъым, - си нэпсхэр къокIуэ.
- Сыт жыпIэр?! Дохутыр къезджэнщ, зэ! – къогузавэ Мадинэ.
- Хьэуэ, Мадинэ, умыгузавэ. Уэ узэригугъэм хуэдэукъым зэрыузыр, нэгъуэщIущ. Ар ягъэхъуж узхэм хуэдэкъым, - схуэмышыIэжу си нэпсхэр къысфIокIуэ. - Лъагъуныгъэм къаруушхуэ хэлъщ, Мадинэ, цIыхум нэхърэ IэджэкIэ нэхъ къарууфIэщ. Зэ уиубыдамэ, укъэсыжауэ аращ. КхъыIэ, и гугъу думыгъэщI… Уэ езыр унагъуэкIэ дауэ ущыт?
Си нэпсхэр солъэщIыж, ди псалъэмакъыр тхъуэжмэ, нэхъ сфIэтэмэму.
- Тхьэ, Томэ, псори фIы дыдэм. Абы нэс дауэ укIуэну, жыфIэурэ, си фэр ифхырт, пщIэжрэ?! – мэдыхьэшх. – Тхьэ, цIыхуфI дыдэхэу къыщIэкIам, гугъу срагъэхьыркъым, мыдэ мыбы я цIыхубзхэм хуэдэу, IэлъэщI зытелъхьэ, жаIэу къыспаубыдыркъым. Иджыри сабий сиIэкъым, мы сымаджэщым лэжьапIэ къыщысхуагъуэтауэ, солажьэ. Куэд щIакъым сыкъызэрыуврэ. ЗыкIи зыпхъуэжакъым жысIэнущи, балигъ ухъуащ, зыпхъуэжащ жысIэнущи, сщIэркъым. Зэми узмыцIыхуххэ хуэдэу къысщохъу.
- И, Мадинэ, кхъа, сыши, а щIалэ сыкъезыгъэлам сыщIэгъэупщIэ, – зэхэзмыха нэпцI зызощI жиIахэр.
- КъохьэлъэкIынукъэ?
- Хьэуэ, накIуэ, - зыкъызоIэт.
Мадинэ къыздэIэпыкъуурэ, пэшым дыкъыщIокI. БжитI дыблокIри, ещанэм Мадинэ щIохьэ.
- Мурат, хьэщIэ къыпхузошэ.
ЩIалэр щхьэгъубжэм кIэрытт, тхылъ гуэр IэщIэлъу. Нэ фIыцIэ пIащэ пагафэт. И пэ захуэ псыгъуэр, и Iэпкълъэпкъ Iэчлъэчыр… моуэ, сцIыху хуэдэт. ХьэщIэщым щыслъэгъуа щIалэрауэ къысщыхъуащ. Арат.
- Къеблагъэ! – нэгуфIэ хъужауэ къызоплъ щIалэр. Зэрыхьэрэмыгъэншэри, зэрыгукъабзэри и нэгум кърех. И Iупэ пIащIэхэр зэтежащи, и дзэ захуэ хужьыбзэхэр къыIуропс.
- Си ягъэкIэ машинэм уиукI пэтащ, - мащIэу сыпогуфIыкI.
- Мурат! – и Iэр къеший.
СымыцIыкIу дыдэми, Мурат и бгъэм си щхьэр тIэкIу фIэкIыу арат. Сыхудэплъейри:
- Тамарэщ си цIэр. Къэбэрдейм укъикIауэ зэхэсхащ. Куэд щIа мыбы узэрыщыIэрэ? – жысIащ.
- Уей, тхьэмахуэм щIигъуам, уэ уи гъусэу сыкъэкIуащ сэри. Сыкъыумылъэгъуауэ аращ.
- Сымаджэ куэд сиIэщ, фэ фыпсалъэ, сэ си Iуэху и ужь сихьэжынщ, - Мадинэ щIокIыж.
- Ар дауэ ухъу, си гъусэу укъэлъэтауэ икIи узмылъэгъуауэ?!
- ЕтIысэх, Тамарэ, уэ ущыт хъунукъым. Уи щхьэр узрэ?
- Сыкъыщызэщыуам узат, иджы увыIэжащ. Ууейр узрэ?
- Узыжкъым сысейри. Мо сыгужьеям, сыноIунщIыIуэри, тIури щхьэкIэ дытехуауэ аращ.
- Уэр мыхъуамэ, хьэршым сыкъеплъыхыу сытес хъунт иджыпсту. Упсэу, Мурат. СытегупсысыкIщ, гъуэгукум сыкъиувэри… - сыхэзыгъэгупсысыхьауэ щытар сигу къокIыжри, нэщхъей сыкъохъу.
- Къохъу апхуэди, умыгузавэ. Тхьэм и фIыщIэкIэ, уузыншэщ, армыхъумэ, хэтыт апхуэдэу дахэу уэрэд жызыIэжынур?! – гупсысэ гуащIэхэм сакъыхешыж Мурат.
- Къэгъанэ, кхъыIэ, пщэдей сащыгъупщэжынут! – си гуапэ мэхъу сыкъызэрицIыхур. – Мурат, зыщIыпIэ ущыслъэгъуауэ къысщохъуж, ауэ къысхуэщIэжыркъым. Дыщызэхуэзат адэ, Къэбэрдейм?
- Уей, сэ сызэрыпхуэзам хуэдэу, куэд къыпхуэза хъунмэ, псом я нэгур уигу пхуимыубыдэнри хэлъщ.
- Сыт абы къибгъэкIыр? – къызгурыIуэркъым.
Зыри жимыIэу, нетIэ иIыгъа тхылъыр къещтэри, къысхуеший. КъыIызох, къригъэкIыр къызгурымыIуэу.
- Сыт мыр?
- КъызэIухи еплъ!
КъызэIусхмэ, си IэкIэ тхауэ тетщ «Мурат, узыхуейуэ хъуар Тхьэм къуигъэхъулIэ! Тамарэ», жери.